Нанэ, дадэхэр магъıр!

0
1564

ЛIыжьищыр Мансурхэ я хьэсэпэмкIэ щырекIуэкIым махуэр Iичынды нэужьыфI хъуат. Хьэсэр кьызрахухьэ блыным ижьэугъуэджэр ахэм я зыхуэсыпIэт.

Ахэр лIыку хъуауэ я унагьуэхэри ягъусэу хэкум къикIхэри Iузуняйлэ жыхуаIэ щIыпIэм итысхьахэт. Абдежым щIэрыщIэуэ псэугъэн щаухуэжри къуэбын щэбын щыхъужахэт.
Заурбэдж, лIы псыгъуэ кIыхьу жьакIэ ныкъуэтхъут.

Аслъэнджэри, лIы гъур кIэщIт. Псэлъэн хуэдэ зэпыту щыт щхьакIэ уэрщэрыр яухыху псэлъищ нэхъыбэ жиэIртэкъым. Нэщхъэзэпыту щытт. Сысын къэзубла и IитIымкIэ башкIуэншэр быду и Iыгъзэпытт.

Мансур, лIы дакъэ кIэщ жыхуэIэм хуэдэтт, мывэр икъузамэ псыр къыщIихуныфэ тэтт. Къауэршэрхэм щIагъуэу емыдаIу игур нэмыщщIыпIэхэмкIэ щыIэу а фэр тэтт.
мэжджытым къыздыщэкIыжа лIыжьищыр, хьэсэмкIэ къакIу зылъэгъуа Мансур и пхъурылъху Нарие, унэм къыщIиха щхьэнтэ цIыкIухэр иIыгъу жэрыжэкIэ кIуэри ахэр зытэтысхьану мывэ тIысыпIэхэм трилъхьари ахэр къыригъэблэгъащ.

Заурбэджи: «Упсэу тIасэ, насыпыфIэ ухъу» жыриIэщ. тIэкIурэ ахэм ящхьэщыта Нарие «фи къэхьэуэр сытщыгъуэ къэсхьын?» щыжыIэм «Уэ сытщыгъуэ ухуейми къэхь, дэ зыкъуомрэ дыщысынущ» жиIэщ Заурбэдж аргуэру.»

Нарие зыкъуом дэкIа нэужь, къэхьэуэхэр къихьу къыщигъэзэжам къызригъэнам хуэдэу щысхэт лIыжьищыр уэршэрыр ямублауэ. Нобэ зикI ямублэнри хэлът.

Ахэр нэхъыбэм я зэплъыкIэхэмкIэ, я щысыкIэхэмкIэ, я башкъуаншэ гъэсысыкIэхэмкIэ, зэмыпсалъэу зэгурыIуэхeт. Иджырэ къэсыху апхуэдизу куэд зыдалъэгъуати!
КIэи пIэи зимыIэ губгъуэ дэхэшхуэхэм шы къыщыздрэмхуэкIахэрэт.. Зауэхэм, зекIуэхэм, жэштеуэхэм щызэмгъусахэрэт… Шиищэм къэхъу бийым я дзэр иракъухьрэ гуфIэжу я унэхэм къэмкIулъэжахэрэт… А жэш дыдэм бийидзэ къатэуэм, якъуажэхэр къаувыхьрэ цIыкIу-ин, мэл-былым жамыIэу зытырамгъэсыхьахэрэт.

Унэи-жьэгуи, мэли-былыми къэхуэмынэжау амалыншагъэкIэ къуршхьэм щымыпсэуахэрэт. ТIэкIу зыкыщащIэжым аргуэру бийим зыпыщIамтIэжахэрэт. Иужьдыдэм яIэухъуэр яIэщIэухауэ илъэс мин дапщэ лъандэрэ зыщыпсоуа я хэкуыжьыр зы тхьэмахуэ кIуэцIым ямыбгынарэт.

Iэм имылъу, фэм дэмылъу, ямыщIэ гъуэгуанэм тету, ямыщIэ къуршхэмрэ, ямыщIэ хыхэмрэ кIуэцIырыкIу ямыщIэ хэгъуэгум къыздэмкIуахэрэт…

Нарие Iэгубжьей яунэщIахэр Iуихуу IукIыжанэужь Заурбэдж, «хэку…» жыIэу псалъэр къыщыщидзэм гупсысэ куум хэт адрей тIур «хъущт» жаIэу абы еплъахэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Заурбэдж сыт лъандэрэ «хэку» зыхэт псалъэ жимыIэрэт, езтIуми яфIэмыфIу зыгугъут «хэку» гугъур.

«Хэкуыжьым дыщисалъэхъэным, Мамышэхэ я шыбз гуартэр уэлбанэм ирихужьат, дэри зэркъуажэу хъэр дыхъури абы дыкIэлъыкIуау щытать фIигу къэкIыжа?» жиIэ нэудж тэкIу бауэри «Тэтэрхэм уэлбанэр щхьэусыгъуэ ящIри шыхэр бгъуэнщIагым щIаубыдауэ къэдгъуэтыжат» щыжиIэм «уэхухуху» жаIэри адрейтIур тыншыжахэт.

Зигугъу ищIыну лъэхъэныр абы тхъэгъуэшхуэ яIэуэ щпсоуахэрат… Зауэхэм, банэхэм къыщыщымдза лъэхъэнрат зигугъу ищIынур.

А лъэхъэнэ дахэхьэм игугъу щащкIэ уэршэрыр IэфIурэ куу хъут. Ноби апхуэдэу хъуат. Апхуэдизу уэршэрым зэпишахэти къэбгъэдэхьа Мансур и кIуэрылъху Хьэмид цIкум гу лъатэтIэкъым.

Хьэмид, ахэм гу зылъиригъатэн папщIэ, зыритIащ, зырисащ, ауэ ахэр зий къыхуэплъэкIакъым.

Аущыгъуэ иджыр къэс ар сыт щыгъуэ къэбгъэдэхьэми нэщхъеу щыс лIыжьищыр гуфIэти, ар зыр зым Iэпихурэ якуэщIым щагъэджэгут. Хьэмид цIыкIури апщыгъуэм нахъри удафэурэ щыкIт. ГъэщIэгъуэну зыгуэрхэр ищIурэ ахэр игъэдэхьэшхт, тригъэут.
Ауэ нобэ ахэм языхэз, гу къылъитэу къепсэлъатэкъым.

Зы мыпсалъэ едэшхуэмрэ Аслъэнджэрий, мыувыIэу псалъэхэт; «хэку хэку» жаIэу зыпсалъэ къырахьэкIт.

Хьэмид, ахэм ящытыкIэм зыгуигъэпри гъумэ тIымэу къыщIидзэщ. Зыкъуом дэкIа нэужьым хуэмшыIэжу едэшхуэм итхьэкIумэм зыхуигъазэри: «Дадэ, хэкур сыт?» жиIэщ.
Хьэмид и упщIэр зыхэзха лIыжьищыр зэуэ япсалъэр зы пачри зыр зым еплъыжахэщ. Ахэм зыри жамыIэу апхуэду щысу щилъагъум имакъыр нэхъри дыришейри етIууанэу еупщIащ «Дадэ, хэкур сыт?»

Лъыжьищым заущэхут, уэршэрынымкIей, сытымкIэй чэф яIыжтэкъым!

Абы гу лъызта Хьэмид, лъыжьищыр зэркъуигъазыхьэм къырита чэфымкIэ ещанэу имакъыр къызырикIим хуэдизкIэ гуоуащ «Даааадэ! Хэкур сыт?»

Мансур амалыншэуэ ибашкъуаншэмкIэ сабэр зыIигъазэрыхьу щыс Заурбэдж еплъащ.
Хъуа щахэм гу лъитау щыс Заурбэдж ищхьэр къиIэтри «Мо сидей къакIуэ тIасэ» жыриIэщ Хьэмид.

Хьэмид зылIышхуэжь хуэдэу лъэбакъуэшхуэхэр ичурэ абы идей кIуэри инэхэр инэм триубыдэри бгъэдэуващ.

Сытщыгъуэ къилъагъми гуфIэурэ икуэщIым изгъэтысхьэ Заурбэдж иджыри иригъатысхьат ауэ нобэ и нэщхъыр зыхэуфат. И щытыкIэм Хьэмид щтэ ащтаблэ ищIат.
Заурбэдж жыжэу щыIэ Хъынзыр Къурщыр иригъэлъагъури еупщIащ:

«Мо инышхуэ плъагъур лIо зыIисыр Хамид?»
«Къурш.»
«Ар хъуащ. Абы и инагъыр сытхуэдиз хъурэ?»

Хьэмид и аблитIыр ину зэгухри «Мыб хуэдиз» жиIэщ.

«Ари хъуащ» жызыIэ Заурбэдж.
«НытIэ а къуршым ищхъам тэлъ хужь тIэкIур лIо зыIисыр?»
«Уээс» жиIэщ Хамид.

ХъупIэм лъэхъауэ хэт шы зы бгъупщIыр иригэлъагъури щэупщIым «шыыы» жиIэщ.
«Ари хъуэс. НытIэ мобдэжым щызыхэтхьэр лIо зиIысыр?» жиIэри жыйищэ хуэдизыр щыригъэлъэгум «жый хэдэжьрас» жиIэс.

«Ари хъуас жытIэнс. НытIэ фи хьэсэм кIуэцIырыж псыр?» щыжиIэм.
Хъэмид инэхэр къыригъэкIиурэ «ар къуэжэпсыжьращ» жиIащ.

Янэ тIурытIыр «ЛIо пIэрэ иджи хъунур?» жаIэуэ Заурбэдж трагъэнау лIыжьитри щысхэт зыри жамыIэу.

Заурбэдж «Хэку…» жиIэри къыщидза нэужь тэкIурэ щыса нэужь.

«Хэкум и къуршхам уэплъмэ ди Хъынзыр къурщыжьыр бжьэпIэцIкущ зэрыплъытэнур. Абы тэлъ уэсыр ошхьэмахуэм тэлъхэм елъытIауэу зы абжьыб хуэдизщ къызэрыпщыхъунур. Мобдэжым лъэхъауэ тэт шыхэм зырапэсу хэкум зыри щыпхутэтIысхьанхэтэкъым. Ахэм хуэмыдэ щы гъэщIэгъуэнхэр минбжыгъэкIэ удзыпцIэ дахэхэм тэутIыпщIхьахьэуэ тэтт. Мо жий хадэм иыт жийхьэм якъудамэхэмкIэ бащкъэншэ пхуэщынтэкъым. Абы уафэм щIэуэу мэзхэр щыIэт. Абы щыдиIа къуэжэм блэж псым уеплъмэ иджыре ди къуэжэпсым ицIэр ираIонтэкъым апхуэдизу уэрурэ куутIи. нытэ мис а жыхуэсIау хъуар зыдэщыIэр а Хэку зигугъу тщIыращ си тIасэ» жиIэ нэужьм и нэпсхэр кызпижыхьат.

Абы гу лъызта хьэмид, иупщэм хущэгъуэжри лажьэр езым зытрилъхьэжат. Абы папщIэ имакъыр иришэхри лIыжьым фIыуэ зыришэкIа нэуджь «НытIэ а зигугъу пща хэку дахэр иджы дэнэ зыдыщыIэр, лIо дэ абы дыщIыщымыIэр?» жиIэщ.

Щыналъэм и аслъэныжькIэ зэджоу къуршхэм, къуэшхуэхэм и лIыхъужьу шынэр зымыщIэу Заурбэдж жыхуаIэу щытIа лъыжьым и нэпс тэкIу къэнэжари къыщэткIуащ. Иужьым быдэу щэлэцIыкIум зыришэкIри «Абы дыкъырахуащ си тIасэ, хэкур тIырахас» жиIэщ.

ЩтIауэ абы и куэщIым къэлъа Хьэмид цIкIу едэшхуэм иде кIуащ. Абий и нэпсхэр къызпижыхьэт. Абы иужьым Аслъэнджэри идэкIэ плащ амалыншэу, ари ахэм яхуэдэт.
ЩтIауэ абдэжым къыIужыжа Хамид цыкIур, жэрижэкIэ яунэмкIэ щэпхъуэжащ. Унэм и гъунэгъу зэрихъуу гуэуэ къыщидзащ:

«Нанэ нанэ, дадэхэр магъıр!»

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz