Бжыгъэ: Пщlр (10) сыт, щlэпщlыпщlыр сыт?

0
657

Ди бзэм игъэлъагъуэ бжыгъэхэм зэ дыхэвгъаплъэ. ЩымыIэгъэм, нэщIым, щымыIэм папщIэ; зыр (1) зыдыщымIэм зыри (0), щымыIагъэ игъэлъагъуэу хужаIащ. ЩыIэхэм щыхэплъэм, зыхэпсэуэхь щIыуэпсым хилагъуэхэм, ез зым фэкIа зыми емыщхьу, закъуэу, къудеиуэ щытхэр зэрилъытащ. Ар и закъуэт, зэщхь щыIэтэкъым, нэхури, хуабэри, фIыгъэри кезытыр арат. Тхьэу, Тхьэпэлъытэу ибжам фища цIэри «Ра»т. Нэху махуэм йылъагъур а зы’рат, абы хуэа«ра»зыт. Махуэм щыщыIэм нэрылагъуу, Бжыгъэ зэгъэпщэныцIэу «зы»ра (1), жэщ кIыфIым, нэм имылъагъуу, езгъэлъагъу а зы«ра»йи щымыIэмэ; абы папщIэ зырайи (зыри) (0) щымыIэу илъытауэ бжыгъэм цIэ хуэхъуауэ къыщIэкIынущ. Дыгъэм къытехъукIа бжыгъэ псалъэу, щыщыIэм «зы», щыщымыIэм «зыри» бжыгъэм лъэгу хуэхъуауэ къыщIэкIынущ.. 

«Зы»р (1) «тIу» (2) хъуным папщIэ, «тIы»м, тIыгъэм хуэныкъуэщ, «ТIу» хъуныр тIыгъэм («хъу»гъэм) зэрепхар бзэм хэтыжу егъэлъагъуэ.  

«Щы» (3) псалъэр, щимэ псалъэр бзылъугъэ дамыгъэу хэтыжщ. ДэщIыгъуауэ дыгъэм и щытыкIищыр (Пщыхьэщхьэ, пщэдыджыж, «щы»джагъуэ) бжыгъэ щыгъэу нахуэу къыхощы. 

«ПлIы» (4), «плIимэ» бжыгъэхэр хъулъхугъэ дамыгъэщ. Ез плIы бжыгъэ псалъэм п«лIы» жыIэкIэм «лIы» псалъэр хэтыжщ. 

«Тху» (5) бжыгъэ псалъэм телэжыхьын хуеуэ собакъуэ… 

«Хы» бжыгъэм игъэлагъуэр «псы», «псыбэ»р (Денджыз, морэ) сыт щыгъуэи, уэгум къыще«хы»м (уэщ«хы»у, уэсу къэсы«хы»у, уэфу къехуэ«хы»у) псым хэлъ зы хабзэу, щIыналъэм щIыпIэ, лъэгу щегъуэт. А щIыпIэм и фIэщыгъэцIэр «хы»щ. Мис а зыкIэлъыкIуэ бжыгъэхэм язым цIэ хуэхъуащ «хы» псалъэм къыхэкIыу. Зы лъэгу, лъабжьэ зыгъэлагъу псалъэу; еплъы«хы», едзы«хы», етIысэ«хы» хуэдэ псалъэ куэд зыдохьэ, ягъэзэщIэну хъурыщIэм и щIыпIэ щIыкIэ лъэныкъуэр игъэлагъуэу… «Хы» псалъэм псыр зыдыщыIэ щIыналъэр зэригъэлъагъуэм нэмыщ, зы бжыгъэу «хы»ри (6) егъэлъагъуэ. 

ЩIыналъэ лъэгур зы бжыгъэу «хы»м игъэлъагъуэмэ; уэгу лъэныкъуэр зыгъэлъагъуэ зы бжыгъэ ди бзэм дыщыхуэзэну пIэрэ? «Хы»м дыригъэплъы«хы»ащ. УэгумкIэ щыдгъэзэщIэну хъурыщIэ псалъэхэм зэ дыхэплъэнщ. «Дэплъе«и», дэдзе«и», дэкIуэте«и», лъе«и», лъэуе«и», пкIэлъе«и» хуэдэ псалъэ кIэуэдхэм зы бжыгъэцIэ хэтлэгъуау пэрэ? Ар зы бжыгъэцIэу «и» (8) псалъэр бзэм хэпсэхьащ. 

«Хы» (6) бжыгъэм щIыналъэр игъэлIагъуэмэ, «и» (8) бжыгъэм уэгур игъэлъагъуэмэ, «хы» (6) бжыгъэмрэ «и» (8) бжыгъэм и зэхуаку бжыгъэ зыкIэлъыкIуэкIэмкIэ зы бжыгъэ дэтын хуеищ. ЩIылъэмрэ уэгумрэ и зэхуаку дэту , ауэ зы бжыгъэу; Мис а бжыгъэм и цIэр «блы»щ (7). 

«блы» бжыгъэцIэм изыхэлъыкIэм дыщыхэплъэм, маблэ, зыщIэблэ, щыблэ, благъэ, щIэблэ хуэдэу «блы» макъ зыхэт псалъэ куэди хэдгъуэтэнущ. Ауэ щIылъэмрэ уэгумрэ и зэхуаку дэту мы бжыгъэцIэр зыхуэфащэр псэущхьэу лъэныкъуит зиIэ цIыхуращ. Ар къызыхэкIыри, ныкъуэныкъуэу зыхуэныкъуэ хъулъхугъэ-бзылъхугъэ цIыхуращ. А тIур зэпыщIауэ зы цIыхущ. Мы лъэныкъуитым зыр кэм хъумэ (зэмыкIуалIэмэ) щIэблэ ямыгъуэту, цIыху лъэпкъыми кIэух игъуэтынущ. Мы лъэныкъуитым хуагъэфэщIа бжыгъэ зыхэлъыкэми зэрызэблари, щIэблэ зэпыщIэным къыхэкI блэгъагъэри егъэлагъуэр «блы» бжыгъэри зэрыхэлъыри…Хъулъхугъэ дамыгъэу, «лIы»р зыгъэлъагъуэ бжыгъэр «плIы»щ (4). Бзылъхугъэ дамыгъэу «бзы»р зыгъэлъагъуэ бжыгъэр «щы»щ (3). Зыхуэныкъуэ лъэныкъуэхэр зыуэ зыхэтмэ; зы цIыху псоуэ игъэлагъуэ бжыгъэр «блы»щ (7). 

«хы»м дыришэхыу, «и»м дыдыришеуэ, щIыналъэ щыIумрэ, уэгум и щIагъым щыпсэууэ зэбла, блэгъагъэ зыхуиIэ цIыхум «блы»ри щылъысакIэ, къыкIэлыкIуэну бжыгъэу «бгъу»м дыхуэлъыхъуэнщ. Дызытепсеуэхь щIыналъэм, нэм хуэлъагъур губгъуэщ, тхуэлъагъу щIыналъэр зэриухыу, уэгум удэплъеимэ нэхъыбэуэ, нэхъыбэжу зеу«бгъу», зы куэдыгъэ хэлъыу бжыгъэм къыхохьэ «бгъу»агъэ къуэдыгъэ зыгъэлъагъуэ «бгъу»р (9). 

Бэуэ зызубгъу уэгум жэщ кIыфIым зэ дыдэвгъэплъеи, тлъагъухэм зэ дахэвгъаплъэ, вагъуэхэр пхуэмыбжын хуэдизу куэдыщэу зыщIэлыдэу хыболъагъуэр. Зы бжыгъэ зыкIэлъыкIуэ «бгъу» бжыгъэм, яужьреи бжыгъэр «пщIы»щ (10). Уэгум иту илъэгъуахэм и бжыгъэм пэмылъэщу «пщIы» куэдыгъэ зэрыхэлъыр къыригъэкIыу; вагъуэхэр «пщIыпщIы»у бжыгъэ псалъэхэм къыхэхьауэ зетхьэу пэрэ? «ПщIы» бжыгъэм и зы гъэбэгъуэкIэу (10İ⁰)… 

Мы тхыгъэр, Ижь-ижьыжьым бзэм, бжыгъэм и щIэдзапIэм хуэгъэфэщауэ «щыIэныгъэм и гупщысэпкъ»ыу (онтологиа) зы гъащIэгъэпс хэплъэкIэщ. Зы гупщысэ гъэтIылъыкIэщ… 

Дыщыуэныри хэлщ, Хэт ищIэрэ!? 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz