Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Şubat 2018

0
1076

Анэшхуэм и хъыбархэм щыщ

Şore Marine, ninesi Lhepş Vahidet’in başından geçen iki ilginç olayı anlatıyor. Merak edilenlerin cevapları öyküde saklı… 

Дадэ-нанэхэм жаIэж хъыбархэм ущIэдэIуу, пщыхьэщхьэ жьауэм жыг щIагъым укIэщIэсыну сыт и уасэ?! Таурыхъымрэ хъыбарыжьхэмрэкIэ гъэнщIа си сабиигъуэ дахэ… Си нэр згъэупIэрапIэмэ зыгуэр дэзгъэхункIэ сышынэу сыщIэдэIурт я хъыбар телъыджэхэм.

Иджы щыгъуазэ фызыхуэсщIыну хъыбарыр си анэшхуэ Лъэпщ Уэхьидэт (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) къиIуэтэжауэ сигу къинэжарщ.

Нэхъ пасэхэм цIыхур губгъуэм кърагъэкIыу щытакъым: пщIакIуэ, мэкъуIэнащтэ, нартыхудэч… И нэхъыбэми зэрылажьэр жэщхэсут, я лэжьыгъэр яухмэ, пщыIэм техьэжу. Мис апхуэдэу нартыхудэч яша хъыджэбзхэм яхэтт Уэхьидэти.
Бригадирым пщэдджыжь къэс ягу къигъэкIыжырт лэжьыгъэ нэужьым зэкIэрымыхуу пщыIэм къытехьэжын зэрыхуейр.

-Хьэсэм зыри къыхэвмынэ, фызэкIэлъыджэж! – лъаIуэрт ар.

А махуэм пщыIэм текIахэм нартыху къыдачыжу арат. Уэхьидэт лэжьыгъэм дихьэхарэ къыфIэIуэхуж щымыIэу мэлажьэ. Зы зэман, пшапэ зэхэуэгъуи хъуауэ, зыкъищIэжри, сыту щэху хъуа псори, жыхуиIэу зиплъыхьащ. Ихъуреягъыр щымт. Маджэ – зыри къыпэджэжкъым. Нэхъ иныжу маджэ – дэнэкIи щымщ.

-Алыхь, Алыхь! Сыкъыханэу хэкIыжахэмэ, сыкъэсыжащ. ПщыIэри гъунэгъу дыдэкъым, – жиIэу гузавэурэ къыхэжыжащ хъыджэбзыр. КIыфI хъуат, жыжьэу щытыр плъагъужтэкъым.

Чы матэри хыфIидзэщ нартыхур зэрилъуи, къыщIэпхъуащи, къожэ. Къыздэжэм, иужь иту зыгуэр къажэу къыфIэщIащ.

Жэрыжэм зэрытету къызэплъэкIри – хьэ гъуабжэжь цIыкIу къыкIэлъыжэрт.

-Е Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн, сыту фIыуэ гъусэ укъысхуэхъуа! – и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ къызэтоувыIэ ар. Езыр къэувыIэху, хьэри пэмыжыжьэу къоувыIэ.
-ТIукIэ, тIукIэ, мэ, мэ! – йоджэ ар гъусэ къыхуэхъуу гукъыдэж къезытыжам. Модрейм зигъэхъейкъым. Хъыджэбзыр ежьэмэ, езыри йожьэж, къэувыIакъэ – къоувыIэ. Сыт телъыджэ!

Апхуэдэурэ бжьэпэм къэсыжащ. Уеплъыхмэ пщыIэр плъагъут, щIэшынэн щыIэжтэкъыми, хъыджэбзым и гури зэгъэжат. Сыбэуэнщ тIэкIу, жыхуиIэу хуэм зыщищIым, «хьэ гъуабжэжь» цIыкIуу плъагъур… къокъугъ! Хьэ игугъэурэ и гур иджыри къэскIэ щIигъэфIар – дыгъужьт! А къугъ макъыр зэрызэхихыу, Уэхьидэт и лъакъуитIыр щIохури и нэхэм пшагъуэ къытрехьэ, и лъакъуитIыр къедэIуэжыркъым….
Къугъ макъыр зэхэзыха дыгъужьхэри, пщыIэм телъ хьэхэри напIэзыпIэм къызэхуосри зэрышхын щIадзэ. ПщыIэм тесхэри къыщIэжауэ, хэт гуахъуэ, хэти хьэмфIанэ, хэти бжьэгъу къапхъуатэ.

-Уэхьэхьей! Къэтыр хэт?!
-Уэхьидэт!
-Е гъуэгу махуэрэ! Ар дауэ ухъу?

Псори бжьэпэм зэрыдох. Арти зэрышх-зэрыукIым къыхахыж хъыджэбзри, пщыIэм нахьэсыж.

«Абы иужькIэ си Iуэхут дэ хьэсэм зыгуэр къыхэднэжамэ!» жиIэрт Уэхьидэт.

Андэгурэрэ шху гуащIэрэ

Си анэшхуэ Уэхьидэт епхауэ хъыбар куэд щызохъумэ си гум. Абыхэм ящыщщ фи пащхьэ нислъэхьэнур. Хабзэ зэрыхъуауэ, лэжьэфыну балигъ ныбжьым иту хъуар жэщхэсу дашауэ пщIакIуэ щыIэт. Хьэсэр япщIэм пэжыжьэу зы жыгышхуэ дыдэ итт. Махуэр хуабащэт. Псэр жьауапIэ, щIыIэтыIэ лъыхъуэрт. Арати псоми мурад ящIащ шэджэгъуашхэ мыхъу щIыкIэ а жыгышхуэм нэсыхункIэ хьэсэр япщIэу, абдеж кIэщIэтIысхьэу зыщагъэпсэхуну, жьауапIэм тIэкIуи щыщхьэукъуэну. ЗэрыжаIам хуэдабзэу, а жыгым нэскIэ «я псэр нахьэсри», псори жыг щIагъым кIэщIэтIысхьащ. ПщыIэри жыжьэжтэкъым, ауэ апхуэдизкIэ щIыIэтыIэт жыг щIагъри, жьы мащIэ къепщэр абы хыхьэжри, хъыджэбзхэр зыбгрыгъуэлъыкIащ. Мо еша-елIауэ гъуэлъахэр псынщIэ дыдэуи Iурихащ.

-Жей IэфIым сыхэту, – жиIэжт нанэ, – гурым макъ гуэр зэхэсхащ. Пырхътэкъым, хьэуэ – гурымт! Сыщхьэхыпэурэ зыкъэсIэтащ, мо сыздезэшам. Зызоплъыхьри къысхуэщIэркъым гурым макъыр къыздиIукIыр. Сыкъотэджри псоми зэрызыххэу соплъ. Ауэрэ ди гъусэ зы хъыджэбзым деж сыносри – я дэ ди Тхьэ! и кIапэ цIыкIум фIэкIа къэмынауэ, блэ жьэдэпщхьэу солъагъу! – а дакъикъэр наIуэу и нэгу зэрыщIэкIыжыр плъагъуу, и нитIыр къихуу жиIэжт нанэ.

-Уэхьэхьей! Фыкъэуш! Блэ! Блэ! – сокIий жи.

Асыхьэту псори къыщолъэтри бгъэдолъадэ хъыджэбз гурыму щылъым. Блэр плъагъужыххэртэкъым – жьэдэпщхьакIэт.

Псори зэрогъэкIий, магъ, ящIэнур ящIэркъым. Арати, «псынщIу андэгурэ фыукъэбзурэ евгъэшх!»- жаIэ. НэгъуэщI зы пщыIэм ягъажэ, шху гуащIэу игъуэтыр къихьыну.
Андэгурэр куэду итти, еуэ доукъэбзри идогъэшх, еуэ доукъэбзри идогъэшх, жи.

-Уэ куэд мыгъуэщ! Сызэгуетхъ! – мэщэIу блэр зыжьэдэпщхьар.

-Умышхмэ – улIэнущ! ЖаIэр щIэ! – зэрогъэкIий къыщхьэщытхэр.

Ауэрэ шху гуащIэри къэсащ. Еуэ ирагъафэ, еуэ ирагъафэ! АдэкIэ емыхыжыхукIэ шхум ирагъэфащ…

Пырхърэ гурымрэ къыпхуэмыщIэну хъыхъ макъ и Iум къиIукIыу, и нэкIущхьитIыр плъыжь фIыцIафэ хъуарэ и нэр фIыщIилъафэу дакъикъитху хуэдэ щылъа нэужькIэ,зрагъэфами ирагъэшхами къыдэкIуеижу щIадзащ.

Быдэу жиIэрт нанэ, шхумрэ андэгурэмрэ ягъусэу, блэ епщыхар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщэщауэ къыжьэдэкIыжауэ!

Арати, хъыджэбзыр сымаджэщым яшэри мазищ нэблагъэ щIэлъащ дохутырхэр къеIэзэу. А зы хъыджэбзым фIэкIа бын зимыIэ и адэ-анэм Уэхьидэт фIэилъхьэгъуэфI дыдэ къыхуащэхуащ «Алыхьырщ, Алыхьым иужь уэращ къезыгъэлар» жаIэри, икIи хъыджэбзыр сымаджэщым къызэрыщIэкIыжу ТхьэлъэIушхуэ хуащIыжащ.

Шорэ (Мез) Маринэ


ЩIэныгъэрылажьэ гумызагъэ

Boziy Naime ile üniversitedeki çalışmalarını, öğrencilerinin sevgisini ve başarılarını konuştu Haradura Alla…

Ди къэралым щIэныгъэр ипэкIэ щызыгъэкIуатэхэм, абы хэлъхьэныгъэ купщIафIэхэр хуэзыщIхэм ящыщ адыгэ бзылъхугъэщ мы тхыгъэр зытеухуар. Ар щIэныгъэм и дунейм гъуэгу бгъуфIэ щыхэзыша, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ иIэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Бозий Наимэщ.

Школым щыщIэсами, еджапIэ нэхъыщхьэм щристудентами, IэнатIэ пэрыту щылажьэми – дапщэщи щапхъэу щытщ Наимэ. Дыщэ медалкIэ курыт школыр къиуха нэужь, абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Ари диплом плъыжькIэ къиухри, абы къыкIэлъыкIуащ аспирантурэр, кандидат диссертацэр.
Егъэджэныгъэм и гугъу пщIымэ, зэчий уиIэн хуейщ студентыр къыдэпхьэхыфын папщIэ. АбыкIи Алыхьыр къыхуэупсащ Наимэ – и цIыхугъэ лъагэмкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэмкIэ, хьэлэлагъымкIэ къыдехьэхыф студентхэр. ИкIи аращ ар псоми фIыуэ къыщIалъагъур.

И лэжьэгъухэм я мызакъуэу, сыт хуэдэ гуп хэмыхьэми, зы хьэлым тетщ, игури и псэри къэзыухъуреихь псоми яхузэIухауэ, дэтхэнэми зыщIигъэкъуэну, дэIэпыкъуну хьэзыру, гъэсэныгъэ дахэ зэрыхэлъыр сыт хуэдэ Iуэхугъуэми наIуэ щыхъуу апхуэдэщ ар.
ЩIэныгъэрылажьэ, егъэджакIуэ гумызагъэм зэфIих лэжьыгъэфIым мызэ-мытIэу ехъулIэныгъэ къыхуихьащ. Апхуэдэу абы къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, КъБКъУ-м, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм, нэгъуэщI куэдми къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. А псор и щыхьэтщ Наимэ и лэжьыгъэм пщIэуэ хуищIымрэ лъагъуныгъэу хуиIэмрэ зыхуэдизым.
ЦIыхуу дунейм тетыр я фэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я гъуэгуанэкIи зэщхькъым. Налъэ мину зэхэухуэна цIыху гъащIэм щыщу сыт хуэдэрауэ пIэрэ гъуэгуа-нэ нэхъ насыпыфIэ дыдэкIэ узэджэ хъунур? Сэ къызэрысщыхъумкIэ, уи мурадым ерыщу ухуэкIуэрэ узытехьа гъуэгум утемыплъэкъукIыу уи гурылъыр зыIэрыбгъэхьэфмэ, уи гуащIэдэкI зыхэплъхьа лэжьыгъэм и сэбэпынагъыр нэрылъагъу хъуарэ цIыхухэм я лъагъуныгъэмрэ щIыхьымрэ ущымыщIэмэ – мис ар насыпщ. Мы псалъэхэр епхьэлIэ хъунущ зэхэщIыкI куурэ акъыл жанкIэ Тхьэр зыхуэупса Бозий Наимэ и гъащIэм.

Гумрэ псэмрэ зызыдаузэщI гурыщIэхэр и куэду, узыншагъэ быдэ иIэу, сэбэпышхуэ къызыпыкI лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIыу псэуну дыхуохъуахъуэ Наимэ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ


ЕхъулIэныгъэщIэхэр зи плъапIэ

Haradura Alla, Kabardey-Balkar Kuako Valera Ziraat Üniversitesi Bölüm başkanı Bole Anzor’u tanıtıyor.

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым менеджментымкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Болэ Андзор ныбжькIэ щIалэми, и зэфIэкIхэмрэ и лэжьэкIэмрэ ягу нэсу, куэдым фIыуэ къалъагъуу къогъуэгурыкIуэ.

Зэрыригъаджэ пред­метым и закъуэкъым Ан­дзор фIыуэ зыхищIыкIыр, атIэ хабзэми, дунейм и зэхэлъыкIэми, литературэми, нэгъуэщIхэми куууэ щыгъуазэщ, и дерсхэми ахэр къыщегъэсэбэп.

Андзор Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм дэт курыт школыр фIы защIэкIэ къиуха нэужь КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ мэкъумэш къэрал университетым экономикэмкIэ иIэ къудамэм щIэтIысхьэри ехъу­лIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу абы илъэситхукIэ щеджащ. Ар къиуха нэужь, а зыхуеджа унэтIыныгъэ ды­дэмкIэ аспирантурэм щIэтIысхьэжри и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. КъБКъМУ-м и егъэджакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат Бузд Заур и дэIэпыкъуэгъуу и кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырауэ пхигъэкIын хуейуэ щытщ. И диссертацэм и темэм ехьэлIауэ щIэ­ныгъэ, методическэ лэжьыгъэу 30-м щIигъу иIэщ.

Къыхэгъэщыпхъэщ еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэса зэманхэм щIалэщIэм КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен къыбгъэдэкI стипендиер къихьу зэреджар.
Андзор ухуэныгъэм, механикэм дихьэхырти, зэры­лажьэм хуэдэурэ къиухыжащ КъБКъМУ-м ухуэныгъэмкIэ иIэ къудамэр. Ар зэрыщIагъэтIысхьэ комиссэм и жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу мэлажьэ илъэсибл хъуауэ.

И ехъулIэныгъэ нэхъыфIхэм ящыщу егъэджакIуэм къилъытэр и студентхэмрэ езымрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм пщIэ зэрагъуэтырщ, ахэр утыку зэрихьэрщ, университетым и цIэр фIыкIэ зэрагъэIурщ. Апхуэдэу Болэм и нэIэ щIэт ныбжьы­щIэхэр хэтащ икIи текIуэныгъэхэр къыщахьащ ди щIыналъэм нэмыщI, гъунэгъу республикэхэми, Урысей Федерацэм и нэхъ къалэшхуэхэми щекIуэкIа олимпиадэхэм, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ конференцхэм, нэгъуэщIхэми.

Нэрылъагъущ егъэджакIуэ щIалэр студентхэм нэхъ зэрапэгъунэгъур. НыбжькIэ зэрагъэхь зэрыщымыIэм къыхэкIыу я дзыхь нэхъ кърагъэзу, нэхъыбэрэ къеуэршэрылIэу, къечэнджэщу, абы ещхь хъумэ яфIэфIу, щапхъэ трахыу апхуэдэщ.
ЩIалэгъуалэм зызыпыIуадз егъэджакIуэ IэщIагъэм гулъытэ хуащIынымкIэ щапхъэ нэсу къыдолъытэ мы тхыгъэр зытеухуа егъэджакIуэ щIалэр.

Мурад куэд зиIэ, зи зэфIэкIыр щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ еты­ным тезыухуа Андзор дохъуэхъу зыпэрыт IэнатIэм адэкIи и къарур пэлъэщу илъэс куэдкIэ узыншэу лэжьэну.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ


Псэм и дохутыр

Haradura Alla halkın sevdiği ambulans doktoru Xuape Madina’nın yaşamından kesitler aktarıyor.

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт амбулаторэм и дохутыр нэхъыщхьэ Хъупэ Мадинэ Хьэсэнбий и пхъум IуэхукIэ бгъэдыхьа, и узыншагъэ щхьэкIэ гуныкъуэгъуэ иIэу зи щхьэ езыхьэлIа цIыхур щигъэщIэхъуа къэхъуауэ фIэщщIыгъуейщ. Зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, дэтхэнэми сэбэп зэрыхуэхъуным хущIэкъу дохутыр Iэзэм щытхъу и куэдщ, идуней тетыкIэкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи щапхъэщ.

Мадинэ терапевт IэщIагъэр къыхухэзыхар и адэ Хьэсэнбийт. Абы и псэм ищIэ хуэдэт и пхъум дохутыр нэс къызэрыхэкIынур. И адэм и чэнджэщкIэ зыщIэтIысхьа КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и терапевтическэ къудамэр къиуха нэужь ар илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ район сымаджэщым. ИужькIэ унагъуэ ихьа, бын игъуэта нэужь ар къуажэ амбулаторэм и дохутыр нэхъыщхьэу ягъэувауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэс 30-м нэблэгъащи, хьэлэлу мэлажьэ.

Къуажэм дэс дэтхэнэми зыхуэбгъазэмэ къыбжаIэнущ ар зэрыцIыху гуапэр, псэ къабзэр, зи гур зэIуха дохутыр Iэзэу зэрыщытыр. Гум къыбгъэдэкIыу а псалъэ гуапэхэр къыпхужаIэн щхьэкIэ езэши щхьэхи умыщIэу сымаджэхэм гугъу задебгъэхьын хуейщ.
Мадинэ и теплъэми и хьэл-щэнми къыбжаIэ а адыгэ цIыхубз зэпIэзэрытыр дохутыр IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIар. Узыр зэуэлIа Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым ар зэIэзэр, атIэ Мадинэ псэми и дохутырщ. Пэжщ, ар щыткIии щыIэщ, лэжьыгъэм зыщIебгъэхыу, уи узыншагъэм удэджэгуу къыпхуидэнукъым, абы къыдэкIуэуи лей къыптригъэхьэнукъым, сыт хуэдэ Iуэхуи ирехъу – чэнджэщ къуитыфынущ, икIи зыкъыпщIигъэкъуэнущ, сабийми балигъми бзэ къахуигъуэтыфрэ и хьэл-щэн дахэмкIэ псори къыдихьэхыфу апхуэдэщ.

ЦIыху сымаджэр узым пэлъэщыныр куэдкIэ зэлъытар ар зыгъэхъуж дохутырращ. Абы къыпкърыкI гуапагъэм узыр псынщIэ пщещI, гукъыдэжи къует, къохьэлъэкI узым нэгъуэщIынэкIи урегъэплъ. Мадинэ узым зэщIиубыда цIыхум фIэщхъуныгъэ иретыжри, сытым дежи нэхъыфIым хуэплъэу, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу зэрыщытыным къыхуреджэ.
Илъэс куэд щIауэ Мадинэ и къару емыблэжу и IэнатIэм зэрыпэрытыр гулъытэншэ хъуакъым. И лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу мызэ-мытIэу абы къыхуагъэфэщащ щытхъу, щIыхь тхылъхэр. Зи IэнатIэм хьэлэлу, игури и псэри етауэ пэрыт дохутырым и лэжьакIуэхэм я деж абы и пщIэр щылъагэщ.

Мадинэ и унагъуэкIи щапхъэщ. И щхьэгъусэмрэ езымрэ быниплI зэдагъуэтащ. Ахэр я адэ-анэм яхуэфэщэн щIэблэщ, гъащIэм езыхэм я увыпIэ щаубыдыжауэ, я хабзэкIи нэмыскIи ядэбгъуэн щымыIэ жыхуаIэхэм хуэдэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ Мадинэ ипхъу нэхъыжьым и лъэужь зэрырикIуэжыр, ауэ мыр зыми тригъэгушхуакъым, атIэ и анэр щапхъэ нэс хуэхъури, а IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ аращ.

Зи унагъуэри зэпэщ, зи лэжьыгъэкIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа Хъупэ Мадинэ ефIакIуэ зэпыту гъащIэ кIыхь къигъэщIэну Тхьэм дыхуолъэIу!

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz