Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Адыгэ тхыбзэ» тхылъхэм я зэхэтыкIэм щыщ Iыхьэ

Нэхъ ипэкIэ щыIа тхылъхэм е зэрырагъаджэу щыта лэжьыгъэхэм я гугъу щыпщIым деж, ахэр мыхъуну щытауэ къащыфIэщ щыIэщ. Ауэ аракъым Iуэхум и пэжыпIэр. Дэтхэнэ зыри зэрыщыгъуазэщи, гъащIэм, цIыхум и щыIэныгъэм, техникэм заужь зэпытщ. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ абыхэм я пашэу мэбакъуэ. Нэхъапэм щыIа псом фIагъыу хэлъар къыхэтхрэ нобэрей псэукIэм, егъэджэкIэм, щIэныгъэм тхухэгъэзагъэмэ, ипэкIэ дыкIуэтэнщ, зыдужьынщ. «Удын зэхэдзэ нэхърэ акъыл зэхэдзэ» щIыжаIар апхуэдэ зыгуэрщ.

Гъэ кIуа лъандэрэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэраджын тхылъхэр иджырей егъэджэкIэ къупхъэм иту зэгъэпэщыныр пщэрылъ щащIауэ гупхэр мэлажьэ. Абыхэм яхэтщ щIэныгъэлIхэр, илъэс куэд хъуауэ егъэджакIуэ IэщIагъэм пэрытхэр, иджыри зэи еджапIэ щымылэжьауэ, ауэ къэухь, еплъыкIэ гъэщIэгъуэнхэр ябгъэдэлъу щIэныгъэ зиIэ ныбжьыщIэхэр. «Дакъэжьым жыгыщIэ» къыкъуэмыувэмэ, иужькIэ Iуэхур хэт игъэкIуэтэн? – апхуэдэ гупсысэкIэ щIалэгъуалэри Iуэхум хэша хъуащ.

ГурыIуэгъуэщ, сыт хуэдэ тхылъ гъэщIэгъуэн зэхэгъэува мыхъуми, абы и закъуэкъым зэлъытар бзэр фIыуэ ящIэныр, ар яджыным дихьэхыныр. Щхьэусыгъуэр зыбжанэ мэхъу, ауэ нобэ зыми сытемыбанэу, къуаншэ сымылъыхъуэу егъэджэкIэм худиIэн хуей зы щытыкIэм и гугъу сщIынут.

Бзэр къэралыбзэу щыщымытым деж уэрамыбзэм зэрыхуэкIуэр зыми и дежкIи щэхукъым. Адыэбзэр дахэмэ, абы ди лIыгъэ, ди фIагъ хэлъкъым – къыщежьар ди дежкъым, ауэ бзэр ебэтэхамэ, ди хуэмыхуагъым дегупсысыжыпхъэщ.
Иджыри къэс щыIэ тхылъхэм ит лэжьыгъэм я нэхъыбэр псалъэуха зырызу зэхэтт, зы купщIэ яIэу щыттэкъым. Абыи и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ – еджакIуэм я ныбжьым ехьэлIауэ тхыгъэ хьэзыр тхылъым ибгъэувэныр гъуэтыгъуейщ е щыIэххэкъым. АтIэ сыт хэкIыпIэр? ЕджакIуэм адыгэбзэр зэрыпсэур, зэрылажьэр, ар уэрамыбзэ къудейуэ зэрыщымытыр къыгурыIуэн щхьэкIэ, Iуэхугъуэ куэдхэм епха лэжьыгъэхэм ухуейщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Iэпкълъэпкъ», «УэщI», «Уафэ», «Псы», «КIыгъэ», «Гъуэгум зыщыхъумэж», «Интернет», «Хабзэ», «Бзэ», «Унагъуэ псэущхьэ», нэгъуэщI щыIэныгъэ куэдхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Ахэр зы гупсысэ зэуIу зиIэу еджакIуэм егъэлъагъупхъэщ. ТхакIуэ гуэрым и тхыгъэм пычыгъуэ къыхэпхрэ лэжьыгъэ иращIэкIыну тхылъым ибгъэувэнри зэрану щыткъым, ауэ, япэрауэ, пычыгъуэ къудейкIэ къэухьым зиужькъым. ЕтIуанэрауэ, а тхакIуэм Iурылъ бзэмрэ ар зи тхылъ ирагъэува еджакIуэмрэ я ныбжьыр зэхунэсу пIэрэ?

Щхьэзакъуэу тхыгъэ лэжьыгъэ езы еджакIуэм зэхигъэувэжын хуей хъуа нэужь (псалъэм папщIэ «псым» теухуауэ), куэду хьэлъэ къытохъуэ. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэращ – сабийр а ныбжьым нэсыху, «псы»-м теухуауэ адыгэбзэкIэ зы гупсысэу гъэпса лэжьыгъэ илъэгъуакъым, еджакъым. Апхуэдэ дыдэщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа лэжьыгъэ-Iуэхугъуэхэри. УрысыбзэкIэ тхылъым имызакъуэу интернетми, телевизорыми Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм ехьэлIа нэтын куэдым щрохьэлIэ, ауэ и бзэмкIэ апхуэдэ зэхихкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, тхылъыр зэхэзыгъэувэхэм зы пщэрылъ ин зэфIахыфынущ – сыт хуэдэ щыIэныгъэми, щIэныгъэми адыгэбзэкIэ утепсэлъыхьыф зэрыхъур еджакIуэхэм нэрылъагъу ящыщIын.

Нанухэм я къэухьхэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, махуэм зэпкърах дерсри псоми зэщхьу къагурыIуэркъым. Хэт «5» защIэкIэ йоджэ, хэти абы куэду къыкIэроху. АтIэ апхуэдэхэм я гугъуагъкIэ зэщхьу лэжьыгъэ едгъэщIмэ, хэт и фIагъ хэлъ? Ар лэжьыгъэ тыншу щытмэ, фIыуэ еджэм и къэухьым зиужьынукъым, апхуэдэ еджакIуэр а дерсым щызэшынущ. Лэжьыгъэр гугъуу щытмэ, еджакIуэ «къыкIэрыхур» и пIэ имыкIыу, абыи апхуэдэ дерс фIэмыгъэщIэгъуэну къэнэнущ. Мыбдеж къезэгъ бгъэдыхьэкIэращ – зы дерс къэмынэу лэжьыгъэ тынш, гугъу, еджакIуэхэм зэгъусэу ящIыжынхэр хэтын хуейщ.
Нанум ди щIыпIэ щимылъагъу псэущхьэ, къэкIыгъэхэм цIэ яфIэтщкIэ бзэм зиужьынукъым. Япэ щIыкIэ хамэбзэ къимыгъэсэбэпу адыгэбзэ къабзэкIэ псэлъэным хуэтшэжын хуейщ. И бзэр зэпэщ хъумэ, бзэмрэ езымрэ зэгущ зэхуэхъумэ, хигъэхъуэну, къищIэну хуейIамэ, дыдэIэпыкъупхъэщ.

Къыдэтхьэхыу, дадэджэгуу бзэр зэрыдахэр, абы лъэпкъ гупсысэр зэрыхэлъыр ягурыдмыгъаIуэмэ, «2»-кIэ, «3»-кIэ дгъэшынэкIэ, бзэр нэхъыфIу ялъэгъунукъым. ЕджакIуэ псоми егъэджакIуэ IэщIагъэр ирилэжьэну къыхахынукъым икIи псори бзэщIэныгъэм ирикIуэнукъым, бзэм и хабзэ щыIэхэр зэхуэдэу фIыуэ ямыщIэнри хэлъщ. Бзэм и хабзэ щыIэхэр щыуагъэншэу имыщIэм, ар егъэджакIуэм фIэгъэнапIэ щIищIын щыIэкъым. Абы къикIыркъым тхэфми, мытхэфми зэхуэдэу убгъэдыхьэн хуейуэ. ТхэкIэр псоми ящIэн хуейщ, ауэ дэтхэнэ еджакIуэми причастие, деепричастие (participle, adverbial part) къыхуэмыгъуэтыныр хэлъщ. Псом ищхьэу дызыхуейр бзэр хуэгъэшэрыуэфу, абыкIэ и гупсысэ къиIуэтэфу щIэблэ къэдгъэтэджынырщ.

Къардэн Мусэдин
филологие щIэныгъэхэм я кандидат, егъэджакIуэ.

Yazarın Diğer Yazıları

Tarihte Bu Ay Mayıs 2024

Mayıs 1917 Kuzey Kafkasya Dağlı Halkları Birliği Merkez Yürütme Kurulu’nun seçilmesi 01 Mayıs İşçi Bayramı Pazar Anneler Günü 21 Mayıs 1864 Çerkes Sürgün ve Soykırımı (Tsitsekun) 11...

KAFDAV konferansları devam ediyor

Kafkas Araştırma Kültür ve Dayanışma Vakfı’nın düzenlediği, Hacettepe Üniversitesi Tarih Bölümü’nde doktora öğrencisi ve Kültür Bakanlığı uzmanlarından Berat Yıldız’ın konuşmacı olarak katıldığı “Bir Hayat...

Gençlik zexesi

Balıkesir Adige Çerkes Kültür Derneği’nin düzenlediği “Gençlik Zexesi” 20 Nisan’da Susurluk Demirkapı Köyü’nde gerçekleştirildi. Etkinlikte bilgi, dans, sandalye kapma ve halat çekme yarışmaları yapıldı.

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img