Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

бзылъхугъэм теухуа Адыгэ Псалъэжьхэм щыщ зыбжанэ

*бзылъхугъэм и лъэlур, тхьэм иунафэ хуэдэщ. 

*Фыз зимыlэ щlалэрэ шхуэ зыпщlэхэмылъ шырэ. 

*Фыз бий нэхърэ, жылэ бий. 

*Бзылъхугъэм жьыгъэр ират. 

*Бзылъхугъэр унагъуэм илъынтхуэщ. 

*Насыпыр фызым къыдокlуэ. 

*Унэр зыгъэунэри, благъэр зыгъэблагъэри фызырщ. 

*фыз закъуэм дэмыlэпыкъу лlыр лlыкъым. 

*Бзылъхугъэ зыдэщыс сэ ирахкъым. 

*Бзылъхугъэм псищэ lутщ. 

*Бзылъхугъэмрэ уэрэдымрэ ныбжь яlэкъым. 

*Цlыхубзым и щхьэцыр кlыхьщ, ауэ и акъылыр нэхъ кlыхьыжщ. 

*Хэку бгынэрэ фыз бгынэрэ зэхуэдэщ. 

*Сабийм адэ имыlэжмэ, зеиншэкъым, анэ имыlэжмэ, зеиншэщ. 

*Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ лlымрэ ныбгъуащэщ.

Таурыхъу зиlэ Адыгэ псэлъэжь: 

Щхьэр къэхь жаlэмэ,  

пыlэр къэхь 

-А уи бийм и щхьэр къозгъэхьынщ, си щlалэ! – жиlэри Сэтэней Сосрыкъуэр зэщlиузадэри дигъэкlащ. Сосрыкъуэ Тотlэрэш и щхьэр къихьри къэкlуэжащ. И анэ Сэтэней Гуащэ деж щхьэр щыщlихьэм, къеуэри и къуэр къыщlихуащ: 

-Щхьэ къэхь жаlэмэ, пыlэр къэхь! – жиlэри. 

  

Хэзгъэгъуазэ: 

Ди нэхъыжьхэм дэж щызэхэст “Адыгэ пыlэм и мыхьэнэр инт.” жаlэурэ. “Нысашэ кlуэ лlыхэм, (Узун Яйлэ нысашэхэм щыгъуэ) зыгуэркlэ хуитыкъуауэ япыlэ зыгуэрэм щхьэрихмэ, БЭТЭ КЪУТЭ къырагъэкlырт” жаlэурэй зэхэсхащ. 

Гушыlэурэми, зыгуэрым и пыlэ къыщхьэрыпхамэ, ар зейм ищхьэм иригъажэрт. 

Жэгъуэгъум, е бийм и пыlэр къапхъынури, ищхьэ къыпыпхынури зэхуэдэкъапсу, (уэблэмэ, ипыlэр фlэбгъэкlуэдынур нэхъ икlэжу) щабж къэхъуащ Адыгэхэм. 

Мис мы хъыбарыжьым, цlыхубзым зэщlиузэдэу, игъэlуща Сосрыкъуэми, псалъэр тэмаму къыгурыlуамэ ищlэн хуэяр; ибийм и пыlэ къихьынурат. 

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img