Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Уи фыз Адыгэбзэкlэ гъэпсалъэй дыхьэшхыж! 

Хьэтlохъущыкъуей къызэрашэрэ, илъэс 70 хъуа ди нэна Баlисэ, и Адыгэбзэм сыт щыгъуэй сдехьэх. Баlисэ, Тыркубзэ зэй ищlакъым.

И лъэс 20 ипэкlэ, мы ди нанэм дэж, ди унэкъуэщ щlалэ, Хъэри, уэршэрыну къыщlохьэ. Мы тlур, куэду фlыуэ зэрылъагъу, зэхуэгушхуэу апхуэдэт.
Хъэри и унэ гуащэ Къадрие, Шэшэнт.

Къадрие, Адыгэ унагъуэм къащыхэхьэм, Адыгэбзэ зэригъэщlэну яужь итурэ, езым зыбзэ къигъэхъуа хъуат. Къадрие зэрыпсалъэр икlи Тыркубзэтэкъым, икlи Адыгэбзэтэкъым, Шэшэныбзэуи пхужыlэнутэlым.

Сытми Баlисэрэ Хъэрирэ зэдэуэршэрым Хъэри, зэуэ “кхъыlэ Баlисэ Тыркубзэкlэ псалъэй сыгъэдэхьэшх!” жэlэ.

Баlисэ, бзэ имыщlэр ауэн иригъэщlынт!

“Уэ щlалэ, удэхьэшхыну ухуемэ; уи фыз Адыгэбзэкlэ гъэпсалъей дыхьэшхыж!”

Жаlэуэ зэхэсхаращ; а махуэ нэужьым Хъэри, зей Баlисэ дэгушыlэжаlым.

*Мы хъыбарыр, мобы жиlэжащ жызlэуэ схужыlэнкъым. Ди унэкъуэщ куэдым дэж щызэхэсхащ.

Yazarın Diğer Yazıları

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Кӏэтроф хэлъхьакӏэ

Бгъурбащ ӏэслэнхьэблэхэр, Бэзэрсу нысэ къашэну кӏуати, нысашэр дахэу къагъэхьэщӏэс, псори зыфӏэкӏс, тхьэмадэхэри зыхуэарэзыу, янысэри хьэзыру къежьэжынупэт; Бэзэрсухэм: -Яу Бгъурбащхэр фыкъэкӏуауэ фокӏуэж! Дэ ды ӏузуняйлэс. Дэ...

Накlуэр дэвмыгъэхьэмэ…

Кlыщхэ Севым Жыгкlыхьхэ ядэкlуэсати, Абэзэ Мурат дей яхьыжас. Абэзэ Мурат и ныситlри, Шэрэфиес*. Севыми кlуэри, щы! Хьэкуцырэ къыхуагъэкlуат; «фикlуэдар мыбы щыlэс!» жари. Хьэкуцырэ щыхыдас: -Кlуэр дагъэхьэ кlуэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img