Нэпсыкlэу щlаутхыкlыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъырт

0
1332

Жан мыгъуэм хьэкъугъыр къреш,

Шэ пIэнкIри къыщелъэлъэхым,

Жан и нэпситIыр къыфIолъэлъэх.

Джаурыдзэр гум къыщилъэлъым,

Жан гущэр къызэфIомахэ,

ХэщIапIэм хэта и дэлъхур

ФочпэбжкIэрэ кърахулIэжыр,

ЛIы щауэм и псэуныгъэр

А щIыпIэм щрагъэух.

Сэ си дэлъхуу данагъуэ пащIэ,

УмыпIащIэуэ зыпшыIэфатэмэ,

Уи псэ тIэкIур IэщIэкIыфынт.

Уи пыIэщхъуэр дыгъэм полыд,

Къантэлэууэ уи ержыбыжьыр

Къэзэуатым кIэлъызэрахьэт,

Зэман кIыхькIэ къыщIепхьэкIар

Нобэ махуэм къебгъэлэжьащ.

Дэ лажьэшхуэу нобэ тлъэгъуахэр

Ди бын къэхъухэм щаремыгъупщэ.

Къулътынуэрэ куэншыбэ дахэр

ФочыпэкIэ зыщыдагъэхыр,

Гу зыхуэтщIауэ уэркъ щауэ щIалэхэм

Зыщедгъэхыным дыхунагъэскъым,

Сыт мыгъуэр дэ ди махуэж!

Щхьэгъусэу псэм емыблэжым

Хьэзырыбгъэу зэIулъ пщыкIухыр

Уэрамыпэм щатреухэр.

Инжыдж псыхъуэу Тхьэр зыдэбгэным

Лъы бахъаер щызэрызохьэр,

Муслъымэныр дызэрызехьэуэ

Джаурыдзэм хьэлэч дыкъащI.

ЩIыгу гущэуэ дызыщалъхугъэр

ЛъыпсаекIэ къытхураIащ,

МыдэкIэрэ дэ ди гум къеIари

Сабий гъащIэу дэ тIэщIаударщ.

Удын бзаджэу дэ къытлъысахэм

Гуауэ гъыбзэр дагъэусыр.

Къэралышхуэм и дзэ пакIэшхуэр

Нэхущ мыгъуэм дэ къытщIотаджэ,

Сабий цIыкIуу къэмытэджахэр

ФочпэбжкIэрэ нызэбгырадзыр,

КъуэкIий нэфым ныдадзэжахэр

Анэ мыгъуэм зэщIащыпэж,

Анэ бгъафэм къыщIаудахэр

Сыт емынэм ящигъэгъупщэн?!

 

Мы пычыгъуэр къызыхэтха «Жан и гъыбзэр», зэрынэрылъагъущи, зытеухуари зэхьэлlари Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм лъэпкъым и щхьэ кърикlуа хъугъэщlагъэ гуауэхэм языхэзщ. «Джаур зауэжькlэ» адыгэхэр зэджэу илъэсищэм щlигъукlэ екlуэкlа лъэпсэрыхыр лъэпкъ щlэжым куууэ къызэрыхэнар, абы нэщlэбжьэу къыхэкlахэм я лъэужьыр удын бзаджэу абы зэрекlар къызыхэщыж уэрэдыжьхэр тхыдэм и гъуджэм хуэдэщ, блэкlар lупщlу уи нэгу къыщlагъэхьэу, ар пщыгъупщэ зэрымыхъунур дэтхэнэ зы псалъэми къаlуатэу. Тхыгъи тхыбзи зимыlа лъэпкъым и дунейри, и тхыдэри зэрихъумэр гукlэт, зы щlэблэм къыбгъэдэкlыу адрейм деж зэрынихьэсыжри lуэрыlуатэкlэт. Фэеплъым ужьых иlэкъым, ар зейм упыщlауэ, уигу щlэузу, укlэлъыlэбэрэ зэбгъэзэхуэжыну ухущlэкъуу дунейм утетыху.

Хуэфащэ гулъытэ имыгъуэтами, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкlэ и институтым илъэс зыбжанэкlэ узэlэбэкlыжмэ, къыдигъэкlыгъат тхылъ гъэщlэгъуэн, къызэщlиубыда lуэхугъуэкlи зытеухуакlи тхыдэ къэхутэныгъэшхуэхэм япэшачэу, lуэрыlуатэ щlэныгъэр къыщыгъэнауэ, лъэпкъ щlэныгъэм увыпlэшхуэ щиубыдыну къылъысу. «Пащтыхь зауэжьым и зэманым къежьа адыгэ уэрэдхэр» – аращ зэреджэр а тхылъ фафlэшхуэм. Урыс-Кавказ зауэм къыдэунэхуа, лъэпкъым и щхьэ кърикlуэ тхьэмыщкlагъэхэм траусыхьа уэрэдхэм я зэужьщ ар. Абыхэм ящыщ гуэрхэр мызэ-мытlэу совет лъэхъэнэм дунейм къытехьауэ щыта lуэрыlуатэ тхылъхэм ихуауэ щытами, мы къыдэкlыгъуэм хуэдэу а илъэс жьыуейхэм екlуэкlа псор нахуэ ищlу, куэд къызэщlиубыдэу щыlакъым жыпlэми егъэлея хъуну къыщlэкlынкъым.

Псом япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ Урыс-Кавказ зауэм къыдежьа уэрэдыжьхэмрэ къыщаlуатэрэ зытеухуа lуэхугъуэкlэ абыхэм япэгъунэгъуу зэхалъхьа lуэрыlуатэхэмрэ къызэрымыкlуэу куэд зэрыхъур. Дунейм къытемыхьауэ, архив гъэтlылъыгъэхэм щызэбгрыпхъауэ хэлъу, къытетхыкlыжын хуейуэ фонотхыгъэхэм тету щыlэр бжыгъэншэщ. Мис абыхэм ящыщщ зи гугъу тщlы тхылъым пкъы хуэхъуа уэрэдыжьхэр. lуэрыlуатэ щlэныгъэм къыlэрыхьэжащ къэхутэныгъэ гъэщlэгъуэнхэр къызылъыкъуэкlыну текст купщlафlэ куэд.

Етlуанэрауэ, lуэрыlуатэкlэ фlэкlа дызыщымыгъуазэу щыта lуэхугъуэхэм хэлъ пэжым тхыдэтххэмрэ тхыдэхутэхэмрэ къатlэщl архивхэр кlуэ пэтми лъэныкъуэ куэдкlэ щыхьэт къабзэ тохъуэ, тхыдэ тхылъымпlэу къыкъуэкlыжхэри я шэсыпlэу къоув. А лъэныкъуэмкlэ укъеплъмэ, лъэпкъ тхыдэр зэфlэгъэувэжын и lуэхукlэ уэрэдыжьхэр узыблэплъыкl мыхъун фlыгъуэщ.

Ещанэрауэ, уэрэдыжьхэм яхъумащ лlыхъужь куэдым я цlэхэр. Лъэпкъым и тхыдэр къэзыгъэщlыр цlыхущ, lущыгъэ, щlэныгъэ, лlыгъэ хилъхьэкlэрэ. Франджы тхыдэтх Ардуэн Жан зэрыжиlащи, «къыщыхъуарэ щекlуэкlакlэ тхыдэр пщlэныр хъарзынэщ, ауэ а псор къэзыгъэхъуахэмрэ къэзыгъэщlахэмрэ ущыгъуэзэныр хьэлэмэт дыдэщ – ар къэзыхутэм тхыдэ зэрищlым и мызакъуэу, зыбгъэдилъхьэж цlыхубэр а тхыдэм пещlэ, блэкlамрэ къэкъуэнумрэ нобэрей махуэхэмкlэ зэрепх. Цlыху зыхэмыт тхыдэр лъэмыж зытемылъ псыежэхым ещхьщ: дахэщ, узыlэпешэ, ауэ ухыхьэну узытригъэгушхуэркъым. Ауэ а тхыдэм нэгу зиlэ цlыху къыщыхэпшкlэ, гушхуэныгъэ къозыт щапхъэ жылэм ибот, фlым и фlыжыр гъуазэ абы хубощl». Арэзы узытемыхъуэнкlэ lэмал зимыlэ еплъыкlэщ. Адыгэ тхыдэр къэзыгъэщlа ди лlыхъужьхэм ягъэлъэгъуа хахуагъэмрэ зэрахьа лlыгъэмрэ и мызакъуэу, цlэкlэ тщlэнри щlэжыр зыхъумэ, зэхэщlыкlыр нэхъ лъагэу къэзыlэт lуэхугъуэщ. Фlэщ щlыгъуейщ уэрэдым зи лъэпкъыцlэ хэту ирихьэлlа ныбжьыщlэм ар зыщигъэгъупщэныр, уеблэмэ къызэщlиlэтэу тхыдэм хуригъэплъэкlыныр зыхуэlуа щыlэкъым.

Урыс-Кавказ зауэм къыдэунэхуа уэрэдыжьхэм я бжыгъэр куэд зэрыхъум, lуэхугъубэм я щхьэфэм зэриlэбэм, хэкум и дэнэ къуапи ахэр зэlэпахыу къызэрыгъуэгурыкlуам къегъэлъагъуэ а хъугъэщlагъэ бзаджэм адыгэхэр ину зэрызэридзар. Цlыхубэ lуэрыlуатэм псалъэ хэплъыхь ищlыркъым, къэрал унафи иlэкъым. Уэрэдыр лъэпкъым зыхуиусыр ар зыхуэфащэу къилъытэ lуэхумрэ цlыхумрэщ. Абы и лъэныкъуэкlэ убгъэдыхьэмэ, гузэхэщlэу хэлъыр гуащlэу къыплъэlэсми, джаур зауэжьым и лъэхъэнэм къежьа уэрэдхэр лъэпкъ хъугъуэфlыгъуэшхуэщ, цlыхум и зэхэщlыкlыр здынэсу щытар къыбгурыlуэну, екlуэкlым зэрыхэплъар зэхэпщlыкlыну lэмал къыуату.

Зэрыгурыlуэгъуэщи, щалъхуа адэжь щlыналъэмрэ зыдапlыкlа жьэгумрэ зэрипхъуэну бийр къыщыкlуэкlэ, гу зыкlуэцlылъ дэтхэнэ цlыхури абы пэувынущ, къыдалъхуахэмрэ къилъхуахэмрэ къащыжыну яужь итынущ. Зауэм къигъэщlа гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыхуэунэтlари аращ – зэуакlуэ къэкlуам, зэрыпхъуакlуэм пэщlоувэ, ар зэримыдэр къеlуатэ. Тхылъым ихуа уэрэдхэр зытеухуакlэ зэщхьэщыбгъэкlмэ, урихьэлlэнущ жей lувым хэт адыгэ къуажэ лажьэншэхэр зэрызэтрагъэсхьам, щlыпlэ-щlыпlэкlэрэ щекlуэкlа зауэхэм, псэемыблэжу зэуа лlыхъужьхэм, бэлыхь мыухыжым хэхуа цlыхубзхэм, хэкукъутэм, псыикlыжым теухуа уэрэдхэм. Дэтхэнэ уэрэдми, гущlэм зригъэгъазэу, къатепсыха насыпыншагъэр егъей, щхьэегъэзыпlэр къилъыхъуэу апхуэдиз гуlэгъуэр Тхьэм къащlритам щlоупщlэ, итlани, гугъэр къаруушхуэкъэ-тlэ, шыlагъэр зытрагъакlуэу, фlым щыгугъыу уэрэдкlэ фэбжь шынагъуэр ягъэужьыхыну, нэхъыкlыж къамыгъэхъуну хущlокъу.

Зэгуэр лъэпкъышхуэу щыта, зауэр щиухым lэбжьыб фlэкlа къызыхэмына лъэпкъым, гъэщlэгъуэнращи, сыт хуэдиз щхьэкlуэ имышэчами, къатегуплlэу и хэкур зэхэзыфыщlахэм лъагъумыхъуныгъэ яхуищlакъым, бийм къыхэнэ щымыlэу зэтеукlэн, я лъапсэр ихын хуейуэ къыхуриджэу зы уэрэди зэхилъхьакъым. Ар щыгъэтауэ, хабзэрэ напэкlэ бийр къихьэхуну, илэжь щlэпхъаджэм иригъэгупсысыну хэтащ. Сыт и уасэ, псалъэм папщlэ, адыгэ зауэлlхэм я щхьэр пихрэ бжэгъу лъагэм пызыlуу щыта урыс генерал Засс Григорий зрагъэцlыхужын щхьэкlэ, и пхъур яхьу, Хьэтlохъущокъуэ Мыхьэмэт lэшэ, Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ, Жанджатэ Хъырцэжь Алэ, Щоджэн Шумахуэ сымэ абы кlэлъызэрахьа цlыхугъэр. Мазэ бжыгъэ къызэрытам къриубыдэу а бзылъхугъэ цlыкlум адыгэм и бзэр ирагъэщlащ, и фащэр щатlэгъащ, и хабзэхэм щагъэгъуэзащ. Засс и пхъум къилъэгъуат адыгэ дунейр и кlуэцlкlэ, къэзылъхуа и адэм щыхуашэжми, и гупсысэр зэрихъуэкlыну хэта щхьэкlэ къикlа щыlэкъым – ар системэм и цlыхут, Нало Заур и жыlауэ, лъы гъэжэныр зыlурыlэфlа, зауэм хэужьыныхьа цlыхут.

Жылэкъутэ хъуа адыгэм lупщlу къилъэгъуат лъы нэпсу щlагъэкlыр пащтыхьыдзэм хэт къызэрыгуэкl зауэлlхэм я деж щыплъагъу зэрымыхъунур, атlэ апхуэдиз лъыгъажэмкlэ жэуап зыхь унафэщlхэр зэрыщыlэр. Аращ адыгэ уэрэдыжьхэм цlэ пыухыкlахэр къыщlриlуэр – уэрэдыжьхэм яумыс икlи ягъэмысэ урыс генералхэр, адыгэхэм къахэкlауэ пащтыхьыдзэм хыхьа дзэзешэ гущlэгъуншэхэр, тlасхъэщlэххэр, бзэгухьхэр, епцlыжакlуэхэр. Мыри къызыхэкlыр лъэпкъым игъэв узыфэ шынагъуэр игъэlэсэн, мыхъумыщlагъэ къэхъухэм дунейм гу лъаригъэтэн щхьэкlэщ. Бэлыхь хэту хэт щlэмыхъуэпсыр гущlэгъу, гулъытэ, гукъаскlэ?

Урыс-Кавказ зауэм къыдежьа уэрэдхэм къазэрыхэщщи, адыгэхэри ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэри мывэ щхьэлым къыдэхутат – пащтыхьым хым екlуалlэу дунейм хэзышэ гъуэгу къилъыхъуэрт, адыгэхэр хуиту я щlыгу тесыжыну щlэхъуэпсырт. Ауэ абы и закъуэтэкъым lуэхур здэщыlэр. Уегупсыс зэрыхъунумкlэ, адыгэхэм лlэщlыгъуэкlэрэ къадэгъуэгурыкlуа зэхэтыкlэ-псэукlэри гъащlэм къемыкlуж хъуат, абы lэмалыншэу зэхъуэкlыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейр нахуэт. Жыпlэпэнуращи, лъэпкъыр гъуэгу зэхэкlыпlэм къытехутащ. Абы къыхихын хуейт: е хьэрып-тырку жьыбгъэр щызепщэ къуэкlыпlэ жылэ зэхэтыкlэр, е европей щlэплъу щыт урысей жылэ зэхэтыкlэр…

Зэрыжаlэщи, адыгэ унафэр кlыхьщ. Зи геополитикэ lуэхухэр псынщlэу зэфlэзыхыну хэт Урысейм а унафэр кlэщlу ищlащ. Абы къишар хэкукъутэм и закъуэкъым, атlэ адыгэм и дуней еплъыкlэми, и псэукlэми, и хабзэ зехьэкlэми зригъэхъуэжащ. Нобэр къыздэсамкlэ уеплъмэ, сыт хуэдиз щыщlэныгъэ хэмылъми, адыгэм и гъуэгур европей щlэплъу щыт урысей жылэ зэхэтыкlэм итущ зэрыпхыкlыр, нэгъуэщlи къилъыхъуэркъым. Ауэ абы зиубгъунри, щlегъуэж къыхэмыкlыу ипэкlэ кlуэнри елъытащ лъэпкъ тхыдэм къэралыр зэрыхущытыр. Пэжым нэхъ lэщэфl щыlэкъым. Зэи бгъэзахуэ хъунукъым лъыгъажэмрэ хьэкlэкхъуэкlагъэмрэ, пlэт хъунукъым лъэпкъхэр зэтезыукlа пащтыхь дзэзешэхэмрэ абыхэм зэрахьа хъуагъэщагъэхэмрэ. Зыр зым хуэсакъмэщ, щыпкъагъэр гъуазэу щытмэщ захуагъэр щытепщэ хэгъэгу щыбухуэфынур.

«Пащтыхь зауэжьым и зэманым къежьа адыгэ уэрэдхэр» зи фlэщыгъэ тхылъхэр гупсысэр куэдым нэзыгъэс тхылъ гъэщlэгъуэнщ. Уэрэди 130-м нэблагъэ зэрыт зэужьыр хамэщl къыщыхута тхьэмыщкlэхэм я щlэблэм щыщ зы нанэ и псалъэ шэрыуэкlэ жыпlэмэ, «нэпсыкlэу щlаутхыкlыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъыу яуса уэрэдщ», нэгъэсауэ тхыдэм и фэеплъщ.

Тхылъыр зэхэзыгъэува гупым лэжьыгъэшхуэ зэфlагъэкlащ уэрэдыжьхэр архивым къыхэхыжыным, ахэр тедзэным хуэгъэхьэзырыным, еlуэлlапхъэхэмрэ псалъэ гурыlуэгъуейхэм я псалъалъэр зэхэгъэувэным, адыгэ текстхэр урысыбзэм илъхьэным и lуэхукlэ.

Уэрэд зэужьыр адыгэ щlэныгъэм, лъэпкъ щэнхабзэм дежк1э мыхьэнэшхуэ зиlэ лэжьыгъэу зэрыщытым шэч хэлъкъым.

 

Табыщ Мурат,

«Адыгэ псалъэ» газетым и щlэныгъэ обозреватель.a

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz