Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

‘Адыгэ макъамэм сызыlэпишэщ, иджыри къэс зызгъэнщlакъым’

Ди гуапэдыдэщ пандеми нэужьым консертхэм зэрыщlидзэжар, цlыхухэр тиатырхэм кlуэф зэрыхъужар. Иджы нэужьи мыпхуэдэу зэпымыуу кlуэмэ ди гуапэщ. Мюзикант гуп Хьаттимрэ Иуан Бэталрэ Налшык консерт щрагьэкlуэкlащ бадзэуэгъуэм и 9 м. Мы дауэдапщэм теухуау деуэшэрылlащ гупым щыщу Балкъэр Кьазбэч.

 

 

-«Хатти» сыт щыф1эфщар? Дапщэщ ансамблыр къыщызэвгъэпэщар?

-Ансамблым и тхыдэр 2005 гъэм къыщ1едзэ. Абы щыгъуэм къафэ ансамблыр зэхэтшэну дигу къихьащ. Иджырей «Хаттимрэ» абырэ шурэ лъэсрэ язэхуакуу къызыщыхъухэр щоуэ: дыкъыщыфэ зэманми, макъамэм гулъытэшхуэ хуэтщ1ырт. Езы ф1эщыгъэц1эр къыщыдгупсысым дигу илът ар к1эщ1у, дахэу щытын хуейуэ, абы нэмыщ1 Хьэтхэм я ц1эр къыхэдгъэщыну дыхуейт.

 

 

-«Хатти»-м Кавказ Ищхъэрэм и пшынэхэр зывохьэ. Иджыри сыт хуэдэ макъамэ 1эмэпсымэ къэвгъэсэбэпыр? Хэт сымэ ансамблым хэтыр иджыпсту?

-Пшынэ, 1эпэпшынэ, шык1эпшынэ, къамыл, бжьамий, перкуссие, гитарэ – аращ къэдгъэсэбэпыр нэхъыбэу. Нэгъуэщ1 лъэпкъхэми зэрахьахэр хыдогъэхьэ ди программэм. Тф1эгъэщ1эгъуэнщ, тф1эхьэлэмэтщ. Иджырей «Хатти» -м дыхэтщ: Индэрокъуэ Арсен, Увыж Анзор, Иуан Бет1ал, Хьэпц1э Арсен, Алборэ Азэмэт, Шэрджэс Мухьэмэд, Бакланов Димэ, сэ -Балъкъэр Къэзбэч сымэ.

 

 

-Макъамэр дауэ зэрызэбгъэщ1ар?

-Макъамэм зэи сыхуеджакъым, ауэ си щ1алэгъуэм щыгъуэ рокым сыдихьэхт, нэхъыбэу сызэда1уэу щытар «Queen» гупырт. А зэман дыдэм «Кабардинка» къэфак1уэ ансамблым сыхыхьати, адыгэ макъамэм сызы1эпишэу щ1идзащ, иджыри къэс зызгъэнщ1акъым.

 

 

-«Хатти»-м и репертуарыр инщ. Концерт щывгъэхьэзырым деж фызэуэнухэр дауэ къызэрыхэфхыр?

-Ди репертуарым нэхъыбэу хэтыр адыгэ пшыналъэхэрщ, дэ езым къэдгъэщ1эрэщ1эжауэ. Абы нэмыщ1 ди гупым хэтхэм ятх композициехэри хыдогъэхьэ программэм.

 

 

-Этник музыкэм и гъусэу джаз, блуз хуэдэу фщ1ырэ?

-Макъамэр щыттхым сыт хуэдэ стилри къыдогъэсэбэп, ауэ нэхъыщхьэр этно-ращ. Пэжыр жыс1энщи, джазми, блюзми я лъабжьэр – фолкщи, абы шхьэк1э дахэу зок1у.

 

 

-Жьынэпс щIэджыкIакIуэхэм ехьэлъэуэ сыт жыпIэн?

-Мыбы еджэхэм, дэтхэнэ адыгэми, сехъуэхъуну сыхуейт. Адыгэ лъэпкъым зиужьыну, зы хъужыну, дызэк1элъык1уэу, дызэры1ыгъыу дыпсэуну Тхьэм жи1э!

 

 

-Уисоу. Хатти гурым фIыщIэ фIфхудощ.


 «Хатти» гупыр утыку къохьэж

Налшык къалэм Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм бадзэуэгъуэм и 5-м концерт гукъинэж щитащ Балъкъэр Къазбэч зи унафэщI «Хатти» ансамблым.

ПIалъэкIэ утыку  имы хьа мы гупым и концерт программэр щIэщыгъуэу икIи  гъэ щIэгъуэну зэрау хуам къы хэкIыу, абы хухаха сы хьэтитIыр псынщIэу блэ лъэтащ. Макъамэр зи Iэпэгъу щIалэхэм — перкуссиер зыгъэбзэрабзэхэу Балъкъэр Къазбэчрэ Ныбэжь Азэмэтрэ, адыгэ макъамэ Iэмэпсы мэхэм еуэ Увыж Анзор, гита рэмрэ Iэпэ- пшынэмрэ хуэIэзэ Индрокъуэ Арсен, лъэпкъ пшы нэмрэ Iэпэп шынэмрэ хуэIэ кIуэлъакIуэ Иуан БетIал, бас-гитарэм фIыуэ хэзагъэ ХьэпцIэ Арсен сымэ — я лэжьыгъэ гъэ щIэ гъуэн хэм, абыхэм къагъэ щIэ рэщIэжа адыгэ цIы ху бэ пшыналъэхэм къы зэ хуэ сахэр щIагъэдэIуащ. Куэ дым ягу дыхьащ Би токъу Оксанэ зи пашэ гу пым я  къафэхэ-      ри.

Ансамблым хэт щIалэхэм пшыхьым кърихьэлIахэр зыщIагъэдэIуа адыгэ ма къамэхэмрэ къафэхэмрэ кърата гукъыдэжыр къэIуэ тэжыгъуейщ. Гупым я лэ жьыгъэр ягу зэры дыхьар кърагъэ лъа гъуэу, концертым еплъахэм абы хэм Iэ гуауэш хуэ хуаIэтащ, удз гъэгъахэмкIи яхуэуп сащ.

«Хатти» ансамблым хэтхэм фIыщIэ хуащIащ утыку зэрита лъэпкъ фащэхэр зи Iэдакъэ  къыщIэкIа дэрбзэр, модельер Сэралъп Мадинэ. Концерт нэужьым щIа лэгъуалэм Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и бжэIупэм джэгу дахэ щащIащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Хатти» ансамблыр 2005 гъэм Балъкъэр  Къазбэч къы зэри гъэпэ щащ. Гупым я лэжьыгъэр къафэм нэхъ тегъэщIауэ ирагъэжьами, щIалэхэм ята концертыр иджыри зэ щыхьэт техъуащ макъа мэ ми зэрыхуэмы хамэр, абыи  зэфIэкI   хъа р зы нэхэр зэрыщаIэр.

 

Текlужь  Заретэ

 

(Адыгэ Псалъэ – 7.7.2016)


ФIыщIэ зыхуэфащэ зэадэзэкъуэ

КъуажэкIэ Тыжьей (иджы Кыщпэк) щыщ, Балъкъэрхэ зэкъуэшитхум я нэхъыжь СэфрэIил япэ дыдэу утыкушхуэ щихьар «Лалуцэ» лъэпкъ балетым хэтущ.

Лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ дахьэха щIалэр Налшык дэт культпросвет училищэм зы илъэскIэ щеджауэ, япэ лъэпкъ балетым хэтыну и пщэ къыдэхуат. Жэщмахуэ имыIэу, адрейхэм закъыкIэримыгъэхуу Балъкъэрым зигъэсащ. А лэжьыгъэр зыхуэдам и щыхьэтщ «Лалуцэр» ягъэлъагъуэу 1964 гъэм трахауэ щыта фильмыр. Зи инагъкIэ укъэзыгъэуIэбжь, уеблэмэ ар хьэлъэуи шэч уэзыгъэщI бэрэбан иныфIыр Iэтауэ Балъкъэрым утыку кърехьэ, умыгъэщIэгъуэн плъэмыкIыу абы лъапэкIэ тету къыщофэ…

Балъкъэр Сэфрэlил

Куэд дэмыкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблыр Сыбырым зыкъыщигъэлъэгъуауэ къокIуэж. СэфрэIил къыдеджэ зы щIалэ абы хэтти, къелъэIуащ гупым хагъэхьэнухэм зыхигъэхуэну. Арати, къэфэным зи гур ета хъуаныбжьыщIэм (илъэс 16 ирикъуа къудейт) и насып кърихьэкIри, 1965 гъэм и мэлыжьыхьым ансамблым хыхьащ. Абы щыгъуэм къэфакIуэ гупым хорри щIыгъути, уэрэд жыIэнымкIи щапхъэ хуэхъун защIэт Балкъэрым къицIыхуахэр: Жылокъуэ Мухьэмэдин, Шыкъ Мышэ, Уэтэр Анатолэ, КIуж Борис сымэ, нэгъуэщIхэри.

«Мыр пэжу пIэрэ?» жысIэрт. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэркIэ пщIэшхуэт апхуэдэ ансамбль цIэрыIуэм си зэфIэкIым щыхэзгъэхъуэныр», игу къегъэкIыж СэфрэIил.

1967 гъэм щIалэр дзэм ираджэри, 1969 гъэращ ар «етIуанэ унэу» ибж ансамблым къыщыхыхьэжар. КъэфакIуэм «Кабардинка»м хэту 1972 гъэм зыкъыщигъэлъэгъуащ Австралием, Сингапурым, Филиппинхэм. Абыхэм къакIэлъыкIуащ Латин Америкэр, Чехословакиер, Германиер, Польшэр, Иорданиер.

Куэд тлъэгъуащ, зэхэтхащ, къэтщIащ а зэманым, ауэ псом я нэхъыщхьэр дэ зэи зыщыдгъэгъупщакъым  дыкъызыхэкIа лъэпкъымрэ Хэкумрэ яхудиIэн хуей лъагъуныгъэр. Дрипагэрт ди щэнхабзэ къулейр дуней псом щалъагъуным ди къару, зэфIэкI зэрыхэлъым, къыхегъэщ ди нэхъыжьыфIым. Къыздэлэжьахэм фIы дыдэу ящIэж: дэ къытхуихуащ мафIэгу щIыIэм дису нэгъуэщI къэралхэм дыкIуэну, сытхъухэр ди пащIэкIэхэми нэбжьыцхэми пищIауэ пщэдджыжьым дыкъэушу. ЩIакIуэхэм дыкIуэцIыст, вагонхэр щызэрахъуэкIкIэ, сыхьэт бжыгъэкIэ дыщыпэплъэ къэхъурт… Гугъуехьхэр зырикIт, дыщIалэт, ди псэр къафэм хэлът».

…Илъэс тIощIкIэ и теплъэ зэкIужрэ IэзагъэкIэ игъэбжьыфIа ансамблым 1985 гъэм къыхэкIыжри, пенсэм кIуащ СэфрэIил. Ар шофёру, жыггъэкIыу лэжьащ, ауэ илъэс 26рэ дэкIыжауэ СэфрэIил къафэм зритыжащ. Иджы абы ныбжьыщIэхэр къэфэным щыхуегъасэ Налшык дэт прогимназие №75м.

И IэщIагъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, Балъкъэрыр IэпщIэлъапщIэ ахъырзэмануи къыщIокI. Къыщалъхуа къуажэм щиIэ и щIапIэм абы жыг щыхесэ, хуэIэзэщ жыг дэдзэным.

Адэанэр фIымэ, абыхэм я гулъытэ быныр щымыщIэмэ, цIыху нэс хъур нэхъыбэщ. Балъкъэрхэ СэфрэIилрэ Светланэрэ (Къэжэрхэ япхъущ) я бынхэр узэрыгушхуэнщ. Къазбэчи Лаури дызэрыгушхуэ «Кабардинка» цIэрыIуэм къыщыфэу зы зэман хэтащ. Къазбэч ди лъэпкъ къафэхэм зезыгъэужь, сыт щыгъуи щIэ гуэр абы хэзылъхьэ къэфакIуэ емызэшыжщ, гъэсакIуэщ. Къазбэч и Iэзагъэр си щхьэкIэ згъэунэхуащ абы къызэригъэпэща «ХАТТИ» ансамблым къэфэкIэ зэзгъэщIэну сыщыкIуа мазэхэм. СэфрэIили шыIэ зыдэслъэгъуа Къазбэчи фIыщIэ яхузощI ахэр лъэпкъ щэнхабзэм зэрыхуэлажьэм папщIэ.

 

Багъэтыр Луизэ

 

(Адыгэ Псалъэ-18.12.2015)

Yazarın Diğer Yazıları

Фи тхыдэр зыщывмыгъэгъупщэ…

Ди ныбжьэгъу Чурей Дыжын и фlыгъэкlэ Куржы-Абхъаз зауэм и лlыхъужь Мырзей Аслъэнбэч 2024 гъэм накъыгъэ мазэм и 30-м доктор диссертацэ пхигъэкlыну утыку кърилъхьауэ къэтщIат....

Макъхэм я лъэужьымкlэ зэманым къыщыкlухьын…

Эрджиес университетым и егъэджакlуэ, филологие щlэныгъэхэм я доктор Пащты (Мыжей) Мадинэ «2023 гъэм и фокlадэ мазэм екlуэкlа щlэнзекlуэр си лэжьыгъэ нэхъ гъэщlэгъуэнхэм ящыщ зыт»...

Макьхэм я лъэужьымкlэ зэманым къыщык ухьын…

Эрджиес университетым и егъэджакlуэ, филологие щlэныгъэхэм я доктор Пащты (Мыжей) Мадинэ «2023 гъэм и фокlадэ мазэм екlуэкlа щlэнзекlуэр си лэжьыгъэ нэхъ гъэщlэгъуэнхэм ящыщ зыт»...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img