Зы, ды, щы, lэр, дэнэ?

0
822

А зы’р щы Iэмэ, А ды’р щы Iэмэ, А щы’р щы Iэмэ, Зы ды щы Iэр; нэхуу, хуабэу, махуэу, бэуэ, бэву ар щIы щIыIуу щIыналъэщ… ФIаща цIэр «БЭ»щ. НытIэ; А зы’р щы мы Iэмэ, А ды’р щы мы Iэмэ, А щы’р щы мы Iэмэ, Зы ды щы мы Iэр; кIыфIу, и плъыфэр фIыцIэу (къара), езыр щIыIэу, хэмыхъуэу, хэщIыу, ар щIы щIагъыу щIыналъэщ…  

ФIаща цIэр «КЪА»щ. Мы щIы щIыпIитI и зыпыщIэкIэр «БЭ КЪА»щ… Пасэреи псэуныгъэм щыщIидзэу, мытIыса гупщысэ щIыкIэм къыхэкIыу, нэрылъагъу-мынэрылагъу еплъыкIэм къыхэщу къыщожьэ, ди бзэм хэт псалъэхэр. Нэм и лъагъур «щы Iэ»уэ, нэм и мылъагъур «щы мы Iэ»уэ къафIэщIу… Мы теплъэми зэригъэлъагъуэу, щапхъэ хохъу псалъэхэм; Ижьижьыжьым, щIыналъэр зэрызпэхъуреир ямыщIэу, захуэу щафIэщIым щыгъуэ, Кафкас къушхуэ зыкIэлыкIуэ (Iуащхьэмахуэ) нэзым щыIусхэм; «ды»р, (дыгъэ) Хазар Хым къыхэкIыу, ибжыурэ, ипщурэ допщей, ищхьэкIэ зигъэзауэ «дыгъэзеиыгъуэ»у дэкIыу, кызыхэкIа хыри, зыдыхэхьэжыну хыри щилъагъуу, уэгум и кум щынэсау къыщеплъыхым, щIыналъэм тэту хъуам ящIэр къилъагъуу къащыфIэщIым, я фIэщхъуныгъэми хэхьауэ «РА»р цIэуэ фIащащ. Уэгукум нэса нэужь ирегъэзыхыжыри «егъэзыхыгъуэу» Хы ФIыцIэ ищхъэрэм Азок псым (хы) щыхохьэж. Мы, «зы гъэ» зыхэлъ, мы, «ды гъэ» зыхужаIа, мы, «щы гъэ»у зыпыщIа; къыхиху «ху»м, нэхуу махуэ зыщI, «ху»р бэ хъууэ хуабэ кезыт, теплъэ хъуреим фIаща цIэр, «ды»щ. Дыр мэхъеи, мэпIэтIауэр, «гъэ»р къылъокIуэри, ар мэдыгъэр. А ды’гъэм, зы’гъэ, бжьы’гъэ, щы’гъэй хыболъагъуэр. ФIэщхъуныгъэм хэхьауэ а дыгъэм, махуэм щэ(щы) Iуэхъус ирахыу йоджэ, йолъэIу, дыгъэм и щытыкIищым къыхэкIыу. Дыгъэр хым къыщыхэкIым: П щы ды джыжь. Дыгъэр хым щыхэхьэжым : П щы хьэщхьэ. Дыгъэр уэгум «ра» щыхъуам: Щы джагъуэ, хужаIауэ…  

«Ды»р, дыгъэр хым къыхэкIыу, къызтехьа щIыналъэр, ды’м и унэу, зытеплъэу хъуар абы ейуэ ялъытэт. Псори зейыр а «РА»т. Ды’м и унэм ейуэ, «ды унэ ей»уэ, абы «дуней» хужаIащ. А ды’р дунеим щытетым, щынэрылъагъум щыгъуэ, «щыIэ» псалъэмкIэ яIуэтащ. Ар хым щыхэхьэжым щыгъуэ, щамылъагъужым; «ар дунеим ехыжащ», «щыIэжкъым» псалъэхэр хузырахьащ… А лъэхъэнэ жыжэм къикIыу, нобэ къэсауэ, зетхьэ псалъэхэр зыхуэдгъадэуэ зэ ди бзэм дыхэплъэжынщ. Зи псэр хэзына (лIэныгъэ зылъыса) зы цIыхум папщIэ зетхьэ псалъэ зехьэкIэр «….ар дунеим ехыжащ». «ЩыIэжкъым» жыIэкэр хузетхьэркъэ! А дым и бзэу Адыгэбзэу… Мыбы хуэдэу ныбжьышхуэ зиIэ зы бзэр зырахьэуэ, мы щIыналъэм ирипсалъэу нэмыщI зы бзэ тету пэрэ? Ез бзэм зиIуэтэжу, и ныбж гъащIэр «тхыдэ»у езым хэлъыжу, нэгъуэщ зы бзэ, е зырахьэуэ, е ятхыжауэ фырихьэлIауэ пэрэ? Бзэ щIэныгъэм телэжьыхь, бзэ щэныгъэрылажьэхэ; мы фибзэр фIыуэ флъагъуу, хуэфащэ щIыпIэм дэтхьеинщ жыфIэмэ, мы щIэныгъэ Iуэхур фи пщэ, фи пащхьэ илъщ. Фи лэжьыгъэхэмкIэ утыку фыкъихьэ… А ды’р, дэпщеурэ, епщыхыурэ «гъэ»р къыхокI. Гъэ зыдыщыIэм «гъа щIэ» щыIэщ. ГъащIэшхуэ Тхьэм къыуит; Щыуэпсым и бзэ, ди бзэ АДЫГЭБЗЭ… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz