Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

фи махуэ фIыуэ ди лъэпкъыгъуэхэр…

Сэ си цIэр Эммэ, си унэцIэр ХьадэгъалI, Иорданием сыщопсэу икIи илъэс тIощIрэ щырэ (23) хъуауэ принц Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ еджапIэм сыщолажьэ. Сэ адыгэбзэ язогъащIэ нэхъыжь классхэм. Сэ Адыгейм сыкъыщалъхуащ, хэкум сыщыпсэуащ иджы Амман сыдэсщ.

Иорданием щыпсэу адыгэхэм принц Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэ яIэщ.Адыгэ еджапIэр минрэ щибгъурэ блыщIрэ плIырэ гъэм (1974) къызэIуахащ икIи сабий садым щыщIэдзауэ епщIанэ классым нэс адыгэбзэ щадж.

Сабий садым щаублэ адыгэбзэм и зэгъэщIэныр джэгукIэ гъуэгум тету. Мазэм ящта псори сабийхэм я Iыхьлым яхудогъэхь.

Тхэнымрэ еджэнымрэ ещанэ классым щыщIадзэ, хьэрф тхыныр доублэ. АбыкIэ проблем диIэкъым. Дэ нэхъыбэу къыин къытщыхъур ди еджакIуэхэр адыгэбзэкIэ псалъэныр аращ. Тэмэму матхэхэ икIи еджэхэ,ауэ псалъэфхэкъым, сыт щхьэ жыпIэмэ, еджапIэм щызарагъэщIар къагъэсэбэпкъым нэгъуэщI щIыпIэхэм. Унагъуэм щыпсалъэкъым адыгэбзэкIэ. Иорданием адыгэбзэкIэ псалъэу унагъуэ мащIэ къэнэжар.
ИужькIэ жысIэмэ сфIэигъуэ, зыщывмыгъэгъупщэ мы псалъэжьыр.

Бзэ зимыIэм-лъэпкъ иIэкъым!

Эммэ ХьадэгъалӀ

Yazarın Diğer Yazıları

«Аҧсуа Аџьыка»

Сақариа Хәаахәҭра-Ааглыхра Апалата (SATSO) адҵааларала, Аҭырқә Патент-Марка Наплакы, «Аҧсуа Аџьыка» ахьӡ, Сақариа ақалақь ишатәу иӡбаны, иақәшаҳаҭит. «Аҧсуа Аџьыка» аншьан нацла, Сақариа ахьӡ аҿы ианҵо...

Сымсым Аҧсуаҭҵааратә Институт акадр аҿы

Аҭҵааҩы-Ашәҟәҩы Сымсым Селчуқ Сол, Аҧсуаҭҵааратә Институт адиректор Арда Ашәба инапаҵаҩрала, Мшаҧымза 1 инаркны институт акадр далахәхит.

Аекологиатә тренинг мҩаҧысит Хәаԥ ақыҭа

Аҵареи, асоциалтә активреи, агәабзиарахьчареи рзы АААК аҟәшеи, ААУ аекологиеи аҧстәқәа рморфологиеи ркафедра аметодист, арҵаҩы еиҳабы Маиа Цыбулевскаиеи иацырҵоит ақыҭа школхәыҷқәа рзы аекологиатә тренингқәа рымҩаҧгара....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img