Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Фыгъуэинумэ гъукlэхэ фыкlуэтэlэ!

Фызабэ анэм пхъуитl иlэт. Зы махуэ гуэрым, хъыджэбзым зыр анэм йолъэlур:

-Кхъыlэ ди янэ, ди ныбжьэгъухэр филм (кино) еплъыну макlуэри, си шыпхъумрэ сэри дыгъакlуэ.

Анэр къуэгубжь:

-А ямылъагъужын, ди гъунэгъущ Гъукlэхэр. Я нэщхъэягъуэщ. Умыукlытэу мыр дауэ жыпlэрэ?

Пхъум, ижагъуэ хъуауэ, зеущэхуж.

Махуитl токlри, и пхъум и ныбжьэгъухэр анэм дэж къокlуэ. Абы я мурадт, анэм елъэlу я ныбжьэгъуитlыр хуит къырагъэщlыныуэ.

Зыхуедыдэхэри мэхъу; Зэшыпхъуитlыри ягъусэуэ кином макlуэхэр.

Сыхьэтитl нэужьым зэшыпхъухэм янэпlащхьэхэр тебэежауэ унэм къуокlуэж.

(Зэплъа филмыр, гууз зыщыхъуа хъыджэбзхэр магъыр. Щымахуэ щlыlэми хэту къыщыкlуэжкlэ, нэхъми мэбей нэпlащхьэхэр.)

Анэр щтауэ:

-Сыт къыфщыщlар?

Хъыджэбзхэр гъынанэурэ:

-Гущlэхьэт, гуузт, актрисам ищхьэм къырикlуахэр.

Анэр къолындри:

-Ямылъагъужынхэ, фыгъуэинумэ Гъукlэхэ фыкlуэтэlэ! Ахъшэ тефлъхьэуэ, сыт зыщlэфlлlэжыр!

 

*1965 гъэхэм къэхъуащ, мы къэтlуэтэжар. (Узын-Яйлэ зэпха Пынарбашым)

А заманым, гъунэгъум и нэщхъэягъуэри быдэуэ даlыгъу щытащ.

*Къазыlуэтэжар: Къущхьэ Нэвинщ. (Илъ.67 мэхъу) Анэктодым хэт хъыджэбзым зыр аращ.

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img