КъалэкIыхьми уфIехри…

0
1529

«Къэрал властым лъэкI псори ищIэнущ егъэджакIуэхэм я пщIэр нэхъри къэIэта хъун папщIэ, абы къыдэкIуэуи езы егъэджакIуэхэми зыхащIэн хуейщ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн я пщэ къызэрыдэхуэр». УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым зыщыхуигъазэм жиIауэ щытащ а псалъэхэр. Абыхэм я мыхьэнэр нэхъри наIуэ хъун папщIэ мыпхуэдэ бжыгъэхэр къэтхьынщ: ди къэралым итщ егъэджакIуэ мелуанрэ мин 36-м щIигъу щылажьэ школ мин 53,5-рэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэращ зэлъытар ди къэралым и къэкIуэнур япэкIэ ягъэкIуэтэну зи пщэрылъ щIалэгъуалэр пщэдей зыхуэдэнур. Ар фIыуэ къагурыIуэу я IэнатIэ пэрытхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэхэмрэ егъэджакIуэхэмри.

Анэдэлъхубзэм нэмыплъ езытыну зи мыжагъуэхэм къагупсысауэ дэ куэд щIауэ зэхэтх «Адыгэбзэм КъалэкIыхьым уфIихынукъым» псэлъафэр къежьэным щхьэусыгъуэ зэриIам куэд дыщыгъуазэми, абы арэзы ущIытемыхъуэн щапхъэхэр нобэ мымащIэу зэрыщыIэри шэч зыхэмылъщ. Апхуэдэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Анэдэлъхубзэр (урысыбзэри хэту) езыгъэджхэм я урысей зэпеуэу ди къэралым илъэс зыбжанэ хъуауэ щекIуэкIым ди щIыналъэм адыгэбзэр щезыгъэджхэм къыщахьа ехъулIэныгъэхэр.

А зэпеуэм хэт IэщIагъэлIхэм я цIэхэр япэу фIыкIэ щыIуар «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэращ. Абы къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэныгъэмкIэ, щІэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, «Адыгэ псалъэ» газетым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ. Пашэ хъуахэм я Iуэху зехьэкIэ пэрытыр жылагъуэм щызэлъащIыс, егъэджакIуэ Iэзэхэр IэнатIэм пэрыхьагъащIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я лэжьэкIэ мардэхэмкIэ, дерс къызэгъэпэщыкIэхэмкIэ ядэгуашэ хабзэщ. Абдежми къыщынэркъым Iуэхур. Ахэр ирагъэблагъэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми икIа егъэджакIуэхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуа зэхьэзэхуэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, адыгэбзэр езыгъэджхэм къахэкIащ зэпеуэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуахэр, абы и саугъэт нэхъыщхьэр – Дыжьын къабзийр – зыхуагъэфэщахэри яхэту. Апхуэдэхэщ адыгэбзэр езыгъэдж лэжьакIуэ цIэрыIуэхэу Бекъан Масирэт, Мэшыкъуэ (Бекъул) Iэсият, Нэхущ Залинэ, Хур Мадинэ, Къумыкъу Светланэ, Ефэнды Маринэ, Хъуэст ФатIимэ сымэ.

ЩIэм и лъыхъуакIуэ нэс а егъэджакIуэ Iэзэхэм я Iуэху зехьэкIэр щапхъэщ куэдым я дежкIэ. Анэдэлъхубзэр хъумэным, абы зегъэужьыным апхуэдэу псэ зэIухакIэ хуэлажьэ егъэджакIуэхэр дызэриIэм гугъэ уегъэщI ди лъэпкъым гъуэгуанэ кIыхь, дахэ иджыри къызэрыпэщылъым.

Жыласэ Маритэ.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz