Бгъурбащ ӏэслэнхьэблэхэр, Бэзэрсу нысэ къашэну кӏуати, нысашэр дахэу къагъэхьэщӏэс, псори зыфӏэкӏс, тхьэмадэхэри зыхуэарэзыу, янысэри хьэзыру къежьэжынупэт; Бэзэрсухэм:
-Яу Бгъурбащхэр фыкъэкӏуауэ фокӏуэж! Дэ ды ӏузуняйлэс. Дэ кӏэтроф хэлъхьэкӏэ тщӏэӏым! Зы кӏэтроф хэлъхьэкӏэ къыдэвгъэлъэгъуамэ; фыдэмкӏыжу! Щыжаӏэмщыгъуэ, я тхьэмадэр къыщылъэтс аби:
-Дахэу дэввыкӏынурэ, дэввыкӏам дей, хьэнцӏэ иӏыгъыуэ зылӏ къакӏуэнурэ, зыми кӏэтрофыр къищтэнурэ мис мыхуэдэу (мыбдэж къотэджри зыпещӏыж, егъэзыхауэ!) зы лъэбакъуэ фчым, зы дэвдзэм, зы лъэбакъуэ фчым, зы дэвдзэурэ, хэфлъхьэнурэ; тефпхъуэжынус! жиӏэти, «цӏыхубзхэри фыкъакӏуэ; уэлихьи цӏыхубзхэм я гурымыӏуа; мы жыпӏэр, ди цӏыхубзхэми зэ ягъэлъагъу! Ахэми халъхьэнс!» жери, къыригъэгъэзэжри, унэм икӏыхьагъкӏэ зэ ягъэкӏуэжас, тхьэмадэр; «зы лъэбакъуэ фчым, зы дэвдзэм, зы лъэбакъуэ фчым…» жиӏэурэ!
-Уэлихьи Алыхьразэ къыпхухъу, Тхьэмадэ кӏэтроф хэлъхьэкӏэри дэбгъэщӏам! щыжиӏэм; гъэгу махуэ жиӏэри ирагъэжьэжас!

Къэзыӏуэтэжар:
Къэрэщэй Нахьидэщ, Узын-яйлэ Астэмырей щыщщ. Илъ. 65 мэхъу







