Скульптурэм и гъэпсыкIэр гъащIэм теухуащ

0
1591

“Гъуазджэм нэхъ куууэ ухэплъэмэ, зы цlыхум и lэдакъэщlэкl щlыкlэщ. И гупсысэр, и гур, и псэр къызыпкърыщ лэжьыгъэщи, и lэри хуэlэсэщ.

Гъущlапщэ Арсен къыщысцlыхум, и lэщlагъэмрэ зэфlэкlымрэ наlуэу си нэгу щlэкlащ. Ар и lэдакъэщlэкlхэм щелэжькlэ бгъэ хуарзэм хуэдэщ. Псэ жыгым и къудамэхэр абы и lэпэхэм къыдэжа хуэдэщ. Жыгым къыпыкlа пхъэщхьэмыщхьэу дыгъэпсым пэлыдхэм зыхуаший хуэдэ, цlыхухэр сыт щыгъуи абы и лъабжьэм щlэтынущ. Абы и lэдакъэщlэкlми езыми си гум къыбгъэдэкlыу яхуэсщl пщlэр гъунэ зимыlэщ. Псэ жыгыр гъуазджэм и тхыдэмкIэ хэлъхьэныгъэ инщ”, – жеlэ сурэтыщl, усакIуэ тхакlуэ Рушэн Ешреф Йылмаз…


Дэ нэхъыбэм Тыркум (Истамбыл) къыщыкуам дызрэцIыхуныр игъуэ къихуэащ лъытэ дыхъуэщ, хэхэсым дыгъэлъапIэ зышымыгъупщэж щIыпэхъэм ящыщ Картал Адыгэ хэку егъэбгынэрэ лъэпкъ гъэкIуэдырэ фэеплъым и скульптор (скъарыщІ) Гъущlапщэ Арсен Накъыгъэ 21 щыгъуэ махум папщIэ зыщыпсо Налшык тэлэфонкIэ дысылъэасащ. Арсен 1981–1987 гъэхэм В.И. Суриковым и цIэр зезыхьэу Мэзкуу дэт къэрал Академическэ художественнэ институтым щеджащ, ар къыщиухым ищIа диплом лэжьыгъэм папщIэ СССР-м художествэмкIэ и Академием и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. ЕджапIэр къиуха нэужь дзэм къулыкъу щищIащ икIи а лъэхъэнэми скульптор (скъарыщІ) Iэзэм и IэщIагъэм пэIэщIэ зищIакъым, уеблэмэ хоккеист цIэрыIуэ, Урысейм спортымкIэ и министру щыта Фетисов Вячеслав и сурэтыр ирагъэщIащ.

1991 гъэм Урысейм художествэмкIэ и Академием и дыщэ медалыр къызэрыратам папщIэ, ГъущIапщэр и зэфIэкIым зыщригъэужьыну Италием ягъэкIуауэ щытащ. 2006 гъэм Урысейм и художникхэм я Союзым, 2010 гъэм – художникхэм я дунейпсо Союзым хагъэхьащ.

2010 гъэм ГъущIапщэм къыхуагъэфэщащ художникхэм я дунейпсо Союзым и дыщэ медалыр. Хы IуфитIыр зэпызыщIэу ИстамбылакIуэхэм я фэеплъ ухуэныгъэхэм я проектыр зэрищIам папщIэ, ар 2012 гъэм Урысейм художествэмкIэ и Академием и член-корреспонденту хахащ.

ГъущIапщэ Арсен 1963 гъэм Къэбэрдейм, Къуэшыркъуей (Кенжэ) къыщалъхуащ. Бынищ иIэщ: Щымыи адыгэбзэр ящIэ. И хъыджэб Данэ школым щоджэ, щалъитIыр Къандэмырэ Инармасрэ Истамбыл Озегин (Özyeğin) университетым архитектор факультетыр къаухэщ. Иджэпсту икуитIыр и гусэу Шэджэм дэтыну сурэтыщI КIыщ Мухадин и музейм и проектым йолъэжьхэ. Картал дэт фэеплъ «Псэ жыгым» зытетынум и щIыкIэр яубзыхуащ.

-Накъыгъэм и 21-м и фэеплъым и дизайныр, “Псэ жыгыр” къызэрыхъуар къыджепIэкъэ…
2001 гъэм «Псэ жыгым» япэ сурэтыр сщIащ (шамот, 60 см.). Ар «Псэ жыг» серием и пэщIэдзэ хъуащ. Абы къыкIэлъыкIуа «Псэ жыгыр» бронзэм къыхэсщIыкIащ (60 см.). Ар зэхьэзехуэм щытекIуэри 2004 гъэм Налщыч къалэ, Урысей-Кавказ зауэм (1763-1864 гъэхэм) хэкIуэдахэм я фэеплъу дагъэуващ (бронза, 7 м.). «Псэ жыгым» къыгуэкIу къудамэ блырыблу сатыритI докIуей, адэмрэ анэмрэ я зэрыз. Абы къикIыр адыгэм «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуиIэр аращ, унагъуэ здэбухуэну цIыхур бжьиблкIэ мынэхъ мащIэу лъыкIэ упэжыжьэн зэрыхуейр аращ. «ЩIым къыхэкIри щIым хыхьэжащ» жыхуаIэм хуэдэу, сатыритIу дэкIуей къудамихыр жыгым и пкъым къыхокIри абы хохьэж. Жыгым и щхьэкIэ дыдэм тет къудамэ нэхъ цIыкIухэр, къэтIэпIын къудейуэ дыгъэм зыхуаший хуэдэ, уэгум етащ, лъэпкъым и къуэпсыр зэрымыгъужам, адыгэм и псэ жыгыр иджыри зэрыдэкIейм и нэщэнэу. Жыгым и адрей лъэныкъуэмкIэ бынжэу тху тетщ. ЗэрытщIэщи, бынжэр Iэпкълъэпкъым и узыншагъэм и нэщэнэщ, ар мыузыншэмэ, Iэпкълъэпкъри узыншэнукъым. А гупсысэм къыхэкIыу, бынжитхур лъэпкъым дяпэкIэ щIэблэ узыншэ къызэрыщIэхъуэнум и нэщэнэу «Псэ жыгым» тещIыхьащ. Скульптурэм и гъэпсыкIэр зыужьыныгъэм, гъащIэм теухуащ. Зауэм хэкIуэдахэм я псэм щIэтар лъэпкъым и къэкIуэныращ. Аращ мы фэеплъым Iэщэ сурэт е зэуэлI теплъэ щIыхэмытыр.

-АтIэ, Истамбыл щыпщIа “Псэ жыг” проектыр дауэ зэрыефIэкIуар?
2012 гъэм Истамбыл и Картал хьэблэм илъэс къэс щрагъэкIуэкI симпозиумым къыщагъэлъэгъуа скульптурэ щитхум щIигъум щыщу 10-р къыхахащ, «Псэ жыгри» хэту. Дыздэлэжьэнури дыздэпсэунури хэплыхьауэ фIыт. Мрамор зэбгъузэнатIэу метрищ, пIалъэу махуэ тIощIрэ зырэ. Лэжьыгъэр щызыухым, архитектор Осман Гюдурэ сэрэ дызэгурыIуащ «Псэ жыгыр» къэралым и унафэкIэ Урысей-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу дгъэувыну. Къаруушхуэ текIуэдами ар къехъулIащ накъыгъэм и 18-м 2013 гъэм щыгъуэ щIэж махуэм Картал хьэблэм и унафIэщхэри и тхьэмадэ Алтынок Оз хэту зыIутхащ.

«Хэхэсхэр» фэеплъ музейр

Истамбыл сикIри Израилъ адыгэ къуажэ Кфар-Кама сыкIуащ я мэрым «Псэ жыг» фэеплъыр къуажэм дагъэувэну сыгурыIуащ. Абы сикIри Иорданием сыкIуащ абы я адыгэ хасэм и тхьэмадэм сыгурыIуащ я пщIантIэм «Псэ жыг» фэеплъыр дагъэувэну. ИтIанэ Тыркум къэзгъэзэжри накъыгъэм и тIощIрэ тхум Самсун къалэ адыгэ пэкIум абы я мэрым ИстамбылакIуэ фэеплъым и проектыр езгъэлъэгъуащ.

Зи гугъу сщIы проектым ипкъ иткIэ, мывэ шур-Сочи деж, Тырку лъэныкъуэмкIэ хуэплъэу, сабиитI зыбгъэдэт анэр-хэкумкIэ къаплъэ-къехъуапсэу Тырку лъэныкъуэмкIэ къыщыту ягъэувынущ. А фэеплъ ухуэныгъэхэм я кIуэцIыр музейуэ щытынущ.

-Фэеплъ музеймкIэ сытыт уи гугъэкIыр?
Накъыгъэм и тIощIырэ зым адыгэхэм дуней псом щIэж махуэ щрагъэкIуэкI. ДэнэкIи зэрырагъэкIуэкIыр зытехуэкъым. Абы щхьэ гупсысэ щыIэщ «Псэ жыгыр» зытетыр спиралъу къекIуэкIу щIауэ щIэж махуэм дей къэкIуахэр дэкIуэипIэм и бгъум тету къекIуэкIу «Псэ жыгым» деж загъазэу дэкIуэипIэм и кIуэцIымкIэ къехыжыну зэрыдекIуэям хуэдэу. А щIыкIэм псалъэмакъ лъеймрэ ди мыхьэлъхэм дыщихъумэнщ (https://www.youtube.com/watch?v=Y-qwg2FvjBk). Апхуэдабзэу екIу хъунущ унагъуэ яухуэну мурад зыщIа ныбжьыщIэхэм я хьэгъуэлIыгъуэ махуэм жытIа хабзэм тету «Псэ жыгым» деж къакIу зауэм хэкIуэдахэм пщIэ хуащIыну.

«Псэ жыг» фэеплъым и серием и гупсысэ нэхъыщхьэр адыгэхэр куэду здэщыIэ къэрал, республикэхэм «Псэ жыг» фэеплъыр я инагъкIэ, къызыхэщIыкIамкIэ, теплъэмкIэ зэхуэмыду щыгъэувыныр. СурэтыщI IэщIагъэм щапхъэ хэткъым, за Iуэхъугъуэм щIыпIэ зыбжанэ я инагъкIи, къызыхэщIыкIамкIи зы фэеплъ ягъувауэ. Апхуэдэ щIыкIэм гулъытэшхуэ игъуэтынущ, сэбэп хъунущ, цIыху нэхъыбэм адыгэ лъэпкъыр фIыкIэ къыригъэцIыхуну, езы адыгэхэри нэгъуэщI нэкIэ зэплъыжынщ я зыхэщIыкIри нэхъ куу хъунщ.

-Дэ (Адыгэхэм) дауи гъуазджэхэм этническэ нагъыщэхэр хьэлъыну дыпоплъэ, мы дызыпэплъэм фэ зы зэвыгъэ, зы гъунэ къыфхуритхъэрэ, хьэмэрэ гъуазджэу фи Iуэху еплъыкIэкIэ хуиту зыфлъытэрэ?
Лъэпкъ IэщIагъэр къызэрыбгурыIуэм елъытащ. Лъэпкъ фащэ е и хьэпшып гуэр я теплъэхэр сурэткIэ къэбгъэлъагумэ къикIыр мащIэщ, ауэ гупсысэкIэ убзыхуа сурэтыр лъэпкъ IэщIагъэм щхьэщокIри нэгъуэщI лъэпкъхэми къагуроIуэ, зыхащIэ.

Псэлъагъуэ – Дуней хъуэж

-Мы лъэхъэнэ гъунэгъхэм нэгъуэщI фэеплъ лажьэгъэ фиэщ зэрытщэмкIэ…
2018 гъэм Псыхъурей къуажэ деж Къайтыкъуэ ТIуащIэ щIыпIэм «Псэлъагъуэ. Дуней хъуэж» (гранит, 3 м.) фэеплъ къыщызэIутхащ (https://youtu.be/cfyujBvhesw). Фэеплъыр зытеухуар мы щIыпIэм жэпуэгъуэм и 10-м 1779 гъэм щыхэкIуэда къэбэрдей пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. Ахэр цIыху 300-400 хъут куэдкIэ ебэкI Урысей дзэм, къалмыкъхэм, казакъхэм топхэр ящIыгъуу жэщым къаухъурейхьащ. ХэкIыпэ зимыIа адыгэхэм зэрахабзэу гъэру затын ядакъым, я Iэщи ягъэтылъакъым, зыри къелъакъым. Фэеплъым къигъэлъагъуэр абдеж хэкIуэдахэм ажалыр къазэрыщыхъур дунейхъуэжу. Дуней нэпцIым икIу дуней пэжым зэрыкIуар. Фэеплъым псыхъуэ мывэ хъуреибл къокIуэкI. А мывэхэр фэеплъыр къыщызэIутхым къэкIуахэм зытралъхьэжащ. Мыбы текIуэда мылъкур къызэзытар си ныбжьэгъу Хъуэкъуэн Арсенщ.

-Къыдэпта лэжьыгъэхэм, жылагъуэ Iуэхум къаруушхуэ хэзылъхьэ уи IэдакъэщIэкIхэм папщIэ фlыщlэ пхудощI Арсен. Уигу илъ проектхэр къохъулъэнкIэ гурэ псэрэкIэ дыпхуолъаIуэ икIи зыныпщIыдогъакъуэ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz