Битокъу Владимир И Фильмыщlэр Гъуэгу Техьакlэщ

0
673

Илъэс зыбжанэ хъуауэ цIыхухэм зи цIэ яIурылъ Битокъу Владимир Налшык щытриха фильмыщIэм и «фестиваль гъащIэр» иухри, киногъэлъэгъуапIэхэм нэсащ. Мазаем и 4-м Новосибирск щекIуэкIа япэ утыку ихьэгъуэм и пэ къихуэу, режиссёрым «Тайга.инфо» интернет хэщIапIэм ирита интервьюм щытопсэлъыхь Кавказ Ищхъэрэм, Налшык, Къэбэрдей-Балъкъэрым.  

– Сытыт Изюмовэ Машэ и сценарийм апхуэдизу ущIыдихьэхар?  

– Сэ егъэлеяуэ ситхьэкъуат къытегуплIа гузэвэгъуэм зыдэзымыгъэш бзылъхугъэм и хьэлым. Апхуэдэ псэ кууагъ иджыпсту Урысейм щыпсэухэр дыхуэныкъуэу къысфIощI. ЖыпIэнкIэ, Кавказ Ищхъэрэр зэсэжа хъыбарщ ар – сабийр зауэм кIуэрэ къимыгъэзэжу, уеблэмэ щIы хъурейм щIыналъэ псори абыкIэ зэщхь къыщIэкIынщ.  

– Уэ гъащIэм ущрихьэлIа апхуэдэ хъыбархэм? 

– Сэ Кавказ Ищхъэрэм къыщыхъея лъэпощхьэпохэм лъэныкъуитIымкIи къыщыта цIыхухэгъэр сиIащ, щхьэж щхьэусыгъуэ зырызкIэ хэкIуэдауэ, гухэщI зэмыпха яхэмыту. Мыбдежым утыку къихьэр къикIуэт зымыщIэ, гу зыкIуэцIылъ бзылъхугъэщ.  

– Сыт фильмыр Кавказ Ищхъэрэм щытепхыным утезыгъэгушхуар?  

– Абы щхьэусыгъуитI иIэт. Япэрауэ, сэ абы сыщыпсэуащ. Сыт хуэдэ щыпIэм нэхърэ нэхъыфIу соцIыхури, зыхэсщIыкIым сытелэжьыхьыну нэхъ сфIэтыншт. Псалъэм папщIэ, Ростов и Iэгъуэблагъэм ит къуажэ цIыкIум гъащIэр зэрыщекIуэкIыр сщIэркъым, ауэ Кавказ Ищхъэрэм и Iуэху зыIутыр сощIэ.  

ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я зэхущытыкIэ гуэр фильмым хэтыну зэрызимыжагъуэрт. Лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэ сюжетым хэзгъэхьэн Iуэху зесхуэххакъым, ар, ди жагъуэ зэрыхъущи, дэнэкIи щыIэщ. Сызыхуейр къалэ цIыкIум лъэпкъ зэмыщхьхэм щыщ цIыхухэр зэрыдэсыр къыхэщу сщIынырт.  

– Фильмыр щытепха лъапсэм сыт и хъыбар?  

– А лъапсэм цIыхубэр зэреджэр «Хрущев и дачэ»-щ. Ауэ езы Хрущёв абы зэи щыIауэ си фIэщ хъуркъым. Белая речка жыхуаIэ, Налшык пэгъунэгъу къуажэм щыIэщ ар. Зэгуэр лажьэу щытащ, щакIуэхэр екIуалIэу. Дэ абы тIэкIу дытеIэзэщIыхьыжащ, зыгуэрхэр гуэтщIыхьыжащ. Япэ дыдэ а лъапсэр щыслъэгъуар школыр къыщызухым щыгъуэщ. Зэрыклассу дыкIуауэ щытащ абы. Унэ зэхэкъутауэ, и дэкIуеипIэхэр нэхъ къызэтенауэ апхуэдэт ар абы щыгъуэм. ЕтIуанэ къатым дыщыдэкIуейм щыгъуэ, сыджалэри си лъакъуэр скъутауэ щытащ. Фильмым хэзэгъэн унэ къыщыслъыхъуэм, занщIэу ар си нэгум къыщIэуват.  

– Фильм техын IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дауэ зэрыщытыр? 

– Къэбэрдей-Балъкъэрыр сыт хуэдэ техыкIэми хуэщIа щIыналъэщ. Хым щекIуэкI теплъэгъуэ нэмыщI, абы щыпхутемыхын щыIэкъым. Языныкъуэхэм деж дунейр абы апхуэдизкIэ щыдахэщи, нэм и фIэщ мыхъуу апхуэдэщ. Сэ илъэс 35-кIэ сыщыпсэуащ абыи, бгым сыдэкIыху, си нэгу къыщIэувэ дахагъэр згъэщIагъуэрт, мыр си нэкIэ слъагъур пэж, зыжесIэжу. ПхуэмыIуэтэну щIыпIэ телъыджэхэр иIэщ.  

Фильмхэм елэжьын IуэхукIэ уеплъмэ, дауи, мы щIыналъэм ущылэжьэну гугъущ, Iэмэпсымэ, IэщIагъэлI хуэдэхэр щынэхъ мащIэщ, псори нэгъуэщIыпIэ къипшын хуей хъунущ. Ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, абы ухущегъуэжынукъым. Мис, иджыпсту, псалъэм и хьэтыркIэ, Мэзкуу зыгуэр щытыдохри, цIыхухэр къызэрытхущытым шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгуэр щытепхмэ, псоми псори яфIэгъэщIэгъуэнщ, цIыху къэс къыбдэIэпыкъуну хуейщ, гуапэу къыпхущытщ. Мэзкуудэсхэр а псоми есэжащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зы телефон псэлъэгъуэкIэ щыпхузэфIэгъэкIыну Iуэхум Мэзкуу ахъшэшхуэ щыщIэптын хуей мэхъу.  

Си гугъэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр фильм щытепхыу къыщыбублэн мурадкIэ куэдкIэ узыщыгугъ хъуну щIыпIэщ. Iуэху пщIырэ, республикэм и унафэщIхэм я нэIэ щIэту киностудие къызэбгъэпэщмэ, абы ехьэлIапхъэ Iэмэпсымэхэр епшалIэмэ, щIыналъэм и фейдэ хэлъу, тезыххэм тIэкIу яхукIэрыбгъэхумэ, пщIэншэу къалэм и Iыхьэ щхьэхуэхэр техыпIэу хуит яхуэпщIмэ, режиссёр куэд дыдэ яфIэфIу кIуэнущ абы щылэжьэну. (Адыгэ Псалъэ) 

Чэрим Марианнэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz