Жэпуэгъуэм и 18-19 махуэхэм Истамбыл къалэм дэт Мармарэ Университетым и «Карьерэ Купсэм» щекӏуэкӏащ «Кавказ Хасэхэм я Федерацэм» (KAFFED) къызэригъэпэща «5-рей Щӏалэгъуалэ Лэжьэнхасэ икӏи Карьер Махуэ». Лэжьэнхасэмрэ карьерым и махуэмрэ хэтащ KAFFED-м хыхьэ хасэхэм я щӏалэгъуалэ комиссэхэмрэ университетхэм я студент зэгухьэныгъэхэмрэ (ÜNİKAF) я лӏыкӏуэхэу зи ныбжьыр илъэс 18-м къыщыщӏэдзауэ 30-м нэсхэр.
Адыгэбзэкӏэ зэзыдзэкӏахэр: Иуан Зэуалрэ, Хьэжбэвыкъуэ Эрдоган Йылмазрэщ







