Бзэм урипсэлъэн къудейкъым

0
1321

Илъэс щэныкъуэ нэхъыбэ блэкIагъэнщ, а лэхъэнэми цIэуэ фIащар «Букварь»-т, анэдэлъхубзэтэкъым. КъытIэщIыхьа а тхылъ цIыкIум тет сурэтхэм дэщIыгъуа тхыпкъхэр (хьэрфхэр) гъуэгу гъэлъагъуэ тхуэхъуауэ, ди бзэми дрипсэлъэфти, куэд дэмыкIыу еджэн щIэддзащ, деджэфи хъуащ. Ди бзэмкIэ еджэф хъуа зы щIалэ гупу, дыригуфIэу, дамэ къыттекIа дыхуэдэт, тхуэмышыIэжу, и япэ лъэтэгъуэм щIэзыдза гъатхэ бзу шырхэм дахуэдэт, уафэгум и IэфIыр къаIэщIыхьауэ къэзыфыхьым дыхуэдэт.

Букварым ит тхыпкъхэр псори IэкIэ къытэтхыкIауэ, зэгъэпэщауэ тхьэмпэ напэ куэд мыхъу зы тхылъ цIыкIу диIэ хъуащ. Ар зы махуэм зым здихьмэ, адрейхэм зым мы тхылъ лъапIэ цIыкIур здимыхьыфамэ, и жагъуэ хъуауэ утыку къинэт. Зэпэубыдауэ зетхьэ хъуат, тхылъыр здэщыIэ унагъуэхэм дыкIуэурэ тхылъым къыдэткIухь дыхъуауэ зы хэкIыпэ дыхуэлъыхъуэрт. Дгъэбэгъуэн хуейт е IэкIэ зырыз-тIурытIу IэрыщIу, е трегъэдзэн хуейт. Нобэ хуэдэу ещхьыр (копия) тезых машинэ Iэзэхэри щыIэтэкъым. И шэрхъыр IэкIэ зэрашэу а махуэрей зы машинэ сигу къинэжащ «Такси машинэ» и цIэу. АбыкIэ къытхуэгъуэта тхылъымпIэ гъуэжьхэм тредгъашэурэ дгъэбэгъуат, мы ди тхылъ лъапэ цIыкIу закъуэр.

ЩIалэ гупым хэт псори еджакIуэт, ауэ, зи бзэр зыщIэж, тхэф, еджэф езыхэм фIэкIа зыри щIымыIэу егъэджакIуэ Iэзэхэт. ЩIалэгъуэм къыхэкI IэфIагъэ хыболъагъуэ абы.

Хасэ унафэуи къыщIэкIынт, сщIэжкъым, сэ къыслъыса хьэблэр «Дикмен» лъэныкъуэрат. Нахуэу урилэжьэн, уи бзэр зэбгъэщIэжыным ухуиттэкъым. Куэд дэмыкIыу, Къэралыгъуэр зыIэщIэлъ дзэм ди лэжьыгъэхэри, ди гугъэхэри, дылъэтэну къыттекIауэ тфIэщI ди дамэ цIыкIухэри траудащ.

Илъэс щэныкъуэ дэкIауэ, Къайсэры Эрджиес университетым Литературнэ Факультетым «Адыгэбзэ» къудамэ къыщызэIуахащ. ХэкумкIэ егъэджакIуэхэри къикIауэ щызэхэсхым, фIэхъус ясхынщ, Тыркубзи ямыщIэмэ, зыхуэныкъуэ щыIэмэ, диIэ къызэрихькIэ дадэIэпыкъунщ, жысIэри. Ар си гугъэу сыкIуащ, дызэрыцIыхуащ, ныбжьэгъуи дызэхуэхъуащ. Гуауэри гуапэри зэдэтIэтащ.

Гъатхапэм и 8 махуэр «Дунейпсо цIыхубз лажьэхэм я махуэ» лъапIэр ядэзгъэлъэпIэну удз гъэгъакIэ сащIэупщIэу сехъуэхъун си гъугъэу сыщэхуащ. Дызэресам хуэдэу, гуфIэгъуэ макъыу зыгуэрхэр кIэщIэстхэну си гугъэу зы тхылъымпIэ цIыкIу къисхащ. Ауэ сытыбзэ зэрыстхынур? Латин ТыркубзэкIэ стхымэ, зыхуезгъэхьхэм къагурыIуэнукъым. Кирил АдыгэбзэкIэ яхуэстхмэ, апхуэдиз илъэс дэкIауэ сэ схуэтхыжыну?! Сытми, сытIысри стхащ! ЕджапIэм и пэщIэдзэу кIуауэ, еджэкIэ зэзыгъащIэ еджакIуэ цIыкIум хуэдэу, куэду сыхуэсакъыурэ яхуэстхащ, щыуагъэ хэлъмэ, къысхуагъэгъуну сащыгугъыу.

Зы махуэ гуэр лъагъунлъагъу сахуэкIуауэ, яхуэстха тхыгъэм щыуагъэ куэд хэфлъэгъуауэ пIэрэ, жысIэу псалъэр къезгъэжьауэ, «Ар сыт жыIэкIэ, уи тхыкIэри си адэ и тхыкIэм езгъэщхьауэ а махуэм и фэеплъу сгъэтIылъащ, сыкъыпхуеджэнти», – щыжиIэм сригуфIащ. Сэ сришынэу, сыхуэсакъыпэу псалъэ зырызурэ стхар макъ дахэкIэ зэпыщIауэ къыщеджэм, гурыщхъуэ сигъэщIу, сыщIэупщIащ:

– Мы узэджар сэ стхахэра? Сигъэлъэгъуащ. Макъ дахэкIэ къеджар Хэкум къикIа егъэджакIуэхэм ящыщ зыуэ Къэрбэчхэ я нысэ Маринэт. ФIыщIэ хузощI. Сигурэ си псэрэ зэрыгъуэтыжауэ, абы и ужькIэ, сримыIэзэми, си гурылъхэр схуэтхыжыну къыщIэкIынущ, – жызигъэIэу тхэн щIэздзэжащ. Мы илъэситIым стхахэр зэхуэсхьэсыжауэ, гурылъ-гукъинэхэр дэщIыгъуауэ зы тхылъ къыдэкIынущ. Анэдэлъхубзэ зыфIэтща ди бзэр тIурылъу, уи бзэм уримытхэжыфыныр, уремыджэжыфыныр сыту гуауэ!

Гъатхапэм и 14 махуэу Адыгэбзэ тхыбзэм и махуэр ди бзэмкIэ тхэн-еджэным щIэдзапIэ тхуэхъуну зы гугъэкIэ сынывохъуэхъу!

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz