Нэщхъеягъуэ ИнкІэ ГъэнщІауэ Зы Махуэщ Накъыгъэм и 21-р.

0
1489

ИпэжыпІэкІэ жыпІэмэ, Хэкукъутэмрэ Лъапсэрыхымрэ адыгэ жылэм къыхуэзыхьа мы махуэм хуэдэу лъэпкъ махуэгъэпсым куэдым уезыгъэгупсыс нэгъуэщІ зы махуи хэткъым.

Ди лъэпкъыр, хэкум къинауэ исхэри хамэ щIыпIэ куэдым хэпхъауэ щыпсэухэри, нобэ хуэдэ махуэм щыгъуэ пэкIу зэIущIэхэм щызэхуэсурэ абы къыдэкІуа гуІэгъуэм ехьэлІауэ зыр зым догуашэ, йопсэлъылІэ, захуагъэ зэрыхуэныкъуэр апхуэдэ ІэмалкІэ дунейм ялъегъэІэсыр.

Ди Хасэм (KAFFED-м) и Хасащхьэми илъэс къэс, абы хэт щІыпІэ хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ ГъэзэщІакІуэ гупым хэтхэмрэ я чэнджэщкІэ, адыгэхэр нэхъыбэу здыдэс къалэхэм, уеблэмэ зэры-Тырку щІыналъэуи, щыгъуэ пэкІухэр зэрекІуэкІынум и программэр зэхегъэувэ, Хэкум щыІэ хасэхэм ирагъэкІуэкІыну щыгъуэ Іуэхугъуэхэми хопсэлъыхьыр.

Ди Хасэм (KAFFED-м) пкъы хуэхъуу хэт щІыпІэ хасэхэм я лэжьыгъэращ къызыхэкІар накъыгъэм и 21-м теухуауэ щыгъуэ пэкІухэр зауэр зэрыувыІэрэ илъэсищи 125-рэ щрикъум ирихьэлІэу къехьэжьэныр. Иджы ар щхьэусыгъуэ хъарзынэ ирокъу щІалэгъуалэм и щІэжыр къызэщыгъэунымкІэ, я адыгагъэм зегъэукъуэдиинымкІэ, я лъэпкъыщхьэ хуегъэплъэкІынымкІэ.

Ди щыгъуэ пэкIухэм минипщIым щІигъу цIыху къоблагъэ, ди адыгагъэм, ди щІэнхабзэм, ди тхыдэм теухуауэ Іуэхугъуэхэр жылэ утыкухэм къыдохьэ, захуагъэм ехьэлІа джэпсалъэхэр абдеж къыщыдощІ. Хъыбарзехьэ ІэнатІэхэм къытхуащІ гулъытэм и фІыгъэкІэ, политикэ зэхэщІыкІым кІуэ пэтми зызэриІэтым и хьэтыркІэ, иужьрей илъэсхэм ди макъыр нэхъ жыжьэ дгъэІуащ, ди гукъеуэр дунейпсо утыкуми итлъхьэ хъуащ.

Мы гъэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, накъыгъэм и 21 махуэр зэрыдунейуэ зыІэщІэзубыда уз зэрыцІалэм, короновирускІэ зэджэм, щыпэщІэт лъэхъэнэм техуащ, абы къыхэкІыуи жылэр и унэ имысу мыхъуну къагъэува ардэм дытету докІуэкІ.

Адыгэ и щхьэ кърикІуа лъапсэрыхыр, абы къыкІэлъыкІуа хэкукъутэмрэ псыикІыжымрэ Урысей къэралыгъуэмрэ хэхэсыу дыщыпсэу къэралыгъуэхэмрэ къалъытэну, XIX-нэ лIэщIыгъуэм адыгэ лъэпкъым къращІылІар зэрылъэпкъгъэкIуэдым арэзы техъуэну къыхудоджэ. Лъэпкъым ди щхьэ кърикІуа тхьэмыщкІагъэ псори гъэзэкІуэжа хъун папщІэ, ди адэ хэкужь хуиту дгъэзэжынымкIэ гъэгугъэныгъэ диIэну, Урысей къэралыгъуэми дыщыпсэу къэралыгъуэми драцІыхуу, гражданствэ тIуащIэ жыхуаІэр, диIэну, хэхэсым щыпсэу адыгэхэм я бзэр, я щІэнхабзэр, я адыгагъэр хъумэным, гугъуехь зыхэтахэм теухуауэ къэрал хабзэкIэ, щIэныгъэкIэ гъэгугъэныгъэхэр диIэну дыхуейщ.

Абы къыдэкІуэу фІыщІэ псалъэ яхуэзгъэзэну сыхуейт ди «Жьынэпс» газетым и лэжьакІуэхэми, накъыгъэ 21-м теухуауэ къыдэкІыгъуэ щхьэхуэ зэрагъэхьэзырам папщІэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт а къыдэкІыгъуэр Хэкум щытрадзэ хэгъэгу газетхэм я гъусэу зэрагъэхьэзырар, зэгъусэу зэрелэжьар. Мыри лъэныкъуитІыр дызэпызыщІэ ІуэхугъуэфІщ. Нобэрей къыдэкIыгъуэм елэжьа дэтхэнэми фи гуащIэдэкI и шхыгъуэ фихуэну сывохъуэхъу. ЖыпІэнуращи, газетым бгъэдэлъ мылъку мащІэмкІэ мыпхуэдэу пщІэщхуэ зиIэ IэдакъэщIэкI утыкум къиплъхьэфыныр мыбдеж щыткъым, уеблэмэ ди лъэпкъым и пщІэр зыІэт Іуэхугъуэшхуэу щытщ.

Ди лъэпкъым и нэгу щІэкІа зауэхэми, къыхуагъэкІуа лъапсэрыхми, щІэкІа хэкукъутэми, хэкІуэдэжынкІэ хъуну къыщхьэщыт шынагъэми емылъытауэ, и лъэпкъыщхьэр къызэрызэтринэнум, и адыгагъэр зэрихъумэнум пылъынущ икІи хущІэкъунущ.

Нобэ хуэдэ мы махуэм ди лъэпкъ и щхьэ кърикІуа гузэвэгъуэр зэрытщымыгъупщэнумкІэ фІэщхъуныгъэшхуэ сиІэщ, сыту жыпІэмэ абы ди къэкІуэныр зэрелъытар хэт и дежкІи нахуэщи.

Мамхэгъ-Рахъукъуэ Йылдыз Шекерджи
Кавказ Хасэхэм я Федерацэ (KAFFED)

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz