ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
1210

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.


ЕкIуэкIыу: 3. Дзэлыкъуэ куейм хиубыдэ къуажэ. 7. Къэбэрдей Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 9. Чы-бжэгъум къыхэщIыкIа бжэ. 12. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 14. Адыгэ куэду щыпсэу, Тыркум щыщ къалэ. 15. ТепIэнщIэлъын. 16. КъБР-ми Урысей Федерацэми я цIыхубэ артисткэ. 19. Псалъэжь: «Куэсэ … умыщI». 21. 19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ. 22. МахуэцIэ. 23. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ. 25. А цIэр зэрахьэу къуажэ щыIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми. 29. Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ. 30. Социалист Лэжьыгъэм и Лıыхъужь Дадэ … 34. ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и роман. 38. «Беслъэней пцIапцIэу …, си шэм и кIуэкIэр уигу ирихьа?» – Андемыркъан теухуа хъыбарыжьым щыщщ. 39. НэщI мазэм тхьэмыщкIэхэм хуагуэш. 40. «Софят и щхьэ … хуищIыжащ» – ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и повесть «Софят и гъатхэм» щыщщ. 41. МэкъупIэхэм узыщрихьэлIэ къуалэбзу. 42. Къыщалъхуа щIыналъэм щымыпсэу цIыху. 43. ЩIэпхъаджагъэ зылэжьахэр щхьэхуимыту щаIыгъ щIыпIэ. 46. Цы кIэщI щабэ зытет щэкI Iув. 48. Адыгэ уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист. 50. Фызым и щхьэгъусэм и шыпхъу. 52. Журт Биберд и иужьрей роман. 53. Шортэн Аскэрбий и роман.

Къехыу: 1. УхуакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 2. Iэпкълъэпкъ дахэ зиIэ щIалэ зэкIуж. 4. Пхъэ гъум кIыхь. 5. ЕджакIуэм ират унэ лэжьыгъэ. 6. Псалъэжь: «Мэл зыхэвэ нэхърэ … зыхэпкIэ». 8. Адыгэ сабийхэм папщIэ къыдэкI журнал. 10. ЦIыхум яшх, зи купсэр кIыхь удз. 11. Нарт лIыхъужь. 13. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъу. 16. ГъущIхэкI лъапIэ. 17. МафIэ бзий къыхихыу уафэм къыщыуэ. 18. Махъсымэ щащIкIэ халъхьэ. 20. Къуажэхь: «Уеплъмэ …, уеджэмэ, дэгу». 21. Зыгуэрым и къэухь, и гъунэ. 24. БлэкIа зэман жыжьэ. 26. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 27. Гуэгушыхъум и бгъэм телъ щэ. 28. ЩIы къиуда. 31. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ. 32. Адыгейм щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ. 33. Пшагъуэ Iув. 35. Апхуэдэ пэшэгъу языныкъуэ цIыхухэм яIэу жаIэ. 36. Адыгэхэм я зы къудамэу щыта лъэпкъ кIуэдыжа. 37. Ди къэралым ис лъэпкъхэм ящыщ зы. 38. Гъавэ хъумапIэ. 44. ХадэхэкI. 45. Хьэжыгъэ, фошыгъу хуэдэхэр зракIутэ. 46. Пасэм атэлыкъым ирагъэпIу щыта сабийм зэреджэ. 47. Мыщэм фIэбэлацэ хьэкIэкхъуэкIэ. 49. Адыгэ унэцIэ. 51. Iэщым хузэхащIэ Iус. 52. Бжьэхэм кърахьэлIэ фоупс пIащIэ.


№ 11 2021 Мэлыжьыхьы мазэм къыдэкIыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

ЕкIуэкIыу: 5. Пшагъуэ. 7. Къута. 8. Къыр. 9. Дудакъ. 15. НэщIэбжьэ. 16. Къундэпсо. 20. Чынт. 21. Дыщэ. 22. Хугу. 23. Хукхъуэ. 24. Зэ. 25. Куба. 26. Уагъэ. 27. Къан. 29. Софят. 31. Ибэ. 35. Хьэлэболэ. 36. КъардэнгъущI. 39. Дыжь. 40. Тхыдэ. 41. Къэб. 44. Къады. 45. Журт. 46. Хьэ. 47. Таж. 48. Хъун 50. Гуимэ. 53. Нащэ. 54. Джэримэс. 55. Аушыджэр. 58. «Лъапсэ». 60. Без. 61. Кхъуэхъуa. 62. Щыхьэт.
Къехыу: 1. Топ. 2. Гъудэ. 3. Уардэ. 4. Акъужь. 6. Бру. 9. Дыжьын. 10. Къанжэ. 11. Къэлътмакъ. 12. Бэдэху. 13. КхъуэIуфэ. 14. Псыдыуэ. 17. Жызум. 18. Хьэкхъуафэ. 19. Пщагъэ. 28. Апэсы. 29. Сэлэт. 30. ТхакIуэ. 32. Бжьэпэ. 33. «Нэху». 34. Кугъуэ. 37. Мысачэ. 38. Дарий. 39. Дыхьэрэн. 42. Бжэндэхъу. 43. Гуращэ. 46. Хьэмид. 49. «Насып». 51. «Пшэплъ». 52. Теунэ. 56. Къупщхьэ. 57. Гъубж. 59. Пхъужь. 62. Щиху. 63. Тощ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz