Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адыгэбзэм и пщIэр зыIэт

КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бекъан Масирэт ящыщщ Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я къэралпсо зэпеуэм и утыку япэу ихьа ди лъахэгъухэм. А зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщихьри, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм абы хэтахэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуащ ар.
КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэмкIэ и факультетыр къиуха нэужь, и къуажэ Къармэхьэблэ игъэзэжащ Масирэт, нэмыцэбзэр иригъэджыну.
– ФIыуэ слъагъу IэщIагъэр зэрызэзгъэгъуэтам и фIыгъэ куэд хэлъщ егъэджакIуэ цIэрыIуэ дыдэу щыта си адэ къуэш Гугъуэт Лол. Абы хуэдэу сыхъуну сыщIэхъуэпсу си сабиигъуэр есхьэкIащ, – егъэджакIуэм и гъуэгум зэрытеувар игу къегъэкIыж Масирэт. – Пэжу, сэ сыщыгъуазэтэкъым а лэжьыгъэм хэлъ гугъуехь псоми, арщхьэкIэ зи ужь сихьа Iуэхум ерыщу сыпэщIэту си хьэлти, ар сэбэп къысхуэхъуащ.
Хамэбзэр къуажэ щIэблэм егъэджынымкIэ ехъулIэныгъэхэр иIэу, Масирэт и IэнатIэр къигъэнауэ щытащ, Налшык къэIэпхъуати. Ар здэува школым нэмыцэбзэмкIэ сыхьэт бжыгъэхэр щызэпэубыдати, унафэщIым къыхуигъэлъэгъуащ адыгэбзэр иригъэджыну. ИужькIэ и анэдэлъхубзэр нэмыцэбзэм фIытекIуэри, абы ирилажьэхэм нэхъ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъу хуежьащ, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэми адыгэбзэмкIэ и зэфIэкIхэми щыхигъэхъуащ, ауэрэ ар IэщIагъэ хуэхъуащ.
Бекъаныр ящыщащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм и утыку япэу ихьахэми. ИужькIэ ар хагъэхьащ абы и къэпщытакIуэ гупми. Масирэт зэрыжиIэжымкIэ, а зэпеуэр школым щыщыIэм деж, къуажэ псом я махуэшхуэт. А зыр сыт и уасэ! Махуэ къэс сабийхэм яхэт пэтми, Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм куэдрэ ящрихьэлIэрт ар а зэпеуэхэм, «мыр дауэ егъэджакIуэм къигупсысыфа» щыжиIи яхэту. ЕгъэджакIуэм хуабжьу гунэс щыхъурт нэгъуэщI предметхэмкIэ дерсхэр адыгэбзэкIэ щрагъэкIуэкIым деж.
Методикэ и лъэныкъуэкIэ зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуа, анэдэлъхубзэр зэрырагъэджым и щэху псоми фIы дыдэу щыгъуазэ хъуа лэжьакIуэ Iэзэм адыгэбзэр нэхъ тыншу зэрызрагъэщIэн программи тхылъи яхуигъэхьэзыращ егъэджакIуэхэми мыадыгэ еджакIуэхэми. Ахэр ноби егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп.
– Хуабжьу согъэщIагъуэ адыгэ унагъуэм къыщыхъу сабийм адыгэбзэ имыщIэми хъуну къэзылъытэ балигъхэм я гупсысэкIэр. Инджылызыбзэм нэхърэ нэхъ гугъу къыбдалъхуа бзэр зэбгъэщIэну? Нобэ хамэбзэр зыгъэшэрыуэ ди ныбжьыщIэхэр адыгэбзэкIэ зэрымыпсэлъэфыр си жагъуэ мэхъу, – анэдэлъхубзэм иIэ щытыкIэм егъэпIейтей егъэджакIуэр.
Курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ илъэс куэдкIэ щезыгъэ-джа, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и адыгэ къудамэм мы зэманым щылажьэ Бекъан Масирэт и зэфIэкIыр республикэ псом къыщалъытащ, щытхъу куэди къыхуагъэфэщащ. Абы щыхьэт тохъуэ а бзылъхугъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащари, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIа зэпеуэм лауреат щыхъуу, сом мини I00 къызэрыратари, щытхъу, фIыщIэ тхылъ куэд зэриIэри. 2007 гъэм Бекъан Масирэт пашэ щыхъуащ зи цIэ къитIуа къэралпсо зэпеуэм и «ЕгъэджакIуэ–гъэсакIуэ» унэтIыныгъэм.
Адыгэбзэм и пщIэр лъагэу зыIэт цIыху щыпкъэм дохъуэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ. И мурадхэр къехъулIэу куэдрэ Тхьэм игъэпсэу.

Темыр Дисэ.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

Yazarın Diğer Yazıları

Doğu Akdeniz Çerkes Şenliği mayısta

Ceyhan Kuzey Kafkas Kültür Eğitim Derneği’nin düzenlediği "Doğu Akdeniz Çerkes Şenliği" 10 Mayıs’ta. Çerkes Karamezar (Adapınar) Mahallesi Ceyhan, Adana’daki şenlik saat 12.00’de başlayacak. Etkinlik...

“Biga Çerkesleri… Savaştepe-Dereköy”

Danef TV’nin belgesel yayınları devam ediyor. 21 Nisan’da yayımlanacak belgesel yapımın konusu “Biga Çerkesleri… Savaştepe-Dereköy” başlığını taşıyor. “Bir sürgünün ardından…”  altbaşlıklı belgesel saat 21.00’de.

“Kurtuluş Yıllarında Çerkesler”

Samsun Çerkes Derneği’nin 19 Nisan’da düzenlediği Pazar kahvaltısının konuğu Prof. Dr. Önder Duman oldu. Duman bu buluşmada, "Kurtuluş Yıllarında Çerkesler" konulu sunumu yaptı.

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img