Дыгъэм и щытыкIищым къыхэкIыу!

0
1114

Мы дыщэ хъурейм и теплъэм тIэкIу дыкъытепсэлъыхьынщ. Мыр, зы фIэщхъуныгъэ зыгъэлъагъуэ зы теплъэщ. Мыр «Ды» м и теплъэщ, «ды» р зекIуэу, «гъэ» р къыхэкIыу «дыгъэ»м и теплъэщ.

Ику дыдэм итыр Тхьэм хухэха махуэу «Тхьэмахуэ»щ (1), и нэзым къетIысэкIахэр махуихыу (6), зы тхьэмахуэщ. Тхьэмахуэр къэзуфэрэзыхьыр, зы мазэщ. И нэз дыдэм Iутхэми зы гъэр егъэлъагъуэ.

Мы псори къызыхэкIыр «ды» м и пIэтIэуэн, и хъеин, и зекIуэным къыхокI. Дыр зекIуэмэ «гъэ» р кIэлъокIуэри мэ «дыгъэ» р. Хъейуэ зекIуэм бжыгъэр щIедзэ, земыкIуэр «ды» къауэ къонэ, бжыгъэри пIэтIауэкъым (ибжкъым).

Зы махуэр, зы тхьэмахуэр, зы мазэр, зы гъэр, лIыщIыгъуэ хуэдэ бжыгъэхэр къызыхэкIар; «ды» м зигъэхъейуэ, дыгъэр дэпщей, епщыхыху, ипщыурэ зокIуэ, «пщакIуэщ». Ипщари ибжурэ зокIуэ, «бжакIуэщ».

Зы нэху махуэм мы «ды» м, цIыхухэр щэ йоджэ. (I) уэхъус ирахыу, щэ йолъэIу, щэ йоIусэ.

  1. Дыгъэр хы хэхьэгъуэм (пщыхьэщхьэпэ).
  2. Дыгъэр хым къыщыхэкIым (пщэдджыжь).
  3. Дыгъэр уэгукум щитым (шэджагъуэ).

Нэху махуэрей и тхьэлъэIур егъэзащIэ. Пасэрей, а лъэхъэнэ псэукIэм къыхэкIыу…

Жэщ кIыфIым, и нэм имылъагъуу хэса цIыхухэр, кIэху къищIу, дыгъэр къыхэплъу, и бзийхэр къыщепсым; къэкIыгъэхэми зэрызыхуаIатым хуэдэу, цIыхухэми я Iэр хуаIэтри, и Iэ гукум къипсэу, еIусауэ илъытэ дыгъэм и бзийр (ху) и напэм щехуэ.

Мы ТхьэлъэIу щIыкIэр махуэм щэ (3) егъэзащIэ. «Уэ» м ит «хъу» гъэ зыхэлъу ялъытэ «ды»м, «дыгъэм»и теплъэми тращIыкIа, къыхащIыкIа, и цIэми хэтыжу «хъу-ра-еи», «хъурей» уэ йоджэ.

Мы Тхьэ лъэIу щIыкIэми хыдолъагъуэр: зэIусауэ илъытэр, «уэ» м ит, «хъу» гъэ зыхэлъ дыгъэм (и хум, и бзийм) еIу «са», зэIу«са» уэ, «уэ-хъу-са» уэ, щхьэщэ хуейщ. «Уэхъус» ирех. Нобэрей жыIэгъуафIэ жыIэкIэу (I) уэхъус ирахыр.

Мы ди бзэм и ныбжьыр зыгъэлъагъуэ мы псалъэмкIэ сэри Iуэхъус фызохыр, «ды»м, «щы»м, «ра»м зэреджам хуэдэу:

-Iуэхъус Апщи, фызэджэр фхуэбагъуэ… Бэу Апщи…

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz