Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адэжь щIыналъэм и мывэри дыщэщ

Адэжь лъапсэм къэзыгъэзэжахэм я махуэм гулъытэ хэха щыхуащI Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар Адыгэ Республикэм япэ дыдэу щагъэлъэпIар 1998 гъэращ. А илъэсыращ Косовэ къыщыхъея зауэм къыхашыжа адыгэхэм я япэ гупыр ди къуэшхэм я щIыналъэм къыщрашэжари, Мейкъуапэ километри 4-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэу, Махуэхьэблэ зыфIаща къуажэ цIыкIур къэIэпхъуэжахэм папщIэ къыщызэрагъэпэщари. Ди республикэми а махуэм 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ гулъытэ хэIэтыкIа щыхуащI.
Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ, ди лъэпкъэгъу куэд Сирием къикIыу Урысейм къэIэпхъуэжауэ щытащ. Абыхэм ящыщу цIыху 600-м нэблагъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм дэ дахегъыхьэ Хэкужьым къэзыгъэзэжахэу къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыдагъэтIысхьэжахэм. Мыри къыхэдгъэщынут. Унагъуэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ зыдагъэтIысхьэжа урыс къуажэхэм дэсхэм я Iуэхур зэрынэхъыфIым гу лъыттащ. КъызыхэкIри гурыIуэгъуэщ. Ахэр а къуажэхэм дэзэшыхьынымкIэ, я щхьэ закъуэу зыкъыщалъытэжынымкIэ Iэмалу яIэр мащIэ дыдэщ. Сыту жыпIэмэ, нэхъ щызэрощIэ, щызэкIэлъокIуэ, щызэрыIыгъщ. Апхуэдэкъым закъуэ-тIакъуэкIэ фIэкIа адыгэ къуажэхэм дамыгъэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутыр. Иужьрейхэр къыщыхута жылэхэм нэхъ щыдэзэшыхьу, зэрахэзэгъа щIагъуи щымыIэу фэ ятплъащ, зэралъэкIкIэ ябзыщI пэтми.
Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, ди гур щIэдгъэфIыр аращи, къэIэпхъуэжу дэнэкIи щызэбграгъэтIысыкIа ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбапIэр я гъащIэм тегужьеихьауэ псэухэм ящыщкъым. Къагъэхъэшхуэ щымыIэми, зрагъэтIысхьэжа лъапсэхэм зрагъэзэгъауэ, я гур щагъэтIылъауэ апхуэдэщ. ЩыIэщ нэхъ гушхуауэ псэухэри…
«Гу къабзэхэр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмир ди гъуазэу, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Крем-Константиновкэ къуажэм иджыблагъэ дыщыIащ. А жылэм дэсщ Сирием къикIыжа адыгэ унагъуэу 14-м щIигъу.
Крем-Константиновкэ дыщынэсым, Сирием къиIэпхъукIыжахэм ящыщ, нэхъыжьыфI СтIащ Сабри и унэм дыIухьащ. Ратмир и телефоныр щигъаджэм, Сабри къыдэкIащ. ФIэхъус гуапэхэр къыдихыурэ, абы пщIантIэм «егъэблагъэкIэ» дыдишащ, тIэкIу зыкъыщыдигъэплъыхьа иужькIи, унэм дыщIишащ.
Абдежым дызэгупсысаращ: лъэпкъыр зэрызэкъуэтыр фIыгъуэшхуэщ. Тыркум, Сирием, Иорданием къикIыжауэ къытхэзэгъэжахэр куэд дыдэ мыхъуми, Хэкужьыр псом япэ изыгъэщахэр къызэрытхэтыр гуапэщ.
-Сирием щекIуэкI иужьрей зауэм щIимыдзэ ипэкIи, Хэкум къэдгъэзэжа зэрыхъунум куэд щIауэ яужь дитт. ЖыпIэнур арамэ, унагъуи 125-м къэкIуэжын Iуэхум зытедгъэпсыхьакIэт. Дыщысабийм къыщыщIэддзауэ, нэгъуэщIхэм дримыгуфIэу, дримыпсалъэу, «Сытым щыгъуэ Хэкум щыдгъэзэжынур?» жытIэрт. Уеблэмэ, ныбжьэгъу 20-м нэблагъэр тхьэмахуэ къэси дызэхэсрэ Iуащхьэмахуэ и уэрэдыр, «Я нэхъ лъагэу Iуащхьэмахуэ, щIэгъэкъуэни ар хуэмей…» псалъэхэр зыхэтыр, зэдыжытIэу дызэдекIуэкIырт. Иджы, си фIэщ мыхъум хуэдэщ ди Iуэхур, апхуэдизу шыкур худощIри Тхьэшхуэм. Сирием сыщыщыIэм, «Зэ нэхъ мыхъуми Хэкур сымылъагъуу сылIэжыну пIэрэ?» жысIэт. Адэжь щIыналъэм къыздэдгъэзэжам, япэ зэманхэм махуэ къэси пкIэлъейм сыдэкIуейрт, Iуащхьэмахуэ сыIуплъэти, сытхъэжу къысщыхъуу, жьы IэфIыр къэсшарэ сыгуфIэжу сыкъехыжу щытащ.

-Сабри, щIыпIэ зыбжанэм къыщызэрагъэпэща зэхуэсхэм сыщынырыуихьэлIати, сигу ирихьащ абыхэм укъызэрыщыпсалъэ щIыкIэр, укъызэщIэплъэрэ, утыку узэритым щхьэкIи фIыщIэшхуэ зэрыпщIыр къэбгъэлъагъуэу.
-Упсэу, Аслъэн, си гуапэ къэпщIащ. Сэ куэд щIауэ уси сотх хьэрыпыбзэкIи адыгэбзэкIи…
Абдежым, ди псалъэр здынэсам, СтIащым и унэгуащэр унэм къихьэри, дызыбгъэдэс Iэнэм пхъэщхьэмыщхьэ къытригъэуващ, елIэлIапэу щызэригъэзахуэурэ. «Мыхэр ди хадэм къикIа мыIэрысэщ, шэфталщ» жиIащ Сабри, и унэгуащэм фIыщIэ щыхуэтщIым.
-Аращи, -пещэр адэкIэ и псалъэм Сабри, -фызыщыгъуазэ зауэр къемыжьэ ипэкIи адыгагъэм куэдрэ яужь дитащ. И гъуэ къэмысу дунейм ехыжа Къэжэр Альберти Адыгэ Республикэм а зэманым щэнхабзэмкIэ и министру щыта Жэмыфэ Гъазии Хэкум къэдгъэзэжынымкIэ къытхуащIэфынум теухуауэ куэдрэ къыдэпсэлъылIэрт, къыдэупщIырт, «Пэж дыдэу, и щыпкъапIэкIэ Хэкужьым къэгъэзэжыным фыхуэхьэзыр? -жаIэу. -Апхуэдэу щытмэ, фыкъакIуи фи хъыбар къытхуэфхь». Арати, нэрыбгищыр (сэ, Понэжхэрэ Дыгъужьхэрэ я щIалэхэр) гъуэгу дыкъытехьащ. Сирием щыпсэу адыгэхэм я цIэкIэ Къэбэрдейм дыкъихьат. Иужьым, Черкесски дыкIуащ. А щIыналъэм и Правительствэм и УнафэщIым дыхуэзащ.

-А псом ипэкIи, нэгъуэщI адыгэ гуп Сирием къикIыжу я Хэкужьым къызэрагъэзэжам фыщыгъуазэтэкъэ?
-Дауи! Абыхэм си благъи, си нэIуаси яхэтащ. Псалъэм папщIэ, ЖыркIагуэ Хьисэ, Уджыхъу Абдул-Хьэзиз, Къумыкъу Мамдухь, Батокъуэ Нияз, Дыгъужь ФуIэд, нэгъуэщIхэри.

-Сабри, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Крем-Константиновкэ къыдагъэтIысхьэжауэ щыта псори мы зэманым фыдэс?
-Сирием къиIэпхъукIыжахэм ящыщу унагъуэ I9-м мы жылэм лъапсэхэр щыдиIэщ. 14-р дэсщ, адрей унагъуэхэм ярысхэр Налшык фэтэрхэр къыщащтауэ абы щолажьэ, жэщ къэс къызэрымыкIуэжыфым къыхэкIыу. ЖыпIэнур арамэ, къэзыгъэзэжахэм Урысейм лэжьапIэ къыщагъуэтыфу щытамэ, нэгъуэщI къэралхэмкIэ еплъэкIыни, кIуэжын Iуэху зезыхуэни къахэкIынутэкъым. Апхуэдэу щIэхъум и зы щхьэусыгъуэщ урысыбзэр тэмэму зэрамыщIэри.

-Фэ, зи ныбжь нэхъ хэкIуэтахэм, мы къэралым и щIэгъэкъуэн, пенсэ жыхуаIэр, къыщыватрэ?
-Сыкъыщихьэжам илъэс 62-рэ си ныбжьт. 65-рэ ухъуу щытамэ, пенсэ къуатынут къызжаIат. Ауэрэ здекIуэкIым, нэгъуэщI хабзэ къыдэкIащ, мы къэралым и пенсэ къуатын папщIэ илъэс 15-кIэ ущыпсэун, е Урысейм и цIыхуу узэрыщытымкIэ паспорт уиIэн зэрыхуейм ехьэлIауэ.

-ЗэрыжаIа дыдэм къытемынэу, зэхъуэкIыныгъэфI гуэрхэри щыIэнкIэ хъунщ, Сабри.
-Тхьэм и фIыщIэкIэ, унагъуэм хадэшхуэ, гектар ныкъуэ хуэдиз хъууэ, щыдиIэщи, абы долэжьыхь. Къитхыр дошх, къыдэхуэмкIэ догуашэ.

-ЗэщхьэгъуситIым фи закъуэ къарукIэ фхузехьэрэ ар?
-Нышэдибэ сыхьэтыр 4-м сыхыхьэри сыхьэтыр 9 хъуху сыхэтащ.

-Ар щIыпхузэфIэкIыр, шэджагъуэ жей пщIы хъунщи аращ, Сабри?
-Хьэуэ. ТIэкIу сошхэри, сохьэж. Армэм дызэрыхэт лъандэрэ десауэ, абы дытетщ.

-Адыгэхэм ящыщу Сирием и дзэм хэтахэр фыщызэрыцIыхурэт абдежым?
-И нэхъыбэр.

-Иджыри зы упщIэ. Сирием щыпсэу адыгэхэм я гугъу тщIынщ. Нобэ абыкIэ хабзэр къыщымытIэсхъауэ пIэрэ?
-ЗэщхьэщыкIыныгъэу иIэр, Аслъэн, мыбдежым фадэр нэхъ ерыщу зэрызыщрахьэлIэрщ. Сирием, хьэрып къэралхэм фадафэхэр щымащIэщ. Мис а Iуэхугъуэми, сэ къызэрыслъытэмкIэ, и мыхьэнэр инщ, хабзэ-бзыпхъэ дахэхэм укъытемыкIынымкIэ.

-Сирием ущыщыIэм, къэбэрдей псалъэкIэми ущыщыгъуазэу къыщIэкIынт?
-АбыкIэ къэбэрдеи, бжьэдыгъуи, шапсыгъи, абэзэхи, беслъэнеи -псори зы хьэблэу дызэхэст. ПсалъэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэт макъхэр щызэхэпхкIэ, уесэжынтэкъэ?

-Кавказым къина къэбэрдейхэри кIахэхэри дызэхэсатэмэ, сыт хуэдэ псалъэкIэу пIэрэт дызыхуэкIуэнур, уэ къызэрыплъытэмкIэ?
-Ар дэгъуэт, сызэреплъымкIэ. Бзэм нэхъ дыхуэкъулейуэ щытынут. Сэ, псалъэм папщIэ, Хэкужьым сыкъызэрихьэжрэ анэдэлъхубзэм щыщу зэи зэхэзмыха псалъэ куэд щызэзгъэщIащ. Бжьэдыгъухэми яIэщ Къэбэрдейм къыщамыгъэсэбэп псалъэхэр.

-КъызэрызгурыIуэмкIэ, мобы я псалъэкIэм щыщу дэ тщыгъупщэжауэ е къэунэхуагъащIэми щIэщыгъуэрэ щхьэпэу, дызыхуэныкъуэ гуэрхэр дэри къытхуэщтэжынут. ИтIани, апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэман зыбжанэ дэкIа иужькIэ, зы бзэм дыхуэкIуэжынкIэри хъунт.
-Пэжщ, сэри аращ сызэреплъыр, Аслъэн. Зэманыр екIуэкIыурэ, псалъэхэм ящыщу нэхъ екIур къэнэнут, къащтэнут.

-А зи гугъу тщIым и щыхьэту къызолъытэ фи зэхэтыкIэ, зэдэпсэлъэкIэр зыхуэдэри. Уэ езыр убжьэдыгъу?

-Урыс-Кавказ зауэм и кIэхэм убыххэр щызэбграхум, ящыщ гуэрхэри бжьэдыгъухэм яхэтIысхьэжат. Ди нэхъыжьхэм къызэрыджаIэжу щытамкIэ, дэ, СтIащхэ, абыхэм дащыщщ. Ди унагъуэцIэр, ипэжыпIэкIэ, къызэрыаупсэлъу ПстIащщ. КъикIыр, къызэрызгурагъэIуамкIэ, «псы (нарзан) къыщIэжыпIэм Iуса ТIащхэ» жыхуиIэщ. Си адэм и адэр, илъэс 12 фIэкIа имыныбжьу, Сирием къыщыхутауэ щытащ. Абы и адэм зэхригъэхар ди адэм къыжриIэжауэ щытащ. Зэрыщытар аращи, Кавказым здисым, ди жылэр здэщыIам деж псы куэду къыщыщIэжырт. «Моуэ къызэрыбгъазэу, абдежым щхьэл тетащ» жиIэт. Си щхьэкIэ, Хэкум къэзгъэзэжа иужькIэ, а щIыпIэм сыкIуати, къуажэр згъуэтыжакъым, зэрагъэсэхыжам къыхэкIыу…

Хьэтыкъуэ ЩауапцIэ

*Бахъсэн ЩIыналъэ

Yazarın Diğer Yazıları

Vefat

Jineps gazetesi eski yazarlarından, Silivri Kuzey Kafkas Kültür Derneği kurucu üyelerinden hukukçu ve yazar Hulusi Üstün vefat etmiştir. Ailesi, yakınları ve sevenlerine sabır dileriz. Tha...

Ацәыргақәҵа

Ацәыргақәҵа «IS» – иаҳхысыз аамҭа амаӡақәа ҳзаазыртуаз, аха иқәццышәаа ицаз асахьаркыратә ҟазара арҿиамҭақәа ирызкуп. Амцабз иахәхаз ахьыршәыгәқәа ирцәынхаз ахәеи арацәеи заҵәык роуп. Иблит ажәлар...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img