Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Псы»ра псэр?

Псыр зы пкъыгъуэщ, пкъыгъуэ цӏэщ. Ущызыкӏэщӏэплъ ткӏуаткӏуэщ. Псэр къызыхэкӏщ. Арыншэу, псыншэу псэ щымыӏэщ. Псырэ псэрэ, сыт щыгъуи зэгъусэщ.

Псыр зы пкъыгъуэу, псэм и щӏэдзапӏэщ. Псэ щигъуэтым мэхъей, мыхъурыщӏэ, гъащӏэм щӏедзэ.

Зы цӏыхум, «уэ псым укъыхэкӏащ» жепӏэмэ; емыгупсысу, къэуӏэбжьу, «даурэ псым сыкъызырыхэкӏар»! къыбжиӏэныри хэлъщ.

Псэущхьэу зекӏуэхэм; быдз зыщетхэм псоми я лъхуалъэр зы псылъэщ. А псэущхьэм щӏэхъуэр, щӏэблэр а псылъэм «псэ» щегъуэт. Цӏыхури мы гупым хохьэ. Анэ ныбэм щихуам щыгъуэ псылъэращ (лъхуалъэ) псэ щигъуэту, гъащӏэм щыщӏидзэр.

Кӏэцӏу, жылэ зыгъуэта хъумапӏэ щӏыпӏэ «джэдыкӏэ» кӏуэцӏри зы псылъэщ. И щӏэблэ, шырыми псэ щигъуэтыр джэдыкӏэр и «гъуэ»у, кугъуэращ.

Жылэкӏэ багъуэ къэкӏыгъэхэри, къыщӏэкӏэн, къыхэкӏын, къыпыкӏэн папщӏэ а псым хуэныкъуэщ. Псыншэу къанэ къэкӏыгъэми жылэ ирищӏэкъым.

Мы псэущхьэу хъуам я псэупӏэр, «Ды»м и «унэ»у, мы псэущхьэу хъуар абы «ей»уэ «дыуней» фащащ. Мы псэупӏэми «щӏы», «уэ», псы» (щӏыуэпс) хужӏаӏащ. Зытетыну «щӏы»пӏэр, къибэуэну «уэ»р, псэр къезыгъажьэ, зезыгъакӏуэ «псы»ри хэтыжу.

Зы псэущхьэу псым, «псэ»у дыкъызырыхэкӏар, псыншэу дыкъанэмэ «псы/хуэлӏэ»у, псэншэу дыкъызырынэнури гурыӏуэгъуэщ. Псэущхьэу псым дыхуэныкъуэщ.

Ижь ижьыжьым щыщӏэдзауэ арагъэнщ, Псы зыдыщыӏэ щӏыпӏэхэр псэупӏэу щӏыхахар. «Къуэ», къуэладжэхэращ псыр щы«жэ»р. Арауэ къыщӏэкӏынщ, псэупӏэ щӏыпӏэм «къуа/жэ» щӏыфӏащар. Псы нэзым, псы ӏуфэм щыӏухьэм псым хэфт, къиукӏа псэущхьэм и бжьакъуэмкӏэ ефэт. Зырефэн ӏэмэпсымэ щигъуэтым (ӏэщӏагъэм щыхэхьэм) фалъэ, псы фалъэ хъуащ (ауэ бжьакъуэм къытехъукӏауэ «бжьэ», гъэкӏэщӏа псалъэр къытхуэнащ. Хъуэхъу бжьэ, Фадэ бжьэ, ӏэгу бжьэ… хуэдэу).

Псыр, цӏыхуми псэ хохъу. Псэ щыӏутым, псэр малъэ, пса/лъэ мэхъу. Мэпсалъэ. Макъ кырегъэкӏ. Къипсэлъ псалъэхэм «псы», «псэ» псалъэхэр щӏыпӏэ куэдым къыщыхощ.

Псы хуэлӏауэ, псыр зэптам, зыхуэпхьам кыбжиӏэр:
-Упсэу! Псым хуэдэу уаулъагъу! жиӏэу…
Хьэ/пс(ы), шы/пс(ы), лэ/пс(ы), Нэ/пс(ы)…
Псы/дзэ, псы/къелъэ, псы/ӏэрыщI, Псы/бэ, Псы/быб…
Псэ/ун, псэ/хун, (зыгъэпсэ/хун), псэ/хэх, псэ/налъэ…

Псэ/кӏуэд, Пса/пэ, Хъуа/псэ, Лъа/псэ, Кӏа/псэ, шы/псэ, ма/псэ, хо/псэ, то/псэ … хуэдэ куэд хэбгъуэтэнущ.

Псым, цӏыхум и пкъыр хуэныкъуэщ. Зыригъуэтыр и гуми, и псэми фӏэфӏ мэхъу. Йофӏакӏуэ. И пкъым щызежэ псыр (лъы), зыщыпсэу щӏыналъэ щӏыуэпсым, тет псым и зыхуэдэныгъэр; щэм и блыщӏыу (%70) зыхуэдэщ.

Хухэхауэ псым, псым и щытыкӏэм тӏэкӏу дытепсэлъыхьынщ. Щытыкӏищ иӏэщ. Псыр гъэрыкӏуэм (климат, iklim) епхауэ:

• Псыр жэрщ. Мажэ. Зыракӏэм, зырытым и щытыкӏэм йозагъэ, хозагъэ, зырылъэдам, зыдыщыӏэм и кумбыгъэ щытыкӏэ щӏыкӏэр къещтэ.
• Псым щӏыӏэр зэрилъагъуу, псыр мэщт. Мыл мэхъу. Зыщодие. Мэдыкъ. Зэрыщтам хуэдэу, зэрыщытыу къонэ.
• Псым хуэбащӏэр зэрилъагъуу, хобэхъыкӏ, Бахъэ мэхъу. Зеӏэт. Уафэмкӏэ докӏ.

Цӏыхур щыпсалъэкӏэ, и ӏум (и жьэм) къыжыдэкӏыращ «макъ» зыхужаӏар. Тхьэмбылым къыщежьэ «уэ»р, тэмакъым щызыхэлъ, зыщхьэщыкӏ, хуэщхьэхуэ пкъыгъуэхэм ӏууэу, и ӏум къыӏурокӏ. Макъыр нэм и лъагъуу нэрылъагъукъым. Кару хэлщ. Ауэ, ӏум къыӏурыкӏ, къыжыдэкӏхэр уалэ уалэу, бырыбыу тхьэкӏумэм къыӏуроуэ. Къыӏурыуа уалэхэм зы къару (энергие, enerji) хэлъу хъыщт къубщхьэ цӏыкӏищым ирожэ. Япэ зыхихахэм ирелъыт. Зыхех! Зыхещӏыкӏ! Зыдынэсыным негъэс. «Гу»м нэсауэ щы«ӏуа» къыщӏэкӏынущ. Гуры«ӏуа»уэ, къызгуры«ӏуа»щ щыжиӏэкӏэ.

Итӏанэ, Пэр мэпамэ, «мэ» кӏыщӏехьэ. Жьэрымэм, лыбжьэм, удз гъагъэм къыхихуу къыуит мэ дахэхэр пэм нэс кос. Шхыныгъуэмэ и ӏэфӏыри зыхыбощӏэ. Здынэсыным нэсу, гум щӏохьэ. зэмылӏэужь плъыфэ дахэхэр нэм елъагъу, гурыхь хохъу. Гурымыхьи къыхокӏ.

Мыхэм псори, къозыт лъэныкъуэ щыӏэщ. Къозытым, къеӏызых лэныкъуэй щыӏэщ. Лъэныкъуитӏ мэхъу. Мы лъэныкъутӏым и зы ӏыхыныгъэм; щӏэныгъэлэжьхэм «Рэзонанс» хужаӏащ. Мы «лъэныкъуитӏ» псалъэми тӏум, тӏуалэм «дуализм»ым дыхуешэ. Лъэныкъэр зымэ зыӏых щыӏэкъым. Мынэрылъагъуми, мыхэр къару уалэу (энергия) щызокӏуэ.

Пасэрейбзэ ди бзэм зэрыжиӏэмкӏэ; зыхихыри, илъагъури, зэӏусэри, зыхищӏэри, зыхигъэкӏыри гум негъэс. Фӏэфӏ-фӏэмыфӏ, зэгъ-мызэгъ, гурыхь-гурымыхь, гуауэ-гуапэ гум щызыхос. Ара къыщӏэкӏынущ «гу» псалъэр япэ иригъэщыу, «гу» псалъэ куэд щӏыхэтыр. «Гу/гъэ, гу/завэ, гу/шхуэ, гу/бгъэн, гу/бжьын, гу/къанэ, гу/къеуэ, гу/бзыгъэ, гу/фӏэ… хуэдэ кӏуэд, гум пыщӏауэ, бзэм хэтыжщ.

Псалъэ дахэр, гум зыхэщӏэ, гур фӏы мэхъу, мэгуфӏэ! Уегъэгушхуэ!

Псалъэ гуауэ, пхъащэр къогуауэ, гур зэв ещӏ! Уегъэгузавэ!

Мы къару хъурыщӏэным (зыӏыхыныр) зыгъэзащӏэр «гу»рау пӏэрэ, хьэмэрэ абы щызежэ псы (лъы)рау пӏэрэ жыуегъэӏэ.

Иджыркъэс, ди бзэм и ӏуэтэкӏэр зырысхузыфӏэкӏкӏэ бзэм зэрыжиӏэмкӏэ сӏуэтащ.

Жапон щэныгъэлэжь Др. Масару Эмото «Псым Хэлъ гъэщӏэгъуэныгъэ» зыфӏэща и тхылъым седжауэ сэри гъэщӏэгъуэн (чудо, mucize) къысщыхъуат, и «псы» еплъыкӏэм сытепсэлъыхьынущ.

Цӏыхухэм яхэлъ къару уалэхэм топсэлъыхь.

Хэтым и гур фӏыуэ, гуфэуэ, гуфӏэпсыу «нэфӏ»у нэфӏырыплъэу (позитивэ, pozitif) урохьэлӏэ.

Хэтыми, и гур ӏейуэ, нэщхъейуэ, и гур зэв хъуауэ, гузавэу, губжь хэлъу псалъэу, ерыӏуэу, ерыплъэу (нэгативэ, negatif) урохьэлӏэ.

Гуфэу, гуфӏэпсыу зырихьэлӏэхэм «гупсэху», «гупсэхуныгъэ»р зыӏырах, зыдагуэш. Йофӏакӏуэ.

Гуфӏэпс зыхэлъырэ, губжь зыхэлъырэ зырихьэлӏэмэ зыӏырахынухэр зытехуэкъым. Зыӏырахыфкъым.

Мыхэм тэухуауэ, псым, псы къабзэм, псы нэху зыхуэдэ зыригъэхъуа абдж фалъэшхуитI (бэшэрэб) егъув.

Мыхэм зым, махуэ къэс псалъэ ӏэфӏ, псалъэ дахэ, псалъэ гуапэ жыреӏэ.

Адырей зым, махуэ къэс псалъэ Iей, псалъэ дыдж, псалъэ гуауэ ирехьэлIэ.

Зы махуэ бжыгъэ дэкӏа нэужь, мы псыхэм зы щапхъэ ткӏуэпс (псэналъэ) зэрыз къыхихыу, мылалъэм щегъэщт. Щхьэхуэ щхьэхуэу, зэрыз зэрызу, гъэиналъэ (микроскопэ, büyüteç) лъабжьэм щӏелъхьэри хоплъэ.

Нэфӏылъэкӏэ, псалъэ дахэхэр зыжыриӏа-ӏызыха псы псэналъэм и теплъэр, зы уэс закъуэм и теплъэ химэ щытыкӏэ дахащэм узэрыӏуплъэм хуэдэт.

Ерыплъэу, псалъэ Iейхэр зыжыраӏа-ӏызыха псы псэналъэм и теплъэр, зы уэс закъуэм и теплъэ химэ щытыкӏэм хуэдэт, ауэ зыхэзэрыхьауэ, зыӏызэрыхьауэ зы теплъэ игъуэтат.

ЗыпыщӏагъэкIыу, я гъэунэхуа щапхъитыми щегъэлъагъуэ Масару Эмото. Псым епхьэлӏэ къару уалэ (энергие)м хэлъхьа «нэфӏ»ырэ, «ней» (ерыуэ)м, псы псэналъэм ирищӏа теплъитӏыр.

Мы лэжьыгъэхэр щӏэныгъэ лэжьыгъэкъым! И тхылъ щэным теухуауэ зы лэжьыгъэщ! Пцӏыупсщ! хужызыӏаи куэдщ. Ди ӏуэху хэлъкъым зыхужаӏэхэм.

Къэдгъэзэжынщ, ди бзэм къыджиӏэм.

Псыра, псэр?
Псым, псэ ӏут?
Даурэ зыхищӏэрэ «фӏымрэ», «ӏеймрэ»?
Уэ зыхэпщӏэркъэ?
Зыгуэрэ «фӏы»кӏэ къыпщытхъумэ, уи нэкӏур гуфӏэпсыу…
Зыгуэрэ «ӏей»уэ къощхыдэмэ, уи нэкӏур зыӏыхьауэ…
Уи гур зы (лъы) псылъэщ, «фӏы»ри, «ӏей»ри зыхэщӏэ!
Уи бзэр зехьэ, хъумэ! И пщӏэр щӏэ!
Псым хуэдэу уаулъагъуу, псэу!

Yazarın Diğer Yazıları

Ди бзэм хэтлъагъуэ «Хьэ»хэр!

«Уэ Хьей»! Илъэс щӏэныкъуэм (50) фэкӏащ, Анкара къалэм сыщеджэу, зыгъэпсэхугъуэм хуэзэу, ди къуажэ Бэшкъэзакъхьэблэ сыкӏуэжыну, анэщ къуажэ Аслъэнхьэблэ сыдэхащ. Си анэ шыпхъу Сабиха слъагъуну, я...

Адыгэ фащэм хухэха махуэу!

Лъэпкъыу хъуам, цӏыхухэм, зы щыгъын щатӏэгъауэ ящыгъщ. Ауэ хухэха махуэ «махуэщӏ»хэм лъэпкъ теплъэр зыгъэлъагъуэ зы щыгъынкӏэ захуапэхэ. Мис абы хуэдэу илъэс 25 ипэ (гъэ 2000)...

«РА», «ЩЫ», «ДЫ»!

Сыт мы макъ зэрызхэм къыджиӏэр. Щыми къыджиӏэр зыуэ пӏэрэ? Зэрыз зэрызу бзэм и хэтыкӏэм деплъынщ. «РА». Куэдым зыращӏэр, псалъэ зыблэдзахэм и зы упщӏэу: - Пасэрей Мысырхэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img