Урыс тхакIуэшхуэ Иван Тургенев и усэ хужьхэм щыщ…

0
1234

ЛэжьакIуэмрэ Iэпэзадэмрэ

ЛэжьакIуэм: УкъыщIытхэпщхьэр сыт? Сыт узыхуейр? Уэ удыдейкъым… Зегъэхь адэ!

Iэпэзадмр: Сэ фэ сыфщыщщ, къуэшхэ!

ЛэжьакIуэм: Арати къэнэжар! Дыдейщ! Абы къигупсысар! Уэ къеплъ мы сиIэхэм. Плъагъурэ абы я фIеягъыр? КъакIэрех абыхэм вэнвеимэри щIыдагъэмэри – ууейхэр, мес, хужьщ. Мэи къакIэрихрэ?

Iэпэзадэм: Мэ, епэм.

ЛэжьакIуэм: Мыр сыт псысэ? ГъущIымэ къакIэрих хуэдэщ.

Iэпэзадэм: ГъущIымэщ. Илъэсих енкIэ Iэхъулъэхъу илъащ абыхэм.

ЛэжьакIумр: Сытым щхьэкIэт ар?

Iэпэзадэм: Зи щхьэкIэрати, уэр хуэдэхэм я насыпым сыщIэбэнт, цIыху къыкIэрыхуа зыхэщIыкIыншэхэр хуит сщIыжыну сыхуейт, фыдэзыкъузэхэм сапэуват, сеныкъуэкъут… Арати, сагъэтIысащ.

ЛэжьакIуэм: УагъэтIысащ?.. Сытым узэрихуэрэт зыкъэпIэтыну!

ИлъэситI дэкIащ.

 ЛэжьакIуэм: И зо, Петрэ?! ПщIэжрэ, нэгъабэ и щыпэгъэ гъэмахуэм зы Iэпэзадэ гуэр къыдэуэршэрылIауэ щытати?

Петрэ: СощIэж… сыт ар?

ЛэжьакIуэм: Ар нобэ палъэнущ; апхуэдэ унафэ къыдэкIащ.

Петрэ: Иджыри ныкъуакъуэрэт?

ЛэжьакIуэм: Иджыри ныкъуакъуэрт.

Петрэ: Ыхьы… Уа, къуэш Митрай, ар зэрыпалъэну кIапсэр зыIэрыдгъыхьэфыну пIэрэ, насыпышхуэ къыдэкIуэу жаIэ апхуэдэр уи унэ ипхьэмэ!

ЛэжьакIуэм: Узахуэщ. Еплъын хуейщ, къуэш Петрэ.

Хьэ

Дэ тIу дыхъуу дыщIэсщ пэшым: си хьэмрэ сэрэ. ЩIыбым щофий хъийм икIа борэн шынагъуэр.

Хьэр си пащхьэм исщ – си нэм къыщIопъэ.

Сэри сыщIоплъэ абы и нэм.

Абы сэ зыгуэр къызжиIэну хуей хуэдэщ. Ар бзагуэщ, ар псалъэншэщ, абы езым зыкъыгурыIуэжкъым – ауэ сэ ар къызгуроIуэ.

Сэ къызгуроIуэ мы меданым ари сэри зы зыхэщIэныгъэм дызэриIыгъыр, тIури зыкIи дызэрызэщхьэщымыкIыр. Дэ догушхуэ; тIуми ди гум къыщоблэ, къыщонэху а зы щтэпкI мафIэ цIыкIур.

Ажалыр къытелъэтэнщ, и дамабгъуэ щIыIэхэр щIихурыхукIыу…

Аращи къэбухащ!

Хэт итIанэ зэхэзыгъэкIыжыфынур, сыт хуэдэ мафIэ ди гум щыблами?

Хьэуэ! Мыбдежым цIыхумрэ псэущхьэмрэ наплъэкIэ зэхъуажэу аракъым…

Зэхуэдабзэ нэ тIурытIыр зэхуэгъэзауэ аращ.

ИкIи дэтхэнэ нитIми, псэущхьэм еймрэ цIыхум еймрэ – тIуми я зэхуэдэ гъащIэм зым адрейм щтэIэщтаблэу зыщрекъузылIэ.

Факъырэ

Сэ уэрамым срикIуэрт… лIыжь факъырэ кхъахэм сыкъигъэувыIащ. И нэхэр къэпщащ, нэкIэпсыжэщ, Iупэ ущхъуэнтIащ, пхъашэрэ чэтхъауэ и щыгъыныр, къитхъыгъэ телъхэм фIейр хиежауэ… О, сыту теплъаджэ ищIу къегъуа мы псэущхьэ насыпыншэм тхьэмыщкIагъэр!

Абы къишийт и Iэ фIей плъыжь бэгар…

Сэ си жыпхэм сипщIэпщIыхьу щIэздзащ… Е бохъшэ, е сыхьэт, е мыхъуми бэлътоку… Сэ зыри къызэдэсщтатэкъым.

АтIэми факъырэр къызэжьэт… и Iэ къишияр мащIэу сысрэ икIи къыхэскIыкIыу.

СыIэнкуну, сыукIытэу, сэ быдэу скъузащ а Iэ фIей кIэзызыр…

-Гукъанэ къысхуумыщI, къуэш; зыри сIыгъкъым, къуэш.

Факъырэм и нэ къэпщахэр къыстриубыдащ; и Iупэ ущхъуэнтIахэр дыхьэшхыпцIащ – икIи езыми быдэу икъузащ си Iэпэ щIыIэм исахэр.

-Сыт-тIэ, къуэш, – къигъумэтIымащ абы, – абыкIи фIыщIэ пхузощI. Ари факъырэIусщ, къуэш.

Си дежкIэ гурыIуэгъуэ хъуащ сэри си къуэшым факъырэIус къызэрыслъигъэсар.

БеижьитI

И мылъкушхуэм къыхигъэкIыурэ цIыкIухэр гъэсэным, сымаджэхэр гъэхъужыным, жьы хъуахэр пIыжыным мин бжыгъэхэр тригъэкIуадэу жаIэу, Ротшильд беижьыр щаIэтым – сэри сыщытхъуурэ сыкъогумэщIэж.

Ауэ, сыздыщытхъуми сыздэгумащIэми, сигу къэмыкIыжын слъэкIкъым зеиншэ хъуа и къуэшырылъху хъыджэбз цIыкIур зэзышэлIэжа мэкъумэшыщIэ унагъуэ тхьэмыщкIэ дыдэр.

-Катяжь цIыкIур зэтшэлIэжынщи,- жеIэ фызым, – ди иужьрей кIэпIейкIэ ныкъуэр абы текIуэдэжынщ, хьэнтхъупсым хэддзэн шыгъу къызэрытщэхуни диIэжынкъым.

-Дефэнщ… мышууи,- жэуап кърет абы мыжьыкъым, и щхьэгъусэм.

КIэлъыщIыхьэну абы Ротшильд!

Хэт и къуэншагъэ?

Абы и Iэ щабэ, фагъуэр къысхуишият… ауэ сэ пхъашэу сеIэдэкъэуэри Iуздзыжащ.

Абы и нэгу щIалэ лъагъугъуафIэм къищащ зыри къызэрыгурымыIуар; хьэлэлагъ къызыщIих и нэхэр гие хэлъу къызоплъ; Зи щIалэгъуэ псэ къабзэм сызыхищIыкIыркъым.

-Сыт си къуэншагъэ? – къаIущэщ абы и Iупэхэм.

– Уи къуэншагъи? Нурыр къызырих уафэм и куупIэ дыдэм щыпсэу мелыIыч нэхур нэхъ къуэншэфынщ, уэр нэхърэ.

ИтIанэми инщ уэ уи къуэншагъэр.

Ухуей къэпщIэну а къуэншагъэ хьэлъэ дыдэу уэ къыбгурымыIуэр, сэ къыбгурызмыгъэIуэфыр?

Мис ар: уэ – ущIалагъэщ; сэ – сыжьыгъэщ.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz