ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
1781

ЕкIуэкIыу: 4. Губгъуэм пIалъэкIэ щагъэува псэупIэ. 7. Макъ цIу иIэу, пкIэурэ къэзыкIухь псэущхьэ цIыкIу. 10. Зиусхьэн унагъуэм я IуэхутхьэбзащIэ. 11. Иришхэн папщIэ унагъуэм щызэрахьэ тепщэч сыт хуэдэхэм зэреджэ. 13. 1708 гъэм кърымыдзэр зэтезыкъута адыгэхэм я пашэу щыта ХьэтIохъущокъуэ … 14. ЕрыскъыкIэ зызымыгъэнщI цIыху. 15. КъарууфIэ, лъэщ. 16. Композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн къыщалъхуа къуажэ. 17. Зи щхьэгъусэм къыбгъэдэкIыжа цIыхубз. 18. Идар Темрыкъуэ ипхъу, урыс пащтыхь Грозный Иван и щхьэгъусэу щыта. 21. Шыр, былымыр кърацIыхужын щхьэкIэ традзэ нэпкъыжьэ. 24. Уеплъмэ …, уеджэмэ дэгу (къуажэхь). 25. Уэ хьэрычэт щIэи, сэ … хэслъхьэнщ (псалъэжь). 26. Зеиншэ. 27. УнафэщIу икIи егъэджакIуэу Нэгумэ Шорэ щылэжьа еджапIэ. 29. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 30. «… къыгуэуа» – КIыщокъуэ Алим и киносценарий. 31. «Беслъэней ПцIапцIэу …, си шэм и кIуэкIэр уигу ирихьа?» (Андемыркъан теухуа хъыбарым щыщщ). 34. ЦIыхубзым и лIым и шыпхъу. 39. ЩIагъыбзэ псэлъэкIэ. 40. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэр зыгъэкIуэд, мэ Iей къызыкIэрих къэкIыгъэ. 41. Къэбэрдейм и иужьрей пщы уэлий … Кушыку. 42. Къыщалъхуар зыбгынауэ нэгъуэщI щIыпIэ щыпсэу цIыху. 44. ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и роман. 45. Уэс ирыIуатхъуу къагъэсэбэп Iэмэпсымэ.

Къехыу: 1. ЛъагапIэ, еуэкIыпIэ. 2. Къудамэ куэд фIэдзапIэу зытет сэх. 3. Къуажэпщым е абы ищхьэжкIэ щыIэхэм адыгэр зэреджэу щытар. 5. Акъыл, гупсысэ зэтет зимыIэ, псынщIэ. 6. Япэм адыгэм зэрихьэу щыта щхьэл цIыкIу. 8. Iугъуэм къыхэкIыу уэнжакъым кIэрищIэ сабэ фIыцIэ. 9. Бэлыхь хэхуам къыдэIэпыкъуфыну гуэрым хуэгъэза лъэIу. 12. Илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ (хъууэ). 13. … хьэсэгъу умыщI (псалъэжь). 19. Алэрыбгъум ещхьу, къамыл щабэ зэIуща. 20. Къуаргъым нэ хуащIати, … жиIащ (псалъэжь). 22. Данэ щэкI пIащIэ лъэпкъ, и фIыпIэмкIэ тецIуукIыу. 23. «… хуэфащэт» – МафIэдз Сэрэбий и роман. 28. Япэ адыгэ социальнэ-тхыдэ роман. 32. Урыс дзэзешэ Мстислав хьилагъэкIэ къыхигъэщIа адыгэ пелуан. 33. Шортэн Аскэрбий и «Мыпсэхыж шу» рассказым и лIыхъужь нэхъыщхьэ Шухьиб и IэщIагъэр. 35. … и зекIуапIэ и кIуэдыжыпIэщ (псалъэжь). 36. Унэгуащэм и хьэпшып хъумапIэ. 37. Залым, фIэкIыпIэншэ, бзаджэ. 38. Дохутыр IуэхущIапIэхэми щыгъын хуабэ щадкIи къагъэсэбэп. 42. Адэжь щIыналъэ, ущыпсэу къэрал. 43. Адыгэ пшынауэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист

Номэр 6 2020 ЩэкIуэгъуэ мазэм къыдэкIыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр (Зэхэзылъхьар: НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ)

ЕкIуэкIыу: 3. Дыгъужьынэплъыжь. 8. Набдзэ. 10. КъухьэпIэ. 11. Гуэгуэн. 12. Гъуджэ. 13. Блыщхьэ. 15. УнафэщI. 19. Мыщэ. 20. Бэшэч. 21. Плъыжь. 24. Бэгъэуш. 26. Хьэпшыр. 27. Жэз. 28. Нэгумэ. 30. ХамэщI. 33. Лэпс. 34. Борэн. 36. Джаур. 37. Урыс. 38. Шэнт. 40. Сын. 41. Усэ.
Къехыу: 1. ПIырыпI. 2. Ныбгъуэ. 4. Жьэн. 5. Ныбаджэ. 6. Пхъэ. 7. Щхьэлмывэкъуэ. 9. БэлэрыгъыпIэ. 14. Хьэ. 16. Нэ. 17. Хьэм. 18. Мэш. 22. Лулэ. 23. Уэшх. 25. Уэзырмэс. 28. Налмэс. 29. Мысыр. 31. Арджэн. 32. ЩIэрыкIуэ. 34. Бас. 35. Ныш. 37. Унэ. 39. Туф.

Зэхэзылъхьар: Мыз Ахьмэдщ

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz