АДЫГЭУ УКЪАЛЪХУНЫР НАСЫПЩ

0
748

Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къы­щы­мынэу, абы насып къызэ­ры­дэкIуэри, гупсэхугъуэрэ бе­рычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къы­щалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къейтыкъуэ Му­хьэрэм и гъащIэм. Хэхэсы­ныр зи натIэ хъуа адыгэ ме­л­уанхэм ящыщт Мухьэрэм. И натIэ къритхар арами, Тхьэм фIыуэ илъэгъуахэм я бжыгъэм хэтти, хэкужьым унагъуэ щыхъужыну, и щхьэ Iуэху щызэрихуэжыну, лажьэу- ш­хэжу и гъащIэр щрихьэкIыну къыхуэупсэжащ.


АтIэми, адэжь щIыналъэм къызэрыкIуэжа гъуэгур тыншу икIи кIэщIу щытауэ пхужыIэнукъым. НыбжькIэ щIалэ дыдэу къыгъэзэжыну мурад ищIами, а пIалъэр къэмысу къезы­шэ­жьэжа щхьэусыгъуэшхуэ иIащ. 

Езыр 1965 гъэм Тыркум и къу­хьэпIэ лъэныкъуэм щыIэ Эскешехир къалэм къыщалъхуащ. А лъэхъэнэм абы дэс адыгэ-хэм я насып къихьауэ къалъытэрт Эскешехир къызэрыщалъхуар, сыт щхьэкIэ жы­п­Iэмэ, адыгэ нэхъыбэ зыдэс ­къалэу Тыркум итхэм язт. Адыгэ къуажэхэм щыпсэуа уна­гъуэхэм я щIэблэм къызыхэкIар ящIэжу, я анэдэлъхубзэр яIу­рылъу къэхъурт. ЩIыпIэр пхы­дзами, уи лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр щыпхъумэжыфырти, я гур ягъэфIырт ди лъэп­къэ­гъухэм. Абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэхур нэхъ гугъут ­къалэдэсхэм. НэгъуэщI лъэпкъ­хм укъаухъуреихьу уи быныр адыгэбзэкIэ псалъэу, хабзэм тету бгъэсэныр гугъут. Гугъум къыщымынэу, ар зэ­рыпхузэфIэмыкIынум и щы­хьэту щапхъэ куэд къып­хуэхьынущ, хамэщI нэс умыIэ­бэми… ИтIани, укъэзылъхуар хэкупсэ, лъэпкъыпсэу щытмэ, уэри абыхэм ещхь уохъуж. Мухьэрэм и адэ-анэм щIалиплIрэ зы ­хъы­джэбзрэ яIэт, я анэшхуэр я жьантIэм дэсти, езыхэм я адыгэ дуней яIэжу къэхъурт. 

– Абы щыгъуэм диIа беры­чэ­тымрэ унагъуэм илъа хабзэмрэ зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым. Иджыри къыздэсми, срихьэ­лIакъым, – игу къегъэкIыж ­Къейтыкъуэм. – ЕтIуанэрауэ, Алыхьым и фIыщIэу къызолъытэ сыкъызыхэкIа лъэп­къым урибыну ущытыныр, адыгэу укъалъхуныр. Насыпу гъащIэр къызэрысхуэупсам я нэхъыщхьэр аращ. Ар къыщыбгурыIуэр балигъ ухъуа нэужь­кIэщ, адрей лъэпкъхэм уахэс­рэ, зебгъапщэу укъыщыхъум дежщ. 

Укъыщалъхуами ущапIами емылъытауэ, адыгэгу пкIуэ­цIылъ­мэ, адыгэ цIыху нэс узэ­рыхъур хьэкъыу уи фIэщ ещIыф Мухьэрэм. Эскешехир къалэм дэс тыркухэр и дэджэгуэгъуу къэхъу щIалэ цIыкIум зы махуи щыгъупщакъым езыр зэрыадыгэр. Апхуэдэу къагъэхъуащ ар и адэ-анэм. 

«Си къуэш нэхъыжь дыдэмрэ си шыпхъумрэ адыгэбзэр фIы­уэ ящIэрт. Дэ, нэхъыщIэхэр, тыркубзэм нэхъ дыхуэшэрыуэт. Илъэси 5 – 6 ди ныбжьу уэра-мым дыджэгуу дыщыдэтым, ­ди ныбжьэгъухэм дарещхьтэкъым дэ. Ди адэ-анэм къекIумрэ ­къемыкIумрэ, хабзэмрэ абы­ ­къемызэгъымрэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къытхутеп­сэ­лъыхьырти, абы дызэрытетыным иужь дитт. Ауэ щыхъу­кIи, ди ныбжьэгъухэм сыт ­ящIэми хъурт, а псори къы­хуадэрт. Мис ар къыд­гуры­Iуэр­тэкъым абы щыгъуэм. Ауэ зы псалъэ закъуэм – «уэ уадыгэщ» жыхуиIэм – дыкъигъэувыIэрт. 

Сэ сытым дежи жызоIэ, бзэракъым нэхъыщхьэр! Нэхъыщхьэр гуращ! Алыхьым ап­хуэдэгу, апхуэдэ щхьэ, апхуэдэ гупсысэ къыдитати, адыгэу ­дыкъызэтенэфащ, ди анэдэлъ­хубзэр зэдгъэщIэфащ, дызы­хэт тыркухэм ядэтлъагъу хабзэм дытехьакъым, дэ езым ди дуней тетыкIэ диIэжащ сыт ­щыгъуи – дыджэгуу уэрамым дыщыдэтми, дылажьэу балигъ­хэм дащыхэтми. 

Ди адэр губзыгъэт, бын гъэ­сэныгъэмкIэ ткIийт. Фэры­щIыгъэ илътэкъым ди ун­а­гъуэм. Абы дигъэтIысырти, ды­къы­зы­хэкIа лъэпкъыр зыхуэ-дэм къытхутепсэлъыхьырт. Хъу­нумрэ мыхъунумрэ къыд­гуригъаIуэрт. ДыпсэухукIэ фIы­щIэ хуэтщIынущ абы къыд- б­гъэдилъхьа псом щхьэкIэ. 

Школым кIуэн щыщIэддзам ди зэхэщIыкIыр зэфIэувакIэт. Абы ущыщIэтIысхьэжкIэ, япэу еджакIуэхэр къыщыз­эхуэ­сы­жым деж, зы къыхуеджэныгъэ жаIэрт: «Сэ сытыркущ, Тыркум сыхуэпэжщ!». Сэ фIыуэ се­джэрт, нэхъ жыджэрхэм са­щыщт, еджапIэм си къалэн псори фIыуэ щызгъэзащIэрт. Ауэ а къыхуеджэныгъэр жыс­Iэну си гум зэи къысхуидакъым. Ар къэспсэлъын хуейуэ си чэзур къыщысам, «сэ ап­хуэдэу жысIэнукъым, сэ сы-тыркукъым», – жысIэри псалъэ­макъ къэсIэтауэ щытащ. Си адэр ираджат школым, ауэ ар си телъхьэу дыкъэкIуэжащ. ИужькIи, тыркур апхуэдэу щыкIийм деж, сэ сигукIэ «сэ сышэрджэсщ» жысIэ зэпытт. Тыркум сыщыпсэуху тырку ­ныбжьэгъу сиIакъым зэи. Адыгэт си гъусэхэри, си ныбжьэгъухэри, сызыдэлажьэхэри. 

1974 – 1979 гъэхэм хэкум къа­кIуэ-кIуэжыр нэхъыбэ хъуат, тхылъ, журналхэр нахьырт. Хэкум щыхъыбархэр, дызэджэнухэр къытIэрыхьэ хъури, дыкъызыхэкIа лъэпкъым худиIэ пщIэр, зэхэщIыкIыр нэхъри ­бэгъуащ. 

Хасэм кIуэн щIэздзащ, илъэс 14-м ситу, ансамблым сы­хы­хьащ. Пасэу лэжьыгъэми сы­пэрыхьащ, иджыпсту зи ужь сит хьэрычэт Iуэхур абы щы­гъуэм езгъэжьащ. Ухуэныгъэ Iуэ­хухэм сыщыхыхьам махуэм тыркухэм пщIэкIэ сахуэ­ла­жьэрт, жэщым адыгэхэм, аб­хъазхэм я унэхэр пщIэншэу ­яхузесхьэрт. Адыгэ щIалэ гупыфI дызэныбжьэгъути, ды­зэгу­рыIуащ, ахъшэ къэдлэ-жьыр зэхэтлъхьэу, хэкум ды­зэры­кIуэ­жын автобус къэтщэхуу гъуэгу дыкъытеувэжыну. Абы щы­гъуэм, 1991 гъэм, си къуэш нэхъыжь дыдэр къэкIуэжауэ щып­сэурт мыбы. ИкIи адэжь щIыналъэми дыщыпсэуфыну, дыщылэжьэфыну зэрыщытыр къызжиIэурэ сытригъэгуш­хуауэ сыкъыхуеIэрт. 

Лъэпкъым, хэкум и пащхьэ щиIэ къалэныр игъэзащIэу, и анэдэлъхубзэмкIэ псалъэу, и лъэпкъэгъухэм яхэту, хабзэр зэрихьэу тыншу Тыркум ис пэтми, Мухьэрэм игури и псэри здэщыIэр Къэбэрдейрт. Хамэ щIыналъэм къыщилэжь ахъ­шэми, ухуакIуэ лъэрызехьэм къыхуащI пщIэми, бзэкIи, къэ­рал хабзэкIи хэзагъэми, ар а щIыпIэм зыми щиIыгътэкъым, и хэкужьыр къеджэрти. 

Уэ хуэбгъэфащэми, Тхьэм зэ­рыхъунум хуэдэу ещI. Къейтыкъуэм Iуэхуу иIэр зэпилъытщ, зыдэлажьэхэми зэгурыIуэ­ныгъэ ярищIылIэри, и адэжь ­хэку къыщигъэзэжыну пIалъэр иубзыхуащ. АрщхьэкIэ, гъащIэм арат и хабзэри, зыри зы­пэмыплъа насыпыншагъэр ­абхъазхэм къажьэхэуащ. Куржы-абхъаз зауэр къыщыхъея пщыхьэщхьэм къытеувауэ ­жы­пIэ хъунущ ар хэкум къэ­кIуэж гъуэгум. А жэщым къызэщIигъэуIащ и Iэгъуэблагъэм адыгэрэ абхъазу исыр. Гъунап­къэр къызэпиупщIын щхьэкIэ дэфтэрхэр зэригъэпэщын ­хуейти, зытемыуIуа бжэрэ зыхуэ­мыза унафэщIрэ къигъэнакъым. Езыми и ныбжьэгъу­хэми лъагъуэр яхухишри, и ­къуэш абхъазхэм я щхьэхуитыныгъэм щIэзэуну 1991 гъэм Абхъазым къэкIуащ. 

– Тырку телевиденэм куржы­хэр Абхъазым зэрытеуар къигъэлъагъуэу къызэрыслъагъуу сыкъыщылъэтащ, – игу къегъэкIыж абы. – Баларбаши Хасэм деж зы гуп дыщызэхуэзащ а жэщ дыдэм. А махуэ-хэм Абхъазым дынэмысыфми, Тыркум деж пэкIухэр къы­щызэдгъэпэщыну дызэгуры­Iуат, гъуэгухэр, посольствэхэр, абы щыпсэу грузинхэр дубы­дыну щIалэгъуалэр дызэры­зехьэрт. Ауэ сыт хуэдэ Iуэху иужь дихьами, къытхуа­дакъым, тырку полицэм дигъэбэуакъым. Куэд къеткъу­тэкIащ а махуэхэм. Сытми, Тыркум щыпсэу адыгэ-абхъаз ­щIалэхэр, Сыхъум щыщу Тыркум щеджэхэр, концерт ятыну нэкIуа абхъаз артистхэр гъусэ дызэхуэхъури, шыщхьэуIум и 24-м Абхъазым дыкъэсащ, ­зауэм и кIэм нэси дыхэтащ. 

ЗауэлIым и нэгу щIэкIа псор иIуэтэж и хабзэкъым. Гузэвэ­гъуэ, гущIыхьэ, нэщхъеягъуэ куэд илъэгъуащ Мухьэрэм а лъэхъэнэм. И гъусэу зауэ губ­гъуэм ихьа щIалэхэм ящыщ бийм къаукIри, щIилъхьэжащ. Езыри уIэгъэ хьэлъэ хъури, ­госпиталым щIэлъащ. Доху­тырхэри сымаджэщхэри хуэ­хьэ­зыртэкъым биишэм къиуIэ щIалэхэм еIэзэнуи ягъэхъужынуи. КъыхуащIэшхуэ зэрыщы­мыIэм гу лъитэри, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу бийм пэщIэувэжащ Къейтыкъуэр. ИужькIэ Санкт-Петербург къикIа зы ­дохутыр щIалэ пэщIэхуэри, и ­пащхьэм къыщыуа гранатым и къутахуэ 27-рэ къыхахыжауэ щытащ и щхьэм. УIэгъэр хьэлъэми, Мухьэрэм зауэм и кIэ хъуху я гъусащ икIи 1992 гъэм фокIадэм и 30-м пщэдджыжьым сыхьэти 7.30-м Аб­хъазым и бэракъыр Ингур щы­зыIэтар аращ. 

Гъунапкъэхэр зэрыгъэбыдам къыхэкIыу, щIалэхэр занщIэу къикIыжыфакъым Абхъаз ­Республикэм. Къейтыкъуэр Гаг­рэ мазищкIэ щыпсэуащ, щы­лэжьащ. Апхуэдэ псэзэ­пылъ­хьэпIэм ита щIалэм хамэ хэку игъэзэжыфынутэкъым, дауэ ищIми, и хэкужь къигъэ­зэжын хуейти, и цIыхугъэхэр дэ­Iэ­пы­къуэгъу къыхуэхъури, ди лъахэм къэкIуэжащ. 

– Хэкум сыкъэкIуэжа нэужь, уIэ­гъэшхуэ зэрыстелъым къы­хэкIыу, япэу цIыхугъэ схуэ­хъуахэм ящыщт дохутыр цIэ­рыIуэу щыта Былымгъуэт Борис. Абы деж си къуэшым сишэри, си Iуэху зыIутыр жриIат. Си гум IэфIу къыхуинащ мыр: операцэм ихьыну ахъшэм дыщыщIэупщIэм, «уэ ди къуэшхэм я щхьэхуитыныгъэм уи щхьэр хэплъхьэну ухьэзыру укъэкIуащ, сэ ахъшэ абы щхьэкIэ къыпIысхыну щхьэ уи гугъэ?», – жиIат. Ауэ си адыгэбзэр ныкъуэти, «зы мазэ узот бзэр зэбгъэщIэжыну, адыгэбзэкIэ укъызэпсэлъэн щIумыдзауэ, операцэ усщIы­нукъым», – жери къысхуигъэуват. Тхылъ куэду седжэрт, Зеикъуэ щыщи къыздыщIэлъти, а къалэныр къызэгугъуэкIакъым, – игу къегъэкIыж Мухьэ­рэм. 

Сыт хуэдиз гугъуехь ирихьэ­лIами, лъэпощхьэпо Iу­уами ­къикIуэтакъым Мухьэрэм. И узыншагъэри адэжь хэкум щызэфIигъэувэжащ, и тхылъ Iуэ­хухэри зэфIигъэ­кIащ, хьэ­рычэт Iуэху ин къыщызэ­Iуихащ, игурэ и щхьэрэ зэтелъу лъэ быдэкIэ хэку гъащIэм хэувэжащ. Тыркум щызригъэгъуэта IэщIагъэмрэ хьэрычэт Iуэхум-рэ мыбдежи къыщегъэсэбэп, зы махуэ зыгъэпсэ­хугъуи имы­Iэу мэлажьэ. Нэхъыщхьэращи, унагъуэ дахэ ­хъуащ. Джэрмэншык щыщ ЛIупхэ я пхъур щхьэгъусэу ­къишэри, пщащитIи зэдагъуэтащ. Хъыджэбзхэм адыгэ ­пщащэ нэс къищIы- кIащ, ехъу­лIэныгъэфIхэр яIэу курыт ­еджапIэр къаухащ. Зым уры­сыбзэмкIэ ита ЕГЭ-мкIэ – балли 100, адрейм урысыбзэмкIи ­инджылызыбзэмкIи балли 100 къахьащ. Ахэр иджыпсту Тыркум и университет нэхъыфI- хэм щоджэ. 

Хамэ хэку ущытхъэ нэхърэ, уи хэкужь уисыжмэ зэрынэхъы­фIым и щыхьэтщ Къейтыкъуэ­-хэ я унагъуэр. ПсыхэкIуадэ ­хъуакъым Мухьэрэм и нэхъыжьхэм къыхалъхьамрэ зэ­рагъэсамрэ. А псори гъащIэм дахэу хипщэфащ, нэхъыщ­хьэрати, езым и гур здэкIуэм и лъэр нихусыфри, къуэпс бы- дэу адэжь лъахэм щыхэкIэжащ. 

(Адыгэ Псалъэ)   

НэщIэпыджэ Замирэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz