ЛIыгъурхьэблэ

1868 гъэм Дохъушыкъуей банэкъуэ хьэблэ, хьэжрэт Къэбэрдейм щыщ къуажэщ.

Къайсери къалэм км 112, Азей км 27-кIэ пэжыжэщ. ДыгъапIэмкIэ ЩIэщхьэблэ, дыгъэкъухьэпIэмкIэ Мэкэней, дыгъэмыхъуэмкIэ ХьэпащIей къыщысхэщ, къуэжэ цIыкIущ, ауэ шыуей куэд, лIыфI куэд къыдэкIащ.

Къуажэр хэкум иужькIэ къикIа лъэпкъиплIым: ЛIыгъур, Думэныщ, Адэжэ, Шыгъэлыгъуэ лъэпкъхэм зэгъусэу яухуащ. ЛIупхэ, Адэжэхэ я пхъурылъхути, ЩIэшхьэблэ кърашыжащ. Адамейхэ, Думэныщхэ я анэшти, Индырей Банэкъуэ хьэблэ къикIыжри къахэтIысхьэжащ. Думэнхэ ЛIыгъурхэ я пхъурылъхути, ХьэтIохъущыкъуей ЦIыкIум кърашыжри къагъэтIысащ.

ЛIыгъурхьэблэ къуажэфIт, хьэщIэ куэд къахуэкIуэу, къэкIуар ягъэхьэщIэфу, хуэкъулейу, шы, мэл, жэм зэрахуэу, лъэпкъыу хъуам бжьаIуэ яIэу апхуэдэт. Иджыпсту къуажэм щIымахуэм унэгъуищ дэсу аращ, мэл ягъэхъуу мэпсэу, гъэмахуэм унагъуэ 12 къокIуэжри гъэмахуэр къуажэм щрагъэкI. Псытегъэхьэ щIы зэрамыIэм щхьэкIэ, гуэдз, хьэ хащIэр, мэукъупIэ я куэдщ.

Адэжэ лъэпкъым щыщу хэкум ипэ дыдэ къикIар Шуайипщ. Абы къуищ иIащ: Алимырзэ, Али, Бекмырзэ. Адэжэхэ абы къатекIащ.

Думэныщхэ щыщу хэкум къикIар Зэчырейщ. Абы и къуэр Азей илъэс 15-кIэ мэру тета Махьмудщ. Махьмуд и къуэхэр: Хьэмид, Исмаил, Емир, Иса, Мэжид, Хьайри, Зэки.

ЛIыгъурхэ ящыщу хэкум къикIыу къуажэр зыухуар Умарщ. Абы къуитI иIащ: Тахьиррэ Газийрэ.

Адэмей къуажэм ипэ дыдэ къыщетIысэха лIыр Нахъуэщ. Абы къуищ иIэт: Али, Зия, Осман.

 

Шыгъэлыгъуэхэ ящыщу ипэ дыдэ къэкIуар Юсуфщ.

Ар 1926 гъэм хьэжым кIуауэ, абы дунейм щехыжащ. Къуищ иIащ: Хьэжмурид, Мэлуд, Фуад сымэ.

Къуажэм лIы цIэрыIуэ куэд дэсащ:

  • Думэныщхэ Махьмуд, Иса, Мэжид, Проф. Хьайри, Хьэмид, Исмаил, Сэруэт, Шахьин, Йылмаз.
  • Адэжэхэ Исмел, Мухьэмэд, Мырзэ, Ихьсан, Мысто, Икрам, Исмэт.
  • Думэнхэ Салымбей
  • ЛIыгъурхэ Тахир, Хъусейн (Чак’ал), Умар, Зэки, Али, Фахьри.
  • Адэмейхэ Зия, Осман, Хьафиз-ефенды (Али), Хьикмэт.
  • Шыгъэлыгъуэхэ Мэмэт, Абдин, Хьэжмурид, Мэлуд.

Мы къезбжэкIа цIыхухэр зэрыжылэу къацIыхуу, пщIэ яIэу псэуахэщ.

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz