Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Сэ мэжджытым къезгъэсащ, уэри ıэптестым…

Къуажэ гуэрым зы хъуэжэ къэкIуагъащIэт. Хъуэжэр, къуажэдэсхэм яхэплъэщ, къахэплъэри нэмэзи, мэжджыти я Iуэхутэкъым.

Махуэ гуэрым, хъуэжэр, уэршэру зэхэт лIы гуп захуегъазэри яупIщ:

-Уа, мэжджытым щхьэ фынэмыкIуэрэ, нэмэзи щхьэ фымыщIрэ?
-Уэлей нэмэз щIыныр мыIуэхут хъуэжэ.
-тIэ?
-Iэптестым лIо етIщIэнур; къыдэфыкIыр аращ.
-Къавмыщтэуэ фынакIуэ!

Апхуэдэу зэгурыIуэхэри, Iэптестыншэу, мэжджытым кIуэурэ, нэмэз ящIащ, къуэжэдэсхэм.

ЗэманыфI токIри, хъуэжэр къуажэм докIыжри, нэгъуэщI гуэрэ къагъэ
кIуэ. КъэкIуами, къуажэдэсхэм Iэптестыншэу нэмэз зэращIыр егъэщIагъуэри яупIщI:

-ФщIэр сыт? Iэптестыншэу нэмэз хъунууэ дэнэ щызэвгъэщIар?
-Уэ уи япэкIэ щыIэ хъуэжэм деж.

Къавмыщтэуэ фынакIуэ,» жиIэри дэри, жыхуиIэдыдэрам дщIар.

ХъуэжэщIэр, Iуэхур зытетыр зэригъэщIэну езым япэ щыIэ хъуэжэр къегъуэтри йоупIщ:

-Уа! «Iэптестыншэу нэмэз мэхъу» щхьэ жыпIэ? Ахуэдэ хьэдэгъуэ дахэр дэнэ къыздикIыр?
-Уэлэй мэжджытыр, Iэптест щхьэкIэ, бий ящIати сэ, мэжджытым къезгъэсахэм. Уэри Iэптестым егъасэхэ.

*КъэзыIуэтэжар: Къэрэшей Сэзаищ. Узун-яйлэ-Астемырей щыщщ. Илъ. 63 мэхъу.

Önceki İçerik
Sonraki İçerik

Yazarın Diğer Yazıları

Гум Къинахэр

Уэ уигъалIэр мы Iуэхут; сэ сигъапсчэмэ!.. Къимышэурэ фIыурэ дэса щIалэм, и кIэм и кIэжым къишэн щыхъум, унагъуэми лъэпкъми, гъунэгъу псэуми нысашэм зыхуагъэхьэзыру щIадзэ. Нысашэр щащIынур,...

Гум Къинахэр

Лlот пхужызlэнур! Кlуэрыкlуэм тету усэ Даут, зы унагъуэ гуэрым щыхьэщlауэ къыщэжьэжым, бысымым: «Зыри къытхужомыlэ Даут кхъыlэ!» жиlэти, «Лlо пхужызlэнур! Сызтебгъэсар, нэмэзлыкъс. Сэбгъэшхар, къатыкъс. Уи фызыжьыр, щхьэдыкъс!» жиlэри...

Гум Къинахэр

Хъуэжэм и выр Къуажэм ихъуэжэм, нэмэз яригъэщlыуэ щыуас жи. Нэмэз щlын яухыу мэжджытым къыщlэкlыжахэ нэужь, иныбжьэгъухэм зыр, еупlщlас: -Сыт хъуэжэ, ущыуэну, апхуэдизыу узэгупщысар, жери! -Уэлэй зы махуэ,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img