ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
785

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьымАдэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыртхакIуэм и  щIэдзыжауэтыгъэу хуедгъэхьынущ. 

ЕкIуэкIыу: 7. Псым, шэм къищl бырыб е пивэ кърагъэхъуам и «щхьэфэ». 8. Гъуэншэдж щlыlутелъ. 12. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щежэх псы. 13. Пхъэ папцlэ цlыкlу. 14. Псыр щагъэпщтыркlэ къыхеху. 15. Дзыдзэ лъэпкъым щыщ псэущхьэ цlыкlу. Дзыгъуэшхуэм и бий. 16. Гуэгушыхъум, къазыхъум я бгъэгум телъщ. 17. Илъэсыщlэм унэр зэрагъэщlэращlэ жыг. 18. Хьэкъущыкъум щыщ. 19. Нартыху хъумапlэ. 20. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащlэ. 22. Жэм … макъ. 26. Цlыхухъуцlэ. А цlэр фlащауэ щытащ колхоз тхьэмадэ цlэрыlуэу щытам, Социалист Лэжьыгъэм и Лlыхъужьым. 27. Адыгэ уэрэджыlакlуэ, Урысей Федерацэм щlыхь зиlэ и артист. 30. «… щlыкlэ къыумыгъэшыр бжэгъу хъуа иужькlэ къыпхуэгъэшыжыркъым» – псалъэжь. 31. Фlэlугъэ щызэхалъхьэкlэ хакlэ. 32. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлlэ цlыхубз бзаджэ. 34. Тхылъым и «джанэ». 36. Цы закъуэ. 37. «Хьэжыгъэ … закъуэ» – Щоджэнцlыкlу Алий и рассказ. 39. Унагъуэ къэс яlэ хьэпшып. 41. Языныкъуэхэри а шхыныгъуэм «хьэтыкъкlэ» йоджэ. 42. Lуащхьэмахуэ щыгу япэу къэзыгъэlурыщlа адыгэлl. 43. Кlапсэкlэ зэкlуэцlыпха гуэр. 44. Дэрбзэр хьэпшып. 45. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 74 хъу къэбэрдей усакlуэ.

Къехыу: 1. Щlакхъуэ зэрагъэтэдж шыкlуртlым цlыкlу. 2. Кlэлъыплъыну, ихъумэну зыгуэрым пlалъэкlэ къыхуагъанэм щхьэкlэ жаlэ. 3. Сосрыкъуэ и шыр. 4. Жэщым дзыгъуэм ещакlуэ къуалэбзу. 5. Нэщl исым и пщэдджыжьышхэ. 6. «… и дыгъусэхэр» – Щоджэнцlыкlу Алий и поэмэ е цlыхухъуцlэ. 9. Таурыхъ, шыпсэ. 10. Аруан районым щыщ къуажэ. 11. Пхъэ зэгуэхам къыхах пхъэ пlащlэ. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп. 19. Лъэпщ ипэкlэ Нартхэм я гъукlэу щыта. 20. Пхъащlэ Lэмэпсымэ. 21. Кlыщокъуэ Алим иужьу итха роман. 23. Зекlуэ ежьахэм гъуэгум ирадзу щыта «пкlэлъей». 24. Сирием адыгэхэр зэреджэр. 25. Пкъо. 28. «Мафlэ уиlэ?» – жиlэу Сосрыкъуэ зэупщlа Нартхэм ящыщ зы. 29. Щоджэнцlыкlу Алий и цlэкlэ щыlэ театрым и джэгуакlуэу щыта, Урысей Федерацэм щlыхь зиlэ и артисткэ. 33. Махуэм и зы Lыхьэ, пщэдджыжь лъэхъэнэ. 35. Тегушхуэныгъэ. 36. Мылъкукlэ иримыкъу цlыху. 37. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп. Сахарэ къум абрагъуэм и къулеигъэ нэхъыщхьэ. 38. Тхьэм и фlыщlэу ябж гуфlэгъуэм теухуа зэхыхьэ, ерыскъышхуэ къыщаlэту. 39. Кавказым щыпсэу лъэпкъышхуэ, мелуан бжыгъэ хъууэ. 40. Лъхукъуэлlыр бгъэкlэсмэ, ар пфlиубыдынкlэ зыхуэlуа щыlэкъым.


№ 18 2021 Щэкlуэгъуэ мазэм къыдэкlыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

Екlуэкlыу: 5. Бгъэжьнокъуэ. 7. Къамылыкъуэ. 12. Топ. 13. Тхьэрыкъуэ. 16. Шэщ. 17. Курых. 18. Шэ. 19. Пэ. 20. Хьэрэ. 23. Акlэ. 24. Хъарбыз. 26. Кlэрашэ. 28. Жэз. 30. Ятlагъуэ. 32. Хакlуапщlэ. 35. Пшагъуэ. 39. Епэр. 40. Кlакхъу. 41. Ибэ. 42. Тебэ. 46. Шэрэз. 47. Джэримэс. 49. Дэбэч. 52. Пыл. 53. Щхьэнтэ. 54. Тенджыз. 55. Шэд. 59. Къады. 60. Къум. 63. Хугу. 65. Радэ. 66. Кlуащ. 67. lуэрыlуатэ. 69. Макъ. 70. Хьэгъуэлlыгъуэ. 71. Хьэдзыгъуанэ.

Къехыу: 1. Бжьэпщ. 2. Пощт. 3. lумпlэ. 4. Блашэ. 6. Гъатхэ. 8. Къупщхьэ. 9. Хьэрэкlытlэ. 10. Арэф. 11. Къардэнгъущl. 14. Хьэ. 15. Къуэ. 21. Убых. 22. Аркъэ. 25. Акъ. 27. Шы. 29. Баш. 31. Гъуаплъэ. 33. Адакъэ. 34. Щlэблэ. 36. Шабзэ. 37. Бру. 38. Ету. 43. Хьэлыгъуанэ. 44. Щиху. 45. Къэрэндащ. 47. Джанэ. 48. Сонэ. 50. Кхъухь. 51. Мы. 56. Жьыкlурэ. 57. Бжьын. 58. Аркъэн. 60. Къущхьэхъу. 61. Кlэ. 62. Уэ. 64. Гумыгъуэ. 67. Lумыл. 68. Дзадзу.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz