Абазэ Ибрахьим и фэеплъу…

0
1391

Махуэ зыбжанэ ипэ дунейм ехыжащ си адэм и ныбжьэгъуфlу Налщыч щыпсэуа Абазэ Ибрахьим. Хэкумрэ анэдэлъхубзэмрэ лъагъуныгъэ куу хуиlэт. Езым итха тхылъхэм нэмыщl, тыркубзэкlэ ятхар анэдэлъхубзэкlэ зэридзэкlыным фlыуэ къарурэ зэманрэ тригъэкlуадэрт.

Ибрахьим Анкара къалэм пэмыжыжьэу щыс ХьэпцIей (Хьаджимуратлы) адыгэ къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэм щихьа гъащIэм и гугъу щищIыжкIэ, Ибрахьим псом япэу игу къигъэкIыжыр Хэкум икIа и анэшхуэрт. Гум зыпхимыдзынкIэ Iэмал имыIэу и анэшхуэм и зы псалъэ мыбдеж къыщысхьынут: «Хэкум нраха щIы IэмыщIэр си анэшхуэм псыкIэ зэIихри, «Си лъэ Хэкум теувэжыну къыщIэкIынкъым, апхуэдэу щыщыткIэ, абы щыщ си кIуэцI къренэ»,- жиIэри ятIэпсыр ирифат…» Куэд къызэрыкI мы гукъэкIыж псалъэм щIэблэ ирибгъэсэну уасэ иIэтэкъым, апхуэдизкIэ къару хэлъщ, лъэкIышхуэ иIэщи.

Анкара щеджат, Экономикэмрэ сатумкlэ академиер къиухри, пенсэм кlуэху бухгалтеру лэжьат.

Гъунэгъу дыдэу зымыцIыхуахэм Ибрахьим тэмакъкIэщIу щытауэ жаIэнущ. ЗыкъомкIэ пэжщ ар. Узыфэ хьэлъэ зыбжанэ игъэват, операцэ зыбжанэ щIэкIат, абыхэм и Iэпкълъэпкъыр зэрадзауэ къыщIэкIынти, и псэлъынтхуэхэр зэтрихуат, къызэщIэплъэгъуафIэт.

Апхуэдэу щыт пэтми, жьы щIэтт, жант, узыр зэрызэтримыгъэкIуэнум иужь итт, езэш зымыщlэ лlы цlыкlут.

Тlэкlу губжьауэ срихьэлlауэ: «Ибрахьим-аби, сыту укъэгубжьырей! Тlэкlу бэшэчу, сабыру ущытыфын хуейщ. Си адэм ухуэсlуэтэжынущ, къозгъэшхыдэнущ!» – жесlат, сыгушыlэурэ. Макъкlэ ину дыхьэшхат, сыт щыгъуэ жысlэми, асыхьэтым япэ зэхих хуэдэу къыпыгуфlыкlт.

Темэр сытми, езым фlэзахуэм трикъузэрт. Сэри щызэгуэзгъэпа щыlэу къыщlэкlынт, ауэ зэи зыкъызигъэщlакъым. Адрейхэм хуэмыдэу, фlыуэ сыкъызэрилъагъум сыщыгъуазэт.
Псалъэ ептауэ умыгъэзащlэмэ, хуэмыхуагъ къыбдилъагъумэ – мыхэм нэмыщl ар мафlэу къызэщlигъанэу къэзыгъэгубжьыр «берычэт бесын» псалъэрат. Утыкур инкIи цIыкIукIи къигъэнэнутэкъым, ар къызыжьэдэкIам зэрыжиIам хущIригъэгъуэжу егиерт, адыгэбзэр къабзэу зефхьэ, пхъэнкIий идзыпIэ фымыщI, жиIэурэ.

Тыркубзэ зыщIэхэм мы псалъэр фlыуэ къагуроlуэ, зэрымыадыгэбзэр ящlэ. Ди бзэми зэ хэкlыжыну къыщlэкlынщ, ауэ Ибрахьим псынщlэу яригъэбгынэнут, пэплъэну сабыр иlэтэкъым.

Дяпэкlэ «берычэт бесыныр» зэхэтхыху, тlэкlуи дынэщхъейуэ Ибрахьим дегупсысынущ, фlыкlэ дигу къэкlынущ.

Си адэмрэ абырэ зэрызэрыцlыхурэ куэд щlат. Абыхэм Хэкум, анэдэлъхубзэм, ди щIэнхабзэм я дахэм къыдэхъуа ныбжьэгъугъэ яlэт. Къалэ зырыз дэсу Тыркум щыпсэухэр зэрыщlэну lэмалу яlар письмо зэхуатхынрат. А тlур адыгэбзэкlэт зэрызэхуэтхэр. А лъэхъэнэм тыркубзэм нэмыщl бзэ зепхьэну ухуиттэкъым. Арами, Ибрахьим къыхуригъэхьа алфавитымкlэщ си адэр адыгэбзэкlэ тхэфу, еджэфу зэрыхъуар.

Адыгэ уэршэрыр сыт щыгъуи гъэщIэгъуэнщ. Си адэмрэ Ибрахьимрэ щызэдэуэршэркIэ, шоу гуэр деплъу къытщыхъурт. И нэхъыжьыгъэрами, псэлъэкIэ дахэ зэриIэрами, си адэм псалъэ кIапэр иубыдырти, монологым хуэкIуэрт, Ибрахьими пыжиIыхьыж щIагъуэ щымыIэу и гур хэхъуэу едаIуэу къэтIысыжырт.

Хэкур щызэригъэгъуэтыжагъащIэм Ибрахьим Налщыч къалэ дэт гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым волонтеру щылэжьащ. Си адэр Налщыч къыщыкlуэхэм деж, фlэфlт институтым Ибрахьим и пэшым, Црым Руслан деж щекlуэкl уэршэрхэм хэтыну. Хьэщlэщ культурэр зыхущыщlэ цlыхухэм, Хэкумрэ диаспорэмрэ я лъэмыжу, lэджэкlэ ядэгуашэу къыщlэкlынут: ищlэмкlэ, и нэгу щlэкlамкlэ.

Абазэ Ибрахьим зей lуэхуншэу щысыфынутэкъым. Езым тхылъ имытхмэ, тыркубзэкlэ ятха зэридзэкlырт, хамэбзэу ди бзэм къыхыхьа псалъэхэм елэжьырт. Псалъэм и адыгэбзэр щыlэмэ, и пlэ иригъэувэжынут, щымыlэмэ, нэхъ хуэкlуэ, нэхъ екlу псалъэ къэгъуэтыным елэжьырт. Абы теухуауэ лэжьэн гупи зэхуишэсат.

Цlыхуфl нэщэнэу жумартт. Хэкум щыщуи щрет, Тыркум къикIауи ирехъу, цIыхухэм хьэщIагъэ яримыхауэ, хэку гуапагъэ яримыгъэлъэгъуауэ увыIэнутэкъым. Мис мыбыкIэ ар куэдым ягу фIыкIэ къинэжынущ.

Мазэ зыбжанэ ипэ Щэныбэ Юрэ, махуэ зыбжанэ ипэ Абазэ Ибрахьим… Тlури а зы унэ зэтетым къыщlахащ, зыр ещанэ къатым, адрейр етхуанэм. Хъуащ апхуэдэу… Мырауэ пIэрэт я натIэ къритхар хьэмэрэ ауэ сытми хуэзауэ ара… ТщIэкъым… ТIури лъэпкъым псэ къабзэ-гу къабзэкIэ бгъэдэтащ, абы ифI зыхэлъхэр утыкум иралъхьэну хэтащ.
Абыхэм ди лъэпкъым щхьэкIэ къызылъыкъуаха къарум дыщыгъуазэщ. ФIыкIэ ди гум къинэжынущ, я цIэр фIыкIэ къитIуэнущ.
Тхьэм здэкIуар тыншыпIэ яхуищI!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz