Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэ

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м екIуэкIащ гугъэ куэд зыпыщIа Iуэхугъуэ – «Адыгэ дуней» зыфIаща лъэпкъ фондым и лъэтеувэ (адэкIэ: Фонд). Ар щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академиеу Ахъуэхъу Аслъэнбий и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым.

Къызэхуэсахэр щыгъуазэ зэращIащи, Фондым и пщэрылъ нэхъыщхьэр адыгэр зы лъэпкъ зэкъуэту щыIэным, лъэпкъ зыщI нэщэнэхэр ихъумэжу, и бзэм зригъэужьу, лъэпкъ хабзэхэм тету къэгъуэгурыкIуэным телэжьэнырщ, къытщIэхъуэ щIэблэр зыщыщ лъэпкъымрэ абы и тхыдэмрэ пщIэ хуащIу, зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ я гур етауэ къэгъэхъунырщ. ЦIыхугъэ, напэ, укIытэ, фIэлIыкI, пщIэ, нэмыс жыхуиIэ лъапIэныгъэхэр нэгъэсауэ къагурыIуэным Iуэху иращIылIэнущ. Илэжьыну псори зытегъэпсауэ щытынур лъэпкъ гупсысЭкIэ шэщIа щыIэнырщ, адыгэ гъащIэм щIэныгъэр нэгъэсауэ хэтынымрэ узэщIыныгъэм гъуэгу етынымрэщ.

Псом япэу Фондыр хущIэкъунущ ди IуэрыIуатэр и лъабжьэу иджырей технологиехэмкIэ теха таурыхъ диIэным. Бзэр тIэщIэзых хамэ таурыхъхэм дыдей пэгъэувыжын хуейщ. Сабий IыгъыпIэхэм яхуэщхьэпэн щIэныпхъэ тхылъхэр, егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэпыну нэрылъагъу дэIэпыкъуэгъухэр къыдэгъэкIыныр, зэпеуэхэм, олимпиадэхэм щытекIуэ зэпыту курыт еджапIэм щIэс еджакIуэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзыр егъэджакIуэхэмрэ гъэлъэпIэныр, адыгэ дунейр щIэныгъэ, щIэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ бей зыщI Iэужь зиIэхэр гъэфIэныр, защIэгъэкъуэныр пщэрылъ зыщещIыж «Адыгэ дуней фондым».

Фондым хуитыныгъэ иIэщ щIыщыIэмрэ зыхуеймрэ теухуа хъыбар игъэIуну, ди хэкум и дэтхэнэ щIыналъэми, хамэ къэралхэми щылажьэ зэгухьэныгъэхэу «Адыгэ дунейм» и щыIэкIэм къытехуэхэм запищIэну, Iуэху ядищIэну, апхуэдэ Iэмал яIэмэ, мылъкукIэ зыдигъэIэпыкъуну.

Фондыр щыIэнущ, пщэрылъ зыщищIыжахэри игъэзэщIэнущ лъэпкъым къыдиIыгъмэ, и унэтIыныгъэхэр игъэзахуэрэ абы фIыгъуэ кърикIуэну къилъытэу мылъкукIэ зыкъыщIигъакъуэмэ. Фондыр щыIэнукъым икIи лэжьэфынукъым лъэпкъым дызытегузэвыхьын димыIэу, псори зэпэщу дыкъэгъуэгурыкIуэу къилъытэрэ дэIэпыкъуэгъу щIэхъуни щымыIэу триухуэмэ.

Апхуэдэу, Фондым и Уставым итщ къэралым щызекIуэ хабзэхэм къимытIэс илэжьыну зэрыпимыхьэнур, политикэ партхэм я дэIэпыкъуэгъу зэрымыхъунур.

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэм кърихьэлIащ цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хэтхэр, хьэрычэтыщIхэр, лъэпкъ Iуэхум хэлIыфIыхьыну хуей куэдхэр. Лъэпкъым и бзэр, и хабзэр зыхъумэн, ефIэкIуэным телэжьэн фонд дызэрыхуэныкъуэр, апхуэдэ пщэрылъхэр зыщызыщIыжа гуп утыку къызэрихьам гукъыдэж къазэрыритыр жаIэу къэпсэлъащ кърихьэлIахэм щыщ:

Црым Руслъан – адыгэ сурэтыщl;

Хьэщхъуэжь Заретэ – Бэрбэч Хьэтlутlэ и цlэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкlэ кафедрэм и лэжьакlуэ нэхъыжь;

Жылэгъащтэ Хьэчим – «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщl;

Къанкъул Ислъам – Горький Максим и цlэр зезыхьэ урыс драмэ театрым и джэгуакlуэ.

Пшыхьым къыщеджащ «Адыгэ дуней» фондым и цIэкIэ кърагъэхьа телеграммэхэм. Ахэр ейт.

Мэзкуу дэт узыншагъэр хъумэнымкlэ и къулыкъущlапlэм Вересаевым и цlэр зрихьэу хэт кардиореанимацие сымаджэщ-lуэхущlапlэм и унафэщl, гу уз зэмылlэужьыгъуэхэмкlэ lэщlагъэлl Щоджэн Заур;

Тыркум ит Адыгэ Хасэхэм я Хасащхьэм и Гуащэ Мамхэгъ-Рахъуэ Илдыз (телеграммэ);

Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэнымкlэ Истамбыл дэт Багъларбашы Хасэм и тхьэмадэ Щоджэн lумит;

Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и къудамэу Къэбэрдей Хьэжрэтым щыlэм и унафэщl Шэрджэс Расьят.

Iуэхур макъамэрэ уэрэдкIэ ягъэдэхащ «Бзэрабзэ» гупым, «Бзабзэ» гупым я пшынауэ Iэпсэ Дианэ сымэ.

Лъэтеувэр езыгъэкIуэкIар «Адыгэ псалъэ» газетым и щlэныгъэ обозреватель, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратщ.

Дыщогугъ адыгэгу, адыгэпсэ псори Фондым и дэIэпыкъуэгъу хъууэ адыгэ дунейм и лъэр нэхъ быдэ, и гъащIэр кIыхь зыщIын Iуэхугъуэ щхьэпэ зэфIах защIэу къэгъуэгурыкIуэну.

Yazarın Diğer Yazıları

Erdoğan Aydın: ‘Bu süreç, sadece Ethem Bey’in rolü ve tasfiyesi değil, aynı zamanda Çerkes toplumunun Milli Mücadele’deki çok ağır fedakârlıklarına rağmen, kendini ifade etmesi...

Şamil Eğitim ve Kültür Vakfı 5 Ocak’ta, tarihçi-yazar Erdoğan Aydın’ı konuk etti. Aydın bu buluşmada “Milli Mücadele’de Ethem Bey: Tarihsel İşlevi ve Tasfiyesi” başlıklı...

‘Mandalina Festivali’

Abhazya'nın ilk kış festivali “Mandalina” 3-8 Ocak tarihlerinde gerçekleştirildi. Hazırlıkları 10 aydan fazla süren renkli etkinliğin organizatörlüğünü “Atlas Sosyal ve Kültürel Projeler Merkezi” üstlendi. Gelenekselleşmesi...

Derneklerimiz – KAFFED – DÇB

Kafkas Dernekleri Federasyonu’nun (KAFFED) uzun yıllara dayalı çalışma sonucu kurulduğunu biliyoruz. 2022 Olağanüstü Genel Kurulu ile başlayan bir tartışma sürecinin içindeyiz. Dünya Çerkes Birliği (DÇB)...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img