Тлъэпщ и къуэ

0
921

Хы Фlыцlэ lуфэм lус шапсыгъхэр. Сочэ. Мы псалъэхэм къару хуабэ гуэр щlэлъщ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я дежкlэ. Мызэ-мытlэу дгъэунэхуащ ар. Дэфтэр гуэри, мыхъури, псалъэ леи – зыри хуэныкъуэн ухъуркъым – я бжэр къыпхузэlуах. Щlэупщlэркъым ныбжьыми, къулыкъуми – сыт хуэдэ lуэхукlэ захуэбгъазэми, гуапэу къыпlуощlэ. Сыт атlэ зыхуейр хамэщlым щыпсэу и лъэпкъэгъухэм я гъащlэм кlэлъыплъ журналистыр абы нэхъыбэ?! Нэхъыщхьэ дыдэр Хы фlыцlэ lуфэм lус шапсыгъ цlэрщ. А цlэр зепхьэу уахыхьа нэужь, узытепсэлъыхьынури куэд мэхъу, газет тхыгъэхэм папщlэ лlыхъужь екlухэри хьэзырщ. Тыркум, адыгэхэр куэду щыпсэу и щlыпlэхэм ущыблэжкlэ, уи нэм къыфlэнэ дамыгъэ гуэрхэр, щlыпlэр къызэрыпцlыхужыну ухуэныгъэ щхьэхуэхэр уигу зэрибубыдэным и ужь уитщ. Сыту жыпlэмэ, мыбдеж щыlэ адыгэ къуажэхэм зы плъыфэ яlэщ: мэжджыт, уэрам бгъузэхэр, теплъэкlэ зэщхь унэхэр, жыг хадэхэр, губгъуэхэр. Къуажэ къэс и зы дамыгъэ гуэр уигу йомыубыдэмэ, пlалъэ дэкlа нэужь, къыпхуэцlыхужынукъым – къуажэцlэрщ уи щхьэм къинэнур…

Берсирхьэблэ бгылъэ къуажэр картэм деж къыщыбгъуэтыну гугъущ, къуажэр зэрыцlыкlум къыхэкlыу. Ауэ абы иlэщ къозыгъэцlыху щхьэхуэныгъэ: шэрджэс шум и фэеплъ ухуэныгъэр зыдэт къуажэр псоми яцlыху.

-Куэд щlауэ дегупсыст къуажэр дауэ духуэнуми,- жеlэ къуажэм и унафэщl Брантэ Нэжеттин, – арати, дигу къэкlащ: псоми я нэм къыфlэнэрэ я гумм имыхужын хуэдэу зы дамыгъэ диlэн хуейщ. Дамыгъэм иlэн хуейщ тхыдэ мыхьэнэ, ауэ щыхъукlи апхуэдэ дамыгъэр ди къуажэм нэмыщl нэгъуэщlыпlэ щыlэн хуейкъым. Щlалэгъуалэм къыхалъхьащ Кавказым и мухьэжырхэм я фэеплъ къуажэкум, паркым ищlыхьыныр. Нэхъыжьхэми ар хуагъэдэхащ. Арати, lуэхум и ужь дихьащ. Берсирхьэблэ щыпсэухэм я кlэн къикlащ: апхуэдэ фэеплъыр зыухуэнури тыншу къагъуэтащ, ар зэрагъэщlыну мылъкури пlалъэ кlэщlкlэ зэхуахьэсащ.

-Сэ щlэх-щlэхыурэ сыкъокlуэ мыкъуажэм, сигуми си псэми дохьэ. Къару узыlэпызышэ гуэр дэлъщ къуажэм – ар зыхащlэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм нэмыщl, Кавказым къикlхэми, – къыддогуашэ

Истамбыл щыпсэу Ачин Нухь. Хы Фlыцlэ lуфэм къикlа адыгэ журналист Берсирхьэблэ щыхьэщlэу зэхэсхати, зысlэтри сыкъэкlуащ. Зэгуэрым къуажэдэс нэхъыжьхэм сепсэлъылlэу, къызжаlащ фэеплъ яухуэну мурад зэраlэр. Сэ занщlэ гъэщlэгъуэн сщыхъуащ ар. Икlэщlыпlэкlэ фэеплъым и къупхъэр стхащ – адыгэлlыр адыгэшым шэсауэ. Сурэту сщlар псоми ягу ирихьащ, сэри лэжьыгъэм сигу хыхьэу сеувэлlащ.
Тырку унэцlэ зэрихьэ пэтми, Нухь Тлъэпщокъуэ шапсыгъ лъэпкъым къахэкlащ. И анэр Чачыхухэ ящыщщ. Сурэтыщl, скульптор Тлъэпщыкъуэ Нухь хамэщl щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж щыцlэрыlуэщ. Езым экономикэ щlэныгъэ нэхъыщхьэ иlэщ. Ауэ и lэщlагъэм зэи ирилэжьакъым.

-Сызэрыцlыкlурэ сурэт щlыным сыдихьэхырт, – игу къегъэкlыж Нухь, – сэ абы сыхуезыгъэсэн сиlэтэкъыми, тхылъхэр зыlэрызгъэхьэурэ седжэрт. Студент сыхъуа нэужь, сурэт, скульптурэ щlыным нэхъ тегъэщlауэ зыхэзгъэгъуэзащ. Сурэтыщl цlэрыlуэхэм я lэдакъэщlэкlхэм сыкlэлъыплъырт, я лэжьыгъэхэм гупсысэ къыхэсхырт. Икlи сэ езым си хъэтl къэслъыхъуэжырт.

Тыркум и тхыдэм къыхэна цlыху цlэрыlуэхэм, политикхэм, жылагъуэ лэжьакlуэхэм, щlэныгъэлlхэм я фэеплъ скульптурэхэр, апхуэдэуи, цlыкlухэм папщlэ щыlэ таурыхъхэмрэ шыпсэхэмрэ хэт лlыхъужьхэм я теплъэхэр, сабий садхэмрэ пэщlэдзэ еджапlэхэмрэ я пщlантlэхэр зэрагъэдахэ, псэущхьэ, къэкlыгъэ теплъэхэр зиlэ лэжьыгъэхэр ирагъэщl lэпщlэлъапщlэм. Нухь абы и щlакхъуэ lыхьэр къырелэжь. Дихьэхыу, игурэ и псэрэ хыхьэу ар зэлэжьыр адыгэ lуэхум теухуахэрщ. Сурэтыщlыр нэхъыбэм щылажьэр щlыбырщ, апхуэдэу щlыуэпсым и дахагъымкlэ зепсыхь. Истамбыл дэт и лъапсэр музей хуэдэу игъэдэхащ Нухь – и lэдакъэщlэкlхэм нэри пэри яхь.
-Туапсе и lэхэлъахэм щыпсэууэ щыта си адэжьхэр Кавказ зауэм и иужь илъэсхэм Тыркум къэlэпхъуэныр къахуиухауэ щытащ, – жеlэж Нухь. Ауэ адрейхэм хуэдэу ахэр хым къытехьэу, кхъухькlэ къэкlуакъым, атlэ Кавказщlыб гъуэгукlэ Хэкум къикlащ. Япэ щlыкlэ Эрзурум къалэм пэмыжыжьэу, тыркухэм зэхакъутауэ щыта ермэлы къуажэм щытlысащ. Нэхъ иужьыlуэкlэ къэралым нэхъ икум зыщагъэбыдащ.

Нухь нэхъыжьхэм я хъыбархэм къыщlэтэджыкlащ. Блэкlар игу къэзыгъэкlыж сурэти, унагъуэ хьэпшыпи Хэкум ирахауэ къащlэнакъым и нэхъыжьхэм. Абы лъэпкъым и щэнхабзэмрэ и тхыдэ къулеймрэ кууэ едж. Икlи тхылърэ дэфтэркlэ зыщигъэгъуазэ къудей мыхъуу, адыгэхэр щыпсэу къэрал зэхуэмыдэхэр къызэхекlухь, Хэкум къокlуэж. Нартхэм гъукlатхьэу яlа Лъэпщ хуэдэу, Нухь Кавказымрэ Черкесиемрэ я тхыдэм зи цlэр къыхэна лlыхъужьхэм я теплъэр къигъэщlыжу щlидзащ. lэпщlэлъапщlэм и унэм щиlэ музейм щыплъагъунущ Кавказ зауэм и лlыхъужьхэм я фэеплъхэр. Апхуэдэхэщ Дыгъэмыкъуэ Бэрзэдж Хьэжы, Дыгъужьокъуэ Къазбэч, Бэлэтокъуэ Жамболэт, Шупакъуэ Къалэбатэ, имам Шамиль, щихъ Мансур, имам Хьэмзэт, Хьэжы-Мурат сымэ, Мысырым щытепща мамлюхэм, нэгъуэщl куэдми я теплъэ къигъэщlыжахэр. Щыплъагъунущ абдеж адыгэ lуэрыlуэтэм къыхэщыж лlыхъужьхэм я теплъи.
-Берсирхьэблэ папщlэ сщlа фэеплъым метритl и лъагагъщ. Абы мазитlкlэ селэжьащ,- жеlэ Нухь. – Ар пlалъэ мащlэм щlын сухмэ сфlэфlти, адрей си lуэхухэр езгъэтlылъыкlащ. Си гуи, си пси етат а lуэхум – къару гуапэ гуэр къысхилъхьэрт, сигъэгушхуэрт. Лъыкlи псэкlи къызгухьэ си лъэпкъэгъухэм папщlэ, гуауэ мыухыж зи нэгу щlэкlа си лъэпкъым папщlэ сэ а фэеплъыр тыгъэ хуэсщlащ адыгэ къуажэм. Ар бын къалэнт – сыкъызыщlэхъуа лъэпкъым си гуащlэ къихькlэ сыпэджэжыну.
Кавказ зауэжьым хэкlуэда ди лъэпкъэгъухэм Тыркум дэт я фэеплъым и къупхъэри Ачин Нухьщ зыщlар.

– Зауэжьым хэкlуэда ди адэжьхэм я фэеплъ сыным и теплъэрщ сщlар. Мыр уэ япэу узогъэлъагъу – зыми илъэгъуакlэкъым,- жиlэри, Ачын Нухь фэеплъым и сурэтыр зытет тхылъымпlэ lувыр си пащхьэм кърилъхьауэ щытащ: Адыгэлl уардэ, и плlэм щlакlуэ илъу, адыгэ пыlэ щхьэрыгъыу. И щlыбагъым бгыхэр къыдэтщ. – Фэеплъым лей кlэрызмылъхьэмэ нэхъ къэсщтащ – абы и мыхьэнэр тыншу къагурыlуэу щытын хуейщ дэтхэнэми: дэ – адыгэхэми, Тыркум щыпсэу лъэпкъхэми, къэралым къихьэ хамэхэми.
-Кавказ зауэм хэкlуэда ди дадэжьхэм фэеплъ хуэгъэувын мурадыр 2000 гъэхэм лъандэрэ щыlэт, – къыздогуашэ Нухь. – Километри 350 хуэдизкlэ Истамбыл къыпэщылъ Эскешехир къалэм и хасэр а lуэхум илъэс куэд щlауэ йолэжь: цlыхухэм я гупсыхэм едэlуащ, проект нэхъыфl къыщыхахыну зэпеуэ яублащ, фэеплъыр щlыным текlуэдэну мылъкури зэпалъытащ.

Лэжьыгъэу зыхэплъам Ачин Нухь ейр къыхахащ. Лъэпкъым и дежкlэ мыхьэнэ куу зиlэ, тхыдэм пэджэж лэжьыгъэр дзыхь къызэрыхуащlам Нухь игъэгушхуащ.
lэпщlэлъапщlэ уэд зэлэжьа фэеплъ сыныр Эскешехир къыщызэlуахауэ щытащ 2017 гъэм, накъыгъэм и 21-м. Республикэм Щэнхабзэмкlэ и министрым и арэзы зыкъырагъэщlри, фэеплъыр къалэ университетым пэгъунэгъуу ягъэуващ. Ар къыщызэlуахым кърихьэлlащ Анадолэ университетым и ректор Гюндоган Наси, Эскешехир щыlэ Кавказ щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Эрток Чихан, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лlыкlуэхэр.

Ныбэ Анзор.
Сочэ-Истамбыл-Берсирхьэблэ-Сочэ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz