Гуауэм игъэдия гу (2. Bölüm)
Hatsıku Raye, büyük bir aşkla başlayıp hayal kırıklıklarıyla devam eden, Mekuawo Amir’in “Umutsuzluğun Soğuttuğu Yürek” adlı öyküsünü Adigeceye çevirdi.
Сэ къысхуэгъуэтыртэкъым абы и псэм и увыIэпIэр, и гупсысэр здынэс гъунапкъэхэм я жыжьагъыр къысхуэхутэртэкъым, а зэIумыбз псом къыдэкIуэу щIым щызекIуэ ди унагъуэ Iуэхухэр зэрызэтригъэувэнур дауэми къэщIэгъуейт. Зи чэзу Iуэхур кърихьэжа нэужь ди унэм къекIуалIэ цIыхухэр къыздрихыр къызгурыIуэртэкъым. Ахэр си дунейм къытезэрыхьырт, сымыцIыхурэ симыIыхьлыуэ, цIыхугъэншэу си гъащIэ мамырыр зэхатхъуэну хуитыныгъэ къыздрахар мыгурыIуэгъуэу. Уэрэдус цIэрыIуэм и Фонд къызэIуихати, асыхьэту ди унэм щIэз хъуат а уэрэдусым и макъ хъырхъым узэщIэзышэ къару зэрыхэлъым, нобэрей щIалэгъуалэ ткIиягъ зыхуэчэмыр абы и щапхъэм зэрыхуэныкъуэм сыхьэт бжыгъэкIэ тепсэлъыхьыф щIалэ гъэщIэгъуэнхэр. Лъэпкъ фащэм и фестиваль зэхашэну мурад ящIати, телефонымкIэ кIыхьу модельер щхьэзыфIэфIым гуригъаIуэрт дауэдапщэм и екIуэкIыкIэнум имызакъуэу, фащэхэм яIэн хуей теплъэри. ИтIанэ къытхуэкIуащ тутыныр куэду щIэзыш тхакIуэхэр лъэпкъым къикIуа гъэгуанэ гукъутэр къызыхэщыж, и тхыдэ пэжыр щызэфIэгъэувэжа тхылъхэр къахьри. Ахэр си щхьэгъусэм езым и ахъшэкIэ къыдигъэкIыну зигъэхьэзырырт. Лъэпкъ уэрэдыжьхэр яIыгъыу къытхуэкIуэу щIадзат лIыжь уфа гуп, зэрищIым нэхъыфIымкIэ чэнджэщыр куэду кърату, щIэкIыжа нэужь сигу темыхуэ жьыкIэфэкIэмэр пэшым къыщIанэу. Ди унэм къекIуэлIахэм щыщт латиноамерикан къафэхэм дахьэха щIалэгъуалэ щыпкъэхэри укIытэурэ шей ефэн зымыдэ спортсменхэри, япэхэм къыщыфэн пэш яхуейт, етIуанэхэр зыхуейр зэпеуэм зэрыкIуэн ахъшэт. Я гъэсакIуэхэм къагъэкIуа мо щIалэ бланэхэр укIытэхыу бжэм деж щытт, ахъшэр къыщыхущIахынум пэплъэу. «Си жагъуэ зэрыхъунщи, Фондым иджыпсту ахъшэ зыри илъкъым, ауэ мыр нэгъуэщI мыхъуми гъуэгупщIэ фхуэхъунщ», – жиIэрти, къытхуэнэжа ахъшэ тIэкIур яритырт. ИтIанэ куэдрэ никIукI-къикIукIыу пэшым щIэтт, си нэм къыщIэплъэну дзыхь имыщIу, икIэм икIэжым къызжиIэрт: «Умыгузавэ, иджыри къэзлэжьынщ, ари куэдыкIейуэ». Ауэ ар сэ си фIэщ хъужыртэкъым.
Зэзэмызэми еIубауэ къэкIуэжт, нэжэгужэу, япэм ещхьу гуапэу, и жыпым ахъшэ зэкIуэцIылъхэр кърихт, зэкIуэцIихти си щхьэм кърипхъыхт. Сэ сыгуфIэу ахэр къэсщыпыжт, пщэдей кърисщэхунум сегупсысу, езыр ди гъунэгъу хъыджэбз цIыкIум къеджэрт дэ дыкъэсыжыху ди пхъум бгъэдигъэсыну. Си Iэр иубыдырти, зысхъунщIэми къимыгъанэу, унэм сызэрыдэс щыгъынымкIэ машинэм сригъэтIысхьэрти и ныбжьэгъухэр къыщытпэплъэ къалэ щIыбым сишэрт. ЯтIэ гъуэгу нашэкъашэм дытетурэ мэзылъэ Iуащхьэм и лъабжьэм дынэсырти, абдеж иIэ хуейхэм языхэзым къыщытпэплъэрт сымыцIыху зыкъом зыпэрыс Iэнэ ухуа. Абыхэм губгъуэ удз гъэгъам къыхэщIыкIа тажкIэ си щхьэр ягъэщIэращIэрти мэз гуащэ цIэр къысфIащыжт. Нэжэгужагъэм и къызэщIэплъэгъуэм ирихьэлIэу гъунэгъу Iэщ фермэм зы щIалэ къикIт шы уанэ зэтелъитI къишэрти, къыддэIэпыкъуурэ абыхэм дытригъэтIысхьэрти, шым я шыфэлIыфэр къыджиIэурэ, дэ диутIыпщырт, езыр къызэрыгъэплъа гупым пIащIэу яхэтIысхьэрт. Дэ хуэмурэ къалэ жеижар хуиту здэплъагъу Iуащхьэм дыдэкIырти вагъуэбэ уафэм и лъабжьэм щызэхуэтщI ба кIыхьым ди ныбжьхэр щызэхыхьэжырт.
Арати аргуэру къызэрыгуэкI гъащIэм щIидзэжт, псэуныгъэкIэ зыми дакIэлъыщIэмыхьэу, унагъуэр зыхуей хуэмызэу къысщыхъуу зэи сызыхэмыкI гузавэм сыхыхьэжт, хамэ къэрал зыплъыхьакIуэ дыкIуэным и гугъу умыщIыхэ, куэд лъандэрэ абы сыщIэхъуэпсу икIи сыкъагъэгугъауэ щытами. Ныкъуэкъуэнри къэзгъэнэжат гурылъ хэха гуэр иIэу, абы хуеIэу зэрыщымытыр, и фэм дэмыхуэн зэрыпхуимыщIэнур къызгурыIуа нэужь – езым и жыпхъэ гуэр иIэжти, хэт щхьэкIи ар ихъуэжыну зигъэхьэзыртэкъым. «Псори езыр-езыру зэхуэхъунущ, ущIэпIэщIэн щыIэкъым» е «ЦIыхум нэхугъэ къыпихыу псэун хуейщ, армырамэ и псэукIэр пцIыщ» щыжиIэхэм деж сыкъытехьэу щIэздзащ. КъызгурыIуэхатэкъым гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI зауэм кIуэну мурад щищIам. Зауэм и бынхэм ятрихыну, тетхыхьыну хуейт, сабийхэм я нэм зэрилъагъумкIэ а щIыпIэм щекIуэкIым и шынагъуагъымрэ мыхьэнэ зэримыIэмрэ къигъэлъэгъуэнут. Сыгупсысэурэ, сэ фIыуэ сыкъимылъагъуу, и щхьэмрэ дэзыхьэх Iуэхухэмрэ нэмыщIауи зыри хуэмылъагъуну къысщыхъужат.
Ди дунейм зиIыгъыфакъым, ебэщ, хуэмурэ зыщIиупскIэри ди унэ лъабжьэм пэгъунэгъуу ина псым хэукIуриящ. ЩIы щIагъым щIэлъ кIапсэхэр зэрахъуэкIыну къыщатIам къэна кумбыр псым хэщIапIэ хуэхъуауэ арати, куэдрэ щытащ уэрамым сыдэплъэмэ и ныбжьыр а шэдыпсым къытридзэу слъагъуу. Ди псэукIэр зэзмыгъэщхь къэнэжыртэкъым абы и щIыIу удзыфэу тегъуэтыкIам сеплъу сыхьэт бжыгъэкIэ сыщыщысым деж. ГъащIэ насыпыфIэм хузиIа хъуапсэр а псэ зыхэмытыж псым хэхуэу хитхьэлыхьауэ къысщыхъурт. Абы щыгъуэ сэ къызжьэдэкIыу абы езутIыпща псалъэхэр къыздисхар къысхуэгъуэтыжкъым, къытезгъазэу зэрыжысIэжыфыни дунейм теткъым. Удын хуэхъуати, зыгуэр къызыгурымыIуа сабийуэ къызэплъри, щэхуу бжэр къыхуищIыжащ. Си гугъат жеижын ипэ тIэкIу къикIухьыну щIэкIауэ. Зэи къимыгъэзэжыну бзэхащ.
СщIэжкъым, сыт хуэдэ Iуэхум ирихьэлIэу къэкIуат ахэр. Сэ зыкъом щIауэ щытыкIэ хьэлэмэт гуэрым ситт: сыхуэмысакъыу зы лъэбакъуэ счыху сыздэщыIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пэIэщIэ сищIт, хамэ къэрал мыцIыху гуэрым и гъунэгъуу кхъухьлъатэ къехуэхыу тенджызым хэхуауэ зэхэсхмэ, си акъыл арыншами гузэвэным иригъэшар къигъауэрт, икIи дапщэми ар мыл къутахуэурэ Iэуэлъауэншэу къещэщэхыжырт. Ауэ ахэр къызэрыкIуэнур сщIат икIи сапэплъэрт. Махуэ куэдрэ жэщ куэдкIэ уафэм къарууэ щызекIуэу сщIэхэм селъэIуат и хъыбар гуэр къысIэрагъыхьэну. Уэлбанэ пщыхьэщхьэм мыцIыху гуэр бжэм къытеуIуэн нэхърэ нэхъ сызыщышынэ а зэманым щыIэтэкъым, ауэ итIани сыпэплъэ зэпытт. А тIур бжэм къыщыIухьам сыт щхьами си нэм плIимэ зэблэшахэу къащыхъуат, гузавэмрэ пIейтеймрэ зэуэ къыспкърыхьэри сымыгупсысэжыф сыхъуати, сщIэнуми жысIэнуми сыхэзэрыхьыжат, зызэрысIыгъынур къызгурыIуэртэкъым, япэу зэжетIа псалъэхэри къысхуэгубзыгъыжыркъым. А тIур мэлэIычу – хужьу хьэмэрэ фIыцIэу? – насыпым и джакIуэу къыщIэкIынкIи хъунут, нэхъ цIыкIум и нэ плъыжь хъуар куэдыIуэрэ мыупIэрапIэу щытамэ (ныкъуэдыкъуагъэ игъуэта хъунщ, жысIат), адрей нэхъ щхьэпэлъагэм машинэ дагъэм къицIэла и Iэр имыIуэттэмэ, и гъуэншэджым къыхэщ дыжар укIытауэ кIэстум кIапэмкIэ щIимыхъумэтэмэ. ТIури диваным и дзакIэ дыдэм тест, зызэракъузылIэжауэ, шей, варенье, пряник зытет стIол цIыкIум бгъэдэсу, темыгушхуащэурэ хъунумэ щIэупщIауэ, тутын ефэрт. Нэхъ цIыкIум псэлъэн зэрыщIидзэу пэшым щIэз хъуащ зэхэуэ макъыр, сымыцIыху бзэкIэ псалъэ цIыхухэр, дэIэпыкъуэгъу къэзылъыхъуэхэм я кIийр, шэ уахэм я мэр, ахъшэ щхьэкIэ зэдауэ зауэлIхэмрэ хъунщIакIуэхэмрэ. ИтIанэ зы лъэныкъуэр адрей лъэныкъуэм теуэри зэрызехьэ къэхъуащи, хэт дэтхэнэм гуэтми яхузэхэхыжыркъым, зыгуэрурэ къаIэщIэкIыу зэкIэщIэпхъауэ къыщIэпхъуэжахэм автоматкIэ къакIэлъыуэри зыкъомыр хаукIыкIащ – я насыпыр къикIакъым. Ауэ лIыхъужьыгъэкIэ ахэр мыдрей къелауэ зауэм къакIэрыхуркъым. Сыкъыщымэхар сыт хуэдэ псалъэм иужькIэми сщIэжыркъым, ауэ си щхьэм зы гупсысэ закъуэ егъэлеяуэ къыщыныкъуэкъуащ: а зи насып къимыкIахэм яхэхуащ си щхьэгъусэр – си лъагъуныгъэр, си псэ закъуэр, си дунейр. Си нэм къытелъадэ нэпсым зыри сигъэлъагъужтэкъым, тхьэ селъэIурт, тобэ къэсхьыжырт, щIэкIыу ежьэжа сымыцIыхухэм «къысхуэвгъэгъу» яжесIэрт.
НапIэзыпIэм махуэшхуэм щынэжэгужэ хьэщIэ зэрызехьэхэр зэщIэдиери пыхахуэ щауэ зэхэщэщэжащ, щIым щамыцIыху жьы къащIэпщэри псыIуфэ дыгъэ зегъэупIэр, цIыхухэри и гъусэу, зыри зыщымыгъуазэ щIыгум ихьащ, кIэ зимыIэж уэшхым си хытIыгу цIыкIу закъуэр щIихъумати, кхъухь къэгъэнауэ, пхъэзэфIэбдзэ къудей сыкъригъэлыну зыми къызитакъым.
Ар мыхъунщ, апхуэдэ щыIэн хуейкъым, нэгъуэщIхэм къащыщIынкIи мэхъу, ауэ абы къыщыщI хъунукъым!
Iушэ хъуа бжэр IэкIэ сеуэри Iузудащ, бжэри игъэузари зыхэзмыщIэу, дэкIуеипIэхэм сожэх сызытеувэр сымылъагъуу, щIэкIыпIэм сызэрынэсар къызэрысщIар къысIурыуа щIыIэмкIэщ. Си IэгумкIэ нэпсыр еслъэщIэкIащ – бжаблэм къощ си цIыхугъэ ныбжьитIыр. Лъэбакъуэ тIощIкIэ бжэм пэжыжьэу уэздыгъэ пкъом кIэщIэтт я машинэр, ауэ занщIэу уэшхым хэмыхьэфауэ, зыгуэрым топсэлъыхь. Блыным къыхэкI пэум сыкъуэуващи, къызгурыIуэжкъым сыкъыщIыщIэпхъуар, сыт яжесIэну сызыхуеяр – си щхьэм псори щызэхэзэрыхьыжащ цIэи, щхьэи, дамыгъи ямыIэжу. ЦIыхухъу нэхъ цIыкIум тутыныр щIыгъанэри зэуэ и къарур хилъхьэу щэIуащ аддэ и псэ щIагъым къыщыдришейуэ. «Э-э-эх» жиIэу зэкуэфэуэжауэ къыщIэкIынущ, итIанэ къэпсэлъащ зыхузэгуэпыжу: «Сытегушхуэфакъым зэрыщытар жесIэну. Сытым щхьаи сыкъэкIуа сэ мыбы?» – «Уэ укъыщIэкIуар гурыIуэгъуэщ, – жеIэ адрейм. – Сэ сыкъыщIэплъэфар сыт? СфIэфIкъым гущхьэкъутэ слъагъуну». – «Сэ сфIэфI? Зыгуэр си гъусэмэ, нэхъ сытегушхуэн си гугъат. Уэри жыпIэжыфынтэкъым апхуэдэ. Иджыри къэс зы цIыхум схужеIэжакъым сэ ар. Си кIуэцIым илъу къызохьэкI. Сигу къэзгъэкIыжу щIэздзэмэ, а узижэгъуэнхэм къытригъэзэжыну къысщохъу». – «Дауи ирехъуи сыт а щIалэм къыщыщIар? ЛIо, зауэм хэмыкIуэдауэ ара?» – «Аракъым Iуэхур здэщыIэр: хэкIуэда, хэмыкIуэда, аракъым. Абы цIэ иIэххэкъым, къыбгурыIуэрэ. ЦIыху акъылым абы цIэ фIищу зищIысыр игъэбелджылыжыну къитIэсынукъым. Ар… сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар а махуэхэм мы щIым щекIуэкI гъащIэм хэкIри нэгъуэщI дуней кIуэжат. ПщIэркъэ-тIэ, фIыцIагъэ лъапIэхэм зэратыр… и нэм зы шынагъи зы гукъеуи къыщIэмыщу… цIыху щытыкIэу жумыIэну зыри къыфIэIуэхуххэтэкъым, зыри щайуэ къримыдзэ хуэдэт. ИкIи а щIыунэ жыхьэнэмэм дыщаIыгъым а зырат гузэгъэгъуэ гуэр къызыпкърыкIыр, ар мыхъуамэ зы къелынтэкъым. Дэ къызэрытхущытыр… уэри къыбгуроIуэ – зэухылIэныгъэкIэ дызэуэну дыкIуат. ХъунщIакIуэхэр ахъшэ хуабжьу хуэныкъуэт абдежым. Дыдейхэм дыкъращэжыну зэпсэлъэн хуей мыхъуамэ, занщIэу дызэпкъратхъынут. Ауэ абы щIэшынэн бгъэдэлътэкъым, ар ди гъусэуи яубыдатэкъым, зауэм теухуа тхыгъэхэр игъэхьэзыру арат – лIот абы епщIэнур, хэтыт лей зрихар? Зэрымыгузавэм зы хъунщIакIуэр, зызыгъэIэтащхьэхэм ящыщу, ирибампIэрт. «СлIо, жиIэрт, ажалым ущымышынэу зыкъэбгъэлъагъуэу ара? Сэ укъысщышынэркъым, ара? Укъызэмыплъ икIи апхуэдэу, жиIэрт, уи нэр пхуисщIынщ». Дыдейхэм щэхужыпщIэр ягъэгувэрти, мохэр къэгубжьащ. Арати къыщIохьэ а хъунщIакIуэр зы махуэ гуэрым, етарэ и бзэмкIэ зыгуэрхэр кIийуэ жиIэу, дэ зыри къыдгурыIуэртэкъым, къыдгурыIуэми, шынэр къыттекIуауэ ди щхьэр лэжьэжтэкъым. Мор щэхуу плIанэпэм дэсти, къеубыд… пщIэрэ, зэи сщыгъупщэнкъым абы и нэгур зэрыщытар… сабийм хуэдэу зэхэзещхъуэну, мазитI мэхъури щIыунэм дисщи, абы иджыри зыри къыгурымыIуа хуэдэт. Зэ си къуэм сеуат. Сеуат, къызыхэкIари си Iуэху зэкIэлъымыкIуэхэрат, зыри къыгурыIуатэкъым. Мис абы и нэгур зэрыхъуам хуэдэ дыдэт мыбы ейри… Си Iэр пызупщIыжынт, зэи зыхуэзгъэгъужынукъым ар… НтIэ, хъунщIакIуэр къыщIыхьэри куэдрэ кIиящ, итIанэ мор щхьэцыкIэкIэ къиубыдри ди пащхьэм кърилъэфащ. Ди гъусэ зырэ сэрэ лъэныкъуэкIэ дыщыст хъыданыжь къэдгъуэтамкIэ ди уIэгъэр тпхэуи, мор ди лъапэм деж къигъэтIылъри сэшхуэжь кърихащ. АдэкIэ къэхъуар хъарпшэрущ зэрысщIэжыр. Сызэгупсысар сощIэж: дэ хы дохъу, мыр зыщ зэрыхъур, бжэм адэкIэ куэдыжьу къыщытхэуи сощIри, мыр иджыпсту зыщ, зыгуэр щIэн хуейщ, дымэлкъым дэ, икIэм икIэжым. Аращ, адэкIэ зыри сщIэжкъым, зы напIэзыпIэкIэ зыкъэсщIэжат си лъэпхъуамбэхэм абы и лъы пщтырыр щызыхащIам. Лъыр и пщэм кърикIыкIырт, сэ си лъакъуэр згъэхъеящ IузгъэкIуэтыну, ауэ къысщIэкIиящ «не убирай нога, шакал, смотри!», сэ сыдиящ, мылым хэщтыхьам ещхьу щIыIэм сисащ, мобы и нэ ужьыхыжым соплъ, янэхъыкIэ зигъэхъеякъым, зыкъритIэнуи ауэ игу къэмыкIа, мис а и сабий зэхэзещхъуэн плъэкIэ закъуэрат…»
Мис аращ зэхэсхар. Си гъунэгъуу зыгуэр зэтеджэлащ. Джэлар зэрысэрар къызгурыIуатэкъым. Къысщыхъуат щIыхьэпIэбжэр жьым иридзылIауэ, е ди гъунэгъу подъездым щIэс щIалэ цIыкIухэм шэпхъ къагъэуауэ… Сэ си лъэ макъыр зэхэсхыжу пэш нэщI гуэрхэм сыкIуэцIырыжырт лIитIым сакIэлъыщIыхьэну сыхуейуэ. Уэшхым псыф ищIа ятIэ лъэгум си лъакъуэр тецIэфтырт, нэхъ псынщIэ зысщIыну сеIэрт, ауэ хъуртэкъым – ныбжь фIыцIэхэр зэрыжыжьэт. Абдежым гу лъыстащ и щхьэр нэщхъейуэ ирихьэхауэ блыным бгъэдэт шым, уани зэрытемылъу, шхуэ зэрыпщIэхэмылъу зытездзэщ зисчри губгъуэ нэщIышхуэм силъэдащ. ПсыIагъэ зыщIэлъ жьыр нэкIум къеуэрт, уэздыгъэ щэщам и къутахуэ цIыкIухэр, бзу лIахэр, бжьыхьэ тхьэмпэ гъуэлэжахэр, газет чэтхъахуэхэр нэгъуэщI пхъэнкIийхэри кърихьэкIыу. Сэ къэзжыхьащ, си шыр лъэпэрапэу и псэр хэкIауэ джэлэху. Сыкъыщылъэтыжащи, сыгубжьауэ къыздикIари сымыщIэу къысIэщIэхута щIопщымкIэ шым соуэ, къэтэджыну селъэIуурэ. Ауэ ар хъейркъым. ИтIанэ сыгужьеяуэ къызолъагъу сызэуэр шым и джабэ ягъуар зэрыарар, гу лъызотэ куэд лъандэрэ лIа шым и щхьэкъупщхьэ гъуабжэм къыIущ дзэхэр ауаныщIу зэрызэтешам. Мис абы щыгъуэ къызгурыIуащ жыхьэнэмэм и дыхьэпIэу хъуар зэрызэIукIар, сэри щымыIэжыным и гъунэ дыдэу лъагъуныгъи, гъащIи, ажали здэщымыIэм сыкъызэрыщыхутар…
ЗыщIыпIэ деж насыпыфIэхэм жызум Iэрамэхэр къыпачыж, хъупIэ бэгъуахэм я Iэхъушэхэр къыхэмыщтыкIыу щагъэхъу, я сабийхэр ягъэпскI, мафIэ ящIауэ мэпщафIэ. Адэ жыжьэу лъагъуныгъэ дахэм теухуа фильм щытрах, парус къэбырыбахэр, кхъухь зыкъизыххэр хэту, бостей дэгъуэхэр яд, зыплъыхьакIуэ йожьэ, фIылъагъуныгъэ зэхуащI, гъэмахуэ уэшх хуабэм хэту къажыхь… Сэ сызыхуейр ар си гъусэу слъагъуну аркъудейт, Iэ пымытыжми, лъакъуэ имыIэжми, коляскэм исми, лошкэкIэ згъэшхэнт, сэр нэхъ цIыхубз насыпыфIи дунейм тетынтэкъым. Ауэ аддэ зыщIыпIэ деж, илъэс къатибгъукIэ щIым уикIыжмэ щыIэ быдапIэ фIыцIэ ныкъуэкъутэм щIэтщ вагъуэхэм я сабэ цIум къыхэщIыкIа пхъуантэ цIыкIу, абы щыгъэпщкIуащ си къуаншагъэр. Къысхуэгъуэтыжынукъым, сылъэIэсыжынукъым, схуэгъэзэкIуэжынукъым…
Языныкъуэхэм жэщыбгым Iэуэлъауэ гуэр къохъури пэш гъунэгъум къыщыхощтыкI дуней жеижар, вагъуэхэр зэкIэщIокIри, нур хьэлэмэтыр щхьэщыту ди пхъур къыхокI жейм къыхиха гуфIэр и нэгум иту. «Мамэ, – жеIэр, и Iэгу цIыкIухэр дэгъэзеяуэ иIыгъыу, – сэ мыпхуэдэу сщIа къудейт, си Iэгум илъэтри бзу цIыкIу куэд дыдэ лъэтащ, лъэтащ, лъэтащ.
Зытхар: Мэкъуауэ Амир
ЗэзыдзэкIар: ХьэцIыкIу Рае
***
ЦIыкIужьей и хытIыгу (1. Bölüm)
Anne-babasını trafik kazasında kaybeden minik Luse ile yaşıtı olan komşusu Timur’un ormanın derinliklerinde Oki-fioki’yi aramalarının hazin öyküsü… Mekuawo Amir yazdı, Adigeceye Hatsıku Raye çevirdi.
Адэм и пхъащlэсэмкIэ пхъэм сэшхуэ къыхиупсыкIыу Тимур гуэщым щIэтт. Я куэбжэпэм къыIухьа машинэм и макъыр щызэхихым, сэр стIол къыдэгъэжым дилъхьэжщ, пхъэхыр блыным къыхэпlиикl гъущIIунэм фIидзэжри, пхъэбгъу зэхуакум дэплъу уващ.
Зи нэгум гуауэ ит цIыху зыбжанэм зэпаlыгъыу бэкъулэушитI унэм щIахьэрти, абыхэм якIэлъыплъурэ фIэхьэлэмэту гу лъитащ я лъакъуэхэр асфальт щIыIум текIэзызыхь гъуэз пщтырым зэрыхэнэр. Бэкъулэушхэр зыхьхэр Iэнкуну къызэтеувыIащ, зэрапэIэщIэм щхьэкIэ къыгурымыIуэ псалъэмакъ дэгури пачащ. Ауэ зэуэзэпсэу даущыр къигъэчащ унэм къыщIэжа адэшыпхъум и кIий макъ узыгъэундэращхъуэм. Цlыхубзым и гъыбзэр пщIантIэшхуэм и дэтхэнэ къуапэлъапэми къыщыджэжырт, арати Тимур егупсысащ: иджы абы и ныкъуэщIыр иухыжыну зы lэмали иlэжынукъым. Упсахуэр ипхъэнкIыжу сэшхуэри игъэпщкIун хуей хъунущ адэм и Iэмэпсымэм зэреIусар зыми къимыщIэн хуэдэу.
Сабэр зыхэсыхь дыгъэ нэбзий гуэщым къыщLидзэр зэхуащlу цIыхухъуитI гъунэгъуу блэкIри псыкъуиймкIэ ягъэзащ. Зыр, пэгуныр къыздищтэм, щIоупщIэ:
– Сыт, сабий къащIэна мыбыхэм?
– ЦIыкIуитI яIэу жаIэ, – жэуап кърет адрейм. – щIалэ цIыкIур илъэс зыхыбл, хъыджэбз цIыкIур илъэсиплI хуэдиз мэхъу.
– Еуей, – жи, гущIэгъу хэлъу. – Сыту си гур ящIэузрэ.
Ахэр псы ефэщ, я пщэр псыф ящIщ, бэлътокукIэ ялъэщIыжри, унэм къыбгъэдэт дэшхуей жыгым и жьауэм щIэувэжащи, тутын йофэ. Аргуэру машинитI къыIухьащ.
И джинс лъапэ кIэщIымрэ джанэ щхъуантIэ Iэгъуапэншэмрэ якIэрыпщIа упсахуэхэр егугъупэурэ кIэригъэщэщыжри Тимур гуэщым къыщIэкIащ. Гъунэгъу цIыхубзхэр я нэгум гузэвэгъуэ кърихыу чэзуурэ пщIантIэм къыдыхьэрт, унэм щIыхьэрти, я гуIэ макъыр къэIурт. ЦIыхур къызэхуэст, дэнэкIи щызэхэпхыр зыт: сыту гуауэ, сыту гуауэшхуэ! ЩIэупщIэхэрт: дауэ мыгъуэ зэрыхъуар?
– ЗэрыжаIэмкIэ, – жэуап къатырт, – я машинэ псынщIэмкIэ хьэлъэзешэм еуащ. Зэуам зыри къыщыщIакъым, езыхэр…
– Зеиншэу къэна сабийхэращ гущIыхьэр!
– Ара мыгъуэщ.
– Сыту насыпыншагъэшхуэ-тIэ!..
Тимур, и лъэгур асфальт пщтырым щIисыкIыу пщIантIэр зэпиупщIри, щхьэгъубжэ лъабжьэм иIэ удз дахэ хьэсэм хыхьащ. Гуащэнабдзэ плъыжьыбзэм тес бжьэр трихури, удз гуэрэным и щIыбагъым и вакъэ хъарыр къыдихыжащ. Ар щитlэгъэжу здэщытым щхьэгъубжэмкIэ къэзылъэгъуа гъунэгъу цIыхубзыр къыщIэкIащ. Нэпсыр зыщlэз и нэхэмкIэ сабийм йоплъ:
– А си щIалэ цIыкIу, дауэ мыгъуэ иджы фызэрыхъунур, – IэфIымэ къызыкIэрих и Iэгу пхъашэхэмкIэ щlалэ цlыкlум и нэкIум телъэщIыхьащ. – НакIуэ дыдей, – жиIэри и Iэпэр иубыдащ. – Дыдей ущыIэнщ, ди Рустам удэджэгунщ. Лусэ дэнэ щыIэ? Уэрамым дэт? Ари къэдгъуэтыжынIэ иджыпсту.
Тимур я пщIантIэм дишэри, хьэщбэкхъым щIигъэтIысхьащ, гъэмахуэ пщIэфIапIэмкIэ кIуэри мыIэрысэ дэлэн хуабэ, тхылъымпIэ дыщафэм кIуэцIышыхьа кIэныфет Iэбжьыб, кхъужьыпс щIыIэ зэрыт птулъкIэ къыхущIихащ. ИтIанэ и къуэ Рустам еджати, къызэралъыхъуэр зэрижагъуэр къызыхэщ и макъыр пкlэунэм къиlукlащ. Абы унафэ хуищIащ занщIэу къехыу Лусэ къигъуэтыжыну, езыр къэкIуэжыхукIэ сабийхэм я гъусэну. Рустам щхьэхынэу къигъэгугъащ: «Хъунщ, къэзгъуэтыжынщ», – ауэ пкlэунэм къехыну епIэщIэкIакъым.
Тимур псы IэфIым ефэщ, зэрыщIыIэтыIэр и гуапэу IитIымкIи кlэныфет къищтэри, (щIыIалъэм къыдаха къудейуэ арагъэнт), и жыпым иригъэзагъэурэ уэрамым къытехьащ. И уэгу цIыкIухэм дыгъэр къедэхэщIащ. Нэбзийхэм я гуащIагъыр хуэмышэчу и нэр щIиукъуанцIэри, и джанэ Iэгъуапэншэм тет псэущхьэ нэжэгужэ цlыкlум ещхь хъуат езыри. ИщхъэрэкIэ здехым, жьауэр къыщхьэщыхьэри, зы дакъикъэкIэ дунейр нэхъ щIыIэтыIэ, гурыхь къэхъуащ. Абы игу къигъэкIыжащ дамэ лъэныкъуэкIэ дыгъэр щIихъумэрэ дунейр щIыIэрэ кIыфIу къэзыгъэнэф бзуушхуэм теухуауэ и адэм къыжриIэжауэ щыта хъыбарыр. Ауэ иджыпстурейр ауэ зы тIэкIунитIэрэ дыгъэр зэхуэзыщIа пшэ гъуабжэ цIыкIут. Унищ-плIыкIэ ехауэ къилъэгъуащ сабийхэм ядэджэгуу яхэт Лусэ. Абы зыкъыкIэрищIащ.
– Дэнэ уздэкIуэр?
– ЗыщIыпIи. Си кIэм укъимыувэ.
– Псым укIуэу арамэ, сэри сынэкIуэнущ.
– СыкIуэркъым сэ псым. Уэ Нинэхэ кIуэ, абы я дей ущыIэн хуейуэ жиIащ.
– Ыхьы, сымыщIэ уи гугъэ: псыращ, псы дыдэращ уэ уздэкIуэр! – кIийрт Лусэ. – Уи гъусэу сыздумышэмэ, мамэ жесIэжынущ имыщlэу уи закъуэ псым узэрыкIуэр.
– Сыту уделэ уэ, мамэ лIащ!
– Сыт щхьэкIэ?
– Папи лIащ!
– Сыт щIэлIар? Ахэр нанэ деж кIуащ.
– КIуащ, кIуащ!.. Аварие хъуащ! ПщIэрэ уэ «аварие» жиIэмэ къикIыр?
– Ар мащэшхуэу ара?
– Уэращ мащэшхуэр! ЩумыщIэкIэ уи жьэр убыд!
Тимур къэувыlэри и жыпым къриха кlэнфетитLыр Лусэ хуишиящ. Хъыджэбз цLыкLум и напэм хъарбызыпсыр кlэрыгъущхьэжат. И пэ цlыкlури хэлэжьыхьауэ къыщlэкlынут хъарбызыр гъэкlуэщlынми, абы сабэр хиежауэ, иджы и пэнцlывыр фlейт.
Зытхар: Мэкъуауэ Амир
ЗэзыдзэкIар: ХьэцIыкIу Рае