Журналистым и гуащIэ ин

0
610

КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысейм и журналистхэми и тхакIуэхэми я Союзхэм хэт Абидокъуэ (Щохъужь) Люсанэ и Iэдакъэ къыщIэкIа, илъэс 15-м къриубыдэ гуащIэ ин зыхэлъ, «Афган – 1979 – 1989» тхылъ купщIафIэм иджыблагъэ лъэтеувэ щыхуащIащ Хьэбэз къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм. 

Гу зылъытапхъэщи, мы тхы­лъыр журналистым и Iэдакъэ къыщIэкIа етIуанэ къыдэкIы­гъуэщ. 2020 гъэм и кIэухыу, дыгъэгъазэ мазэм дунейм къы­техьауэ щытащ «Нэмыгъэса макъамэ» зыфIища, адыгэ лъэп­къым къыхэкIа уэрэджыIэ къызэрымыкIуэ Щохъужь Хьэлым и гъащIэмрэ и творчествэмрэ къыздигъэлъэгъуэжа тхылъыр. Журналистым и ещанэ тхылъри — «Забвению не подлежит» фIэщыгъэцIэр зиIэри, дунейм къытехьэну хьэзырщ… 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz