Си анэдэлъхубзэр къыстэфпIэ СыпцIанэщ, СопыщIэ

0
1308

«Жынэпсыр» фэдгъэщIэнщ

Ди газэтыр япэ дыду къыщыдэкIар 2005 гъэм и дэкабрь мазэращ. Мазэм зэ къыдэдгъэкIыурэ къэжьащ, апхуэдэуи макIуэ. Ди газэтыр къыщыдэдмыгъэкIыф мази къэхъуащ, ауэ илъэс 15 хъуауэ долажьэ. Тыркум щыIэ диаспорэм нэгъуэщI газэт иIэкъым.

НапэкIуэц фIыцIэ-хужьиплIу къыдэкIыр 2016 гъэм июнь (напхъуэ) мазэм напэкIуэцI 12 хъуащ. ИтIанэ напэкIуэцIыр 20 хъуащ. Иужырэй мазэхэми напэкIуэцI 24-рэ хъуащ, икIи ди япэрэй напэкIуэцIымрэ иужьрэймрэ фIыцIэ-хужьыжкъым.

Газэтыр къыдэдгъэкIыу дыщыхуэжьагъащIэм офис лэжьапIи диIакъым. НэгъуэщI щIыпIэ гуэрхэм дыщызэхуэст. Иджы Къэдыкуэй офиси щыдиIэ хъуащ.

Ди газэтым и лэжакIуэхэр зэкIэрэ эзым я гукъыдэжкIэ лажьэу аращ, Iуэхум хэзыщIыкIышхуэ (профэссионал) лэжьэгъу диIэкъым. Ди эджакIуэхэр хъыбарэгъащIэу лэжьэным къыхудоджэ. Ди эджакIуэхэри ди газэтым щытхэным къыхудоджэ.

Ди газэтым осэтинхэм, абазэхэм я макъ, Сэтэнэй напэкIуэцIхэм къинэмыщIа, Тыркум щыпсэу нэгъуэщI культурэхэм я хъыбархэми щIыпIэ гуэр ядот.

Ди газэтыр къыдэзгъэкIыр: А. Кадир Полат, A. Сэда Бэрзэдж, Биргул Асэна Гувэн, Джан Учакъ, Эрдогъан Йылмаз, Гюл Йылмаз, Сэбахьаттин Чурмыт, Сэрап Джанбэк, Яшар Гувэн, Зафэр Сюрэн.

Мартым 14-м Адыгэбзэм и Махуэм щхьэкIэ къэттхахэм япкъ иткIэ, тырку диаспорэм ди анэбзэмкIэ и Iуэхум дытэпсэлъыхьащ. Хасэхэм, эджапIэхэм Адыгэбзэ щэзыгъаджэхэми, щэджэхэми дэпсэлъащ. Зэгъусу газэт къыдэгъэкIынымкIэ дызэрызэдэлэжьам хуэдэу, дяпэкIи дызэдэлэжьэну, дызэкъуэтыну догугъэ…

***

Жьынэпс газэтым, Адыгэбзэм и Махуэм тэухуа зы пэщIэдзэ!
ИлъэсыщIэм Жьынэпс газэтым зы Iуэху щIэрыщIэ япэ зэритридзэнумкIэ унафэ къэтхьат:

Хэкум къыщыдэкI газэтхэм илъэсым щэ-плIэ зэщIыгъуу къыдагъэкIым дыхыхьэн!
Гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и Махуэм тэухуауэ къыдэкI номэр зэхэтым дыхыхьауэ ди къалэныр догъэзащIэ. Мы зэгуэтI лэжьэным дызыгъэгушхуа рэдактор нэхыщхьэхэр: Къвыл Фардауыс Кьазибан ЙпхIа (Абазашта), ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (Адыгэ псалъэ), Дэрбэ Тимур (Адыгэ макъ), Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ (Чэркэс хэку), ди лъэпкъэгъу щыпкъэхэу Гуэнэ Игорь, Абидокъуэ Люсанэ — зи цIэ дымытха псоми фIыщIэшхуэ фхудощI!

Дгъэхьэзыра номэр зэгуэтыр тэдзауэ фIэрыдгъэхьэну
ди къалъэнщ. Фи дэIэпыкъуэгъукIэ…

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz