Уи бзэр, хэт зи бзэр!

0
879

Дызырыпсалъэ, дызырытхэ ди бзэр, адыреи бзэхэм зэремыщхьыр, бзэм телэжьыхь щIэныгъэрылажьэхэми ядауэ утыку илъщ. Макъ бэгъуауэ зэрызхэлъыр, макъхэм я зыпыщIэкIэр, зэпхыкIэр, и щIэдзэкIэр, и кIэухыкIэр, макъым къыригъэкI кугъэ-купщIэм и къэхъукIэм хуэдэу, куэду быгъэбатэу утепсэлъыхь хъунущ.

Ауэ дэ, нэхъ нэрылъагъуу адыреи бзэхэм зэрыщхьэщыкIым дытепсэлъэхьынщ.

*Ди бзэр, макъыбзэщ.

Сыт макъыбзэм къикIыр?

Макъыр сыт?

–Дызыхэпсэуэхь щыуэпсыр къыщежьа, къезгъэжьа къарум и хъеиыныгъэм, Iусэным кыхэхъукIыу уэм и уалэм, псэущхьэм и зыхехыпIэм (тхьэкIумэ) къыIурыхьэу, и гум нэсу къыгурыIуэращ макъыр. Макъхэри зэрызхэкIын «мэ» зэрыз яIэщ, макъым и «мэ»у, «макъамэ»у. КъыIурыхьа макъхэм и мэмкIэ зыхегъэкI, хэтыр макъ пхъашэу, хэтыр макъ щабэу, хэтыр макъ кIыхьу, хэтыр макъ кIэщIу, гум нос, гуроIуэ, а макъхэр гум къонэ… Псэущхьэм гурыIуэу и гум къина макъым хуэдэ макъамэр и Iум, (и жьэм) къыжьдигъэкIыну хожьэр… КъыжьыдэкIа уэ уалъэм къыхэхъукIу «мэ»р щызыхахым; Макъ къырегъэкI псалъэм хуэкIуэу, «ма Iуэ» хужаIащ. НэгуэщI зы жыIэкIэу, «псэ» зиIэм «лъэ» иIэнущ. И псэр лъэуэ «псалъэ»у ябжащ.

Мис мы макъым и къэхъукIэр, зы псэущхьэ цIыхум къыIурыхьэу, къызырыIурыкI щIыкIэр хэтлIэгъуащ. Зы далэм, зы «мэ» Iурамэу Iум, жьэм къыждэкIыращ «макъ»ыр. КъыIурыкI макъ закъуэу хъуам, зэрызу, пщIэ иIэу зыгуэр къеIуатэр. «мэ, сэ, зы, лы, фи, фо, ку, тIу, хъу, фа, щIа, ра» хуэдэ макъыу хъуам зы IуэтэкIэ егъуэт. Аращ щIэ макъыбзэр. Макъхэр зэгъусэ хъууэ, къиIуатэр зэрихъуэкIыуэ багъуэу… «мэ-лы, Iэ-хъу-э, мэ лы Iэ хъу э»уэ «мэлыхъуэ» хуэдэу щапхъэ куэд быгъэлъагъуэ хъунущ…
*Ди бзэр щIыуэпсым и къэхъу-къащIэм къыхэхъукIауэ зы щIыуэпсыбзэщ. Нэрылъагъу пIэтIауэу, хъеиуэ, зекIуэу хъуам, мыпIэтIауэу хъуам, и теплъэ, и щытыкIэ, и щхьэпэкIэ, зэгъ-мызэгъ, гурыхь-гурмыхь, гуауэ-гуапэ хуэдэу хуэфащэ щIыкIэунеи псалъэхэр, макъ зэпыщауэ къыхэхъукIащ.

Дызыгъэунэу, дызыгъэхуабэ «ды»р цIэуэ зыфIаща мы пкъышхуэм, хъеиуэ, зекIуэуэ къыхэхъукI бжыгъэм «гъэ» хужаIауэ, аращ щIэ«дыгъэ»р.
ЩIы щагъым щIэт мафIэ жьэражьэ къарум къыдырихуеи, къыдыришеиурэ щы щIыIум техъуэхь лъагапэхэм хужаIар «къу»щ. ЩIым и «къу»у ябжащ. «Къу» зэпыщIаитым и зэхуакум «къуэладжэ» фащащ, егъэзыхыгъэ иIэмэ псыр йо«жэ»х. Псыр зыдыщыIэу, зыде«жэ»х Iуфэр тIысыпIэу яубыд. «Къу» макъым, «жэ» макъ псалъэр зыпыщIауэ, тIысыпIэм «къу(а)жэ» фащащ.

Псэущхьэм и «гъуэ»р, и «лъэ»р, и «пIэ»р зыкIэлъыкIуэ макъ псалъэхэр зэпыщIауэ зыгъэпсэхупIэ щIыпэу «гъуэлъыпIэ» псалъэр бзэм къыхэхьащ. Зыхэпсэуэхь щIыуэпсым и бзэр, бзэ хуэхъуащ.

*Ди бзэр фIэщхъуныгъэм и бзэщ. ЦIыхум и гум фIэфI хъуращ и фIэщ хъур. Ахэм я щыщ зыщ, дыгъэр. И нэм илъагъу мэхъу, ар щыщыIэм; егъэхуабэ, къэкIыгъэхэр къегъэкI, егъэбагъуэ, псэущхьэхэм хъун хохъу, ахэри езым щхын хохъу. Дыгъэм «хъу»гъэ хэлъу елъытэ, цIэу «ра» фIещ. И теплъэми цIэ хохъу, «хъу» «ра» «еи»уэ, «хъуреи» псалъэр. Уэм «еджэн»ыр зы Тхьэ лъэIу щIыкIэу «удж» псалъэу къыхэхьауэ, «удж хъуреи»уэ, зыпэрыс Iэнэр дыгъэ теплъэу «Iэнэ хъуреи»уэ, Iэнэм и лъэкъуищыр зыпыл дыгъэм и «щы»тыкищыр игъэлагъуэуэ и фэщхъуныгъэм кыхощыж.

«Уэ»м ит «хъу»м махуэ кэс «щы» бжыгъэкIэ е«Iусэ»у; уэ-хъу-(Iу)сэ, «уэхъус» ирихыу, еджэу, ещэнэреи джэгъуэми «щы джагъуэ» фищащ.

Тхьэ дыгъа Iуэ, Тхьэ Ра зы къыпхухъу, Тхьэ ра Iуэн, ТхьэраIуэ узот хуэдэ псалъэ куэд фIэщхъуныгъэ псалъэ ди бзэм хэпсэхьащ.

И фIэщхъуныгъэм хэхьа «ды»р, «ра»щ. Дым и цIэр зы лъэIу щIыкIэу и Iуау, «ды Iуа», «дуIа»р; Фэщхъуныгъэм и къежьапIэу зыпылъа «ды»м нэхъ ин зэрыщымыIэр нахуэщ. «Ды ин», «дин» псалъэм и къежьапIэр ди бзэм щыщIидзащ… Яужреи лъэхъэнэхэм бзэхэм хэхьау, хэкIыу нобэ къэсащ…

Мы тхыгъэм и еджакIуэ! Уи бзэм и ныбжьыр, и пщIэр, мы тхыгъэм хэплъагъуэрэ!?

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz