Гулъытэншэ ящIкъым

0
149

Илъэс куэд хъуащи хабзэфIым тету, Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэм ипкъ иту, Къэрэшей-Черкес республикэ Адыгэ Хасэм Iуэху дахэхэр къызэрегъэпэщ зи адэжь щIыналъэ къихьэжа ди лъэпкъэгъухэр къыхашэкIэрэ.

Абы и щапхъэу, иджы дыдэ республикэ Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм щызэхуэсащ ди хэгъуэгум и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм: Али-Бэрдыкъуэ, Хьэбэз къуажэхэм, Черкесск къалэм псэупIэ щызыщIа, Урысейм и цIыху хъужа, ягурэ я щхьэрэ адэжь щIыналъэм щызыгъэтIылъыжа унагъуэ бжыгъэ: цIыху 20-м зэрынэхьэс.

Ерыскъы IэфIыкIэхэмкIэ гъэнщIа Iэнэм ди лъэпкъэгъухэр къригъэблэгъащ Хасэм и тхьэмадэм, Советым хэтхэм я дэIэпыкъуныгъэ, щIыпIэ Хасэ къудамэхэм я щIэгъэкъуэнышхуэ хэлъу. Апхуэдэу, гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ Хьэбэз къуажэм щыпсэу зэIыхьлыхэр: Гусокъуэхэрэ Мэхъушхэрэ я унагъуэхэр, Али-Бэрдыкъуэ псэупIэ щызыщIа Бэлыкъуэхэ, илъэс куэд дыдэ хъуауэ Черкесск къалэм щыпсэу Лаш Джэлал сымэ…

Ди лъэпкъэгъухэм ягур къаIэтыну, ахэр зыгъэгуфIэ-зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм щIэдэIуну пшыхьым къекIуэлIащ республикэм къыщыдэкI «Черкес хэку» газетым и журналистхэр, редактор Абидокъуэ Люсанэ я пашэу: Туаршы Ирэ, Аслъэныкъуэ Мадинэ, ГъукIэкъул Иринэ, хэгъуэгум адыгэбзэмкIэ и телевиденэм и лэжьакIуэ Мамхэгъ Белэ сымэ.

Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий фIэхъус гуапэ ярихащ зэIущIэм кърагъэблэгъахэм икIи псоми ягу къигъэкIыжащ шыщхьэIум и 1 махуэм адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

-Хуабжьу ди гуапэщ дэтхэнэми фи адэжь хэку зэрывгъуэтыжар, фыгуфIэу, фыгушхуэу фыкъызэрытхыхьэр. Ди лъэпкъым щыщ дэтхэнэ цIыхуми, си фIэщ мэхъу, хузэфIэкI ещIэ фи щыIэкIэ-псэукIэр нэхъри ефIэкIуэнымкIэ, фызыхуей фылъэIэсынымкIэ. Дызэкъуэтщ, дызэдоIэпыкъужри, ди Iуэхухэри, упщIэхэри зэхыдогъэкIыф. Пэжщ, а лъэныкъуэхэмкIэ Адыгэ Хасэм и пщэрылъыр нэхъыбэщи, зэдмыгъэтIылъэкIыу, IэщIыб дымыщIу къытхуэкIуэжахэм я Iуэхухэр нэIэм щIэдгъэтщ, дытолажьэ, догъэкIуатэ. ФыкъыздекIуэлIэжа адэжь жьэгум фыщытыншыным дэтхэнэри гуихакIэ дыхущIокъу, — къыхигъэщащ Аслъэнхэ Алий.

КъинэмыщIауэ, Хасэм и тхьэмадэр къытеувыIащ Къэрэшей-Черкесыр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм, зэман зэхуэмыдэхэм Щамым къикIыжа унагъуэ къэс, щхьэихауэ зэрапыкъуэкIым, зыхуей зэрыхуагъазэм, зэрадэIэпыкъум, цIыху къэс зытегузэвыхьым гулъытэ зэрыхуащIым. И гуапэу къыхигъэщащ нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм щетIысэха ди лъэпкъэгъуу хъуам, ахэр цIыху 35-м зэрынохьэсри, Урысейм и гражданствэ зэраIэр, я бынхэр здыщеджэну IуэхущIапIэхэмкIи къызэрызэрагъэпэщыр.

Хасэм и тхьэмадэм гу лъитащ гъэ псом и кIыхьагъкIэ ди лъэпкъэгъухэр я нэIэм щIамыгъэкIми, Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэм нэхъри нэхъ гулъытэ хэха абыхэм зэрырагъэгъуэтым. АтIэ, ахэр къызэхуашэс, я щыIэкIэ-псэукIэм зыщагъэгъуазэ, зытегузавэм щIоупщIэ, ягу ихауэ зэдоуэршэрхэ.

-Хэкум къэзыгъэзэжауэ нобэ мы зэIущIэм къеблэгъахэми, къэмыкIуэфа адрей ди къуэш-шыпхъухэми папщIэ саугъэт гуапэ диIэщ. Нобэ пщыхьэщхьэм Черкесск къалэм и амфитеатрым концерт щызытыну, адыгэм къытхэкIа музыкант цIэрыIуэ ЛIыбзу Аслъэн Хасэм фызэрыщызэхуэтшэсынур къыщищIэм, цIыху къэс билет тыгъэ къыфхуищIащ, — и гуапэу къыщIигъуащ Аслъэнхэ Алий.

Къапщтэмэ, Хасэм и Советым хэтхэм: АфIэунэ Исмэхьил, Лъыс Розэ, Жэгуэтэн Руслан, Абидокъуэ Люсанэ сымэ, адыгэ, абазэ лъэпкъхэм я къуэ щыпкъэхэу Жумай Анзоррэ Пщымахуэ Алийрэ, нэгъуэщIхэми хъуэхъу гуапэхэр хуагъэфэщащ пшыхьым кърагъэблэгъа ди лъэпкъэгъухэм.

ЖыпIэнурамэ, сыхьэт бжыгъэкIэ гуапэу зэдэуэршэращ, ягу пэщыху зэпсэлъахэщ зэIущIэр къызэзыгъэпэщахэмрэ кърагъэблэгъахэмрэ, адыгэ журналистхэр.

А махуэм кIэух дахэ хуэхъуащ Хасэм къекIуэлIауэ хъуар щэнхабзэ пшыхьым зэрырагъэблэгъар. Шэчыншэу, я нэгу зрагъэужьащ, я махуэщIыр нэхъри хуагъэдэхащ.

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz