Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Жыпкlэ пцlы!

Лlыжьым, иlитlыр ижыпитlым быдэуэ текъузауэ, къакlуэжт! Къакlуэжти, къыlущlа и ныбжьэгъужьыр къеупlщlащ:

-lэхъу! lэхъу! Сыт ауи жыпым ипlкъузар?

Къэкlухьэкlуэ къикlыжым гъэщlэгъуэндыдэу зищlурэ:

-Уэлей уэршэракlуэу, ди гъунэгъум сщежьэм, сижыпухъуам изыбзэу, пцlы зыдесхьэжьати, къэпышхуэ из къыщагъэlылъым; семыlэбу къэсхьыжам!

 

*Къэзыlуэтэжар: Тхьэзэплъ Музэенщ, Узын яйлэ-Мэчэней щыщщ, Илъ 82 мэхъу.

 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img