Гум Къинахэр

0
1053

Жытlэlа хъунукъым нэхъ… 

Къуажэм, Щхъы и цlэуэ зы щlалэжь дэсыр, дэсыртии; мыхъу мыщlэ нэхъ, хъуа щlа жиlэнтэкъым.  

Къурмэн махуэр къэсат. Зэlэхьэгъухэм яукlыну lэщыр, япхыну яужь иту, зызукlыж былымыр зылъэгъуа Щхъы, «А угъурсыз!» жиlэуэ хъуэнэным щыригъэжьэм, lэхьэгъухэм, «lэщым угъурсыз тепlуауэ къурмэн хъужынукъым!» жари блымыр яутlыпщыж. 

Гузэвэгъуэкlэ нэгъуэщ къурмэн къалъыхъуэ. Къагъуэт. Ираудри, lэщым зыщиукlыжкlэ, фlы жызмыlэ Щхъы, къызэкъуелъэфlри, «Уэлей жытlэlа хъунукъым нэхъ, lудгъэкlыжам ещхьыркъабзэм мыри!» жи.  

Мис абдэж щэгъэжьауэ, къуажэдэсхэм, Тхьэ яlуэ Щхъы, къурмэн дамыщlыжыну. 

  

*Къазыlуэтэжар: 

Къэрэшей Рэфикъ, Узын-яйлэ, Астемырей Къуажэм щыщщ. Илс.75 мэхъу 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz