Нэр фыгъуэмэ псэр мэгъущIэ, зи псэр гъущIам куэд зэIещIэ

0
1092

Gerçek yaşanmışlıklardan yola çıkıp, orman ve hayvanların izinden giderek gerçeği aramanın ve gerçeği söylemenin öyküsünü anlatıyor Hatsıku Raya.

(ГъащIэм къыхэкIа таурыхъ)

Мэзылъэ щIыналъэр мамырщ. Пщэдджыжьым дыгъэр къыщIокIри дуней щIэращIэр зэщIегъэпщIыпщIэ. Псэущхьэхэр щхьэпIыж къожьэ. Пщыхьэщхьэм дыгъэр мэтIысыж, зэрымэзуи абы дозэгъэж. Дунейр зэриухуам, псэущхьэхэр къахуиухам тетщ.
ХьэкIэкхъуэкIэрэ пэт, сызыхэс мэзыр Iуващэрэт, жаIэ. Аращи, мэз хабзэхэр щрагъащIэ гъэсапIэ пщыIэхэр ягъэувауэ, сэрэбэгъуэу бэгъуа я щIэблэр щагъасэ, зи гъэсэныгъэ ирикъуа хьэкIэкхъуэкIэхэр я унафэщIщ.
Мис апхуэдэ зы тхьэкIумэкIыхь пщыIэ гъэсакIуэукъытехьащ Щхъуэжь Тэнауэ, Мыщэ Морэ, ЩIыIуб Бэта сымэ. Ахэмиригъэблагъэу къапежьащмы пщыIэм имыIуэхузехьэу Iут Къанжэ КIакIэ. Бжьыхьэр къызэрихьэрэ имыIуэху зэрихьэн къыIэрымыхьэжу и щхьэр и жагъуэу къикIухьти, псэущхьэ хьэлэмэтхэр пщыIэм къыщытехьэм, и гукъыдэжыр къихьэжащ. ХьэкIуф зофий, зэфэгъу зэIуощIэ, жыхуаIэм хуэдэ хъуати, зэхущIэплъащ, зэщIэупщIащ, зэкIэрыпщIащ.
ПщыIэм и тет Къаплъэн Мэзбий къэкIуахэр и гъуэ бгъуэ хуитым иригъэблагъэри, гъуагъуэ мащIэ зыщIэт макъ дэгъуэкIэ къепсэлъащ:
– Мыр мэзщ. Псэущхьэбэр зым и псэм адрейр йощэ. ТхьэкIумэкIыхьхэр зэрымэзыжьу щIэкъухьа хъуащи, къуацэм хыхьэмэ щыхьэпщIоIусщ, щIэпхъуэмэ фочыпэкIуадэщ. Апхуэдэурэ мэкIуэдыж, зызэрахъумэжыну Iэмалхэр ямыщIэу хъунукъым. ТхьэкIумэкIыхь лъэпкъым я щыIэныгъэр дэ хьэкIэкхъуэкIэхэм етт гъэсэныгъэм епхащ. Дуней псом бзыпхъэу зэбграха тхьэкIумэкIыхь хабзэ дахэм мы шырхэр хэшэжын хуейщ. Пасэзэман лъандэрэ зыдаузэщIу зрахьа «Пхъы теуэ» хабзэр ящIэжкъым.Псэууэ нобэ къэзыгъэса фэзэхъуэкI хабзэми хуэмеижхэр къахокI. Пыл хуэдиз защIыну загъэпщурэ, тхьэкIумэкIыхь дапщэ зэгуэуда… Мис апхуэдэщ ди Iуэхури, дзыхь фхуэсщIын хуэдэу, фэ тхьэкIумэкIыхь лъэпкъым фи щхьэр узыхь хуэфщIыну фыхуэхьэзыр?
Гуп цIыкIум щыщу зэгъэзахуэ нахуэу зыбгъэдэлъыр Щхъуэжьти, тетым и гъуэм и къулеягъыр нэбгъузкIэ игъэщIагъуэурэ, и напIэр игъалIэри, псалъэ щабэ гущабэщI иригъэжьащ:
– Зиусхьэн тет! Дэ МэзытхьэкIэ тхьэрыIуэ диIэщ тхьэкIумэкIыхь щIэблэм я хьэлыр зыщыщ лъэпкъым ещхьыжу псыхьынымкIэ дызыщымысхьыжыну. Ди щхьэр хэтлъхьэнущ а псэущхьэ хьэрэмыгъэншэхэр я хабзэр зэрахьэжу псэущхьэбэм яхыхьэным щхьэкIэ!
Езыр йогупсыс: «ТхьэкIумэкIыхь шырхэр зыфIэхьэлэмэтыр уэращи, уи щхьэр яхуэщI узыхь, тет хуэдэу щыт! Сэ гугъуехь схуэхьыркъым, си фэри щIэщхъуэр сымыубзэщхъуу уэр хуэдэхэм щIэщхъу язощIэфри аращ!»
Мэзылъэ щIыналъэр мамырт. Пщэдджыжьым дыгъэр къыщIэкIти дуней щIэращIэр зэщIигъэпщIыпщIэт. Псэущхьэхэр щхьэпIыж къежьэт. Пщыхьэщхьэм дыгъэр тIысыжт, зэрымэзуи абы дэзэгъэжт. Дунейр зэриухуам, псэущхьэхэр къахуиухам тетт.
Ауэ мы гъэсапIэ пщыIэм телъа тыншыгъуэмхэгъуэ хидзат.Щхъуэжь зыкъиухьщ зыниухьри, тхьэкIумэкIыхьхэм ехьэлIауэ къыIэрыхьа лэжьыгъэ Iыхьэм удэзыхьэхын хэмылъу къилъытащ. ГъэсакIуэхэм я лэжьыгъэ гугъур, тетым и тхъэгъуэ зэгуэудыгъуэр, тетыгъуэри зэрычэзур, езыр тыншыгъуэрэ тетыгъуэрэ зиIэм ехъуапсэурэфыгъуэнэдрэ фэндыжь гъуауэ къызэрынар – псори зэхилъхьэщ, зэхихыжщ, зэхуигъэбагъуэщ, зэхуигуэшыжри, Щхъуэжь Тэнауэ къылъыкъуэкIащ тетым и къулыкъум хущIэкъуныр.
Аращи,IэмалкIэ Къаплъэн Мэзбий щIигъыIэу, езым тетыгъуэр зыIэримыгъыхьэныр Iэмалыншэщ. АIуэху мытыншыр ухуэмыхуу пхузехуэнукъым. Тетыр зытетым тэмэму зэрытемытыфым, абы тетыфын Тэнауэ фIэкIа дунейм зэрытемытым пщыIэтесхэм я гупсысэр тешэн хуейт:
– Фыгъуэныр зи гущхьэнэгъуБэтарэ зи тхъэгъуэм и гъуанэдэплъэрэ лъаджэгъуэм лъимыхьэж Морэрэзгъэгугъэнщи уэсэпсым кхъухькIэ тезгъэлъэдэнщ. Бэта и гуапэщ зыгуэр щылъэпэрапэм. Мыбы дыкъыздэкIуэм, Бажэ КIэшхуэ и гъуэм кърахуауэ хуабжьу хыщIэу дыIущIати, и пащIэкIэ къыщIэгуфIыкIат езым къеIущэкI Бажэжьыр къэзыгъэшыназэрыщыIэм щхьэкIэ. Морэщи, и зэрыгупсысэр пасэу Iэпыхуати, къыфIэIуэхуу къиIэтыжакъым. Аращи, хуэпщIыр и унафэщ, хуэщIэр и IуэхущIафэщ. Зыхэпшэм хохьэ, къыхыумышыжмэ, къыхонэ. А хьэлыр сэ къысхуэсэбэпынущ. Мыкъамылрэ мымылыфу Къанжэ КIакIи имыIуэхузехьэным хуэхьэзырыххэт, ауэ тет хуэдэу щытыр и тхьэпэлъытэщ, я ерыскъы зэIурылъщи, си хьэтыр илъагъунукъым, тетыгъуэм пэгъунэгъу сыхъуу у лъитэмэ, тетым къыщхьэщыжынурэ цыщ теуд сищIынущ. ЗэкIэ дызэкIэмэлъамэщ, ауэ си кIэр кIэщIу езмыгъэIыгъым нэхъыфIщ. Мыдрей пщыIэтесхэм сакIэлъыплъынщ. Шыпшэрыуанэрэ гъуанэдэуэрэ здэщымыIэ пщыIэ щыIэкъым, уздыхуеймкIэ пхуэмыгъазэ хабзи зекIуэркъым.
АкъылыфIэти, фIыуэ гупсысэщ, къигупсыса псори зэхилъхьэщ, зэхихыжщ, зэхуигъэбагъуэщ, зэхуигуэшыжри, Щхъуэжь Тэнауэ къылъыкъуэкIащ и дзэхэр фIыуэ илъу Къаплъэн Мэзбий дзы хуиусын хуейуэ. Дзыусым хабзэ иIэщ: иусын имыгъуэтмэ е игъуэтар фIэмыгъуэмэ, пцIым и гъунэ ирилъэт, къиугъуеякIэ Iэнэ ищтэрт, къэмыхъуакIэ хъуалэ зэщIилъхьэт, хьэзыр хъуахэр Iэтэу зэхилъхьэжт. Тетым и хьэкIэкхъуэкIэ гъэсакIуэхэр къригъэтIысэкIауэ тхьэкIумэкIыхь гъэсэкIэм щыхуигъасэкIэ, Щхъуэжь абы зыпэщIисэрт, сапэр сэмпIалъэм къыхуригъэплът. ЩIыIубыр Тэнауэ къыбгъурыувэти къыдэныкъуакъуэт. Мыщэ Морэ зыхьэкъуэ имыIэу а тIум я къуагъым къыкъуэныкъуэкъукIт.
Щхъуэжьдунейм къызэрытехьэрэ псэущхьэ куэд игъэуэщхъуат, мэл гуартэм я пщIэншэ Iэхъуэ щыхъуаи къэхъуат. «ХъуррретI!» жиIэм, здэхъунумкIэ щыхъуакIуэу, «фымыхъуррретI!» жиIэм, здэмыхъунумкIэ ехъуэрэхъуэкIрэ ирахъуэкIыу, гуартэ игъэсэхъунуи къехъулIат. Зэрыщыгугъауэ, щыIэт мы пщыIэми шыпшэрыуани гъуанэдэуи. ХьэкIуф зофий, зэфэгъу зэIуощIэ жыхуаIэрати, зэIущIащ, гущIэ мыщIагъуагъкIэ зэгъунэгъуу къыщIэкIхэри, тетыр зытетым техунымкIэ гупыщIэ зэрыщIащ.
Щхъуэжь зэрихуэ Iуэхур хуабжьу къыхуэзыгъэпсынщIэн къихутащ: япэрауэ, псэущхьэбэм къащохъу тетым техъушышыхьыр лIыхъужьу,етIуанэрауэ, тхьэусыхалэ пэжылэ тоIукI. Арати Тэнауэр псэущхьэбэм я пащхьэм щитым, пэжылэт, пэжырыфыщIэт, пцIыдэфыщIейт. ЩIэнэкIалъэ зыщI щыIэми, фIыщIэ къыхуэзыщIри мымащIэт, ауэ и фыщIэным къимэщIыр езым къемэщIэкIт. И гур хэщIу, и лъэхэр щIэщIэу зоупщIыж: «Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ тетым мы пщыIэр къыIэщIэсхыну? Бий иIэу сщIамэ, ныбжьэгъу къэсщIынт. И пэщIэщIэгъухэм сэ къыздэщIын яхэткъым, къыздэщIын сщIэркъыми, сыкъащIэмэ, сэращ щIэIэнур».
Куэд зи нэгу щIэкIа Щхъуэжь Тэнауэ икIэм икIэжым къыгурыIуащ: и гугъэр Мэзбий и лъэкIыныгъэм къызэфIегуэ. Лэжьыгъэ гурымыхьым игъэгурмуи дауэ псэуну? Iэмал гуэр зимыIэ ажалым фIэкIа щыIэкъым!
ХьэкIэкхъуэкIэ губзыгъэр фIыуэ гупсысэщ, къигупсыса псори зэхилъхьэщ, зэхихыжщ, зэхуигъэбагъуэщ, зэхуигуэшыжри, къыхущIидзащ: тетыгъуэр къылъысынкъым, ауэ тетым и къуэдзэу зэрипэсынкъэ? КъулыкъущIапIэхэм ущыпэкIуу, псэущхьэбэм нэщIыбагъкIэ ущIатIэнуми, нэ гупэкIэ я дзэлыфэр къыпхуатIу, шынэр къатекIуэрэ къыппакIухьу… Ауэа къулыкъури къыуитыну зыIыгъым имыгугъэмэ, залымыгъэ хэплъхьэнущи, тетымрэ къуэдзэмрэ зэдзей-зэрыIыгъмэ, занщIэу зебдзыныр дзыхьщIыгъуэджэщ…
И Iэмал гъэтIылъыгъэхэм зэ хэплъэжри, гъэунэхупIэм мызэ-мытIэу къизышыжыфа фитIыр къыхилъэфащ. А фитIым я фIыщIэт Щхъуэжь и гъащIэр щIэращIэу, къыхуэгумащIэхэр мымащIэу, езыри куэдым яхуэфэрыщIрэ зищIыс дыдэр зыми къыхуэмыщIэу щIэпсэур.
Тетым гурыхь щыхъуну фэр къыхихащи, а фэм хуэфэщэну щытыкIэхэр щIепщытыкI:
– Мы фэр щыстелъым, Мэзбий пэжырыубзэ, пэжырыбзейуэ къыпэзжыхьурэ, сыныбжьэгъу пэжу къыфIэзгъэщIынщи, и фIэщ защIакIэу къэзыуфэрэзыхь Iужажэхэм я пажэ сищIынщ. Сэра къулыкъущIэм фIэфIыр зымыщIэр? СощIэ тетым и мэсхьэбэгъур псэущхьэбэм ялъагъу зэрымыхъури. Куэдрэ-тIэ ахэр бгъэудэрэщхъуэныр? Сахэтынщ тхьэусыхалэ-пэжырылэ, пэжырыхъущIэ, пцIыдэфыщIейм и фэр зытескъуауэ. Хьа-хьа-хьа, хьо-хьо-хьо! Мы пщыIэм щопэкIу загъэгубзыгъэурэ делафэ къызытеуэ гъэсакIуэхэри. Меслэжьэжыху лэжьа Жьынду Ярэ, тхьэкIумэкIыхь шырхэр зи ужь имыкI Ужьэ Мысэ, зэрыпщыIэу анэу къалъытэБланэ Рэмзей сымэ. Я гугъэщ лыжь пшхын щхьэкIэ Iэмалыншэу улэжьэн хуейуэ. Аращ-тIэ, хьа-хьа-хьа, пщыIэ щыхъукIэ, апхуэди щыIэщ. Тхьэусыхалэу закъезгъэлъагъури, сыпэжырылэу я фIэщ хъуащ, ныбжьэгъу къысхуэхъуахэщи,къулыкъу сызыхущIэкъур къысIэрыхьэу си гушыкъур тескъутэхукIэ къыскъурет.
АдэкIэ сахоплъэри, Къанжэ КIакIэ и кIэм фIы къикIынукъым, ауэ къанжэщи, пщыIэм хъыбару щыIэр къысIэригъыхьэм, сэ абы къыхэсIулIыкIыр схухихьэжым, нэхъыбэкIэ сыщыгугъкъым. Къыбжьэдалъхьэ гупсысэр къыупсэлъыжыныр гугъуехькъым, езыми и хьэл дыдэщ. Бжьынэ зэрызыдзэ Бжьыдзэ Iэяти, зи фэр зи бииж Бажэ КIэбаци шыпшэрыуанэщи, си тетыгъуэр къикIмэ, къыскIэщIэтынущ, къимыкIмэ, къыстетынущ. ТIум щыгъуэми я пэшэгъуныгъэм зыщысхъумэнырщ хущхъуэгъуэр. Утыку къихьэн укIытэу, ауэ гъуанэдэуэу уэн мышынэхэр нэхъыбэщ. Си Iуэху ямыIуэхур, зэрамыIуэхум хуаIуэху щыIэкъым, схузэрахуэнщ, сыздыхуейм схунахусынщи, сащыхуэмеижым есхужьэжынхэщ.
Къанжэ мы гъэсапIэ пщыIэм имыIуэхузехьэу зэрыIутрэ Къаплъэн хьэлу Iыхьэ куэд дишхащ. Абы хьэлэл ищIащи, тетым ехьэрэмэкIыр хэтми, щысхьыншэу зэхиуIухьынущ. Ауэ хьэрэмыкIэ къекIуэкIхэр фIыуэ хузэхэгъэкIкъыми, Тэнауэ блоплъыкI. КIакIэ дежкIэ псэущхьэбэр зыфIэзыгъэлIыкIыу зыми фIэмылIыкIыж пэжырылэ Щхъуэжь уи гъуэ къихьэнри и гъуэ уригъыхьэнри Iыхьэ лейм икIа щIыхьщ. Аращи, ныбжьэгъум и жыIэгъуэхэр и фIыжыIэгъухэм я гъуэхэм гъуэрыгъуу щегъэхъыбар, уэм ирехьэ, псэущхьэбэм къащхьэщехьэ, зрихьэлIэхэм яIурелъхьэ.
Щхъуэжь и IуэхузехьэкIэ зызыхъуэжам хуэкIуэу тетым зэрыхущытми зригъэхъуэжащ. Тетым и гъэсакIуэхэр къригъэтIысэкIауэ тхьэкIумэкIыхь гъэсэкIэм щыхуигъасэкIэ, Щхъуэжь тIэкIу зэпходзэкъыкI, къикIри мыгурыIуэгъуащэу, дзэлашхэ хуэдэу зыгуэрхэр зыпхыжеIыкI, ауэ и сапэр сампIэм къригъэплъыжкъым. Ари зылъэмыкIыну гупым тхьэусыхалэ-пэжырылэ, пэжырыхъущIэ, пцIыдэфыщIейр яфIэпщIэгъуалэщ, яфIэлIыхъужьщ. ЗакъуэтIакъуэр хуохъущIэ, пщыIэр зэIищIэу къафIощIри. Тетри есэжащ Тэнауэ и пэжырыубзэ, пэжырыIужажагъми, къыщедзэгъукIэ, «щхъуэжь лъакъуэ тет иукIкъым», жыхуиIэу, нэм и кIыхьыпIэмкIэ къыхущIоплъ, Iупэм и кIапэмкIэ къыхупогуфIыкI.
Щхъуэжьым и дзейхэм къуэдзэм дзыуэ иIэр къыхузэхуадзыс, езыми ахэр зэхидзурэ, къыхидзахэр щигъэныщкIукIэ, и дзэр ину зэрегъэшхри, къуэдзэр дзыхэ ещI, и псантхуэм зидзарэ зэдзэпкъауэу къегъанэ. ФIыуэ игъэныщкIуа дзыбэр, егъэхын фIэкIа хуэмейуэ, тетым жьэделъхьэри, гуитIщхьитI ещI, гурыщхъуэ ирегъэщI.
Мэзылъэ щIыналъэр мамыру есат.Пщэдджыжьым дыгъэр къыщIэкIти дуней щIэращIэр зэщIигъэпщIыпщIэт. Псэущхьэхэр щхьэпIыж къежьэт. Пщыхьэщхьэм дыгъэр тIысыжт, зэрымэзуи абы дэзэгъэжт. Дунейр зэриухуам, псэущхьэхэр къахуиухам тетт.
Ауэ мы гъэсапIэ пщыIэм телъа мамырыгъэр къулыкъу лыгъэм илыгъуэт. Псори зэрызохьэ, къызэрохьэкI, зэрыдохьей, къызэрохьэхыж. Апхуэдиз зэрыхьзэрийм зыхуей дыдэр ищIэжу хэтыр зы псэущхьэщ. Къэунэхуащ Тэнауэ и махуэр – тетыр нахуэу хьэзыр хъуащ, къуэдзэм хуищI гурыщхъуэр дзыхьмыщIым хуэкIуащ, аращи и дзейуэ щытар щхьэдэбдзыхынумэ, зедзыпхъэщ, уэсукхъуэ къэбгъэхъеинумэ, къыщIэдзапхъэщ.
«Джэдум и шырыр щишхыжынум дзыгъуэ фIещ» жыхуаIэр къэсати, Щхъуэжь Тэнауэ щыпэжырылэ, пэжырыхъущIэ, пцIыдэфыщIей махуэмрэ къуэдзэм и хъыжьэ лэжьэгъуэ-жьэнэхуэгъуэмрэ зэтехуэри, зызэраупсеящ, пэжу дунейм тетыр зэрапэсащ,зэпщэфыIащ. Къыпащэри зэрыфыщIащ, зэфыщIэуащ, IэбжьанапIэ зэрыщIащ. АдэкIэжкIэ кIуэуэ пщампIэкIэ щызэрыубыдам, нэхъыбэм зыздырагъэбар Тэнауэ дежкIэт. Нэрылъагъут зэрытекIуэнур. Зэшыбэ бэрыхьщ, псэущхьэбэр зэуэ зэкъуэувэжщ, къуэдзэр зэкъуэхуауэ къаубыдри, дзыр щIым и гъунэм нихусу хуаусауэ къулыкъум традзри къуэм дадзэжащ. Псэущхьэбэм я щхьэр лъагэу ялъагъужат, пэжым и щыжакIуэу закъыщыхъужри. Щхъуэжь Тэнауэ и гуфIэгъуэр гъуэм ихуэжтэкъыми, къехъулIар и гум къридзэху, ижти къуэм дадза къуэдзэм къуацэ тридзэт.
НытIэ, къыкъуэкIа къулыкъур хэт зытепкъуэнур, еныкъуэкъуу къуэдзэр щхьэпрезыгъэдза дзэзешэр къанэу?
Ей си Щхъуэжь Тэнауэ, фитIым укъыкъуэгушхукIа щхьэкIэ, уэ къопкIэнуми зиущэхуауэ зыщIыпIэкIэ къуэст. Уи гугъащ пщыIэм Iуэхуу щызекIуэр уи акъылрэ уи IэмалкIэ зебгъакIуэу. Уэ щIы щIагъым мэш щыпщIэрти хамэIэкIэ Iупхыжырт, ауэ къэпщIакъым щIы къатиблкIэ ехрэ мэшыр ищIэу, щищIари щыIуихыжари къыпхуэмыщIэу хьэжыгъэ хьэзыр къыдрихьеижу, псэущхьэ хьэлэмэт пщыIэм къыбдытесу. Къуэдзэр къуэм щыдэбдзэм ар дзей къыпхуэхъуатэкъым, ауэ къулыкъу къыкъуэкIам теплъэкъукIакъым. Уэ уи кIэн къикIам щхьэкIэ Къанжэ КIакIэ удэкIакIэу ущысыху, зэ пкIэгъуэм и лъэкIэным нэс хивэу тебдзам и лъэмбым ипкIащ.
Къаплъэн Мэзбий и гъэсакIуэхэр зэхуишэсри къуэдзэ ищIар къаригъэщIащ. Тэнауэ и нэр щэтегъауэ ищIу къэнат, мэшыр щIы къатиблкIэ уехыу щыпщIэу гъавэр абдеж дыди щызэбгъэзэхуэж зэрыхъунур къыщищIам. КъыщыщIар къыщIыхьэжри, къызэфIэщIат, и гуащIэми къапщIэу хэщIри и гурыщIэхэри зэщIэкIат, ауэ ар хагъащIэхэм щыщтэкъыми, кIэщIуи зыкъищIэжащ. Игу къигъэкIыжащ ажалым фIэкIа хэкIыпIэ зимыIэ зэрыщымыIэр. Къаплъэн Мэзбии имыщIэхэу къихьа гуэныхьыр плIэрыхьу къыхуэнащ, икIи армырауэ пIэрэ зыхьыжар? Зыри зыпэмыплъэ лъыщIэж къэхъури, псори зэхъуапсэу зыми емыхъуэпсэж Къаплъэн хъуэтпсэту и къулыкъум трагъэкIащ.
Ар Къанжэ КIакIэ зыкIи зыхуэмыхьэзырт. Мэзбий пшэрыхь хущанэу фIэкIа хьэрэм кIэлъызэрахьэну и пщIыхьми зэи къыхыхьатэкъыми, зэрыхъун хъури и нэхэр хъурейуэ итIысхьэжат. Псэущхьэбэми къэхъуар зыхуахьынур къахуэщIэртэкъым. Къуэм дадзэжауэ щыта къуэдзэр езыхэм я акъылкIэ традзауэ я гугъэжти, Къаплъэн трагъэувэжыну щыгугъыу, Iэмалхэр къагупсысырт, къагупсысу хъуар зэрыпсысэр я фIэщ ящIыну хуэмейуэ.
ПщыIэтесхэм къащIэIуам зыкъыдамыщIэж щIыкIэ, щIы къатиблкIэ ехрэ мэшыр ищIэу, щищIари щыIуихыжари къыпхуэмыщIэу хьэжыгъэ хьэзыр къыдэзыхьеиж псэущхьэ хьэлэмэтыр, тетыгъуэм нэхъ и гъунэгъути, зыIэщIиугъуеящ. А хъыбарыр щыблэ уауэ зи псантхуэм ирижар Щхъуэжь Тэнауэрэ Къанжэ КIакIэрэщ. КъащIэIуар тIуми ягу техуэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхут. Арати, тетыщIэр щIым щIэхуэн зэрыхуеймкIэ тIури зэтехуащ, ауэ щIызэтехуам и щхьэусыгъуэр зэтекIт: Тэнауэ тетыщIэр щIэх дыдэ зэрипIытIыфынур ищIэрт, щыкъуэдзэм дзы зиIэхэр зыдадзэ къуэр зэрицIыхур жриIэурэ, игъэдзыхэу щытат. Къанжи иджы имыIуэхур пасэрей зэманым къигъэзэжынырати, тетыщIэр зыпIытIынур и нитIым язт.
Губзыгъэр фIыуэ гупсысэщ, къигупсыса псори зэхилъхьэщ, зэхихыжщ, зэхуигъэбагъуэщ, зэхуигуэшыжри, къыхущIидзащ: тет хъуам зепщытын хуейщ. Къанжэ КIакIэ и псэфылъэр хэгъуэжыным нэсат тетыщIэр зэрымыщIагъуэр псоми къаригъэщIэну кIийуэрэ. И къанжэгъухэр щIыхьэху ищIу зыдигъэкIиину игу къэкIати, макъкIэ къыпэхъу къахэмыкIыу зэбгрыкIыжащ. И закъуэ къикIакIэм зыри къикIакъым.
Щхъуэжь Тэнауэ и лъэкIыныгъэхэм ящыщ зыт Iуэху зи куэдыр къыпэрышауэ имыIуэхум хэшэныр. Жьынду Ярэ, Ужьэ Мысэ, Бланэ Рэмзей, Бажэ КIэтIей, Бжьыдзэ Iэят, ЩIыIуб Бэта, Мыщэ Морэ сымэ, гъуанэдэуэ укIытэххэр я гъусэжу, зэщIигъэуIуащ, къызэщIиIэтащ. КъызэщIиIэтахэр, пэжым хуэпэжу фIэкIа ямыщIэжу, Тэнауэ и блыгущIэту тетыщIэм пэщIэуващ. Щхъуэжь и мурад щэхущ: «Ахэм хьэкIэтеуэ къащIынщ, сэ къэзукIынщ». Аращи, хамэIэкIэ дэпыр зэхуетхъус, хамэжьэкIэ абы щIопщэ, мафIэ бзийм хамэ пащIэхэр трелыгъукI. Шэпсыранэ кърачыну игъэкIуахэми къагъэзэжауэ ягъэдалъэри зэхэтщ. Езыр и натIэ къыщIэплъу къэхъум кIэлъоплъ, и гурылъым мыгувэу лъэIэсыну маплъэри, мэпкIатэ-лъатэ. Зы ныкъуакъуэ зауэ, зэ щIэрыIэгъуэ закъуэ…
Арати, пэжырылэ, пэжырыхъущIэ, пцIыдэфыщIейм пэжырытхэ хьэл гуэрыр къылъыкъуэкIри, къызэщIиIэта пэжырытелъхьэ гупыр иришэжьащ – Iугъуэм ерагъкIэ къыхэкIахэр мафIэщIэгъэст ешэ. ЗэраIэщIэщIари ямыщIэу, гупыр зэрыщIэу тетыщIэм деж щIэуэри, нэщыпхъуэ Iуапхъуам ещхьу, щIым щIахуэну щIэлъэIуу зэрыт тхылъым Iэ щIрагъэлъхьащ.
Мис иджыт Тэнауэ и махуэр. Езым къызэрилъытэмкIэ, лъэрыгъым и лъэр быдэу илъщ, пщыIэм тесхэм и шхуэIур хуаIыгъщ, пщыIэм Iутхэри, IумпIафIэщи, и Iуфэлъафэр къажыхь, Iулыдж къыхуащI.
Щхъуэжь и хъуэпсапIэм гъэсакIуэри гъэсэнри хъуэрэIусу трилъхьэныр фIэдурысти, къыфIэIуэхухэтэкъым пщыIэм Iутым я ныкъуэр ныкъуэкъуэным ныкъуэлIэ зэрищIам, адрей ныкъуэр ныкъуэпсэууэ къызэрынам. Нахьэсыпэу, пщыIэм текIыу зи кIэр мэзым щIэзыхуэжахэри щыIэт. Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ хэт илъэгъуа? Ауэ пещэ ныкъуэкъуэным, зэрызекъуэным, гушыкъур къыкъуэмытыжыфхэм ятекъутэным. Шым ехуэхым ныбэпхым трелъхьэ, жыхуаIэу, Жьынду Ярэ, Ужьэ Мысэ, Бланэ Рэмзей сымэ хуэмыхуу жиIэри зыбгъэдихуащ: Iуэху диIэщ жаIэурэ, мащIэщ я мыIуэхуу зэрахуар. Къанжэ КIакIэщи, къыIэщIэужэгъуауэ пщыIэм трихупэнут, ауэ мыбы хуэдэу хуэрзалэу зыхуей хъыбарыр тегъэлауэ дэни хунигъэсу, къыпэкIуар зали хэмызу езым къылъигъэIэсыжу къанжэ кIакIэ дэнэ къуакIэ къыдэкIын?… ЗыхуеIэр зэтехуэу, щIыхуеIэр зэтекIыу, щIызэтекIыр щхьэтеч ямыщIу, нобэми щэхуу зэрошэч, шэч яIэщ зэIэщIэкIым я мурад зэтекIым тIури пыкIынкIэ.
Мэзылъэ щIыналъэр мамыру псэууэ щытат. Дунейр зэриухуам, хьэкIэкхъуэкIэр къахуиухам тетт. Ауэ иджы мы гъэсапIэ пщыIэр, щIыналъэ псом къахэджэлауэ, хуабжьу фаджэлыджэт. ПщыIэм къытенахэр ныбаджэрэ теплъаджэ защIэт.
Тэнауэ и узым ахэратэкъым хэтыр, и жьауэм къыщIэнэжахэр къапэщылъ бэнэныгъэм хуегъэхьэзырри, зэрехуэ, кърехуэкI, дрехуей, кърехух. Щимытым къыщригъэхъуэну ныкъуакъуэ Щхъуэжь Тэнауэ и уэкIэр, и щхьэр цIыкIурэ и жьэр ину къэна Къанжэ КIакIэ и кIиикIэр, и щхьэр матэрэ итыр мащIэу ЩIыIуб Бэтаи ижэкIэр, шынэкъэрабгъэрэ къеплъэкIырилэ Бажэ КIэтIей и бгэкIэр, щэр зи ныбэм имыхуэж хъубцIыб Мыщэ Морэ и пцIыупсыкIэр зэхыхьэжа нэужь, пщыIэр шынагъуэшхуэм зэщIещтэ: къытенэжа тхьэкIумэкIыхь шырхэм чыцэм зыхаудыгъуэ, тхьэкIумэкIыхьудзхэм щIым зытраубгъуэ, дзэл тхьэмпэхэм къудамэм зрашэкIыж.А псом ягъэхыщIэри, ищIами хущIегъуэжарэ икIи щIэщтэжауэ, тетыщIэр щIыкъатиблкIэ ехри, щищIэри къахуэмыщIэу зыкъыщIинауэ щIэсщ.
ГъэсапIэ пщыIэм я зэхэтыкIэм гущыкI хуищIакIэт тетым я тетыжым. Губжьыпэри, пэжырыфыщIэным дишэхыу зи IэщIагъэр IэщIыб зыщIа псэущхьэ гупым къахуигъэкIуащ гъунэгъу пщыIэм щыщ пэжырытет Аслъэн КъуапцIэ, лэжьыгъэм епцIыжа гупым я нэр къигъэпщIыжу пщыIэм телъа мамырыгъэр зэригъэпцIыжыну щыгугъыу.
Хабзэ зэрыхуэхъуати, пэщIэуващ пэжырыуэр пэжырытетым. Узэсэр сэгъейщ, жи. Iэрымылъхьэм щIэнэцIурэ, и нэцIакIэр щIэгъуащи, итIани щIегъуэжыркъым. Мы хьэкIэкхъуэкIэр лъыкIэ зэрыерыщырауэ пIэрэ къыпекIуэкIыжыр? Тэнауэ нэусакъым къулыкъум. Жьы къыщIэпщэркъым, псы къыщIэуэркъым, ерыскъыщи, хущыщIэркъым, ауэ къулыкъу имыIэмэ, а псори IэфIкъым, и гур ныкъуакъуэурэ зэпэныкъуэ хъуащ. Мыжейуэ пщIыхьэпIэу елъагъу тет хъуауэ. Иджы гугъэ зэтемыхуэхэм зэришэлIащ тетыным гу щимыхуауэ трагъэкIари, тетар тригъэувэжыну щIэбэнурэ фIыншэ щIэзылъхьари, темытауэ теувэну хуейри. Гугъэр къыщхьэрипхъуащи, я гурыгъ ижар къыздижа щIыпIэр нэщIу къызэрынар зыхащIэркъым.
Щхъуэжь пэжыжьахэмрэ пасэу зыбгъэдихужахэмрэкъагурыIуащ: тетыкIэу щыIэм я нэхъыфIыр пэжым тетырщ. Пэжу щыIэм я нэхъ пажэр къэблэжьа пшхыжынырщ. Пэжыр зи гъуазэм насыпыр и гъуэгущ.
Армырамэ…
Щхъуэжь куэдрэ уэмэ, и кIэныр хах, жи…

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz