Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Дэ Жэнэт тлъагъун! 

  

Зэунэкъуэщитlт; (Нэджмэдинрэ Рэфикрэ) Фlыдыдэу зэрылъагъу. Нэджмэдин, илъэс тlощlкlэ нэхъыжьт. lемэклы (пэнсэм щыкlуэм) щыхъум, Ислам диным теухуауэ тхылъ къищэхуахэм (хэплъыхь имыщlыу) хэсу щlэдзэ. Нэхъыщlэр, лэжьэным къыдэхуэтэкъым. 

Махуэ гуэрым нэхъыщlэр, нэхъыжьым дэж макlуэ. Нэджмэдин, итхылъхэм хэсщи; Рэфик къыжыреlэ: 

«Уэри тlэкlу еджэ, зыгуэрым хэщlыкl. Сэ жэнэтым сыщыкlуэ кlэ, уэ мыхуэдэу ущlэныгъэншэу, уздызагъэшну?» 

Рэфик, мэlэбэри тхылъхэм щыщ зы къэщтэ. Занщlэу зы напэ зыгуехри къоджэ: 

«Езыр кlэщlрэ, и фызыр факъырэм; Жэнэт напэ илъагъункlэ ирэмыгугъэ!» 

Рэфик дэхьэшхыурэ: 

«Уэлихьи мыбы итыр пежу щытмэ, уэри сэри, Жэнэт ихьэнур щызогъэтри, ибжэlупэм дыlуамыгъэплъэн. Икlи дыфакъырэм. Икlи дыфэкъум. Тlум ди фызхэр, икlи кlэщlым, икlи пшэрым!» 

Нэджмэтиным игъэщlагъуэу: 

«Пу алаурсын! Сэ, ахуэдизрэ щысlыгъым сымылъагъу, мы lиман зимыlэм, къыхуэзам еплъ!» жэри тхылъ нэпlцхэр къыщимыщтэжын, щегъэтылъ. 

  

*Къэзыlуэтэжар: Къэрэщей Рэфикщ, Узын-яйлэ, Астемырей щыщ, илъ. 78 мэхъу 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img