Зоерэ Даутрэ щызэрыцӏыхуар университетырат. Къуажэ еджапӏэр къаухыу къалэм къэкӏуа щӏалэгъуалэм щӏэщыгъуэу ялъагъури къацӏыхури куэд хъурт, ауэ Даут и нэм Зое къыфӏэнэри, лъэкӏ къигъэнатэкъым къыдихьэхын папщӏэ. Зое гу лъитат а щӏалэр сытым щыгъуи дагъуэншэу хуэпауэ, ерыщу еджэу зэрыщтым. Езыгъаджэхэм зэи дагъуэ къыхуащӏтэкъым, апхуэдэ щхьэусыгъуи яриттэкъым: къыкӏэрыхутэкъым, къеупщӏмэ, и жэуапыр хьэзырт, зэпӏэзэрыт псэлъэкӏэм текӏтэкъым. Зэзэмызэ кином иригъэблагъэти, Зое «хьэуэ» къыхимыгъэкӏыу кӏуэрт, ауэ ныбжьэгъу къыхуэхъуа хъыджэбз цӏыкӏур здишэрт. Ауэрэ я закъуэуи къыдэкӏыурэ паркым къыщакӏухьу, тхылъ хъумапӏэм зэгъусэу кӏуэрэ конспектхэр щагъэхьэзыру хъуащ. Ауэрэ зэсэпащ. Даут гукъэкӏыншэтэкъым, махуэщӏхэм, къыщалъхуа махуэм тыгъэ гуэрхэр къыхуищӏт, ауэ Зое илъагъут къыдеджэ хъыджэбзхэр концерт бламыгъэкӏыу яшэу, мороженэ щапӏэм щӏагъэсу зэрыщытым езыр зэрыхуэмыдэр. Икӏи апхуэдэ щӏалэм пэбубыд хъунукъым. Студентщ ар, адэ-анэр мыкъулеинкӏи хъунщ, апхуэдиз ахъшэ къармытыфынри хэлъщ. Езы Зои ерагъкӏэ ирагъаджэу аращ, унагъуэр хуэщӏа дыдэу щыткъыми.
Еджэныр яухри псори къахуэгъуэта лэжьапӏи увыжащ. Экономикэрат я ӏэщӏагъэри, Зоехэ я къуажэм фӏэӏугъэ щащӏ завод дэтти, абы бухгалтерым и дэӏэпыкъуэгъуу щӏэтӏысхьащ, Даут къалэм дэт заводышхуэм экономисту увыфащ. Кӏэщӏ-кӏэщӏурэ Зое къалэм къакӏуэурэ зэхуэзэхэрт, паркым итт, ауэ Даут зэи игу къэкӏыртэкъым езыр Зое зыдэс къуажэм кӏуэуэ илъагъуну. Щызэбгъэдэкӏыж къэс еупщӏырт: «Иджы сытым щыгъуэ укъэкӏуэфыну?»
Хъыджэбзым курыт еджапӏэр къиухамэ, илъэсиплӏкӏэ щӏэныгъэ зригъэгъуэтамэ, лэжьапӏи увыжамэ, унагъуэри благъэри поплъэ ар унэ щихьэнум. «А щӏалэр къыпхуейуэ щытамэ, иджыри къэс уишат. Абы пыкӏи мыдрей къыпщӏэупщӏэхэм хэплъэ», – къыжраӏэрт Зое, ауэ езым Даут шэч къыщӏытрихьэн дилъагъутэкъым. Пэжу, унагъуэ иухуэн хъыбар абы ищӏыхэркъым, зэхуэзамэ, я лэжьыгъэм, дунейм къыщекӏуэкӏхэм топсэлъыхь. Даут апхуэдэу псалъэ дахэ жиӏэуи и хьэлкъым, ауэ езы Зое и фӏэщ мэхъу фӏыуэ къилъагъуу.
Даут къэшэн ӏуэху щызэрихуар щыпсэун пэшищ зэригъэпэща нэужьщ. Зое къыгурыӏуат ар зи сом изыпхъэхэм зэращымыщыр, гупсысэу иӏэр псэуныгъэм епхауэ зэрыщытыр. Ар нэхъыфӏыхэщ езым дежкӏэ. Зи мыхъумэ, зыхуей игъуэту псэунщ, «сыт спщэфӏын», «сыт щыстӏэгъэн» жиӏэнкъым.
Куэдыр зыпэплъа хьэгъуэлӏыгъуэр зэхэтащ, Зое зыщӏаша лэгъунэр екӏуу хуэпат, пщэфӏэнуми, жьыщӏэнуми, зыхуеину хъуар щӏэлът. Ирагъэжьащ псэуныр. Даут адэ иӏэжтэкъым, и анэ Дыжьын къуажэм дэст. Зое фӏэгъэщӏэгъуэнт и щхьэгъусэр щалъхуа къуажэм куэдрэ зэрымыкӏуэжыр. Зи закъуэу псэу анэр езым зришэлӏэжынуи жиӏэртэкъым. Зое зэ къригъэжьати, «ар зэсам пхутекӏынукъым» жиӏэри ӏэпиудат. А щыкӏуэж зэзэмызэми Дыжьын зэхуэщӏауэ, жиӏэшхуэ щымыӏэут Зое зэрилъагъур. Диныр и дуней хъуащи, хьэрыпыбзэкӏэ тха гуэрхэр сурэтылъэм илъу блыным екӏуэкӏыу фӏэлъщ, Къурӏэнрэ нэмэзлыкърэ нэхъыщхьэ хуэмеифэщ. Зое и гуащэм хуэфӏт, къуэм иримыгъэлъагъу гумащӏагъэр езым щыз ищӏыжыну елӏалӏэрт. Тыгъэ гуэрхэр, шхын щӏэщыгъуэ имыӏыгъыу хуэкӏуэркъым. Унэм щоӏэбэ, хуопщафӏэ. Зое сабий зэрыпэплъэм гу къыщылъитам, къыжриӏат:
– Хуэсакъ. Мы дунейм тетым нэхъыщхьэр быныращ. Быным хуэсакъын хуейщ.
Зэщхьэгъусэхэм щӏалэ цӏыкӏу зэдагъуэтати, щыгуфӏыкӏхэрт, гугъэ ӏэджи ирапхырт къахэхъуам. Даут нэхъ ӏэтӏэлъатӏэ къэхъуауэ къыщыхъут Зое. Ауэ гуфӏэгъуэр кӏыхьакъым – сабийм узыфэшхуэ пкъырыту къыщӏэкӏащ. Дохутыр куэди кърагъэплъат, ауэ фӏым ущызыгъэгугъ зыми жиӏакъым.Мобы фхьы, мыр къевгъэплъ, мыпхуэдэ къревгъащӏэ – кӏэншэ хъуащ щӏалэ цӏыкӏум и къехьэкӏынымрэ хущхъуэ ехьэлӏэнымрэ. И щӏыфэ цӏыкӏур ирагъэшытӏэ, псы гуэным щрагъэс, гимнастикэ ирагъэщӏ. Анэм кърешэкӏ, адэм ахъшэ къелэжь. ӏэтӏэлъатӏэ хъуауэ Зое къыщыхъуа Даут и гукъыдэжыр ехуэхым, зызэхиуфэурэ, уӏурыӏэбэ мыхъуу тэмакъкӏэщӏ къищӏыкӏащ. Ауэрэ кърит ахъшэм хъуэнри къыдыщӏигъуащ: «Сабий ныкъуэдыкъуэщ къэплъхуфар». Къуаншагъэ бгъэдэлъу къызыщыхъужа цӏыхубзыр мэгузавэри, сому игъэкӏуэдыр здэкӏуэр зэщхьэщыхауэ лӏым бгъэделъхьэ, ауэ кӏуэтэху Даут ахъшэр нэхъ икъузт: хуейкъым я къуэр апхуэдиз дохутыр, зыри къыхуащӏэркъым. Анэм дежкӏэ гурыӏуэгъуейт унагъуэ хуэщӏам бын сымаджэр зыхуэныкъуэу хъуар хуимыщӏэныр, ауэ псалъэмакъым зыщихъумэрти, щымт. Сытыр хэкӏыпӏэ? Дыжьын уи гукъеуэ епхьэлӏэкӏэ, унафэ хилъхьэну, чэнджэщ къыуитыну лъэкӏыныгъэ иӏэкъым. Дыщымкӏэ зегъазэри, къыхэпсэлъыхьӏами, нэмыплъ яку къыдэхъуэну фӏэкӏа, Даут зыми едэӏуэнукъым. Аращи, зэанэзэкъуэр я насыпыншагъэм и пащхьэм я закъуэу къинащ. Ауэрэ цӏыхубзым и псэукӏэмрэ и шыӏэныгъэмрэ зэхуэмыкӏуэж, лӏым и пхъашагъ е екӏуэр хуэмышэчыж хъуащ. И къуэ сымаджэм кърит гухэщӏыр лӏым и быдагъымрэ гущӏыӏагъымрэ хьэлъащэ ящӏырт. Ар дауэ? Фӏыуэ зэрылъагъуу зэрышати. Бын ягъуэтыху зэгурыӏуэу зэдэпсэуати. Я къуэ цӏыкӏур дунейм къыщытехьам, я гуфӏэгъуэр зэдагуэшат! Зэрымыузыншэр ӏупщӏ щыхъуами, и ахъшэм щымысхьу дохутыр ӏэзэхэр къригъэплъат, игъэхъужынуи еувэлӏат. Ауэ мыхъужынкӏи хъуну къызэрищӏэу, зихъуэжу хуежьащ. Зыхуигъэфэщакъым бын ныкъуэдыкъуэ. Ар кърилъэфэкӏын фӏэкӏа ӏуэху зимыӏэж щхьэгъусэри кӏуэтэху хамэ ищӏырт. Апхуэдэ унагъуэ насыптэкъым ар зыщӏэхъуэпсар. Щхьэгъусэми къуэми къагъэпэжакъым, и гъащӏэр езыр здыхуэмеймкӏэ ираӏуэнтӏэкӏащ. Псори зи лажьэр щхьэгъусэрат. Абы сабий узыншэ къилъхуфатэмэ, мыпхуэдиз бэлыхь телъынутэкъым. Гъэвыгъуафӏэкъым. Гъэгъугъуафӏэкъым.
Жьэгу пащхьэр щӏыӏэ дыдэ щыхъум, унэгуащэм къыхуэнар арати, сабийр и гъусэу унэм щӏэкӏащ. «Уэ пхуэдэ цӏыху сыдэпсэу нэхърэ, дымэжалӏэми нэхъыфӏщ», – къыжриӏат.
Зэкӏэ и закъуэу псэу и шыпхъум екӏуэлӏат, ауэ куэдрэ апхуэдэу зэрымыхъунур гурыӏуэгъуэт. Мис мыбдежщ Зое зыщымыгугъыха, зыпэмыплъэха къыщыхъуар.
Къызэрыщӏэкӏамкӏэ, Даут Зое зыщымыгъуазэ мылъку бгъэдэлът. Машинэ къутахэр щащӏыж фирмэ игъэлажьэти, фейдэр унэ, щӏы, машинэ ищӏурэ, дзыхь зыхуищӏхэм я цӏэкӏэ иригъэтхырт, къедэуэн гуэр къыкъуэкӏмэ, трамыхыфын хуэдэу. А зыкӏэщӏитхахэм яхэтт и анэ Дыжьыни. Абы и цӏэкӏэ щытт зы машинэ псынщӏэрэ унэ зэтет зэрыт лъапсэрэ. И нысэмрэ и къуэрылъхумрэ я ӏуэху зыӏутыр къызэрищӏэу, машинэр нысэм, дачэр и къуэрылъхум я цӏэкӏэ къритхыкӏыжащ. Къуэм лъыуэ щӏэтыр и щхьэм дэуеяуэ анэм зытрешащӏэ:
– Сянэ, къызэпщӏар къыбгурыӏуэжрэ?
– Сабийм сыдэӏэпыкъуащ! – зэрыщэху псэлъэкӏэу жэуап кърет анэм.
– Сэращ уэ уи сабийр!
– Уэ лӏы ныбжьым уитщ. Апхуэдэ куэд къэблэжьыжынущ.
Иджыт нысэм къыщыгурыӏуар сытым щыгъуи гуащӏэмащӏэу къыщыхъуа гуащэм гушхуэ зэрыкӏуэцӏылъыр. «Мы дунейм тетым нэхъыщхьэр быныращ», – Зое игу къокӏыж гуащэм къыжриӏауэ щыта псалъэхэр.
Псапэу тхьэм къритыж уэрамым дыкъыдэзымына цӏыху дыщэм! Дыжьынкъым ар, Дыщэщ! – йогупсыс цӏыхубзыр. – Щыхьэкӏуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ, жыхуаӏэращ. Сыздэмыгугъамкӏэ къикӏащ дэӏэпыкъуэгъур. Гуащэри дэ къыддэпсэу хъунущ, и закъуэпцӏийуэ лъапсэм имысу. Ари си быным и анэщ, сэ схуэдабзэу. Къуэрылъхур илъагъумэ, езыми нэхъ гукъыдэж иӏэнщ. Даут ар зэи зришэлӏэнукъым».
Зое и гупсысэр куэдым нэст, ауэ псом нэхъыщхьэрати, гуащэм и пэжыныгъэм гугъэ къритыжат, и фӏэщ хъурт и къуэр хъужыну, Дыщи къахуэкӏуэжыну, зэгъусэу щӏалэ цӏыкӏур ягъэсэну, унагъуэ дахэу зэдэпсэуну.







