«Ди лъэпкъым и щхьэм кърикIуар зыгъэлъагъуэщ»

0
1726

Сухум, Абхъаз Хэкум 2010 гъэм фокIадэ мазэм 27-м ягъэува фэеплъым и архитекторыр Минск шыпсэу абхъаз сурэтыщІ, сыныщІ Лакобэ Геннадий Жьынэпсым и Абхъаз лIыкIуэ Бехиджэ Баг Озвери епсэлъащ.

-УкъызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIам, гуауэ хьэлъэкIэ гъэнщIа и тхыдэм уи гъащIэм деж сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдрэ? Сыт хуэдэ гупсысэхэр хууиIэ а Iуэхум?
– ЛIыгъэ зыхэлъу зи тхыдэ гъуэгуанэр къэзыкIуа си лъэпкъ цIыкIум гуауэкIэ гъэнщIа и къекIуэкIыкIар зэрызэзгъэщIэным сыт щыгъуи сыхущIэкъуащ, уеблэмэ ар си гум щызгъафIэу сыкъэтэджащ.
СыщIэхъуэпст мухьэжырхэм я щхьэм кърикIуар къэзыгъэлъагъуэ теплъэгъуэ къэзгъэщIыну. Уеблэмэ, а гупсысэр мы сыныр ухуэным ипэ къихуэу, зэман куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, къысхуэушауэ щытащ.
XVIII лIыщIыгъуэм и кIэхэм, XIX лIыщIыгъуэм и къегъэжьапIэм, Кавказым щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми яхуэдэу, абхъазхэр дунейм текIуэдыкIыжыным нагъэсауэ щытащ. Урысейм и пащтыхьым Кавказ зауэр кърихьэжьэри, ди лъэпкъэгъухэр егъэзыгъэкIэ Тыркум ирахуащ. А Iуэхугъуэр тхыдэм къыхощ «мухьэжырхэр» фIэщыгъэцIэмкIэ.
Ирашащ ди лъэпкъэгъухэр Хэкум, хыщхьэм щызекIуэ кхъухьхэмкIэ. Мылъку щIагъуэ зыбгъэдэмылъхэр къыщIахут зыщыпсэу унэхэм, шы ягъэсахэр кърагъэгъанэт, унагъуэ псэущхьэхэр хыфIрагъадзэт. Псэущхьэхэм яфIэкIуэд, я унагъуэм щIэс цIыхухэр щалъагъукIэ, псым зыхадзэт, якIэлъесын, ялъэщIыхьэн я мураду… Акъылым пхуигъэтIасэкъым а насыпыншагъэ псор зи нэгу щIэкIахэм я гум щыхъамрэ ягъэвын къахудэхуамрэ… Шэч зыхэмылъыр аращи, лъэпкъым къехъулIа апхуэдэ нэщIэбжьэр абы къыщIэтаджэ щIэблэм хуихъумэн хуейщ, и фэеплъ къыхуигъэнэн хуейщ.

-Дауи, уэ ущыскульпторкIэ, а фэеплъыр къызэрынэн хуейм еплъыкIэ хууиIэт…
-Пэжщ, скульптору сыщыткIэрэ, сэ куэдрэ акъылкIэ сылъыхъуащ си гурыгъ-гурыщIэхэр къэзыIуатэ теплъэгъуэ къэзгъэщIыным, а лъэхъэнэ хьэлъэм хуэгъэзауэ си еплъыкIэр къэзгъэлъэгъуэным илъэс бжыгъэ куэд тезгъэкIуэдащ. Арами, си еплъыкIэр псоми ягу епщIын хуейуи апхуэдэ къалэн сыхуэзгъэувыжауэ щытакъым. Сызыхуейр зыт: илъэс е лIыщIыгъуэ дапщэ мы Iуэхугъуэм темыкIыжами, щIэблэхэм лъэпкъым и щхьэм кърикIуар зэрызыхащIэфын фэеплъ сын си IэрыкI хъунрат. Абы къыдэкIуэуи, лъэпкъым и тхыдэр я гущIэм щIыхьэу, дыкъызытехъукIахэм къагъэлъэгъуа гуеигъэр нэрылъагъу яхуищIыныр, лъэпкъгъэкIуэд къэбгъэхъу зэрымыхъунум къыхуезыджэу щытынращ.
Сегупсысащ: литературэ гъуэгум сытеувэу, цIыхухэм я фэм дэкIа а нэщIэбжьэр сюжет щхьэхуэкIэ къэзгъэлъагъуэмэ зэрыхъунум. Ауэ ар цIыху къызэрыкIуэ псоми я бгъэдыхьэ зэрыхъунум, абы къыхэкIыуи, гъэщIэгъуэн зэращымыхъунум сыкъызэтригъэувыIащ. Си еплъыкIэмкIэ, зэманым имыгъэкIуэдыфыну апхуэдэ IэрыщIхэм къару яхэлъкъым…

-АтIэ, уэ сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэр нэхъ уи гум епщIа?
-Сэ нэхъыщхьэу сызыхуеяр а къэхъугъэ хьэлъэм пкъырылъ нэщIэбжьэ иныр художественнэ IэмалкIэ къэзгъэлъэгъуэнрат: композицэ щхьэхуэ сыухуэу, абы и щытыкIэр, и теплъэм, и инагъыр екIуу къыхэсхынрат. ИкIи, аращ си лэжьыгъэр зэрызухуар.
ЖысIэнщи, фэеплъ сыным и проектыр зэпеуи 4 –м пхыкIащ, архитектурнэри хэту. ИкIи, текIуащ. Илъэс иримыкъу тезгъэкIуэдащ зи инагъыр метр 3 х 4-рэ хъу фэеплъ теплъэгъуэр ухуэным. Ар къыхэщIыкIащ жэзым. Ауэ мыбдеж нэхъ гъэщIэгъуэныр, сыным и эскизыр къэгъэщIыным илъэс 20 зэрытезгъэкIуэдаращ…

-Сыт щыгъуэ хьэзыр хъууэ ар лъэпкъым и пащхьэ щифхьар?
-Дауэдапщэ иным щIэту, 2010 гъэм си IэрыщI теплъэгъуэр Абхъазым и къалащхьэ Сохъум деж къыщызэIутхауэ щытащ. Апщыгъуэм ди къэралым и президенту щыта Багъапщ Сергей а Iуэхугъуэм къекIуэлIат. ИкIи къызжиIауэ щытащ: «Генэ, Iуэхушхуэ длэжьащ. Иджыпсту мы лэжьыгъэр дымыгъэзэщIатэмэ, дяпэкIэ дымыщIыжыфынкIэ хъунут».
Мис апхуэдэу кIэщIу президентым и еплъыкIэри къызгуригъэIуат. Псалъэмакъыр кIэщI дыдэ хъуами, абы сэркIэ мыхьэнэ ин иIэт, ди лIыщхьэм къызжиIэну зыхуеяри къызгурыIуат…

-Композицэм и гугъу щхьэихауэ къытхуэпщIамэ, ди гуапэт…
-Мухьэжырхэм яхуэгъэза фэеплъ сыным къегъэлъагъуэ шы джалэм лIы гуейр тесу, арами, шыплIэм зыщиIыгъыу. Япэрауэ, сыным и лъэныкъуэхэр зэрызэпэшэчым а теплъэгъуэ щэджащэр игъэджалэкъым. ЖысIэнщи, теубыдэгъуищым сыныр иIыгъщ. Ауэ, лъэныкъуэ псомкIи еплъи -теубыдэгъуитIым иIыгъ фIэкI къыпщыхъукъым. Шым и тхыцIэшхуэр щIыгум теIэтыкIауэ зыми имыIыгъыу къыщхьэщытым хуэдэщ.
Шым и пщэ хэшар яхуэгъэзащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм. Шууейм и Iэгур IэштIым зэрищIам егъэщыпкъэ ди лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэр, хэлъа хахуагъэмрэ быдагъэмрэ, зыри зэрызытримыгъэкIуэнур.

-Шым и лъэхэр щхьэ пыупщIа? Абы сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэр?
-Теплъэгъуэр зи нэгу къыщIэувэм нэгъэсауэ къыгурызгъэIуэну сыхуеящ къару зыхэлъ, гугъапIэ зиIэ, нэщIэбжьэ ин зи нэгу щIэкIам и образ лъэщыр. Композицэм лей зэрыхэзмылъхьэным сыпылъащ: атIэ, щытыкIэм пыухыкIа мыхьэнэ иIэу къэзгъэщIатэмэ, абы сыным и купсэм пкъырылъ къарур игъэкIуэдынут.
Шым и плъэIу инымкIэ сэ къэзгъэлъэгъуар, абы кIуэцIыслъхьа мыхьэнэр – лъэпкъым бгъэдэлъа къару мыкIуэщIращ, гужьеигъуэ щихуам зэрызэкъуэувэращ, зэкъуэтмэ, къызэрелыныр, абы гугъапIэ къызэрыритращ.

-Уи IэрыщIым пкъырылъ гупсысэр абы еплъхэм дауэ къагурыIуэмэ уи гуапэ?
-Лэжьыгъэр IэрыщI щыхъукIэ, абы езым и гъащIэ къигъэщIэжын щIедзэ, абы здрехьэкI езыр къамыгъэщI щIыкIэ щыIа къэхъугъэхэри, япэкIэ къэхъунухэри. Ар гъуазджэм и къарущ.
Абы адэкIэ, хуэму, гузэвэгъуэ ухэмыту сыным и хъуреягъыр къэпкIухьмэ, уи нэгу къыщIоувэ абы и щытыкIэм зэрызихъуэжыр. Зэм кумбым уохьэ, зэми лъагапIэ удокI. Абыхэм къагъэлъагъуэр Кавказым и бгыщхьэхэмрэ хым и толъкъунхэмрэщ. Композицэм «къекIухь», дыгъэм и теплъэгъуэ нагъыщэр иIэ мэхъу.

-Шыр зэрыджалэм, шууейр къызэремыкIурэхым сыт и мыхьэнэр, игъэщыпкъэр?
-Шууей джэлар – ар узытекIуа гуэркъым. Абы иджыри къару и мащIэкъым, текIуэныгъэми щIобэн. Мыбы игъэщыпкъэр ди лъэпкъращ, и къэралыгъуэр къигъэщIэрэщIэжыным гугъапIэ хуиIэмрэ гъащIэм зэрыхущIэкъумрэщ.
ЛIым и Iэпкълъэпкъыр и щIыбкIэ шым хуэгъэзауэ щытщ, и гупэр къеплъхэм яхузэIухащ. Мыр хуабжьу гукъутэщ. Гъуазджэм и хабзэхэр, Iэмалхэр гъащIэм къыщекIуэкIым къыщхьэщыкIыу, нэгъуэщIщ. БгъэдыхьэкIэри апхуэдэщ.

-Дауи, уи лэжьыгъэ куэд тебухуэу къыщIэкIынщ Кавказ зауэм уи лъэпкъым къыхуихьа насыпыншагъэр къэгъэлъэгъуэным…
-Пэжщ. Нобэр къыздэсами а Iуэхугъуэм сытолэжьыхь, сыт щыгъуи щIэ къыхызолъагъуэ. Иджы сызыбгъэдэт лэжьыгъэм дежи а темэмкIэ жэзым, мраморым къыхэщIыкIауэ IэрыщI зыбжанэ сиIэщ. Си фIэщ мэхъу а проектыр икIэм нэзгъэсу, къэрал зэхуэмыдэхэм я гъэлъэгъуапIэ утыкухэм исхьэну.

-Архитектурэ ухуэныгъэр хъумэным куэд пыщIащ…
-Абы шэч хэлъкъым. Сыт хуэдэ архитектурэ ухуэныгъэри, сынри кIэлъыплъын, гулъытэ щхьэхуэ зыхуэныкъуэщ. ИджыкIэ сыным и хъуреягъкIэ ягъэувауэ щыта, ар къэзыгъэунэху Iэмэпсымэхэр къэбгъэсэбэп мыхъуну Iей дыдэ хъуащ. Ухуэныгъэр къыщымыгъэнэхуакIэ, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIым деж гъуазджэм и IэрыщIыр – сыным и теплъэр, нэгъэсауэ уи нэгу къыщIэувэкъым.
КъинэмыщIауэ, хымкIэ гъэзауэ нэху къэзыгъэщI прожектор лъэрыхьитI ягъэувын хуеящ. Ахэри щыIэкъым. Абыхэм къапыкI нэхум и бзийхэр хуэм-хуэмурэ хым хыхьэжын хуейщ, Хэкур зрагъэбгынахэм я гъуэгур къигъэунэхуу, хамэ щIыналъэм – Тыркум хуэкIуэ гъуэгур игъэлъагъуэу. Ар иIэмэщ мы ухуэныгъэр нэгъэсауэ щыплъытэ хъунур. Согугъэ властым а Iуэхур зэфIигъэкIыну.

-СыткIэ захуэбгъэзэн хамэ щIыналъэ щыпсэу уи лъэпкъэгъухэм?
-Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, зэрысхузэфIэкIкIэ къывгурызгъэIуащ зыми емыщхь си IэрыщIым бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр. Нэгузыужь сыкIуэу, Тыркум сыщеблагъэкIэ, Истамбыл дежи зыщызоплъыхь, къэралым ит архитектурэ ухуэныгъэхэми, фэеплъ сынхэм соплъ…
КъысIущIэн, къызэпсэлъэн хуей къыкъуэкIмэ, сахуэзэфынущ, хэт и упщIи жэуап ястыну сыхьэзырщ. ФIыуэ фызолъагъу, си лъэпкъэгъухэ!

-Къыдэпта щIэныгъэхэм папщIэ фlыщlэ пхудощI.

 

УрысыбзэмкIэ тхыгъэ адыгэбзэм зэзыдзэкIыжар:
Абидокъуэ (Щохъужь) Люсанэ, Черкесск къалэ, КъЧР

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz