Убыхыбзэр псэунущ!

0
1136

Къэщlэрэщlэжыным и гъуэгукlэ: Щlэныгъэлlхэмрэ жылагъуэ лэжьакlуэхэмрэ хущlокъу Сочи и lэхэлъахэр зи псэупlэу щытыгъа пасэрей Адыгэ лlакъуэм и анэдэлъхубзэр къагъэщlэрэщlэжыну, езы лъэпкъри апхуэдэ щlыкlэкlэ яхъумэну.


Кlэух… Кlуэдыпlэ… Дунейкъутэж… Сощlэж япэ дыдэу, иджыри сыстуденту, Шинкубэ Бэгърат и «Жылакlэ» романым сыщеджам сызэщlэзыубыдауэ щыта гупсысэхэр. Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ лъыкlэ къагухьэ лъэпкъым, зауэжьыр къыщымыхъейм Псоурэ Шахэрэ псыежэххэм я зэхуаку щlыналъэшхуэм щыпсэуа убыххэм я кlуэдыкlам теухуа тхылъ гущхьэкъутэр куэд щlащ адыгэ щэнхабзэмрэ литературэ гъэтlылъыгъэ нэхъыфlхэмрэ ящыщ зэрыхъурэ. Нобэ а тхылъыр зыщlэмылъ адыгэ унэ щlагъуэ бгъуэтынкъым. Балигъ сыхъуа нэужьи, сэ зэкъым-тlэукъым зэрыщlэзджыкlар лъэпкъгъэкlуэдым и нэпкъыжьэ шынагъуэхэмкlэ гъэнщlа, я щlэблэр яхъумэн папщlэ зи хэкур егъэзыгъэкlэ зыбгынэн хуей хъуа убыххэм ятеухуа тхыгъэшхуэр. Дапщэрэ семыджами, ди лъэпкъ тхыдэм и напэкlуэцl нэхъ шынагъуэ дыдэхэм, игъащlэкlэ хэмыгъуэщэжын фэбжь гууз къытхуэзыгъэнам хузиlэ щытыкlэм хуэмурэ зигъуэжащ. Хьэуэ, узыр нэхъ мащlэ хъуауэ аракъым. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэ ипэкlэ ди лъэпкъым и щхьэ кърикlуа насыпыншагъэм и инагъыр, и lэужьхэмрэ нэпкъыжьэ я куууагъыр нэхъыфlу къызгурыlуэ, нэхъ гуащlэу зыхэсщlэ сыхъуащ.

Харет Черен

Тхакlуэ цlэрыlуэ Шинкубэ Бэгърат, иджыри советхэм я тетыгъуэр щыгуащlэ лъэхъэнэм щхьэтечу къиlуэтэфат ижь-ижьыж лъандэрэ Сочи и lэхэлъахэр зи псэупlэу къэгъуэгурыкlуа лъэпкъым Урыс-Кавказ зауэжьым къахуихьа мыгъуагъэхэм, ауэ lуэхугъуэ нэхъыщхьэмкlэ щыуауэ къыщlэкlащ. Романыр дунейм къыщытехьа лъэхъэнэм, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ дызыщыгъуазэр мащlэ дыдэми, тхыгъэм фlэщыгъэцlэ хуэхъуа «жылакlэ» псалъэр куэдым егъэлеиныгъэу къащыхъуащ: ар дауэ убыххэм я лъахэ къагъэзэжынкlэ гугъапlэ лъэпкъ щымыlэжу я щхьэри я бзэри кlуэдыпауэ ара? Шэч хэлъкъым абыхэм егъэзыгъэкlэ адэжь щlыналъэр зэрырагъэбгынам, ауэ абы я щlэблэр ноби псэущ, хэкужьым зэгуэр зэрагъэзэжынур я плъапlэу. Къищынэмыщlауэ къыхэгъэщыпхъэщ абыхэм ящыщ куэд я щlыналъэми къызэринар. А пасэрей лъэпкъ хъыжьэм зэрищlэблэм иригушхуэу «сэ сыубыхщ» жызыlэ куэд ноби ущрохьэлlэ адыгэ щыпсэу дэнэ лъэныкъуэми: Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми. Убыхэм я нобэрей щlэблэр мымащlэу щопсэу Сочи къалэми абы къедзылlа жылэхэми. Нэхъыбэрэ дызрихьэлlэ убых унэцlэхэу Ушхуэ, Чэрэн, Хеишхуэ хуэдэхэм къадэкlуэу мыбы щыбгъуэтынущ убых къежьапlэ зиlэ нэгъуэщl лlакъуэцlэ куэди.

«1920 -1930 гъэхэм къыдэкlа этнографие тхыгъэ зэмылlэужьыгъуэхэм хы Фlыцlэ lуфэм щыпсэу адыгэхэм-шапсыгъхэм къаlуэтэжу ятхыжахэм ущрохьэлlэ Сизэ, Сажьэ, Гербэ, Ныбэ, Щхьэбэ, нэгъуэщl убых унэцlэхэми, -жеlэ тхыдэдж Половинкинэ Тамарэ. – Убыхыу мы щlыпlэм къинэжахэр зэрымащlэ дыдэм къыхэкlыу, абыхэм унагъуэ щаухуэкlэ щхьэгъусэу къыхахыр нэхъыбэу шапсыгъхэм ящыщт. Нэхъ пасэми апхуэдэ къэхъурт, ауэ урысхэм я зэманым убых-шапсыгъ унагъуэхэр нэхъыбэ хъуат. Псалъэм папщlэ, Чэрэн Зэчрей щхьэгъусэ хуэхъуар Сызэ Цаужьт, абыхэм я къуэ Ибрэхьим Кlакlыхъухэ япхъу (лlакъуэкlэ шапсыгъщ) Ашырхъан къишащ. Заурбэч и унагъуэр благъэ хуэхъуащ ипхъухэр зрита Лlыфlхэ, Нэпсохэ, Бэкlухухэ, нэгъуэщlхэми.

 

Насыпым Щlэхъуэпсу

… Фlыуэ сощlэж 80 гъэхэм тхыдэ дэфтэрхэр и тегъэщlапlэу Сочи щытрахауэ щыта фильмыр. Жэщ кlыфlым мафlэ бзийхэр къыхонэхукl, гъунэгъуу щыхъуакlуэ шыхэр абы и нэхум lупщl къищlу. Зи нэкlур дымылъагъу бзылъхугъэм макъ нэщхъеифэкlэ къеlуатэ гуlэгъуэрэ хэкlыпlэншагъэкlэ гъэнщlауэ и адэжьхэр зрикlуа гъуэгуанэр.

Фильмыр зытеухуа цlыхубзым и унэцlэр – Чэрэн – сочидэсхэм я нэlуасэтэкъым, зэгуэр я адэжь лъахэм къагъэзэжынкlэ гугъапlэ ямыlэу къыщалъхуа щlыналъэхэр залымыгъэкlэ зрагъэбгына убыххэм я хъыбарым зэрыщымыгъуазэм хуэдабзэу. Сощlэж а фильмым кърикlуауэ щыта псалъэмакъхэри. Цlыхухэм телъыджэ къащыхъуат хы Фlыцlэ lуфэм lусыгъа лъэпкъым и кlуэдыкlар, иджыри къыздэсым мыгъуща удыну адыгэ псоми ятелъ нэпкъыжьэр. Абы щыгъуэ зи гугъу ящlа Чэрэн Хъарет, зэгуэр лъэпкъышхуэу икlи уардэу щытыгъа убыххэм ящыщу хэкум къинахэм я нэхъыжьым сэ нэlуасэ сыщыхуэхъуа 2007 гъэм, бзылъхугъэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуат. Къыдалъхуауэ хэлъ зыlыгъыкlэ екlур,гуакlуагъэр, гууз-лыузкlэ гъэнщlа и плъэкlэр – ахэращ япэу зылъыптэр а цlыхубзыр щыплъагъукlэ. Къахуеблагъэм хьэщlагъэ ехыныр зыгъэнэхъапэ Чэрэнхэ Хъаретрэ абы ипхъу Галинэрэ фlэхъус гуапэкlэ къыспежьат, къысщыгуфlыкlыу срагъэблэгъат. Я деж сыкlуэну мурад сызэриlэмкlэ пасэу хъыбар езгъэщlауэ щыта пэтми, нанэ нэфlэгуфlэр тlэкlу lэнкун зэрыхъуами гу лъыстат. «Дауэ къэпщlа си хъыбар? Сэ сыкъыщалъхуа махуэр зыщlэж иджыри щыlэ, на-а?» -къызэупщlат ар, зэрыгуфlар ибзыщlыну хэмыту…

Хъарет и псэупlэр, къалэ унэ зэтетхэм щыщ зы фэтэр мыиныр къабзэлъабзэт икlи екlуу зэлъыlухат. Гу лъумытэнкlэ lэмал иlэтэкъым абы щlэсхэм тхылъ еджэныр фlыуэ зэралъагъум – дэнэкlэ зыбгъазэми нэр нэхъапэ зыфlэнэр тхылъхэрщ. Унэгуащэм щlэныгъэшхуэ зэригъэгъуэтыну lэмал имыlами, куэд щlиджыкlат, тыншу икlи щыуагъэншэу адыгэбзэми урысыбзэми ирипсалъэфырт. Сигу къокlыж абы щыгъуэм гуапэу дызэрызэбгъэдэсар, куэдым я щхьэфэ диlэбэу дызэрызэпсэлъар.

-Си гукъэкlыжхэр тхылъымпlэм нэсхьэсыну си гугъат, ауэ зикlсхузэпыщэркъым, -зиумысыжт Хъарет. – Цlыхухэм яхуэсlуэтэну сызыхуея lэджэ тепыlэгъуэ зимыlэ зэманым сlэщlихащ…

И гъащlэ къекlуэкlыкlар Хъарет тlууэ зыщхьэщихырт. Зэхуэдиз а тlур – сщlэркъым, ауэ зэрызэхуэмыдам шэч хэлъкъым.

-Ди япэ итахэр Шапсыгъ щlыналъэм къызэрыкlуам теухуауэ сызыщыгъуазэр ди нэхъыжьхэм жаlэжу зэхэсхаращ. – игу къигъэкlыжырт Хъарет. – Зэрыжаlэмкlэ, Кавказ зауэжьым и кlэух илъэсхэм си адэшхуэ Зэчрей иджыри щlалэ цlыкlуу Дыгъэмыс и lэхэлъахэм (Чэрэнхэ а щlыпlэрат щыпсэуар) икlыу Тlууапсэ кlуэну лъэсу ежьат. Гъуэгуанэр жыжьэт икlи шынагъуэншэтэкъым. А лъэныкъуэмкlэ щыс Хьэджыкъуэ жылэм щыпсэу Сизэхэ щlалэ цlыкlур зраубыдылlэри япlащ. Зэчрей жылэм хэзэгъащ, пасэу унагъуэ иухуащ.

Бынибл къызыхуэхъуа Чэрэнхэ Ибрэхьимрэ lэшырхъанрэ я ещанэ сабийр Хъаретт. Ар 1927 гъэм къалъхуат, Долэтрэ Саретрэ яужькlэ. Къыкlэлъыкlуэу дунейм къытехьащ Хъарунрэ lэминатрэ. Нэгъуэщl цlыкlуитlи къэмыхъуу яфlэлlэжат Ибрэхьимрэ lэшырхъанрэ.

1933 гъэм Чэрэнхэ я унагъуэр хиубыдащ къэралым къыщекlуэкl политикэ хьэжэпхъажэм. Къэзэхъстаным и тафэ губгъуэхэм къыщыхутэнымкlэ Чэрэнхэ къыхуащlа щхьэусыгъуэр зэхигъэкlыну Хъарет лъэкl къигъэнатэкъым, lуэхум и пэжыпlэри наlуэ

къыхуэщlатэкъым, ауэ псэуху щыгъупщакъым хамэщlым щигъэкlуа илъэсхэм и нэгу щlэкlауэ хъуари, игъэвыну къыхуихуам и хьэлъагъри…

-Къэзэхъстаным дыщыlэу Долэт япэу тфlэкlуэдащ, -и нэпсхэр щlилъэщlыкlыу къиlуэтэжырт Хъарет. – Арат зэрыбыным ди нэхъыжьыр, ди адэр а зэманым ирихьэлlэу псэужтэкъыми, щlэгъэкъуэн къыхуэхъункlэ ди анэр зыщыгугъар и бын пажэрат. Хамэщlым дыкъыщыщыхута махуэм Долэт ерыскъыпхъэрэ шхынхэкlрэ къытхуилъыхъуэу хуежьат. Ди анэр нэгъуэщl бзылъхугъэ зыкъомым ядэщlыгъуу дашащ, губгъуэ лэжьыгъэхэр жэщхэсу ирагъэщlэну. Куэддэмыкlыу ди закъуэ дыдэу дыкъэнащ – Долэт и псэр пыт къудейуэ къытхуашэжри мыгувэуи дунейм ехыжащ. И щхьэ кърикlуа дыдэм сыщыгъуазэкъым, ауэ шхыныншагъэм къарууншэ зэрищlар наlуэт, и фэм дэмыхуари арагъэнущ. Дауэ хъуами Долэт и хьэдэщlэлъхьэм хэтыну, абы зэ lуплъэжыну ди анэр къагъэкlуэжатэкъым уеблэмэ, имылъагъужауэ щlэтлъхьэжын хуей хъуащ…

Апхудэу зыр зым кlэлъыкlуэу цlыхуибл щlалъхьэжащ зэрыбынибгъу хъууэ щыта Чэрэнхэ я унагъуэм. Къэнэжар Хъаретрэ Хьэрунрэ я закъуэт.

-Си дэлъхухэмрэ шыпхъухэмрэ дунейм щехыжым, къэнахэм я нэхъыжьыр сэрати, илъэс 12-м сызэрыщlигъуа щыlэтэкъым, – игу къигъэкlыжырт Хъарет и псэм къытехьэлъа лъэхъэнэ дыджхэр. – Махуэщlэр къыщыунэхукlэ, гъэунэхупlэщlэхэр къытхуздихьырт. Мэжэщlэлlагъэр апхуэдизкlэ етати, псэууэ дыкъызэтенэнымкlэ хэкlыпlэу щыlэхэр махуэ къэс щlэткlукlырт. Ауэ ди унагъуэм дежкlэ нэхъ хьэлъэ дыдэу щытар Хэку зауэшхуэр къыщыхъея лъэхъэнэрщ. Жылэм балигъыу дэса псоми lэщэ къащтэри зэуапlэм lухьати, абыхэм къызэранэкlа лэжьыгъэ lэнатlэхэм сабийхэр дыпэрыуващ… Щlыр вэн хуейт, сыту щытми зыгуэр тесэн хуейт, къэкlар къехьэлlэжын хуейт. Арыншауэ хъунутэкъым…

Ебланэ классыр къиуха къудейуэ арат Хъарет тракторкlэ лажьэу губгъуэм щихьам.

-Сытыт дэ техникэм хэтщlыкlыр, сабий ныкъуэеджхэм?! – зыщlэнэкlэж щlыкlэу икlи зауэ лыгъэм хисхьа и сабийгъуэр фlэпсэкlуэду жиlэрт Хъарет. – Жэщ-махуэ жыдмыlэу дитащ колхоз губгъуэм, щlэн хуейр апхуэдизкlэ куэдти. Уеблэмэ, зэгуэр сымэхауэ зызмыщlэжу трактор кlуэцlым силъу сыкъагъуэтыжауэ щытащ. Мэжэщlэлlагъэмрэ псэху зэрызмыщlэмрэ къысщlэкlуэжауэ арат…

Псэуху Хъарет щыгъупщакъым Къэзэхъстаным и губгъуэхэр, абы кlуэцlрыкl лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ, щыпсэуа унэр, къадэгъуэгурыкlуа цlыхухэм я нэкlухэр, жыпlэнуракъэ хамэщlым щигъэкlуа дэтхэнэ зы махуэри сурэттехым «къиубыда» теплъэгъуэхэм хуэдэу плъыфабэу икlи зэхуэмыдэу и нэгу щlэтащ. Апхуэдабзэуи и нэгу щlэтащ фlыуэ илъагъуу гу зыщимыхуа и адэ-анэмрэ и анэкъилъхухэмрэ, гуауэ мыужьыхыу и гум илъащ абыхэм я кlуэдыкlар. Зы тхьэмахуэм и кlуэцlкlэ и анэри и адэ шыпхъури зэкlэлъхьэужьу щlилъхьэжын хуей щыхъум, илъэс 15-м ит хъыджэбз цlыкlум дунейр зэрыщыту къытеункlыфlауэ къыфlэщlат…

Зауэ нэужьым цlыхухэм я псэукlэр тlэкlунитlэ нэхъ тынш хъуауэ жиlэрт Хъарет. Бэлыхьищэр ишэчами, унэ-лъапсэр зэтеубла хъуат, хуэмурэ лъэкlэ къэуват. 1948 гъэм, а лъэхъэнэм ирихьэлlэу Хъарет бынитl игъуэтакlэт, бзылъхугъэм зыlэзыбжьэу зыкъеlэтри къыщалъхуажылэжьым игъэзэжыну мурад ещl. Апхуэдэ щlыкlэкlэ къызэlуех Хъарет и гъащlэм щыщ напэкlуэцlыщlэ.

Адэжь лъапсэм къигъэзэжа нэужьи тыншакъым Хъарет и гъащlэр. Псэупlэ зимыlэ, мылъку гъэтlылъа зыбгъэдэмылъ цlыхубз цlыкlур сыт хуэдэ лэжьыгъэми щыгуфlыкlырт. Ар

совхозми щылэжьащ, къуажэ тыкуэнми щlэтащ, Лазаревскэ жылагъуэм дэт сымаджэщым дэрбзэру щыlащ. 60 гъэхэм и пэщlэдзэм пэш цlыкlуитl хъууэкъэрал кърита фэтэрым зэрыщыгуфlыкlар и нэпс къемыкlуэукъыхуэlуэтэжтэкъым Хъарет. Апщlондэху ар и пхъуитlыр и гъусэу и lыхьлы-благъэхэмрэ гууз-лыуз къыхуэзыщl цlыхухэмрэ я деж щыпсэуа мыхъумэ, нэгъуэщl псэупlэ иlатэкъым. Апхуэдэу щыта пэтми, Хъарет хузэфlэкlащ и хъыджэбзитlри гъащlэм лъэ быдэкlэ зэрыхэувэн щlэныгъэрэ lэщlагъэрэ яlэу къигъэхъун.

-Си гъащlэм нэщlэбжьэ куэд слъагъуну къысхуихуами, си насыпти, цlыхуфl, цlыху пэж мымащlэу къыздэгъуэгурыкlуащ, -жиlэрт Хъарет. – Си гум гуапэу икlи lэфlу къинэжащ абыхэм ящыщ дэтхэнэми и цlэр. Си гугъуехьыпlэр къызыфlэlуэхуу зи дамэ къысщlэзыгъэкъуа дэтхэнэми фlыщlэ яхузощl зэпыт…

Гъащlэм бэлыхьрэ хьэзабу иригъэшэчам зи тхыр шабзэкъуу игъэша, зи щхьэцыр уэсу игъэтхъуа бзылъхугъэ lэслъэсыр лlэныгъэм ебэн зэпыту щlэпсэуар нэгъуэщlхэрщ – и дэлъху, и шыпхъу, и бын… Хъарет ипхъухэу Галинэрэ Людмилэрэ ар фlы дыдэу къагурыlуэрт икlи я анэм и фэ дэкlар «зэрапшыныжыным» сыт и лъэныкъуэкlи хущlэкъуащ: и тыншыпlэ къыхуалъыхъуэу, и узыншагъэм темыплъэкъукlыу, шхын lэфlхэр хузэблахыу, и жагъуэ хъун лъэпкъ къызэрыжьэхэмыуэным хуэсакъыу Хъарет и жьыщхьэр ягъэфlащ.

Чэрэн Ибрэхьим ипхъу Хъарет дунейм ехыжащ 2010 гъэм мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм и ныбжьыр илъэс 83-м иту. Ар щыщlалъхьэжащ езыри и адэри къыщалъхуа Хьэджыкъуэ жылэжьым.

-Гъащlэм и дыджи и lэфlи сигъэлъэгъуащ, хьэкъ лъэпкъ къытемынэу, -жиlэрт Хъарет. – Цlыхухэр куэдрэ къызэупщlырт: «Хъарет, игъащlэм угуфlэу утлъэгъуакъым. Сыт зэи ущlэмыгуфlэр?» -жаlэурэ. Сигу къэкlыу сегупсысатэкъым абы, сызыгъэгуфlэнрэ сызыщыгуфlыкlынрэ зэрызмылъагъур арагъэнт. Къызэрыгуэкl цlыху насыпым сыщlэхъуэпсурэ си гъащlэр къэспсэуащ. Си бынхэм, абы я бынхэмрэ я быныжхэмрэщ нобэ сызыгъэгуфlэри сызыщыгуфlыкlри. Ахэр щыслъагъукlэ къэскlуа гъуэгуанэ хьэлъэм и купщlэр зыхызощlэ…

 

Шэч Къытевмыхьэ…

Сыт хуэдэмыгъуагъэхэр я щхьэ къримыкlуами, убыххэр псэущ. Иужьрей илъэсхэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащl lуэхугъуэ щхьэпэхэм щыщщ зэгуэр хахуэу, щхьэмыгъазэу, уардэу икlи лъэпкъышхуэу щыта убыххэм я щlэблэу нобэ адэжь щlыналъэм щыпсэухэр зэшэлlэжыным теухуауэ зэфlагъэкlхэр. «Лlахэм» хабжа убыхыбзэм и lуэхур къызэралъытэм хуэдэу хэкlыпlэншэ дыдэкъым. Пэжщ, ар зи анэдэлъхубзэу щытахэм ящыщу хуиту абы ирипсэлъэф дунейм къытенакъым, ауэ убыхыбзэр «къэгъэхъужыным» хуэунэтlалэжьыгъэхэр илъэсипщl зыбжанэ хъуауэ йокlуэкl. Мы lуэхум жыджэру холэжьыхь Урысейм, Тыркум, Куржым, Европэм, Америкэм и Штат зэгуэтхэм щыщ щlэныгъэлlхэмрэ жылагъуэ лэжьакlуэхэмрэ. Абыхэм шэч къытрахьэркъым пасэрей адыгэбзэм и зы къудамэу а бзэ гъэщlэгъуэным псэщlэ къызэрыхыхьэжынум.

Кlуэдыжауэ къалъытэ бзэхэр илъэсищэ бжыгъэ дэкlа нэужьи «къызэрызэфlагъэувэжыфам» и щапхъэхэр тхыдэм и мащlэкъым, зэ еплъыгъуэкlэ ар фlэщхъугъуейуэ къыпщыхъуми. Апхуэдэщ, псалъэм папщlэ, иджырей журтхэр зэрыпсалъэ ивритыр. Ар зэрыщыту къытращlыкlыжауэ щытащ зэрафlэкlэдрэ илъэс минитlым щlигъуа пасэрей журтыбзэм. Илъэс зыбжанэкlэ ар тхылъкlэ фlэкlа къамыгъэсэбэп бзэуэ щытащ,

иужькlэ Израилым и къэралыбзэу игъэуври цlыху мелуан бжыгъэхэм анэдэлъхубзэ яхуэхъужащ.

Нэгъуэщl бзэ куэди «щымыlэжыныгъэм» къыхашыжыфащ щlэныгъэлlхэм. Зэхуэдэу икlи зэрыщыта дыдэу ямыгъэпсыжыфами, пкъы хуащlурэ къызэфlагъэувэжащ санскритыр, пасэрей инджылызыбзэр, корн, мэн, прусс, ирланд, манчжур бзэхэр. Щlэрыщlэу «къагъэпсэужа» бзэхэм апхуэдабзэу ящыщщ адыгэхэм я щхьэ кърикlуа лъэпкъгъэкlуэдым ещхь зыгъэунэхуа, Америкэ Ищхъэрэм щыпсэу индей лlакъуэхэм я анэдэлъхубзэри.

Убыхыбзэр къэунэхужыным хуэгъэзауэ лъэбакъуэшхуэ 2018 гъэм ячащ Адыгэ Республикэм щыщ бзэ щlэныгъэрылажьэхэм: Адыгэ къэрал университетым, Адыгэ Республикэм щlэныгъэ къэхутэныгъэхэмкlэ и институтым, Щlэныгъэхэмкlэ Дунейпсо Адыгэ Академием я нэlэщlэту Мейкъуапэ къыщыдэкlащ «Убых-адыгэ-урыс псалъалъэ».

Эсенч

Убыхыбзэм щыщ псалъэрэ псалъэ зэпхауэ мин 12-м щlигъу къызэщlэзубыдэ, псалъэжьхэмрэ псалъафэхэмрэ дэщlыгъужу зэрыт тхылъ гъэщlэгъуэныр я lэдакъэ къыщlэкlащ бзэщlэныгъэхэм я доктор, профессор, Адыгэ Республикэм щlыхь зиlэ и щlэныгъэрылажьэ Бырсыр Батырбийрэ абы и щхьэгъусэ, педагогикэ щlэныгъэхэм я кандидат, нэмыцэбзэр джынымкlэ Адыгэ къэрал университетым и къудамэм и доцент Бырсыр Сафятрэ.

… -Убых псалъэу иджыри блы къэзгъуэтащ нобэ!- жиlэурэ сабийм хуэдэу мэгуфlэ зи гъащlэр зэрыщыту щlэныгъэм хуэзыгъэпса профессорыр.

Сэ зэкъым Бырсыр Батырбий lуэху пэрыту зэрыслъэгъуар: «Нэху» сабий къэфакlуэ гупым и зэхэшакlуэ икlи унафэщl Цурмыт Мухьдин дригъэблагъэурэ артист ныбжьыщlэхэм ядэщlыгъуу мызэ-мытlэу дэ зэгъусэу дыщыlащ Тыркуми, Израилми, Иорданиеми. Ди лэжьыгъэр зэхуэмыдэ пэтми, махуэ къэс тlуми щхьэж ди lуэхумыпэрыхьэрт: сэ хамэщl щыпсэу адыгэхэм я гъащlэм теухуа тхыгъэхэр стхырт, Батырбий лъэпкъ нэхъыжьхэми щlалэгъуалэми яlущlэрт, адыгэ тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэ щlэинхэр хъумэным зи гуащlэ хэзылъхьэхэм епсэлъылlэрт. Икlи сыт щыгъуи щlэ гуэр къигъуэтырт.

Адыгэбзэми, lуэрыlуатэми, этнографиеми егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмыту фlы дыдэу щыгъуазэ, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал псоми къанэ щымыlэу зи лъэр нэзыхуса Бырсыр Батырбий сыт хуэдэ lэмалри lэкlуэлъакlуэу икlи щхьэдэдзых имыщlу къыщигъэсэбэпащ и щlэныгъэ лэжьыгъэм, хэхэс адыгэхэм ятеухуауэ щыlэ псори нэхъыфlу джа зэрыхъуным хуэпабгъэу. Иджыри къыздэсым емызэшу аращ зыхуэлажьэр.

Апхуэдэ lуэху бгъэдыхьэкlэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар ар зэрыщlэныгъэлl гумызагъэм и закъуэкъым – Батырбий езыр ящыщщ зи бзэм и lункlыбзэlуххэр къызыхуилъыхъуэж пасэрей убых лlакъуэм.

-Убыххэм я щхьэ кърикlуар джыным, а упщlэр утыку къихьэным япэу сыщыхуежьар блэкlа лlэщlыгъуэм и 80 гъэхэрщ. А лъэхъэнэм Тбилиси щекlуэкlа дунейпсо щlэныгъэ зэхыхьэм сэ нэlуасэ сыщыхуэхъуат Франджым щыщ бзэ щlэныгъэлl цlэрыlуэ Трук Даниел, – дыщегъэгъуазэ Батырбий. – Убыххэм теухуауэ абы щыгъуэ щыlэр мащlэ дыдэт, тхыдэ-щlэныгъэ лъабжьэ иlэу, тхылъым иту бгъуэтыр нэхъ мащlэжт. Си къэхутэныгъэхэр илъэс 40-м нэблагъэкlэ езгъэкlуэкlащ, lэмал зэриlэкlэ хамэ къэралхэм къыщыдэкlа щlэныгъэ тхыгъэ куэд щlэзджыкlащ. Абыкlэ си щхьэгъусэ Сэфят сэбэп къысхуэхъуащ – франджыбзэр фlы дыдэу ищlэрти, щlэныгъэ тхыгъэ зыкъом урысыбзэм иригъэзэгъащ. Щlэх-щlэхыурэ лэжьыгъэ lуэхукlэ сежьэрти, Тыркум щыlэ убых къуажэхэм мазэ бжыгъэкlэ сыщыпсэурт. Апхуэдэ зекlуэхэми щхьэпэ куэд къыхэсхащ. Дауикl убыхыбзэр гъэхуауэ зыlурылъ иджы щыlэжкъым, ауэ хьэдзэ зэрызыххэу зэхуэтхьэсыжа хъыбархэм lуэхур зыгъэкlуэтэн lэджэ къыхэкlащ.

Зи гугъу тщlы псалъалъэр, щlэныгъэ и лъэныкъуэкlэ мыхьэнэшхуэ зэриlэм къыдэкlуэу, ар зыфlэгъэщlэгъуэныр тхыдэджхэм, этнографхэм, бзэ щlэныгъэлlхэм я закъуэкъым, атlэ цlыху къызэрыгуэкlхэм, псом хуэмыдэу убыххэм къатехъукlыжауэ нобэ хэкуми хамэ къэралхэми щыпсэухэм куэдкlэ къахуэщхьэпэнущ.

Бырсыр Батырбий иджы йолэжь езыр-езыру убыхыбзэр зэрызэрагъащlэ тхылъ зэхэгъэувэным.

Встреча Б. Берсирова с представителями адыгской диаспоры Турции

-Хы Фlыцlэ lуфэр зи псэупlэу щыта пасэрей лъэпкъыжьым и бзэр къощlэрэщlэж, псэщlэ къыхохьэж жыпlэныр нобэкlэ пасэщ, ауэ абы хуэунэтlа лэжьыгъэр, шэч зыхэмылъыр аращи, зэпымыууэ йокlуэкl, – къыхегъэщ щlэныгъэлlым. – Уи фlэщу икlи зэпумыгъэууэ утелажьэмэ, щымыlэжу ялъыта убыхыбзэр, илъэсищэрэ щэныкъуэ ипэкlэ Сочи къалэм и lэхэлъахэр зи псэупlэущыта щlыдэлъху адыгэлъэпкъым и бзэ дахэр «къыпхуэгъэхъужыну», псэщlэ къыlубгъэкlэжыфыну къызолъытэ. Нэгъуэщl мыхъуми унагъуэ кlуэцl щызэрахьэн хуэдэу хъужыфынущ, щlэчэ имыlэу а lуэхум делэжьмэ.

… Сэ сыубыхщ! – жеlэ илъэс 67-рэ зи ныбжь Хьикмэт. Ар къыщыхъуащ Тыркум щыlэ Бурсэ къалэм километри 150-кlэ пэжыжьэ Хьэжы-Уэсмэн (Хунджэхьэблэ) къуажэм. Убыхыбзэр зыlурылъахэм ящыщу яужь дыдэу къалъытэу абы цlэрыlуэ ирихъуа Зейшуэ Тевфик Эсенч къыщалъхуа икlи илъэс куэдкlэ щыпсэуа унэмрэ ар щыщlалъхьа кхъэмрэ зэдгъэлъагъуну дыщыкlуэм гъуэгугъэлъагъуэ къытхуэхъуа лlым иригушхуэу а псалъэхэр жеlэ… адыгэбзэкlэ. Хьикмэтрэ абы и бынхэмрэ я деж къэсыну хунэсакъым убыхыбзэр – Хьикмэт и адэри зэи ирипсэлъакъым а бзэм. Ауэ абы и къуэрылъху-пхъурылъхухэр хъужыфыну пlэрэ убыххэм я щlэблэ нэс? Ар хъуэпсапlэшхуэщ икlи а махуэ гуфlэгъуэр илъагъуну Хьикмэт къыхуимыхуэнкlэ хъунуми, гурэ псэкlэ щlохъуэпс Хьэжы-Уэсмэн (Хунджэхьэблэ) къуажэм убыхыбзэр зэгуэр щыlужыну.

 

Ныбэ Анзор.

Сочи -Бурсэ – Измир – Яловэ – Хьэжы-Уэсмэн – Сочи

 

Тхыгъэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Къып (Ныбэжь) Таисэщ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz