Хэкум И Макъ – Anavatanın Sesi – Temmuz 2018

0
1066

БгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ

Kuaş Zalım iyi bir doktor olmak için hem eğitimini hem de mesleğini insanlara olan sevgisiyle birleştirdi ve Haradura Alla onunla ilgili yazdı

Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Анзорей къуажэм къыщыхъуа КIуащ Залым цIыху гуапэщ, медицинэ лэжьакIуэ Iэзэщ.
Къуажэм дэт I-нэ курыт еджапIэр 2003 гъэм къиуха нэужь, ар щеджащ КъБКъУ-м и медицинэ колледжым. 2007 гъэм еджапIэр къиухри, къыщалъхуа жылэжьым къигъэзэжащ щIалэщIэм. ИкIи абы дэт щIыналъэ сымаджэщым и дэIэпыкъуэгъу псынщIэм фельдшеру лэжьэн щыщIидзащ. 2009 гъэм лэжьыгъэр IэщIыб ищIу, илъэскIэ къэралым къулыкъу хуищIа нэужь, абы къигъэзэжри и IэнатIэм пэрыувэжащ. Зэрылажьэм хуэдэури абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Ставрополь крайм хыхьэ Кисловодск къалэм дэт медицинэ колледжым. Узыншагъэр зэтезыгъэувэж физкультурэ езыгъэщI IэщIагъэлIу абы къыщIэкIа нэужь, Залым лэжьэн щыщIидзащ иджыблагъэ Анзорей къыщызэIуаха медицинэ IуэхущIапIэм сымаджэхэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэукъуэдийуэ иIэ къудамэм. Зэрылажьэ зэман мащIэм къриубыдэу, зыхэт гупым и мызакъуэу, сымаджэу къекIуалIэми ягу дыхьэну хунэсащ щIалэщIэр.
И лэжьыгъэм утепсэлъыхьмэ, тыншкъым, дауи, махуэ къэскIэ, цIыху 40-м нэблагъэм зырызыххэу я узыншагъэм сэбэп хуэхъуну IэмэпсымэхэмкIэ уеIэзэныр, дэтхэнэми гуапэу, шыIэныгъэ пхэлъу уепсэлъылIэныр.
Сымаджэр узым пэлъэщыныр куэдкIэ зэлъытар абы еIэзэ дохутырырщ, IэщагъэлIыращ. Апхуэдэм къыпкърыкI гуапагъэм узыр псынщIэ пщещI, гукъыдэжи къует, къохьэлъэкI узым нэгъуэщIынэкIи урегъэплъ. Залым узым зэщIиубыда цIыхум бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуегъуэтри, фIэщхъуныгъэ иретыж, сытым дежи нэхъыфIым хуэплъэу, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу зэрыщытыным къыхуреджэ.
– Лэжьыгъэр мытыншми, зы цIыху нэхъ мыхъуми нэхъыфI хъуауэ, абы уэ хуэпщIэмкIэ сэбэп ухуэхъуауэ щызыхэпщIэм, щыплъагъум деж уи гугъуехьхэри пщогъупщэж, – жеIэ абы.
КIуащыр и къару емыблэжу и IэнатIэм зэрыпэрытым къыпэкIуэу мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щытхъу, щIыхь тхылъхэр. Къыдэлажьэхэм я мызакъуэу, дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъу сымаджэхэм захуэбгъазэми къыбжаIэнущ ар и IэнатIэм хьэлэлу, игури и псэри етауэ зэрыпэрытыр сыт хуэдэ IуэхукIи абы уи дзыхь ебгъэзмэ укъызэримыгъэщIэхъуныр. Гум къыбгъэдэкIыу а псалъэ гуапэхэр къыпхужаIэн щхьэкIэ езэши щхьэхи умыщIэу сымаджэхэм гугъу задебгъэхьын хуейщ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ


Зи гугъап1эхэр лъагэ

Haradura Alla bize Yinarkuey köyünden Penağo Zalım’ın doktor oluşunu başarı basamaklarını çıkışını anlatıyor

Сыт и лъэныкъуэк1и къыдэк1уэтей щ1эблэм и дежк1э щапхъэщ Тэрч районым хыхьэ Инаркъуей къуажэм къыщалъхуа мы тхыгъэр зытеухуа П1энагуэ Залым.
Ныбжьк1э щ1алэми, куэдым хуэнабдзэгубдзаплъэ, зи гупсысэр жыжьэ нэс Залым иджыпсту Осетие Ищхъэрэм къэрал медицинэ академием дохутыр щагъэхьэзыру и1э факультетым щоджэр. Щ1алэм и мурадхэр дахэщ, ахэр зэрызы1эригъэхьэну 1эмалхэр убзыхуащ, зригъэгъуэт щ1эныгъэм епха гугъап1эхэри мащ1экъым.
Къуажэ школым щыщ1эсам езыгъэджа егъэджак1уэхэм зэрыжа1эмк1э, илъэс пщык1узым къриубыдэу, а сабийм ущ1ыхуэгубжьынрэ, ущ1ешхыдэнрэ зэи илэжьакъым, сыт хуэдэ 1уэху пщэрылъ щыпщ1ми 1эдэбу, щ1ык1аф1эу, хабзэ дахэ, гъэсэныгъэ ек1у зэрыбгъэдэлъыр къигъэлъагъуэу зэф1игъэк1ыу апхуэдэт. Гуры1уэгъуэщ дауи, апхуэдэу щыт щ1алэ ц1ык1ум школым и ц1эр куэдрэ ф1ык1э зэригъэ1уар. Къыхэгъэщыпхъэщ ар мызэ-мыт1эу предмет зэхуэмыдэхэмк1э республикэпсо олимпиадэхэм япэ увып1эхэр къызэрыщихьар, ди щ1ыналъэм щек1уэк1 «Сыт? Дэнэ? Дапщэщ?» джэгу-зэпеуэм, журналист ныбжьыщ1эхэм я зэхьэзэхуэм, щ1эныгъэ-къэхутэныгъэ конференц зэхуэмыдэхэм зыбжанэрэ пашэ зэрыщыхъуар.
Дыщэ медалк1э курыт школыр къэзыуха щ1алэр куэдрэ гупсысакъым 1эщ1агъэ ищ1ынымк1э.
-Дохутыр 1эщ1агъэм псоми сытрагъэгушхуэрт, сызэрыц1ык1урэ абы сыхуе1эу, сыщ1эхъуэпсу сыщытауэ жып1э хъунущ. –жеlэ щалэщ1эм.
–Дохутырыф1ыр куэдым дэ1эпыкъуэгъу яхуохъу, къапщтэу щытмэ, жылагъуэм а 1эщ1агъэм нэхърэ нэхъ пщ1э щызыгъуэт щы1экъым. Сызыщ1эхъуэпсыр зыщ, дохутырыф1 сыхъуу сымаджэхэм сэбэп сахуэхъунырщ.
Иджыпсту ещанэ курсым щеджэ щ1алэщ1эм и хъуэпсап1эр къызэрехъул1энум шэч къытрыуигъэхьэркъым ар академием къыщызэрагъэпэщ конференцхэм, зэпеуэхэм, жыджэру зэрыхэтым, пашэныгъэхэр къызэрыщихьым. Абыхэм къищынэмыщ1ауи, медицинэ технологиещ1эхэм теухуауэ къыдэк1 журналми щ1эх-щ1эхыурэ и лэжьыгъэхэр къытохуэр.
Еджап1э нэхъыщхьэр къимыуха пэтми щ1алэщ1эм и мурадщ адэк1и и щ1эныгъэм хигъэхъуэну, хирург 1эщ1агъэми зэрыщ1эхъуэпсыр къыхегъэщ.
– Узыр зыгъэувы1эн хущхъуэ сымаджэм къыхуэбгъуэтыфмэ, ари хъарзынэщ, ауэ хущхъуэр сэбэп щахуэмыхъужым деж псори зэк1уэл1эжыр хирургхэращи абыхэм нэхъ гулъытэ ягъуэт. Апхуэдэ 1эщ1агъэл1 1эзэхэм куэду дыхуэныкъуэу къысщохъу. Аращ иджыи абы сыщ1ыщ1эхъуэпсыр.
Залым зэрыжи1эмк1э, еджап1э нэхъыщхьэм куэдым хуиущиящ, 1уэхугъуэ къиинхэм къыпек1уэк1ыфу, апхуэдэ дыдэуи пхрык1ыфу, гъащ1эм узэрыхэпсэук1ын, ц1ыхухэм уазэрыдэгъуэгурык1уэн 1эмалхэр къригъэщ1ащ.
Зи къаруи, зэф1эк1и, щ1эныгъи, 1эзагъи 1уэхуф1хэм тегъэпсыхьауэ зи лъагъуэ хэзыш П1энагуэ Залым дызыхуэк1уэ илъэсыщ1эм насыпыщ1э къыхудэк1уэу, мураду и1эр къыщехъул1эну ди гуапэщ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ


Гъыбзэ яхуэфащэт…

Sürgünün trajedisini şiir ve ağıtların izinde anlatıyor Hatskuı Raya

Зы зэман гуэркIэ уIэбэжым,
Дунейм и фIыпIэм ухуэзэжым,
ЩIыналъэ бгыхэм яIэтам,
Я нэфI Тхьэ псоми зыщыхуам
Зы лъэпкъ дахащэ щыпсэуащ.

ЩIылъэр зэпцIагъащIэт, уафэри къэунэхуа къудейуэ къыщхьэщытт. Хъуреягъыр джафэт, хуиту къэзыкIухь жьыбгъэм мыбы къигъэст африкэ къумым и хуабэр. Тхьэшхуэм иухуа дунейм япэу къытригъыхьат нартхэр, зэIэщIэлъу, бланэу, быдэхэу, лIыгъэ яхэлъу, IэкIуэлъакIуэу. Ауэ зэрыбэуэну хьэуар пщтыр хъуарэ яхуримыкъужу бэлыхьыр ятелът, дуней щIэщыгъуэм къытехьа къудейуэ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэт. Адэ-мыдэхэм къыхэжа жыг тIэкIуми я тхьэмпэхэр зэлымпIыжат. ЦIыхум ямызакъуэу, псэ зыIут псоми гузэвэгъуэшхуэ къащхьэщыхьат. Гупсысэу щIадзащ цIыху уардэхэм, дауэ зыкъедгъэлыну, ди дунейр дауэ тхъумэжа хъуну?
Псом япэу, жьы пщтырыр къыздикI лъэныкъуэм щIыр блын-Iуащхьэшхуэу щызэтракIутащ. Ар махуэм къепс дыгъэм игъэгъут, жэщым щIыIэм игъэщтт. Я блын-Iуащхьэр быдэ хъун папщIэ мылыр Iуву тралъхьэри, ар мыткIужыну уэсыр тракIутэжащ. Зэман-зэманкIэ къэмыуэжын, къэмыщэщэжыным щхьэкIэ щIэгъэкъуэни къагупсысаш –къыкъуагъэуващ бгышхуэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къэунэхуащ Кавказыбгхэр. Вагъуэхэм я лъабжьэ къыщежьэрт а бгы задэхэр.
Къела хуэдэщ жьы пщырым. Хуиту бэуэжащ нартхэр, я гукъыдэжым къигъэзащ. Ауэ нэр игъэгуфIэртэкъым бгы лъагэ джафэхэм. Егупсысу щIадзащ ягъэбыда хэкур нэр ихьэхуу, псэр щытыншу дахэ зэращIынум, зэрагъэщIэрэщIэнум. Хуабэм къела жыгхэр зэхуахьэсыжри, бгыхэм мэз Iуву щагъэбэгъуащ. Унэсыну нэхъ гугъу бгыщхьэхэм псеймрэ щихумрэ хуагъэзащ, нэхъ илъабжьэкIэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэхэр хасащ. Мэзымрэ уэсымрэ я зэхуакур зэщымыщу зэщIэгъагъэ удзхэмкIэ ягъэнщIащ. Псори зэгъусэу IэкIуэлъакIуэу зэIуща алэрыбгъум ещхь хъуат. Сыту гуакIуэ, къабзэ хъуа хьэуар! ХъупIэхэр къулеи, салъкъынхэр гуапи! Езэшам и къарум къегъэзэж, сыт хуэдэ узыфэри ирегъэкIуэт, къэнэщхъеям и гукъыдэжыр къретыж.
Ешрэ къикIуэтрэ зымыщIэт нартхэр. ЯхузэфIэкIар куэд хъурт, ауэ нэхъыбэжым хущIэкъурт. Ягу къэкIащ я хэку дахэмрэ я зэфIэкIымрэ хуэфэщэн псы къыщIахуну. Ауэ Тхьэшхуэм и нэфI къащыхуат къарита дунейм апхуэдизу гурэ псэкIэ егугъу нартхэми, елIалIэу зэтралъхьа мылым къахущIигъэжащ псэр хэзылъхьэж псы-нартсанэ. Къуршыщхьэхэм къахуриутIыпщхьэхащ псы къелъэ Iэлхэр.
Нартхэм я хэкур ягъэбыдэху, зыкъызэщIаужьащ нэгъуэщI лъэпкъхэми. Ауэ ахэр хуейтэкъым гугъуехькIэ псэукIэ дахэ яухуэжыну. Хьэзырым тегушхуэну мурад ящIащ. Арати ежьащ мыухыж зауэр. Кавказ хэкур зыIэщIалъхьэну къебгъэрыкIуахэр бжыгъэншэщ. Зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуэ ещIэж а псори. Псоми пэлъэщащ лъэпкъыр. ЗэкIэ пэлъэщт…

Сыт хуэдэу сигу ирихьрэ, бгы щIыналъэ,
Уи бынхэм лIыгъэ нэхур зэрапщалъэр,
Уи уафэм игъэжа нэужькIэ псы,
Зэрыгъущыжхэр къырхэр къамэ щхъуантIэу.
Бгы къуагъым къыкъуэлъэтрэ зэми жьыр,
Удз щIыфэр игъэтхытхыу, зэрыщатэр.
БгъуэнщIагъ къэсыхукIэ, Iуащхьэ задэ къэс
Къыхощ уи жэщым плъыр къыхэмыщтыкIыу.
Нэху мэщри – дыгъэм кърекIых дыщэпс,
Жэщ кIыхьым екIуэкIам зы химыщIыкIыу
Гъэгъа жейбащхъуэм и щхьэр еIэтыж,
Дахагъэр зыфIэIэфIхэр и нэгу щIэкIыу.
Дунейм зы хьэрэмыгъэ темытыж
КъыпфIэзыгъэщI тэлаим Iэджэщ лъэкIыр,-
Абы чэщанэу пшэхэр къыщIегъэкIыр.
АрщхьэкIэ нэхъыбэжщ жьым хузэфIэкIыр,-
Ирех чэщанэ, удзри ефыщIыж.
Зы щIэщхъур цIыкIу адрейм къыпфIегъэщIыж,
Арщ щIыр къэзыгъэнар зэщIэдэIукIыу.
Апхуэдэу гъэр зэ хъуам и жейр къыхощт,
Зэхих къыфIэщIу лъэхъум и зу макъыр.
Псэ эыIут псоми зыгъэшынэ хуэщт,
Мы гъащIэр зыми нэсу хуэхъумакъым.
***
Зым схуемыгъэщхь щыпсэухэр мы щIыналъэм.
Iэтащ я хабзэр, я Тхьэр хуитыныгъэрщ.
Мыбы бий щыбукIыныр мыкъуаншагъэ,
ХэкIуадэм мысэ – зыми имыягъэ.
Мыбы псэм щыпалъытыр ныбжьэгъугъэр,
Гуапагъэ пщIам хуэдитI къыщыпхуащIэж,
Ятыж жыпIэну щIыхуэ, лъы щащIэж.
Щыинщ гужьгъэжьгъри, ещхьу лъагъуныгъэм.
***
Зи унэ и щхьэр къэзыхьыжу
Мы щIыпIэм дыгъэр къыщыщIэкIт,
КъухьэпIэм хуэплъэ бгым къыкъуэкIт,
КъуэкIыпIэм хуэплъэм щхьэдэхыжырт.
Мыбы псом япэ щырагъэщт,
Бгъурыту напэм, ныбжьэгъугъэр.
Зыщигъэпсэхурт гъуэгурыкIуэм,
ЩIэсыж къыфIэщIу и унэжь.
***
Мы хэкум ипхъухэм я дахагъым
И хъыбар IэфIхэм дихьэхауэ
Куэд къихъуэпсыкIырт хы адрыщIым,
И щIалэ къуапцIэхэри хъыжьэт,
Аслъэн губжьа къатемыкIуэну.
ЩIэблэ акъыл зэтегъэхуэныр
И нэхъыжьыфIхэм я IэщIагъэт.
ЛъэпкъитIыр благъэ зэрыщIакъэ,
Жэщибл-махуиблкIэ зэхэтт джэгур,
Къуэ лъащIи щыгуи къыпэджэжу.
Яуст уэрэдыр, нэсу гущIэм.
Урыс мыжурэри ямыщIэт.

Кавказ хэкур зыIэщIалъхьэну къебгъэрыкIуахэр бжыгъэншэщ. Зи щхьэр къетхъуха Iуащхьэмахуэ ещIэж а псори. Хэти иригъэкIуэтт адыгэлIым. ЗэкIэ иригъэкIуэтт… ИригъэкIуэтащ, илъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм хыхьэху, урыс мыжурэр къицIыхуху.

Зауэ!.. А псалъэр къупщхьэм пхокI.
Абы аргуэру хузэфIокI
Игъэтхытхын цIыху псом и щIыфэр,
Щигъэбэгъуэн дунейм лъы щIыхуэр.
Зауэ!.. А псалъэм къегъэушыр
Лъэпкъ хэжеяри, мыви, къурши,
Щхьэфэцу мэзхэр егъэтэдж.

Зауэр иухыныр сыт хуэдэ лъэпкъым дежкIи хъуэпсэгъуэу щытми, мы зауэр зэриухар ди дежкIэ лъэпкъ кIуэдущ. Абы къыдежьащ адыгэр дунеижьым щикъухьа хъуныр. Хэт къарукIэ ирахуащ, хэт гъэпцIагъэкIэ ирагъэкIащ. Кавказыр Кавказ лъэпкъхэр имысу нэхъ яфIэгурыхьт.

Анзор и къуэжьым Iуэхухэр зэрехьэ,
Хъыбар къэзыхьыжырПщыунэ Къазийщ,
Хэкум докIыж мыгъуэри!

Налшык тетыжьым паспорт къыдет,
Ди гум къыщIитхъыурэ, хэкум драш,
Хэкум докIыж мыгъуэри!

Пщэдджыжь мафIэгур къыткIэщIолъадэ,
Дызэхолъадэри, ди щхьэр догъей,
Хэкум драш мыгъуэри!

Данэ IэлъэщIыр жьыуейм зэрехьэ,
А зы Алыхьым дызэхуихьыж,
Хэкум дыпокI мыгъуэри!

Тенджыз ФIыцIэжьым кхъухьхэр щызоуэ,
Щауей хьэжыжьым Iуфэр къежыхь,
Хэкур добгынэ мыгъуэри!

Балъкъызу дахэм пшынэр къегъаджэ,
Благъэр къыдэджэм дамыгъуэтыж,
Хэкур тIэщIокI мыгъуэри!

Консулым щIэсыр пащIэ бзииплъщ,
Сабийхэм дахэплъэмэ, ди гур мэуз,
Хэкур къытфIонэ мыгъуэри!

Тырку къурIэнаджэр ди гум и жагъуэщ,
Мыр зи Iэужьым бгышхуэ къытиуэ!
Ди гур къутауэ хэкум докIыж!

******************************
Си Тхьэ, си гугъапIэ
Си лъэпкъ дахащэр уи гущIэгъу хуэныкъуэщ,
Ар тепыIэншэу лъахэм ныхуозэш.
Сэ си Тхьэу, Тхьэшхуэ, лъэкIыныгъэ уиIэщ,
Къыдэш си лъэпкъыр гъащIэм и дурэш.
Сыпоплъэ, Тхьэшхуэ, нобэ уи Iуэху дахэм.
Къэхъуакъым зэкIэ Тхьэр зыпэмылъэщ.
Адыгэу щыIэр нэхьэсыж и лъахэм,
Ухъуащ уэ нобэ си гугъапIэ лъэщ.

Инэмыкъуэ Мулид, Тырку, Анталье

Усэу тха сатырхэр къызыхэкIар
урыс тхакIуэ Михаил Лермонтов и поэмэ «Измаил-бей»
зыфIищауэ адыгэ усакIуэ Ацкъан Руслан зэридзэкIаращ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz