Гъуджэр абджым хэщIыкIауэ зы цIыху IэщIагъэщ. Гъуджэм ихьэри, Iухьэри, Iурыхьэри хэтми-сытми къыIурехыж. НэгъуэщI зы жыIэкIэу; Гъуджэм и лъэгъуар, уэгъэлъагъуж. Гъуджэм и лъагъун папщIеи ‘’Нэ’’ иIэни хуеищ. Арау къыщIэкIынщ, “гъунджэ”и щIыфIащар… (Абджыр гъунджэу, ибджэри къоджэжу.) ЦIыхуу, псэущхьэу Гъуджэм Iухьэр щыпкъэщ, пэжщ. Къигъэлъагъуэр и нэпцIыми… ЦIыхур, гъуджэм, езыр маплъэ, хоплъэ и лъагъуну зыхуеихэм хоплъыхь. Зыхуеир и щIэну хуиту…

НытIэ, мы теплъэ Iуплъэм зэ дыхэплъэн. Шыр сыт щыгъуэи Адыгэм фIыуэ илъэгъуа псэущхьэхэм я щыщщ. И Хъуэхъухэм хэтыжуу. “ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу”…

Нарт IуэрыIуатэхэми кыхэщыжу; … Чынтыпщым Сэтэнэи Гуащэ ирихьэжьау, къытырахыжыным дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну зыдэкIуэм, Гуэргуэныжь и шыр “ПIащэжь” къытохуэри малIэ. …Губгъэ нэщIым, фIыщщэу и лъагъу ПIащэжьыр (и шыр) къыринэныр, Нарт лIыхъужьыгъэм иримыгъэкуу, и шыр и плъэм дэлъу, «Чо БыдапIэм» нэс ихьыжауэ, къеIутэж IуэрыIуатэм…

Шыр, цIыхум гъусэ зэрыхуэхъурэ гъэ мин дапщэ блигъэкIами, цIыхум, цIыхугъэм щхьэпащ… Шым шэсамэ, тетIысхьэу тесамэ зыхуеим и’хьащ. ЩIэщIауэ (ажьэр, шэрхъыр щIэныгъэ IэщIагъэм хэхьа нэужь щыгуу.) зыхуеими и’шащ…

Щигъасэм, зыгъэсам зыхуеир хуищIэну, и Iыгъын папщэ фэм хэщIыкIауэ шхуэ, нахъутэ хуищIыри, гъущI тхьэгъукIэ зыкIэрыщIау шым и щхьэм трилъхьащ…

Ауэ сэ нэхъ сызтепсэлъэхьыну сызыхуеир, шым и нэм Iупхъуау, Iулъ “шы нэгъуджэ”кIэ дызэджэ, фэхэкI Iупхъуэращ.

Шым, шы нэгъуджэр сыт щхьэкIэ Iуалъхьа?

Шыр зезыхуэм, атIкIэ-мытIкIэ къикI, къэхъу-къащIэхэр иримгъэлъагъуну, (и занщIэм фIэкI имылъагъуну) хъурыщIэхэм щымышынэу, къимыгъащтэу иригъэлъагъу гъуэгу лъагъуэм темыкIыу, зыхуемкIэ зыригъэкIуэн папщIэу къыщIэкIынущ, шхуэмлакIэри езым и Iыгъу…

Мыхэр щыстхым сигу къигъэкIащ!

Нобэ, дунеи псэукIэр зезгъакIуэ, зызгъэгубзыгъэ (!) цIыху хэхахэм, шым хуэдэу, (дагъэлъагъум фэкIа дымлъагъуну) шы нэгъуджэ къытIуалъхьэу пэрэ? Зэ дызэплъыжын?..

 

Шы нэгуджэ (нэlурылъ) цIыхум Iулъ?

Iэпкълъэпкъ зыфIэтща ди пкъым и щIыIу дыдэм тетым “щхьэ” фэтщIауэ пкъыгъэ къуапэм куэд тетщ. ТхьэкIумэ, жьэ, пэ, нэ. Дызхэпсэуэхь щIыуэпсым къыхэкI къахъу-къащIэхэр хъурыщIэхэр зыхихуу Iэпкълэпкъым къэзгъэс (щхьэм ихьэу гум нэзгъэс) ди псэ къуапэхэращ. Нэхъ дызтепсэлъэхьынур, “НЭ”ращ. Нэр зы псэ къуапэ щыхъукIэ, я пэ кIыщIэ лъэн хуэищ, плъэн хуэищ. Нэр маплъэ. Плъэ къуэдеикIэ хъуркъым, зэплъыр, зыхэплъэр и лъагъун хуэищ. Нытэ плъэныр щхьэхуэщ, лъагъуныр щхьэхуэщ жытIэу тIу итIщыкIынщ. (Нэм щыIуху трищIамэ уплъэми плъагъукъым, ар пкъым и дагъуэщ.)

Дэри нэ диIэщ, мы теплъэм дищепълым, сыт хэтлъагъуэр?

И нэр Iупхъуащ, изанщIэм фIэкIа плъэми,нэгъуэщ зыри и лъагъукым, жытIэ хъун? Нэгъуэщ зыри щымыIэу ара? Хьэмэрэ, нэ Iупхъуэр зыIуалхьам нэгъуэщ щIыпIэкIэ ямгъэплъэну арау пэрэ? Хэтлъэгъуам зэ дегупщысыжынщ.

Ипэм, егъэджапIэхэм (оkul, школ) йырагъаджэу щыта гупщысэщIэныгъэ (felsefe, философия), гупщысэзэгъэпщ (mantık, логикa) щIэныгъэхэр ягъэмащIэурэ яIэтыжыурэ; умгупщысэ, гупщысэр умгъэкIуатэ, дэ уэдгъэщIахэр пхурикъунщ, «Уэр папщIэ дэ догупщыс.»… жаIэу ар къырагъэкIыу пэрэ?

ЩIэн, щIэныгъэ жыпIэу зомгъэзэш. Уэ, уэдгъэщIа фIэщхъуныгъэм къыбжиIэм ирилажьэ. Удэхуэхми дэхуэхахам зелъыт. Ахэм нэхърэ узрынэхъыфIыр лъагъу, ар гурыфыгъуэу зыбгъэдэгъэлъ. Нэгъуэщхэм укъагъэпцIэнщ. Ахэм я гъуэгур гъуэгукъым. Уэдгъэлъагъу мы гъуэгу захуэм утекIыу мафIэ жьэражьэм зыхомыдзэ…ЗыгурыгъаIуэи тхъэжу щхъуантIэпсым хэс… жаIэу кыптыралхьэнщ нэIурылъу, нэгъуэщ щIыпIэкIэ уамыгъаплъэу… зы шхуэмлакIэр зыIэщIэхьэм… выщхьэ тесу, бжьыпэр зыIыгъ, мыхъу-мыщIэхэм уаIэщIэхуэм…

УкъэзгъэщIам, уи гъэлъэгъуа щIэн, щIэныгъэм уэ щыгугъ. Бжьыпэ Iыгъу мы нэпцI лIыкIуэхэм уащымгугъу. Хэплъэ жылэ (лъэпкъ) псом. Хэт япэ ит. Хэт яужь къина. ЩIэн, щIэныгъэ зезыхьэр дэнэ нэса. Ар, зымыдэр дэнэ къыщына…

Шым Iуалъхьэми, уэ зыомгъэлъ.

Iух нэIурылъыр зеим етыж,

Уэ «НЭ» уиIэщ, хэплъэхь, лъагъу,

Уэ уи гъуэгур уэ хэхыж…

КIыфIыр къанэу, нэхур хэпхам,

Ар уэздыгъэщ, мэфIалъэщ*,

КIыфIым хэтхэм хуэгъэунэхуж…

 

*(мэщъалъэ, факел)

 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz