ГугъапIэ зыхудиIэ

0
1461

Лъэпкъыбзэ… Ар зэрызэпсалъэ Iэмал къудейуэ жыпIэ хъунукъым. Ар лъэпкъым и купщIэри, и хабзэри, и щыIэкIэ-псэукIэри къэзыгъэлъагъуэ къарущ…

Нобэ, лъэпкъыбзэ куэд кIуэдыжыпIэ гъунэм щит зэманым, а Iуэхур къызэтегъэувыIэнымкIэ, тIэщIэкIынкIэ хъун беягъыр хъумэнымкIэ ди гугъапIэ инхэр ядохьэлIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм. Сабийм бзэр, тхыбзэр ицIыхуу къэтэджынымкIэ, псом хуэмыдэу, абыхэм куэд ялъытащ.

Ар хьэкъыпIэкIэ къызыгурыIуэ егъэджакIуэхэм ящыщщ Хьэбэз районым хыхьэ Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт, Амирокъуэ Ибрахьим и цIэр зезыхьэ гимназием адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэкIэ щезыгъаджэ Лий Майе.

1984 гъэм Черкесск къалэм дэт педагогическэ училищэр Майе къиуха нэужь, къуажэ еджапIэм лэжьэн щыщIидзащ. Япэ щIыкIэ, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу щытащ. Иужьым, еджапIэм адыгэбзэмкIэ щезыгъэджэн хуэныкъуэ щыхъум, къелъэIури сыхьэт бжыгъэ къратащ. Абы хэтуи Къэрэшей-Черкес къэрал педагогическэ институтым и филологие факультетым лъэпкъыбзэмкIэ къудамэр къиухыжащ. Нобэр къыздэсым щIэблэм анэдэлъхубзэмрэ тхыбзэмрэ яIурилъхьэу, лъэпкъыбзэм дригъэхьэхыу къогъуэгурыкIуэ. Ищхьэ нагъыщэ зиIэ егъэджакIуэщ.

АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр мы зэманым зыпэщIэхуэ щытыкIэхэм дыщигъэгъуэзащ Лий Майе.

Сыт къазэрыщхьэщыкIыр адрейхэм, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэр? А упщIэм и жэуапу Майе жеIэ, лъэпкъым хуэгъэзауэ абыхэм яхь жэуаплыгъэр нэхъ ину зэрыщытыр.

—Предмет къэс, шэч хэмылъу, мыхьэнэ иIэщ. ЕгъэджакIуэхэми я къалэныр апхуэдэ къабзэу инщ, сабийхэм щIэныгъэ ягъэгъуэтынымкIэ. Ауэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм, жэуаплыгъэ ин дохь, лъэпкъыбзэр хъумэнымкIэ. Мыбдеж бзэ закъуэракъым, хьэмэрэ литературэм и закъуэкъым сабийхэм янэтхьэсыну дызыпылъыр. Мыбы хэтщ лъэпкъым и хабзэри, и нэмысри, нэхъыжьхэм я пщIэри, цIыху хыхьэкIэри, тхыдэри ягъэцIыхуныр.

Иужьрей зэманым телевизор, телефон, компьютерхэм сабийхэр зыIэпишащи, урысыбзэкIэ мыхъумэ мыпсалъэу ныбжьыщIэхэр къыдокIуэтей. Псом хуэмыдэу, сабий IыгъыпIэм къыщIэкI цIыкIухэр инэхъыбапIэм зэрыпсалъэр урысыбзэщ, къуажэм дэс пэтми. Абы дегъэгужьей, ауэ а щытыкIэм иджыри дыполъэщ. ЕджапIэм къызэрыщIыхьэу, япэ классым щыщIэдзауэ, анэдэлъхубзэм зэрыдедгъэхьэхыным дыпылъщ,—жеIэ егэджакIуэм.

ЕгъэджакIуэр нэхъ зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ хухах сыхьэт бжыгъэр зэрымащIэр. Тхьэмахуэм тхыбзэм сыхьэтитIрэ литературэм зы сыхьэтрэщ иIэщ. Ар зэрымащIэ дыдэр гурыIуэгъуэщ.

А зэман тIэкIури нэхъ купщIафэу къызэригъэсэбэпа хъуным и нэIэ трегъэт Майе. Дерсым и япэ дакъикъи 10-р абы хухех гъэсэныгъэм, бзэм зыхуэгъэзэжыным, хабзэмрэ тхыдэмрэ япха псалъэмакъхэм. БзэмкIэ къыкIэрыху сабий яхэтмэ, е адыгэ хабзэхэм ехьэлIауэ къаIэт Iуэхугъуэхэм зегъэубгъунымкIэ егъэджакIуэхэм сэбэпышхуэ къахуэхъуу къелъытэ, тхьэмахуэм иджыри зы сыхьэт кружокыу адыгэбзэм хуэгъэзауэ къызэрыратыр. А сыхьэтри яфIэмащIэу къагъэсэбэп.

Майе и щIэплъыкIыныгъэхэм дыщигъэгъуазэу къыджиIащ сабийхэм адыгэбзэр къызэрагъэсэбэпымрэ а дерсым хуаIэ щытыкIэмрэ къапщтэмэ, Куэш-Хьэблэ къуажэм деж Iуэхур зэрымыIейр. Хьэбэз районым хыхьэ къуажэ щхьэхуэхэм, къалэхэм щыIэ щытыкIэ гужьеигъуэм хуэдэ узэрыпэщIэмыхуэри къыхегъэщ. Анэдэлъхубзэу яджыныр щхьэж езыр зыхуейуэ къызэрыхих хъуным емылъытауэ, Куэш-Хьэблэ къуажэм деж адыгэбзэр Iумпэм зыщIа зы цIыхуи къахэкIакъым!!!

—Ди еджапIэмрэ къуажэмрэ, уеблэмэ районыр къапщтэмэ, «Ди бзэр тIэщIэхуа, е тIэщIоху» жэуэ, нобэ гужьеигъуэ псалъэмакъ къэсIэтыфынукъым. Сыту жыпIэмэ, ди сабийхэм яфIэфIщ адыгэбзэр джыныр. Лэжьыгъэу яттри ягъэзащIэ, бзэм дропсалъэ, дротхэ. ТхузэфIэкIыу зыри къэдгъанэкъым. Е 9-нэ классым щеджэхэм къэзыпщытэж къэрал экзаменым деж адыгэбзэр къыхахыну хуитыныгъэ зэраIэм къыхэкIкIэ, илъэс зыщыплI хъуауэ, ди еджапIэм щыщ ныбжьыщIэ 20- м нэсым лъэпкъыбзэр къыхах. ИкIи, фIы дыдэу, къаймыхьэлъэкIыу ят,—къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ Майе.
Къапщтэмэ, мы егъэджакIуэм сабийхэр анэдэлъхубзэм дегъэхьэхынымкIэ и IэкIуэлъакIуагъыр здынэсыр егъэджэныгъэм епха утыку куэдым къыщолъагъуэ. ЦIыкIухэр нэхъри бзэм дегъэхьэхын мурадкIэ, абы ехьэлIауэ ди республикэми, гъунэгъу хэгъуэгухэми къыщызэрагъэпэщ лъэпкъыбзэ зэпеуэхэм, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм егъэджакIуэри, еджакIуэхэри жыджэру холэжьыхь.

—Анэдэлъхубзэм, ди тхакIуэхэм я IэдакъэщэкIхэм уакъыхутепсэлъыхькIэрэ дерсхэр бгъакIуэкIэ, еджакIуэхэр лъэпкъыбзэм дебгъэхьэхыфыныр фIэщ щIыгъуейщ. А яцIыхуар утыку ирахьэфмэ, ар къагъэсэбэпыжыфмэ, мис итIанэщ Iуэхур къохъулIауэ плъытэ щыхъуныр. Аращ, тлъэкI къэдмыгъанэу ди сабийхэр олимпиадэхэми, зэпеуэ зэхуэмыдэхэми, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэми щIыхэдгъыхьэр. ИкIи, ар хуабжьу ягу ирохь, сэбэп къехь.

Дызэрылажьэ программэм хэтщ проект лэжьыгъэхэр. Ахэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну, темэхэр зэфIытрахыу ягъэхьэзыр. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, мы зэманым, ТекIуэныгъэ Иным и Илъэс 75-м дыхуэкIуэу, сабийхэм къалэну яхуэдгъэуващ я адэшхуэхэм ятеухуа хъыбархэр, ахэр здэзэуа щIыпIэхэр къызэхуахьэсыжу проект ягъэхьэзырыну. Ахэр я адэ-анэхэм, а ядэшхуэ-анэшхуэхэм щIэупщIэнущ, унагъуэм илъ фэеплъ сурэтхэм, тхыгъэхэм, хьэпшыпхэм хэплъэнущ. Тхыгъэр адыгэбзэкIэ ягъэхьэзырыжынущ…
КъинэмыщIауэ, адыгэбзэмкIэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм, усэ, сочиненэ зэпеуэхэм сабий нэхъыбэ зэрыхэдгъэхьэным дыхущIокъу.

Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щрагъэкIуэкIыу интернет зэпыщIэныгъэкIэ къызэрагъэпэщ «Си бзэ —си анэбзэ» сочиненэ зэпеуэм зы илъэс дэмыкIыу ди лэжьыгъэхэр идогъэхь, увыпIэфIхэри къыдохь. ЕджакIуэхэм яфIэфIщ «Джэгурэшыр». «Язык Предков» жыхуиIэ зэпеуэм ди еджапIэм щеджэ Борэныкъуэ Каринэ сочиненэкIэ япэ увыпIэри, Гран-При жыхуиIэ нагъыщэ нэхъыщхьэри къихьри, абы щыхьэт техъуэ дипломхэри къытхурагъэхьыжащ. Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм иригъэкIуэкI «Живая классика» усэ зэпеуэми ди сабийхэр пашэ щохъу зэпыт. Илъэс кIуам абдеж япэ увыпIэр ди еджакIуэм— Мэмхэгъ Жаннэ къыщихьри, «Артек» сабий зыгъэпсэхупIэм ягъэкIуауэ щытащ. Район олимпиадэм мы гъэм ди сабийхэм япэ увыпIищри къахьащ. А Iуэхухэм еджакIуэхэр Iэмал имыIэу нэхъ ягъэгушхуэ.
КъинэмыщIауэ, сабийхэм я тхыгъэхэр ди республикэм къыщыдэкI «Лэгъупыкъу» журналми, Къэбэрдейм къыщыдэкI «Нур»-ми идогъэхь, къытрыдогъадзэ. Апхуэдэурэщ ди сабийхэр лъэпкъыбзэр я Iэпэгъуу къызэрыдгъэтэджыр, зэрыдедгъэхьэхыр, —жеIэ Майе.

Апхуэдэ зэпеуэхэр ди хэгъуэгум нэхъыбэу къызэрыщызэрамыгъэпэщыр игу къеуэу къыхегъэщ егъэджакIуэм. Сабийхэм яцIыхур утыку щрахьэкIэ, абы фIыщIэ игъуэту щытыным мыхьэнэ иIэу къелъытэ. Хэгъуэгу зэпеуэхэр нэхъыбэу, абы щытекIуэхэм гулъытэ нэс ягъуэтыжу щытамэ, еджакIуэхэр нэхъыфIыжу а Iуэхум зэрыбгъэдыхьэныр и фIэщу къыхегъэщ.

Сабийхэр лъэпкъыбзэм дебгъэхьэнымкIэ еджапIэхэм деж нэгъуэщI щытыкIэ гугъуми ущрохьэлIэ. Ар — тхылъыщIэхэр, гъэщIэгъуэнхэр щызу зэрыщымыIэращ. Къапщтэмэ, егъэджакIуэм зэрыжиIэмкIэ, Куэш-Хьэблэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ тхылъкIэ зэхурокъу, ахэр фIыуэ зэрахьащи. Мы гъэм е 5-нэ классым сабий нэхъыбэ къыщIыхьати, яхуримыкъуа тхылъхэр нэгъуэщI еджапIэм къыIрахащ. Ауэ, ахэр жьы дыдэ хъуащ. Итыр сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэныжкъым, еджэным дригъэхьэхкъым.

—Тхылъ гъэщIэгъуэн щыщымыIэкIэ, мульфильмхэр адыгэбзэкIэ куэду щызэрамыдзэкIкIэ, сабийм сыт къыхуэнэр —зэригъуэт урысыбзэмкIэ ахэр къегъэсэбэп. Ди библиотекэм щIэлъщ тхылъ куэд. Ауэ щIэуэ къыдагъэкIа, гъэщIэгъуэн, зэманым декIу яхэткъым. Тхылъхэр сатущIапэхэм щыбгъуэту щытамэ, ди Iуэхуми нэхъ зиузэщIынут,—жеIэ егъэджакIуэм.

Тхылъым итыр яхуримыкъуу еджапIэм деж къыщагъэсэбэп ди республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къыщыдагъэкI журналхэмрэ газетхэмрэ. Ахэри куэдкIэ сэбэп яхуохъу.

Адыгэбзэм хухаха класс пэшхэр къызэрызэгъэпэщами куэд къыбжеIэ егъэджакIуэм и и Iуэху бгъэдыхьэкIэ хъум. Майе и класс пэшыр нэгъэсауэ къызэгъэпэщащ. Блынхэм кIэрылъщ адыгэ тхуакIуэхэм, усакIуэхэм я сурэтхэр. ТхакIуэхэм я гъащIэмрэ я творчествэмрэ зыщыбгъуэт фонотекэ хьэлэмэти яIэщ. ЩхъуэкIэплъыкIэу къыдагъэкIагъащIэ Алыфбейри фIэлъщ. Сабийхэм я IэкIэ къызэрагъэпэща блын газетхэр щыболъагъу. ЕгъэджакIуэм зэрыжиIэмкIэ, тхьэмахуэ-тхьэмахуитI къэс ар зэ яхъуэж, махуэщIхэм, нэгъуэщI гулъытэ зыхуэфащэ махуэхэм яхьэлIауэ. «Дыгъэ бын» зыфIаща къуапэм, ехъулIэныгъэ зиIэ еджакIуэхэр, е журналхэм зи тхыгъэ къытехуахэр къыщыгъэлъэгъуащи, цIыкIухэм ахэри щапхъэ яхуохъу.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм нэхъри гугъапIэ къыует лъэпкъыбзэхэр къэщIэрэщIэжыну.

Борэныкъуэ Мадинэ

(ЧЕРКЕС ХЭКУ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz