Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэр зырахъуэкIащ. Илъэс 25-м нэблагъэкIэ газетым и унафэщIу лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ипIэкlэ газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъур хуагъэфэщащ абы и къуэдзэу щыта Жыласэ Заурбэч.
Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр Аруан куейм хыхьэ Къэхъун къуажэм 1960 гъэм къыщалъхуащ. 2009 гъэм щыщIэдзауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэщ. Унагъуэщ. БыниплIрэ къуэрылъху- пхъурылъхухэмрэ иIэщ.
Жыласэ Заурбэч и къулыкъум ехъулIэныгъэ иIэу пэрытыну дохъуэхъу.