Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тхыдэм мы мазэм

Жэпуэгъуэм и 1, бэрэжьей

• Зи ныбжь хэкӏуэтахэм я дунейпсо махуэщ.
• Макъамэм и дунейпсо махуэщ.
• Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ.
• 1924 гъэм Налшык егъэджакӏуэхэр щагъэхьэзыр техникум къыщызэӏуахащ.
• 1933 гъэм Налшык Лениным и цӏэр зэрихьэу дэт еджапӏэ къалэ цӏыкӏум къыщызэрагъэпэщащ лъэпкъ студие.
• 1906 гъэм къалъхуащ къэбэрдей тхакӏуэ, драматург Нало Жансэхъу.
• 1937 гъэм къалъхуащ дзэ къулыкъущӏэ, генерал-майор Хъуэт Владимир.
• 1945 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ Къущхьэ Амырхъан.
• 1950 гъэм къалъхуащ адыгэ усакӏуэ, тхакӏуэ, критик Ергъукъу-Шащӏэ Шэмсиет.

Жэпуэгъуэм и 2, махуэку

• Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ
• Социальнэ егъэджакӏуэм и махуэщ.
• Лъэсу къэкӏухьыным и дунейпсо махуэщ
• 1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэӏуахащ.
• 1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыӏакӏуэ цӏэрыӏуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я цӏыхубэ артист Тут Заур.
• 1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ-живописец Ерчэн Исуф.
• 1970 гъэм къалъхуащ пауэрлифтинг спорт лӏэужьыгъуэмкӏэ плӏэнейрэ (1996 – 1999 гъэхэм) дунейм и чемпион хъуа Хъуажь Юрэ.
• 1982 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м, щӏыхь зиӏэ и артисткэ Къэзан Сэтэней.

Жэпуэгъуэм и 3, мэрем

• Дохутырым я дунейпсо махуэщ.
• 1891 гъэм Абхъазым щӏыр лъэщу зэрыщыхъеям къыдэунэхуащ Амткел гуэлыр.
• 1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкӏэ и «Кабардинка» кърал ансамблыр къызэрагъэпэщащ.
• 1645 гъэм къалъхуащ япэ урысей генералиссимус Черкасский Михаил (алей).
• 1927 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, ЩӏДАА-м и академик, генерал-майор Къатхъэн Мухьэмэд.
• 1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакӏуэ Къэбэрдей Фатӏимэ.
• 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м егъэджэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, педагогикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Щоджэн Фатӏимэ.
• 1966 гъэм къалъхуащ журналист, усакӏуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщӏу щыта Гъущӏо Зариф.

Жэпуэгъуэм и 4, щэбэт

• Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
• 1986 гъэм «Ӏуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ.
• 1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакӏуэ Къумахуэ Аслъэн.
• 1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ.

Жэпуэгъуэм и 5, Тхьэмахуэ

• Егъэджакӏуэм и дунейпсо махуэщ.
• Псэупӏэм и дунейпсо махуэщ.
• Адыгэ Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ.
• 1948 гъэм къызэрагъэпэщащ Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным хуэгъэпса зэгухьэныгъэр.
• 1950 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, УФ-м и ВВС-м и командующэм и къуэдзэу щыта, техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, Урысей Федерацэм дзэ хуэӏухуэщӏэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и ӏэщӏагъэлӏ Быж Айтэч.
• 1957 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ДАХ-м и тхьэмадэу 2006 – 2009 гъэхэм лэжьа, республикэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкӏэ и институтым и унафэщӏ Дзэмыхь Къасболэт.
• 1961 гъэм къалъхуащ совет волейболисткэ, 1980 гъэм Москва щекӏуэкӏа Олимпиадэм чемпионкэ щыхъуа Ахэмын Еленэ.

Жэпуэгъуэм и 6, блыщхьэ

• Архитектурэм и дунейпсо махуэщ.
• Ущыпсэуну къезэгъ щӏыпӏэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
• 1946 гъэм къалъхуащ биологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, ЩӏДАА-м и академик Кӏадэ Азэмэт.

Жэпуэгъуэм и 7, гъубж

• Гуфӏэным и дунейпсо махуэщ.
• 1918 гъэм Даутокъуэ-Серебряковым и дзэм Налшык къищтащ.
• 1917 гъэм къалъхуащ УФ-м и цӏыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тӏыхъужь Алий.
• 1953 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, дипломат, УФ-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ Жамборэ Владимир.
• 1982 гъэм дунейм ехыжащ жылэкӏэ Убых Тевфик Эсэнч.
• 2006 гъэм яукъащ журналист Анна Ролитовская.

Жэпуэгъуэм и 8, бэрэжьей

• Астрономием и дунейпсо махуэщ.
• 1860 гъэм Бахъсэн цӏыхубэ судыр къызэрагъэпэщауэ щытащ. • 1928 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩӏДАА-м и академик, АР-ми УФ-ми щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Зекӏуэхъу Увжыкъуэ.
• 1935 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Умар Анатолэ.
• 1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор Къагъырмэс Црай.

Жэпуэгъуэм и 9, махуэку

• Нэхэм я дунейпсо махуэщ.
• Пощтым и дунейпсо махуэщ
• 1909 гъэм къалъхуащ убых тхакӏуэ, журналист Щхьэплъы Зубейдэ.
• 1955 гъэм къалъхуащ ухуакӏуэ, хьэрычэтыщӏэ, «ААА» фирмэм и унафэщӏ Къурашэ Валерэ.
• 1966 гъэм къалъхуащ актрисэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, республикэм щӏыхь зиӏэ и журналист Мысостышхуэ Маринэ.

Жэпуэгъуэм и 10, мэрем

• Джэдыкӏэм и дунейпсо махуэщ.
• Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
• Цӏыхум и судыр укӏкӏэ ящӏэу мыдэным и европэпсо махуэщ.
• 1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ усакӏуэ Щомахуэ Амырхъан.
• 1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цӏэрыӏуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкӏа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ.
• 1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБР-м щӏэныгъэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Ӏулыдж Ӏустырхъан.
• 1930 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Кӏуантӏэ Ӏэзид.
• 1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, республикэм щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, «Ӏуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа Елгъэр Кашиф.
• 1939 гъэм къалъхуащ философие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел.
• 1940 гъэм къалъхуащ КъБР и цӏыхубэ артист Куэт Къанщобий.
• 1941 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цӏыхубэ тхакӏуэ, КъБР-ми КъШР-ми щӏыхь зиӏэ я журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкӏэ лэжьа Дэбагъуэ Мухьэмэд.
• 1942 гъэм къалъхуащ уэрэдус, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Щомахуэ Хьэсэнбий.
• 1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Шорэ Ахьмэд.

Жэпуэгъуэм и 11, щэбэт

• Хъыджэбз цӏыкӏухэм я дунейпсо махуэщ.
• Цӏыхум лы лей зытрилъхьэным ебэныным и дунейпсо махуэщ.
• Абхъазым ӏэщэкӏэ зэщӏэузэда я къарухэм я махуэщ.
• 1941 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапӏэм къыдигъэкӏащ республикэм и усакӏуэхэм я ӏэдакъэщӏэкӏхэр зэрыт «ӏэщэр къафщтэ» тхылъыр.
• 1956 гъэм къалъхуащ полицэм и генерал-майор, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и юрист Кумыщ Мухьэрбий.
• 1958 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, КъБР-м Тхылъыр фӏыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и Жылагъуэ Советым и тхьэмадэ, республикэм и Щӏыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Бекъул Аслъэнбэч.
• 1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я дин ӏуэхущӏапӏэм и унафэщӏу 2004 – 2010 гъэхэм лэжьа Пщыхьэщӏэ Ӏэ.нас.
• 1967 гъэм дунейм ехыжащ Убыхыбзэм и псалъалъэр къэзыгъэщӏа франджы бзэщӏэныгъэлӏ Джордж Дюмезиль.

Жэпуэгъуэм и 12, Тхьэмахуэ

• Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ.
• 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэӏуахащ. Абы и япэ ректору ягъэуват Бэрбэч Хьэтӏутӏэ.
• 1937 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессору, ЩӀДАА-м и академикыу щыта Быж Алий.
• 1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м, Ингушым, Осетие Ипщэм щӏыхь зиӏэ я артисткэ Кърым Иринэ.
• 1977 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыӏакӏуэ, Дагъыстэнымрэ УФ-мрэ щӏыхь зиӏэ я артисткэ Жасмин (Шор Сарэ).

Жэпуэгъуэм и 13, блыщхьэ

• Щӏыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащӏэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщӏэным и дунейпсо махуэщ.
• 1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаӏэтащ.
• 1891 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ Къатхъэн Назир.
• 1911 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакӏуэ, нартыхугъэкӏ цӏэрыӏуэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, Гуащӏэдэкӏым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта Хьэщӏэлӏ Мухьэмэд.
• 1911 гъэм дунейм ехыжащ Дунейпсо абхъаз-абазэ конгрессым и япэ президент Шамбэ Тарас.

Жэпуэгъуэм и 14, гъубж

• Мардэхэм я дунейпсо махуэщ. 1946 гъэм къызэрагъэпэщащ Стандартизацэмкӏэ дунейпсо зэгухьэныгъэр.
• Логикэм и дунейпсо махуэ.
• 1948 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Темрокъуэ Риммэ.

Жэпуэгъуэм и 15, бэрэжьей

• Зи нэхэм ямылъагъухэм я дунейпсо махуэщ.
• Ӏэхэр тхьэщӏыным и дунейпсо махуэщ.
• Мэкъумэшыщӏэ цӏыхубзхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1814 гъэм къалъхуащ усакӏуэ, цӏэрыӏуэ, тхакӏуэ Лермонтов Михаил.
• 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Текӏуий Анатолэ.
• 1935 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и артист, Абхъазым и цӏыхубэ артист, КъБР-м, Абхъаз Республикэм я къэрал саугъэтхэм я лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий.
• 1940 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Ӏутӏыж Борис.

Жэпуэгъуэм и 16, махуэку

• Ерыскъым и дунейпсо махуэщ.
• Щӏакхъуэм и дунейпсо махуэщ.
• Анестезиологым и дунейпсо махуэщ.
• ӏуэхущӏапӏэм и унафэщӏым и махуэщ.
• 1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфӏхэм я зэхуэс.
• 1868 гъэм къалъхуащ Къаир щыщ адыгэ тхакӏуэ цӏэрыӏуэ, «хьэрып усакӏуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.
• 1917 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, зэдзэкӏакӏуэ, филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къардэн Бубэ.
• 1955 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ, литературэдж Тӏымыжь Хьэмыщэ.
• 1961 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шэджыхьэщӏэ Юрэ.

Жэпуэгъуэм и 17, мэрем

• Къулейсызыгъэр гъэкӏуэдыным и дунейпсо махуэщ.
• 1943 гъэм дунейм ехыжащ Имам Гази Мухьэммэд.
• 1943 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик Тохъутэмыщ Хъызыр.
• 1952 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, публицист, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и журналист Котляров Виктор.

Жэпуэгъуэм и 18, щэбэт

• Кӏэнфетхэм я дунейпсо махуэщ,
• Джанэхэм далъхьэ пщэдэлъым и дунейпсо махуэщ,
• 1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м и япэ Президенту щыта, къэрал лэжьакӏуэ, политик ӏэзэ Кӏуэкӏуэ Валерэ.
• 1942 гъэм къалъхуащ медицинэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цӏыхубэ дохутыр Хьэцӏыкӏу Борис.
• 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Емкъуж Лиуан.
• 1958 гъэм дунейм ехыжащ Ингуш политик, журналист, тхакӏуэ Вассан-Джэрий Джэбагъы.
• 1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкӏэ лэжьа, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цӏыхубэ коммуникацэхэмкӏэ и министерствэм я щӏыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ.

Жэпуэгъуэм и 19, Тхьэмахуэ

• 1985 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретарь къулыкъум текӏащ. Абы республикэм и унафэр ищӏащ илъэс 29-кӏэ.
• 1955 гъэм къалъхуащ техникэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Лӏыбекъуэ Алексей.
• 1958 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыгунэ Владимир.

Жэпуэгъуэм и 20, блыщхьэ

• Статистикэм и дунейпсо махуэщ.
• Пщафӏэхэм я дунейпсо махуэщ.
• Цӏыхум и къупщхьэхэр зэблэзыш узыфэм пэщӏэтыным и дунейпсо махуэщ.
• 2000 гъэм КъБР-м щыщ Шэджэм къуажэр къалэ хъуащ.
• 1911 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэ, политик, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зэхуэсыгъуитхум я депутату щыта Тэрчокъуэ Къамболэт.
• 1934 гъэм къалъхуащ химие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩӀДАА-м и академик, КъБР-м щӏэныгъэхэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Шурдым Гъэзалий.
• 1936 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, КъБР-м щӏыхь зиӏэ и юрист Жыгун Хьэту.
• 1938 гъэм къалъхуащ биологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэ Хъусен.
• 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и ухуакӏуэ Хьэжы Руслан.
• 1984 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Текӏужь Заретэ.

Жэпуэгъуэм и 21, гъубж

• Журналистхэм я дунейпсо махуэ
• 1881 гъэм къалъхуащ адыгэ пшынауэ ӏэзэ, къызыхэкӏа лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэ хъугъуэфӏыгъуэхэр гъэбэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщӏа Хьэгъэудж Мухьэмэд.
• 1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор Лъэнкӏэпӏашэ Мусэ.
• 1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щӏыхь зиӏэ и дохутыр Кӏуэкӏуэ Аслъэн.

Жэпуэгъуэм и 22, бэрэжьей

• Щыпсалъэкӏэ зэӏынэ цӏыхухэм я дунейпсо махуэщ
• 1841 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщӏакӏуэ цӏэрыӏуэ Хьэтӏохъущокъуэ Къазий.
• 1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
• 1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щӏэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Уэлджыр Мушэхьид.

Жэпуэгъуэм и 23, махуэку

• Щомыщ хужьым и дунейпсо махуэщ.
• Авогадро (Мол) дунейпсо махуэщ.

Жэпуэгъуэм и 24, мэрем

• Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и махуэщ.
• Зыужьыныгъэм теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ.
• Полиомиелитым пэщӏэтыным и дунейпсо махуэщ.
• 1893 гъэм къалъхуащ 1921 – 1938 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщӏу щыта, къэрал лэжьакӏуэ, политик Къалмыкъ Бетӏал.
• 1901 гъэм къалъхуащ адыгей усакӏуэ Хьэткъуэ Ахьмэд.
• 1981 гъэм къалъхуащ адыгей сурэтыщӏ, Братиславэ, Берлин, Алма-Ата щекӏуэкӏа дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм щытекӏуа Гъукӏэпщокъуэ Щауэмыр.

Жэпуэгъуэм и 25, щэбэт

• Цӏыхубзхэр мамырыгъэм щӏэбэныным и дунейпсо махуэщ.
• Автомобилистым и дунейпсо махуэщ.
• 1936 гъэм Мейкъуапэ къыщызэӏуахащ Адыгэ АО-м и Урыс драмэ театрыр.
• 1941 гъэм къызэрагъэпэщащ зыхъумэжыныгъэмкӏэ Налшык комитетыр.
• 1911 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакӏуэ Елмэс Хьэжбий.
• 1915 гъэм къалъхуащ парт, къэрал къулыкъущӏэ, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим.
• 1917 гъэм къалъхуащ шапсыгъ тхыдэдж, СССР-м цӏыхубэм щӏэныгъэ егъэгъуэтынымкӏэ и отличник Нэпсо Фазил.
• 1928 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэдкӏэ щыта Мырзэкъан Суфян.
• 1940 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакӏуэ, СХьР-м и Парламентым и депутату, Адыгэ Фӏыщӏэ Хасэм и тхьэмадэу илъэс куэдкӏэ лэжьа Абазэ Шараф.

Жэпуэгъуэм и 26, Тхьэмахуэ

• Школ библиотекэхэм я дунейпсо махуэщ.
• 1942 гъэм советыдзэхэр икӏуэту Налшык къалэм дэкӏын хуей хъуащ.
• 1926 гъэм къалъхуащ «Красный Кавказ» колхозым и унафэщӏу илъэс куэдкӏэ щыта, Социалист Лэжьыгъэм и Лӏыхъужь Тхьэкъуахъуэ Башир.
• 1929 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкӏэ щылэжьа, КъБР-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Джэлэс Таужид.
• 1937 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, профессор, Мэлбахъуэ Тимборэ и цӏэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и унафэщӏ Емуз Анатолэ.
• 1949 гъэм къалъхуащ биологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Куэтэншы Хьэсэн.
• 1956 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ доктор Дзыгъуанэ Ритэ.
• 1971 гъэм къалъхуащ филологие щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент Унэлӏокъуэ Вячеслав.

Жэпуэгъуэм и 27, блыщхьэ

• Аудиовизуальнэ щӏэиныр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
• Гимнастикэм и дунейпсо махуэщ.
• 1940 гъэм Налшык къыщызэӏуахащ Къэбэрдей, Балъкъэр драмэ театрхэр.
• 1942 гъэм къалъхуащ тхакӏуэ, журналист Къамбий Джэфар.

Жэпуэгъуэм и 28, гъубж

• Анимацэм и дунейпсо махуэщ.
• 1900 гъэм къалъхуащ къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтӏылъа икӏи и классик Щоджэнцӏыкӏу Алий.
• 1941 гъэм Бобруйск дэт зауэлӏ лагерым дунейм щехыжащ Къэбэрдей литературэм щӏэдзапӏэ хуэхъуа тхакӏуэ, усакӏуэ Щоджэнцӏыкӏу Алий.
• 1952 гъэм къалъхуащ юридическэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор, ЩӀДАА-м и академик Мысрокъуэ Замир.
• 1964 гъэм къалъхуащ къэрал политикэ лэжьакӏуэ, КъШР-м къэрал къулыкъур зехьэнымкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Астэжь Франческэ.
• 2020 гъэм дунейм ехыжащ КъБР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, УФ-м щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ и лэжьакӏуэ Ӏутӏыж Борис.

Жэпуэгъуэм и 29, бэрэжьей

• Инсультым пэщӏэтыным и дунейпсо махуэщ.
• 1943 гъэм Налшык ФЗО школ къыщызэӏуахащ.
• 1930 гъэм къалъхуащ АР-м и цӏыхубэ тхакӏуэ, УФ-мрэ АР-мрэ щэнхабзэмкӏэ щӏыхь зиӏэ я лэжьакӏуэ Пэнэф Сэфар.
• 1934 гъэм къалъхуащ юрист, тхакӏуэ Сэрахъэ Александр.
• 1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щӏыхь зиӏэ и артисткэ Балъкъэр Тамарэ.

Жэпуэгъуэм и 30, махуэку

• Спортым цӏыхухэр хуэзыгъасэм и махуэщ.
• Политикэ щхьэусыгъуэкӏэ зэхэзехуэн зэращӏам и зэранкӏэ хэкӏуэдахэм я фэеплъ махуэщ.
• 1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-Сулътӏан зи пашэ шуудзэр хагъэщӏат.
• 1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущӏэ, Штаб нэхъыщхьэм и унафэщӏу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкӏэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд.
• 1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и Лӏыхъужь Шурдым Ихьсан.
• 1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщӏ живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил.
• 1972 гъэм къалъхуащ коллекционер, публицист Тхьэкъуахъуэ Ӏэуес.

Жэпуэгъуэм и 31, мэрем

• Тенджыз Фӏыцӏэм и дунейпсо махуэщ.
• Къалэхэм я дунейпсо махуэщ.
• Экономием и дунейпсо махуэщ.
• 1952 гъэм къалъхуащ УФ-м и къэрал лэжьакӏуэ, етӏуанэ рангым и къэрал чэнджэщэгъуыта Хъупсырокъуэ Назир (Кърым-Джэрий).

Yazarın Diğer Yazıları

Тхыдэм мы мазэм

Щэкӏуэгъуэм и 1, щэбэт •Дунейпсо Кобанэ махуэщ. •1936 гъэм Налшык Урыс къэрал драмэ театр къыщызэӏуахащ. •1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цӏыхубэ усакӏуэ, Ленин саугъэтым, СССР-м, РСФСР-м я...

Тхыдэм мы мазэм

Мэкъуауэгъуэм и 1, Тхьэмахуэ • Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. • Адэ-анэм я дунейпсо махуэщ. • Шэм и дунейпсо махуэщ. • Къэжыхьыным и дунейпсо махуэщ. • 1862 гъэм США-м...

«Common Voice дэлэжьэныр Адыгэ Лъэпкъым ироектэу щытын фае»

2024-рэ илъэсым Тыгъэгъазэ мазэм Mozilla-Common Voice Circassian (разраббатываюшая набор данных для языков) ыlоу медиа хьытыум инэкlубгъо итэу тлъэгъугъэ. Щылэ мазэм «2025-рэ илъэсыр Адыгабзэм и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img