НЭГЪУЭЩI КЪИКIЫРКЪЫМ АБЫ (Карл Маркс зэритхамкIэ)

0
1947

1836 гъэм жэпуэгъуэ мазэм Лондон щежьэри, Шэрджэсым кIуащ «Виксен» кхъухьыр, шыгъу ишэри.

Кхъухьыр зейр зиусхьэн Бёлл Джеймсщ. Ар щэкIуэгъуэ мазэм и 25-м урысхэм Суджыкъу-къалэ щаубыдащ, адыгэхэм шыгъу къахуишэну хуимытауэ жаIэри. Бёлл и кхъухьыр ятхьэкъуащ, капитанымрэ экипажымрэ Севастополь яшащ, абы зыкъомрэ щаIыгъа нэужь, къаутIыпщыжащ.

Лорд Пальмерстон Генри сабэ дрипхъей зищIащ Британием и кхъухь Урысейм зэриубыдам щхьэкIэ: «Ар дигу техуэ хъунукъым, Британиер хуитщ дэнэ сату щищIынуми, абы и щIыхьыр зэрытхъумэн къару диIэщ дэ», – ар жиIэри парламентым и пащхьэм иуващ лорд Пальмерстон. Британием и щIыхьым тегузэвыхь лордым зыщигъэгъупщащ Шэрджэсым лей къызэрылъысар: ар зыми IэщIэмылъ хэкущ – аращ лорд Пальмерстон игу къэмыкIыжар. Урысхэм жаIэр нэгъуэщIщ: Шэрджэсыр ди империем щыщщ, дэ хуит дымыщIауэ шэрджэс хы Iуфэм зы кхъухьи къекIуалIэ хъунукъым. АбыкIэ хъыбар кърагъэщIа лорд Пальмерстон? Ар ибзыщIащ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрым. «Виксен» кхъухьым и Iуэхум къитэджыкIа псалъэмакъыр щIэх щызэпыуакъым Британием и парламентым, щIэх къахуэумысакъым лорд Пальмерстон. 1838 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 21-м щэхур наIуэ хъуащ икIэм-икIэжым.

Лорд Пальмерстон 1836 гъэм Урысейм еныкъуэкъун мурад ищIатэми, ар абы хузэфIэкIынутэкъым: министр къулыкъур къызэрыIэрыхьэххэу, 1831 гъэм, ар арэзы хъуауэ щытащ Урысейм Кавказыр зыIэщIилъхьэн мурад зэрищIамкIэ, ар (лорд Пальмерстон) Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм зэреувэлIарат абы къикIыр. Шэрджэс хы Iуфэр Урысейм хуит щыхуэпщIакIэ, шэрджэсхэм я нэщIыбагъкIэ Урысеймрэ Тыркумрэ Адрианополь щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ (1827 гъэм) акъылэгъу ухъуауэ аращ – нэгъуэщI къикIыркъым абы. Езы шэрджэсхэм я пщIыхьэпIи къыхэхуакъым, дауи, лорд Пальмерстон апхуэдэ хьэгъэщагъэ къакIэлъызэрихьауэ – Британием хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым зыщиумысыжар 1838 гъэрщ – парламентым щыхагъэзыхьа нэужьщ.

1827 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Урысейм къалэн зыщищIыжауэ щытащ и къэрал гъунапкъэм зримыгъэукъуэдиину. А псалъэр игъэпэжакъым Урысейм, абы къыхэкIкIэ Британиер акъылэгъу хъун хуеякъым Адрианополь зэгурыIуэныгъэмкIэ. Тыркур хуитакъым езым IэщIэмылъа Шэрджэсыр Урысейм иритыну. Урысейри хуитакъым ар Тыркум «къыIихыну». Тырку пащэр Анапэ щыдэса зэманми Шэрджэсыр Портэм IэщIэлъакъым, Урысейм и IэмыщIэ зрилъхьэн муради иIакъым, абы и нэщIыбагъкIэ щызэрахьэ хьэгъэщагъэр сэтей къэхъуащ, «Виксен» кхъухьыр къайгъэ хэхуа нэужь.

(АДЫГЭ ПСАЛЪЭ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz